Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2021-04-10
- Шхыныгъуэхэр
- Пщагъэ зыхэлъ щIакхъуэ
- Гуэдз хьэжыгъэм джэдыкIэ хакъутэ, пщагъэрэ шыгъурэ зыхэлъ псы хуабэ хакIэри тхьэвыр япщ. Абы и щхьэм хьэжыгъэ трагъэщащэ, хуабапIэм ягъэуври, сыхьэтитI хуэдэкIэ щагъэт. Тхьэв тэджар тIэкIу щIапщэ, дагъэ зыщыхуа тебэм иралъхьэ, дакъикъи 5 — 6-кIэ щагъэтри, хьэкулъэм ирагъэувэ. Абы иту ягъажьэ щIакхъуэм и тебащхьэр трапIэркъым. МафIэм тетмэ, и тебащхьэр трапIэ, зы лъэныкъуэр жьа иужьи зэрагъэдзэкI. Хьэкулъэм иту ягъажьэр дакъикъэ 15 — 18-кIэ хьэзыр мэхъу. ЩIа- кхъуэр жьа иужькIэ тхъуэплъ дахэ мэхъу. Абы и щхьэфэм псы щIыIэ тIэкIу щахуэри, щIэуфауэ дакъикъэ зытIукIэ щагъэт, щабэ хъун щхьэкIэ.
- Халъхьэхэр:
- Гуэдз хьэжыгъэу — г 500
- Псыуэ — г 250-рэ
- Пщагъэу — г 15
- ДжэдыкIэу — 1
- Шыгъуу, фошыгъуу, тебэщыхуэ тхъууэ — узыхуейм хуэдиз.
- Хьэлыуэ-къылыш
- Гуэдз хьэжыгъэ хужьыр тепщэчышхуэм ираухуанщIэри, кумб хуащI, абы джэдыкIэ уда, шыгъу, фошыгъу иралъхьэ, пщагъэ хакIэри, шэ хуабэкIэ япщ мыбыдэ дыдэу, тэджын щхьэкIэ и щхьэм хъыдан тепIауэ зы сыхьэткIэ щагъэт. Iэнэм сэхуран дагъэ щахуэ, тхьэв Iыхьэ къыпаупщIри, зэпэплIимэшхуэу е хъурейуэ, и Iувагъыр мм 4 — 5 хъууэ яху, абы тхьэв хъурей пIащIэ цIыкIухэр, я къэухьыр см 5 хуэдизурэ къыхагъэж. Ахэр тIэкIу хаш, тэрхьэлыуэ тыкъыр (г 15) тралъхьэ, тхьэв кIапэхэр кхъуафэжьей цIыкIу теплъэ яIэу зэтрагъапщIэ. Апхуэдэу ягъэхьэзыра хьэлыуэ-къылышыр тIэкIу ягъэтэджыну хуабапIэм дакъикъи 5 — 6-кIэ щагъэт. ИтIанэ, градуси 150 — 160-рэ зи пщтырагъ дагъэм халъхьэри, зэрагъэ-дзэкIыурэ ягъажьэ, лэкъумым хуэдэу дыщафэ къытеуэху. Абы и гъэжьэным ихьыр зы дакъикъэ нэблагъэщ. Хьэлыуэр фошыгъу шей и гъусэу хуабэуи щIыIэуи яшх.
- Халъхьэхэр:
- Гуэдз хьэжыгъэу — г 200
- ДжэдыкIэ цIынэу — 2
- Пщагъэу — г 5
- Фошыгъуу — г 10
- Пщагъэм хакIэ шэуэ — г 20
- КIапэхэр зэрызэкIэрагъапщIэ джэдыкIэ цIынэу — 1
- Тэрхьэлыуэу — г 120-рэ
- Шыгъуу, зэрагъэжьэну тхъууэ е сэхуран дагъэу — узыхуейм хуэдиз.
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
- ДифI догъэлъапIэ
- Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым къыщрахьэжьэ Iуэхухэм я нэхъыбэм и жэрдэмщIакIуэщ икIи и къызэгъэпэщакIуэщ сурэтым щыфлъагъу бзылъхугъэ гуакIуэр. Ар а еджапIэ нэхъыщхьэм гуманитар, социально-экономикэ щIэныгъэхэмкIэ и кафедрэм илъэс куэд лъандэрэ и унафэщI, культурологие щIэныгъэхэм я кандидат, профессор ЩауэцIыкIу (Хьэмыз) Людмилэщ.
- КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЩауэцIыкIур илъэс 30-м щIи- гъуауэ щолажьэ институтым. Этикэ, эстетикэ, хамэ къэрал, урыс литературэ предметхэмкIэ студентхэр зэрыригъаджэм къыдэкIуэу, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр ирегъэкIуэкI.
- КъищынэмыщIауэ, Людмилэ и къалэмыпэм къыпыкIащ художественнэ тхыгъэхэри. Куэдым гунэс ящыхъуащ, къапщтэмэ, ЩауэцIыкIум и иужьрей тхылъыр — «Черкесс-кая рапсодия» романыр. ЩIэныгъэ лэжьакIуэ емызэшым, публицист Iэзэм, бзылъхугъэ щыпкъэм и романым къыщиIэта Iуэхугъуэхэр куэд мэхъу: ахэр епхащ къулыкъущIэкъухэм яIэ еплъыкIэхэми, ехъулIэныгъэм щIат «уасэми», дахагъэми, лъагъуныгъэми, къулеигъэми, къулейсызыгъэми, щхьэ закъуэ гупсысэхэми, цIыхухэм яку дэлъ зэхущытыкIэхэми. Критик цIэрыIуэхэм къызэралъытэмкIэ, ар лъэпкъ литературэм и псалъэщIэщ.
- Къуажэхьхэр
- ЦIыкIухэм папщIэ
- Ар къоушыр псом нэхъапэ,
- ИмытхьэщI абы и напэр,
- Къытоувэри лъагапIэм,
- Пщэдджыжь къэскIэ ину маIуэ!
- * * *
- Бжьакъуэ папцIэщ, жьакIэ кIыхьщ,
- Iэщу дэтым я пащтыхьщ.
- Шы мыгъасэу къелъэтыхь,
- Хадэ утэщ, сыт бэлыхь.
- * * *
- Бжьыхьи гъатхи щIыр елъэс,
- Жьым къыдожэ, мыш-мылъэс.
- * * *
- И инагъкIэ хъуркъым бжьиз,
- Елъэф хьэлъэ къэб хуэдиз.
- * * *
- И хэщIапIэр шэд псыIуфэщ,
- И щыгъынри удзыфэщ.
- МапкIэ, малъэ — дэни нос,
- И нэр пIащэщ, Iэзэу йос.
- Жэуапхэр
- Адакъэ. Ажэжь. Уэшх. ХъумпIэцIэдж. Хьэндыркъуакъуэ.
- Псалъэ пэжхэр
- Пэжым и гъуэгур бгъуэщ
- Дыщэпс здэплъэгъуакIэ уи къуажэ умыхъуэж.
- Захуагъэм бэлыхь пэщылъкъым.
- Захуэ жыIэныр нэ ищIыным хуэдэщ.
- Захуэм хабзэр и телъхьэщ.
- Зэманым декIур лIыфIщ.
- Зэманым зэщыщхъу имыщIыж щыIэкъым.
- Зэманым пэлъэща щыIэкъым.
- Зэманым къыдекIу къегъэщIыж.
- Зэманым нэхъ щхьэщыжэгъуфI щыIэкъым.
- Зэманым уэ зыдумыгъэхъумэ, езым зыкъыбдигъэхъунукъым. Зэманыр бажэмэ, уэ хьэджафэу кIэлъыжэ.
- Зэманыр къожьэркъым.
- Зэманыр псоми я тепщэщ.
- Зэманыр пфIэзыхьым ейщ.
- Зэманыр техьэ-текIщ.
- Зэманыр уэчылыфIщ, хэт пэжми зэхегъэкI.
- Зи дахэ пэIэщIэр илъэскIэ магъри, зи хэку пэIэщIэм и гъащIэ псор хьэдагъэщ.
- Зи лъэпкъ хыфIэзыдзэм и дзэр къыIуауд.
- ЗищI имысыр убзалэщ.
- Зи лъэпкъ хыфIэзыдзэр биидзэм зрешалIэ.
- Зи хэку щхьэщымыжым и насыпыр йож.
- Зы пэжым пцIищэ къыпэщытщ.
