Акъсырэхэ я хъэтI зэмыщхьыр
2021-04-20
- Лермонтов Михаил и музейуэ Псыхуабэ дэтым иджыблагъэ къыщызэIуахащ Акъсырэ лIакъуэм къыхэкIа сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн.
- Выставкэм утыку къыщрахьащ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и сурэтыщI, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием щIыхь зиIэ и член, Урысейм щIыхь зиIэ и сурэтыщI Акъсырэ Михаил, и щхьэгъусэ Викторие, абыхэм япхъу Тамарэ сымэ я IэдакъэщIэкI сурэтхэр. Унагъуэм я нэхъыжьыр илъэс 90 щрикъум ар хуэгъэпсащ.
- — Сэ сызэреплъымкIэ, гъэлъэгъуэныгъэр гум темыгуплIэу, моуэ плъыфэ зэщIэжьыуэу, нэхуу хъуащ. Пандемие нэужьым абы цIыхухэм гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ зэраритынум шэч хэлъкъым, — жиIащ Акъсырэ Викторие къыщыпсалъэм.
- — Гъэлъэгъуэныгъэр щIэщыгъуэ зыщIыр сурэтыщI унагъуэм я лэжьыгъэхэр зэгъусэу утыку къызэрырахьам и закъуэкъым, атIэ абыхэм псоми хъэтI зырыз, дуней лъагъукIэ щхьэхуэ зэраIэрщ. Мы лэжьыгъэхэм зэщхьу, къытригъэзэжу зыри къыщыпхуэгъуэтыркъым. Хуабжьу ди гуапэу къедгъэблэгъащ сурэтыщI унагъуэр. Сыт щыгъуи хуэдэу, абыхэм я IэдакъэщIэкIхэм гурыфIыгъуэ къуат, фIым ущагъэгугъ, ар творчествэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ, — жиIащ Лермонтов Михаил и музейм и унафэщI Сафаровэ Иринэ выставкэр къыщызэIуихым.
- Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Ганин Александр къыхигъэщащ Акъсырэхэ я унагъуэм ябгъэдэлъ зэфIэкI лъагэр, щхьэж и IэдакъэщIэкIым езым и ухуэкIэ, и гупсысэкIэ иIэжу къызэрилъытэр.
- — Нэрылъагъущ мы унагъуэм творческэ чэнджэщхэр зэрызэIэпамыхыр, плъыфэ, фактурэ къэлъыхъуэныр щхьэзакъуэ гупсысэкIэ зэрызэрагъэзахуэр. Аракъэ-тIэ сурэт щIыным щынэхъыщхьэр — щхьэж и хъэтI зэригъэпэщыжыныр, — жеIэ абы.
- Акъсырэхэ я IэдакъэщIэкIхэр накъыгъэм и 2 пщIондэ Псыхуабэ щагъэлъэгъуэнущ.
- Инэрокъуэ Данэ.