УэсхэкIыкI
2021-04-20
- Мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» 1984 гъэм япэ дыдэу Инджылызым къыщалъытащ. Иджы ар ЩIы Хъурейм тет къэралхэм ящыщ куэдым щагъэлъапIэ.
- ЩIышылэ мазэм къыщегъэжьауэ мэлыжьыхьым икухэм нэсыху гъэгъа теплъэ зиIэу щIы щхьэфэм адэкIи-мыдэкIи къыщыхэж къэкIыгъэ пасэ цIыкIухэр щыгъуэлэжыр, гу зэрылъатамкIэ, гъатхэр къызэрихьар, хуабэр щIыIэм зэрытекIуар «ипэжыпIэкIэ» наIуэ хъуа иужькIэщ. ГъэщIэгъуэнщ, ажэгъуэмэм латиныбзэкIэ фIаща Galanthus псалъэр «шэ къызыщIэувэ къэкIыгъэ» мыхьэнэм зэрыхуэкIуэжри.
- Ажэгъуэмэм и лIэужьыгъуэ гуэрхэм адыгэхэр зэреджэу щыта псалъэхэр къэтхьынщ: «ажэгъуэмэ», «ажэгъуэмэ пэж», «ажэгъуэмэ пасэ», «уэсхэкIыкI». Иужьрейр щIыфIащар, дауи, цIыхухэр игъэгуфIэу, а къэкIыгъэр псоми епэсэкIыу щIы щхьэфэм къызэрытехьэрщ.
- ЩIымахуэ уэсым и кIэкъинэ къесыгъуэу жыг лъабжьэхэм къыкIэщIэнахэр щыкIэщIэткIухьыжыным пэмыплъэу щIыгур «къыпхызытхъ» уэсхэкIыкIыр дунейгъэдахэу къызэрыунэхум шэч хэлъкъым.
- Дызэрыт лъэхъэнэм ЩIы Хъурейм ажэгъуэмэ лIэужьыгъуэу 20-м нэблагъэ къытенэжами арагъэнущ. А тIэкIум я нэхъыбапIэри кIуэдыжыпэным нэсащ. Абыхэм я цIэхэр Тхылъ Плъыжьым ират- хащ. Къыхэгъэщыпхъэщ мы къэкIыгъэ пасэ лъагъугъуафIэ цIыкIухэр я теплъэкIи, мэ гуакIуэу къапихымкIи зэрызэмыщхьыр. Къытедгъэзэжынщи, ахэр псори зэзышэлIэжыр зыщ: дыкъэзыухъуреихь дунейм хуабэр щIыIэм зэрыщытекIуам я нэщэнэ щып-къэу зэрыщытырщ.
- Ажэгъуэмэр щIыуэпсым къызэригъэщIауэ къызэтебгъанэмэщ щыдахэри, нэхъыбэрэ щыпсэунури. Къызэрипчу, махуитI-щы дэкIакъэ — хуэлэжынущ. ИтIани, цIыхухэм яхэтщ ахэр щысхьыншэу, я лъабжьэ нэгъунэ къыдыхатхъыу, къизыфыщIыкIхэр. Арагъэнущ, ахэр илъэс къэс нэхъ мащIэ щIэхъум и щхьэусыгъуэри, Тхылъ Плъыжьым щIратхари.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.