- Зы цIыху къобгмэ, уи бгым ишэчынщ, цIыхубэр къобгмэ, бгыр къыптеуэнщ.
- ИндылыжькIэ зэджэр зы псынащхьэщ.
- И пIэ иуджыхьыр йокIэрэхъуэхри, бжьиз нэхъ мыхъуми зыкIур мэкIуатэ.
- Истамбылыжьым имыкIыр щIолIэ, икIар йолIыхь. (Уэкъуоу джэгуакIуэшхуэм и псалъэхэщ).
- Къуажэ-къуажэ нэхърэ-си къуажэжь.
- Къуажэр зыгъэкъуажэр цIыхуращ.
- Пэжагъыр зыщызытIагъэм хуэфIщ.
- Пэж жыIэнрэ нэ ищIынрэ.
- Пэж щыжыпIэкIэ, уи шыр хьэзыру Iыгъ.
- Пэжым езым и гъуэгу хешыж.
- Пэжми мафIэми ириджэгуркъым.
- Пэжым и гъуэгур бгъуэщ.
- Пэжым и куэщI лIэужь лъэщ щапсыхь.
- Пэжым и псалъэр хабзэм и щIасэщ.
- Пэжым нэхъ жэр щыIэкъым.
- Пэжымрэ насыпымрэ зэпэщIэщIащ.
- Пэжымрэ насыпымрэ зэгуэшэгъущ.
- Пэжымрэ нэпцIымрэ яку дэлъыр Iэбжьищщ.
- Пэжым уригушыIэнри, мафIэм уриджэгунри зэхуэдэщ.
- Пэжым утетмэ, жыжьэ уехь.
- Пэжыр акъылым щыщщ.
- Шэрджэс Алий.
- ГушыIэхэр
- Дауэ ар къызэрохъулIэр?
- ХеящIэр ягъэкъуаншэм йоупщI:
- — Уи щхьэгъусэм зэрыжиIэмкIэ, ар зэпымычу уогъэшынэ, лъэщыгъэкIэ зыбогъэдаIуэ! Дызэхуэдэ цIыхухъущ, си къуэш, кхъыIэ, къызжеIэ: дауэ ар къызэрохъулIэр?
- Жьыр къыспеубыд
- Дохутырым деж зы нанэ цIыкIу щIыхьауэ хуотхьэусыхэ:
- — Жьыр къыспеубыд, зыгуэр къысхуэпщIэфыну пIэрэ?
- Дохутырым нанэр къызэпеплъыхь, йодаIуэ, арщхьэкIэ апхуэдэ узыфэ пкърыту къыхуэгъуэтыркъыми, йоупщI:
- — Сытым щыгъуэ бауэкIэщI ущыхъур, нанэ?
- — Автобусым сыщыкIэлъыжэм деж.
- Зызупсащ сэ
- — Иджыри къэс зыщIумыупсар сыт?! Ныщхьэбэ театрым дызэрыкIуэр пщыгъупщэжа? — жери и щхьэгъусэм жьэхолъэ цIыхубзыр.
- — Зызупсащ сэ!
- — Дапщэщ?!
- — Уэ зыгъэхьэзырын щыщIэбдзам щыгъуэ.
- Чэнджэщхэр
- Лыр къызэрагъэвыжыр
- ШатэкIэ ящIа шыпсыр щIэх зокIуэкIри, куэдрэ щыбгъэт хъунукъым.
- Щэ щагъэвэжкIэ бэлагъкIэ зэIащIэркъым, бэлагъыпэр песыкIри. ЗэрызэIыщIэн хуейр чымчыркIэщ.
- Жьэрымэу ягъэу лэкъумыр хъурейуэ яху хабзэщ. Дунейм ехыжам а лэкъумым и жьауэм щIэт хуэдэу къыщохъури, и псэр мэтынш, жаIэрт нэхъыжьхэм.
- Къаз, бабыщ дагъэ гъэткIуар мафIэм иса щIыфэм щыпхуэмэ мэхъуж.
- ГъэтIылъыгъэ ящIу ягъэува кхъуейм и шэжыпсыр и щхьэм къыдэкIуейрэ кхъуейр и лъабжьэм кIуэмэ — уэшх къешхынущ, кхъуейр и щхьэм къакIуэрэ шэжыпсыр и лъабжьэм ехмэ — уэгъу хъунущ жаIэу щытащ.
- Лэпс пщтыр уефауэ псы щIыIэ утефыхьыжыну тэмэмкъым. Ныбэуз уищIынущ.
- Лы щтар псым (хуабэми щIыIэми) халъхьэу къагъэвыжыркъым — и IэфIыр щIокI.
- Къубатий Борис.
- Интернетым дыкъыщоджэ
- ЦIыхубз псоми я щэхур
- Еуэри зы уэркъыжь гуэрым къуищ иIэт. Щыри фызкъэмышэт. «ЦIыхубзхэр зыхуеймрэ зыщIэхъуэпсымрэ къэзыхутэм си мылъкур зэрыщыту къыхуэзгъэнэнущ», — жиIащ адэм. ЩIалэхэр ежьащ цIыхубзыр зыхуейм и жэуап къагъуэтыну. Мазэ бжыгъэкIэ къакIухьауэ, щIалэ нэхъы-щIэр мэзым щIэту уд фызыжь ирихьэлIащ. ЩIалэр игъэхьэщIащ, игъэшхащ, иужьым къеупщIащ:
- — Сыт уэркъ щауэм уи закъуэ мэзым щыпщIэр? — жиIэри.
- ЩIалэр къыщIежьар хуиIуэтащ удым.
- — Уэ пщIэрэ, ди анэ, цIыхубзхэр зыхуейр?
- — СощIэ! — и нэр къилыдыкIащ.
- — КхъыIэ, къызжеIэ! — лъэIуащ щIалэ къуданыр.
- — БжесIэнщ, ауэ абы щхьэкIэ щхьэгъусэу сыкъэпшэнущ.
- Щауэр гупсысэщ, гупсысэри, арэзы хъуащ.
- — ЦIыхубзхэр щIохъуэпс езыхэр зэрыхуейм хуэдэу псори сыт щыгъуи щытыну.
- — ГурыIуэгъуэщ. АтIэ, сэ сежьэжынщ, мыпхуэдэ махуэм фызышэр къып-кIэлъыкIуэнущи, хьэзыру щыс, — жиIэри, щIалэр шэсыжащ.
- ЩIалэм ихьа жэуапым уэркъыжьыр арэзы ищIа-ти, и пщыгъуэри, и мылъкури и къуэ нэхъыщIэм къритащ, фызышэри удым кIэлъигъэкIуащ. НысащIэр къыщашам щIалэр къэуIэбжьат — абы нэхърэ нэхъ дахэ дунейм темыт жыхуаIэм хуэдэу тхьэIухуд хъуати. Псоми ягъэщIагъуэрт щауэм щхьэгъусэу къыхуашам и дахагъэр. ХьэгъуэлIыгъуэр зэфIэкI-ри, щауэр лэгъунэм щIы-хьэжащ. НысащIэр уд хъужауэ къежьэу щыст.
- — Иджы сэ зы упщIэ уэс-тынущи, къызэдаIуэ, — жиIащ удым. — Хэдэ, ухуеймэ игъащIэ псокIэ нобэ сыкъызэрыплъэгъуам хуэдэу дахэу сыщытынщ, ухуеймэ, уду сыкъэнэнщ.
- — Уэ узэрыхуейм хуэдэу щIы! — жэуап итащ щIалэм.
- — ЦIыхубзхэр дызыхуейр къыбгурыIуащи, дахэ сыхъужынщ, — жиIащ жи удым.
- ГъэщIэгъуэнщ
- Уафэм вагъуэбэ 48-рэ щыIэщ
- Тхыгъэ щхьэхуэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, 1858 — 1865 гъэхэм Кавказ Ищхъэрэм ирашу Тыркум цIыху мин 493-рэ Iэпхъуащ. Абыхэм ящыщу 45.023-р натыхъуейщ, 27.337-р абазэхэщ, 165.626-р шапсыгъщ, 74.567-р убыхщ, 17.000-р къэбэрдей адыгэщ.
- * * *
- Ди зэманым цIыху мин къэс автомобиль бжыгъэу хуэзэр: США-м — 760-рэ, Италием — 575-рэ, Японием — 557-рэ, Германием — 536-рэ, Канадэм — 539-рэ, Франджым — 535-рэ, Инджылызым — 517-рэ, Бельгием — 478-рэ, Испанием — 451-рэ, Швецием — 449-рэ, Урысей Федерацэм — 234-рэ. ЦIыху мин къэс тещIыхьауэ машинэ нэхъ мащIэ дыдэ щызекIуэр Китаймрэ Индиемрэщ, япэм 8, етIуанэм 6. Дуней псор зэрыщыту къапщтэмэ, цIыху миным щыхуозэ автомашини 114-рэ. Абы тепщIыхьмэ, нобэ ЩIы хъурейм щызокIуэ автомобиль мелуан 707-м нэс.
- * * *
- Испан тхакIуэшхуэ Сервантес Сааведрэрэ инджылыз драматург цIэрыIуэ Шекспир Уильямрэ зы махуэм — 1616 гъэм мэлыжьыхьым и 23-м — дунейм ехыжащ.
- * * *
- Зы километр зэбгъузэнатIэм цIыхуу щопсэу: Урысейм — 6, США-м — 42-рэ, Японием — 289-рэ, Инджылызым — 241-рэ, Франджым — 112-рэ, Китайм — 152-рэ, Бразилием — 19, Индием — 303-рэ, Италием — 189-рэ, Австралием — тIум тIэкIу щIигъу, Германием — 230-рэ, Израилым — 284-рэ, Индонезием — 108-рэ, Иорданием — 71-рэ, Пакистаным — 186-рэ, Сирием — 83-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым — 72-рэ, Адыгэ Республикэм — 59-рэ, Дагъыстэным — 49-рэ, Ингушым — 78-рэ, Къалмыкъым — плIы иримыкъу, Къэрэшей-Шэрджэсым — 31-рэ, Осетие Ищхъэрэ — Аланием — 88-рэ, Шэшэн Республикэм — 82-рэ.
- * * *
- Алыдж астрономхэм къызэрахутамкIэ, уафэм вагъуэбэ 48-рэ щыIэщ. Ауэ абыхэм я ужькIи нэгъуэщI астрономхэм вагъуэбэ 40 къагъуэтащ. А щIыкIэхэмкIэ, нобэ къахутауэ уафэм вагъуэбэ 88-рэ щыIэщ. Вагъуэбэхэм яхэтщ гъэм и лъэхъэнэ хэхахэм деж фIэкIа уафэм щумылъагъухэр. Иджыри къамыхутэфауэ нэгъуэщI вагъуэбэхэри щыIэнкIи хъуну къалъытэ щIэныгъэлIхэм.
- * * *
- Зи Iэпкълъэпкъыр нэхъ хуабэ дыдэр джэдырщ — градус 43-рэ. Абы кIэлъокIуэ тхьэрыкъуэр, бзу цIыкIухэр — градус 42-рэ. Гуэгушым, къазым, бабыщым, жьындум, къашыргъэм я хуабагъыр зэхуэдизщ — градус 40 — 41-рэ. Iэщ пIащэм, мэлым, хьэм, джэдум — 37 — 39-рэ яIыгъщ. ЦIыхур, номиныр, шыдыр, шыр, пылыр зэрызэщхьэщыкI щыIэкъым — градус 35 — 38-рэ.
- * * *
- ЦIыхухэр ику иту зэрыпсэур: Японием цIыхухъухэр ику иту илъэс 77,9-кIэ, цIыхубзхэр — 85,1-кIэ; Швецием — 77,6 — 82,6-кIэ; Испанием — 75,9 — 82,8-кIэ; Австралием — 76,4 — 82,0-кIэ; Канадэм — 76,7 — 8I,9-кIэ; Швейцарием — 75,9 — 82,3-кIэ; Франджым — 75,2 — 82,8-кIэ; Норвегием — 76,0 — 81,9-кIэ; Бельгием — 75,7 — 81,9-кIэ; Италием — 75,5 — 81,9-кIэ; Австрием — 75,4 — 81,5-кIэ щопсэу. Урысей Федерацэм цIыхум ику иту къыщигъащIэр илъэс 67,7-рэщ.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу: 4. Iэпслъэпсым щыщ. 6. Таурыхъхэм хэт шы лъэрызехьэ: щыхуейм деж мэпсэлъэф икIи мэлъэтэф. 7. ЩIалэр … куцIрэ фо цIынэкIэ япIащ. 9. Къэбэрдей-Балъкъэрым и профсоюз IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа … Пщыкъан. 10. Зэрыпыджэ пасэрей Iэщэ. 11. Iэщ цIыкIу егъэзыпIэ. 13. УэрэджыIакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист. 14. … мыкъу уврэ, … къуа зигъэщхърэ? 16. Iужажэм и унафэщIым … трегъэлъадэ. 18. … Iистофрилэхь! 21. Филологие щIэныгъэхэм я доктор, критик ХьэкIуащэ Андрей и къуажэ. 22. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу лъэпкъ нэхъыщхьитхум языхэз. 23. Расул Гамзатовым жиIэгъащ: «Зауэм щаутIыпща дэтхэнэ зы шэ-ри анэм и гум …» 26. Район, псыежэх, къалэ. 27. Латвием и къалащхьэ. 28. ГъукIэм и лъэщапIэ. 30. Зи пхъафэр щхъуафэ-фIыцIафэ, зи тхьэмпэ цIыкIухэр къабзийм ещхь, зи гъэгъахэм бжьэм фо къызыпих жыг. 31. … мэракIуэ. 33. ЩIымахуэм Iэщым хуагъэтIылъ шхыныгъуэ. 34. Ди гъунэгъум мэл … иIэщ. 35. Адыгэ фащэм щыщ щIыIутелъ. 37. Хьэцэпэцэ щаIуэкIэ гъупщым нэхърэ нэхъ щабэу ар къыщIокI. 39. Вакъэ лъапщэ кIыхь.
- Къехыу: 1. Къэбэрдей-Балъкъэрым и коммунистхэм я пашэ. 2. ХъуаскIэ къызыхих мывэ джей быдэ. 3. Жыг къэтIэпIам и нэщэнэ. 5. … цIыкIу къамэшхуэ. 6. Къыдалъхуауэ, цIыхум и щIыфэм хэс, хэт. 8. Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр зэхуэзы-хьэсыжу тхылъу къызыхудагъэкIыжа, Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэуа щIэныгъэлI … Барэсбий. 10. «Ленэ дахэкIей», «Хэт усIэщIиха?», «Ечэнджэщ уи напэм» уэрэдхэми, нэгъуэщI куэдми я псалъэхэр зи IэдакъэщIэкI уэрэдус цIэрыIуэ, тхакIуэ. 12. Хьэкъущыкъу. 13. Хьэндыркъуакъуэ жылэ. 15. IуэрыIуатэм къыхэщыж пасэрей адыгэ лIыхъужь. Е IутIыж Борис и пьесэ. 17. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ Iэзэу щыта, РСФСР-м щIыхь и артисткэ … Быхуэ. 18. Къуаншагъэ зылэжьа цIыхум судым … трилъхьащ. 19. … … …, мыщэ лъэбыцэжь. 20. Уи щхьэ мыузым … иумышэкI. 24. Адыгэ усакIуэ Iэзэ, «Iуащхьэмахуэ» журналым и лэжьакIуэу щыта. 25. Блыным зэпрыууэ тралъхьэ пхъэ гъум кIыхь, унащхьэр щIиIыгъэу. 29. … налъэ. 30. Махъсымэ щащIкIэ халъхьэ пщагъэ. 32. ДжэдыкIэрыпщ. 33. ЦIыхум ещхьу жыхуаIэ а псэущхьэр мэзым щыпсэууэ яIуатэ. 36. … вы бжьакъуэм къокI. 38. Зыщышынэн имылъагъумэ, а псэущхьэр Iуащхьэм докI.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Мэлыжьыхьым и 3-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:1. Жэп. 3. Хьэлу. 5. Бэкхъ. 6. Къармэхьэблэ. 9. Гъубжэ. 10. Мест. 11. Лыгъэ. 15. Ефэнды. 17. Шыр. 18. Дыху.19. Ичынды. 22. Пщае. 24. Брул. 26. Къупхъэ. 27. Лъакъуэрыгъажэ. 28. Блэ. 29. Црым. 30. Мэз.
- Къехыу:2. Пщагъэ. 3. Хьэмэм. 4. УнэIут. 5. Билал. 7. Гъубж. 8. Бгъэ. 12. Берие. 13. Шыдым. 14. Пшэ. 16.Шхуэ. 20. Пщы. 21. Пхъы. 23. Езауэ. 24. Бжьэхуц. 25. Лагъым. 26. Къуажэм.