ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Согугъэ  иджыри Барэсбий къэпсэлъэну…»

2021-04-06

  • КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым и унэм «МамырщIэкъу» зыфIаща зэIущIэр иджыблагъэ щызэхэтащ. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Бгъэжьнокъуэ Барэсбий (1947 — 2020) и фэеплъыр гъэлъэпIэным теухуа пшыхьыр щIызэхашам щхьэусыгъуэ иIэт: Абхъаз къэралыгъуэм и дамыгъэ нэхъыщхьэм, «Ахьдз Апша» («Напэмрэ ЩIыхьымрэ») орденым, и етIуанэ нагъыщэр, щIэныгъэлIым и унагъуэм Iэрыгъэхьэжынырт. Зи цIэ къитIуа дамыгъэр зыхуагъэфащэр щIэныгъэм, щэнхабзэм, гъуазджэм хуащIа хэлъхьэныгъэмкIэ Хэкумрэ лъэпкъымрэ я пщIэмрэ щIыхьымрэ езыгъэIэтахэрщ. Бгъэжьнокъуэ Барэсбий и гъащIэри и лэжьыгъэри зыхуэунэтIауэ щытар аращ — щIэныгъэм и Iэмалхэмрэ гъуэгухэмкIэ адыгэ-абазэ лъэпкъхэр зэпыщIэнырт, я зэхуаку дэлъын хуей зэш лъэмыжыр гъэбыдэнырт.

  • ЗэIущIэм къеблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ащхъуэт Ритэ, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и унафэщI Дзэмыхь Къасболэт, «Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэ» IуэхущIапIэм и унафэщI Котляров Виктор, Урысей Федерацэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, макъамэтх ХьэIупэ ДжэбрэIил, Кавказ Ищхъэрэм управленэмкIэ и академием и унафэщI, философие щIэныгъэхэм я доктор Хъурей Феликс, «Абхъаз» щэнхабзэ центрым и унафэщI ГъущIапщэ-Кацбэ Ингэ, адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, ныбжьэгъухэр, лэжьэгъухэр, Iыхьлыхэр.
  • Абхъаз къэралыгъуэм и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Аджинджал Рисмаг дунейм ехыжа щIэныгъэлIым хуагъэфэща дамыгъэмрэ щыхьэт тхылъымрэ иритыжащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, Европэм  гъуазджэмкIэ и Академием и академик Бгъэжьнокъуэ Заурбэч. Абхъазым и Iэтащхьэм и щыгъуэ тхылъым къеджа нэужь, Аджинджал Рисмаг къыхигъэщащ Бгъэжьнокъуэ Барэсбий хуэдэ щIэныгъэлIхэм я фIыгъэкIэ лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр зэрымыужьыхыр, атIэ ефIакIуэу, зиужьу зэрыщытыр. «Си фIэщ хъуркъым Барэсбий Абхъазым щекIуэкI Iуэхугъуэхэм зыщимыгъэгъуазэу, дэтхэнэ хъугъэщIагъэми зэрырипIейтейр къыхимыгъэщу щIагъуэ дихауэ. Ди деж Хэку зауэр къыщыщыхъеями, Барэсбий и дуней тетыкIэм епцIыжакъым — мафIэм зэщIищта щIыналъэм япэу къихьа ди къуэшхэм яхэтащ. Бгъэжьнокъуэм гу кIуэцIылъащ, и къеуэкIэр зэхыумыхынкIэ Iэмал имыIэу, щIэныгъэ иIащ, къэхутэныгъэщIэхэм я теIущIыкIыпIэ хъууэ, цIыхугъэ иIащ, малъхъэдисым хуэдэу узыщIишэу. МащIэ зи куэда, адыгэ-абазэ Iуэхухэм хэту Абхъазым щыпсэухэм ар зэрыщымыIэжыр гущIыхьэ зыщымыхъуа къытхэткъым. Нобэ Барэсбий и унагъуэм Iэрыдгъэхьэж дамыгъэр ди щIыналъэм щынэхъ лъагэ дыдэхэм ящыщми, абхъаз цIыхубэм ар зытригъэувэ лъагапIэр къэлъытэгъуейщ. Къигъэна щIэныгъэ щIэиныр къыпхуэмылъытэну инщи, ар щыIэху, адыгэ лъэпкъри щыIэнущ, адыгэр дунейм тетыху, Барэсбий и цIэри кIуэдыжынукъым», — жиIащ Аджинджал Рисмаг.
  • Дунейм ехыжа и къуэшым абхъазхэм къыхуащIа гулъытэм фIыщIэ хуищIу Бгъэжьнокъуэ Заурбэч псалъапIэр щиубыдым, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу, ар сыт щыгъуи къилъыхъуэу зэрыщытар къыхигъэщащ. «И гъащIэ псор адыгэ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъ щэхухэр къыщIэгъэщыным иритами, къызэрыгуэкIыу лъэпкъым мыр дэслъэгъуащи, къежьапIэри ухыпIэри аращ жиIэу щхьэрыутIыпщу утыку кърихьэртэкъым. А къигъуэтам къежьапIэ хуэхъуам нэсыну хущIэ-
  • къурт, ар къыщигъуэтыфыну къилъытэри унэкъуэщ лъэпкъхэм я дежт. Iэджэ гуращи иIащ Барэсбий, куэдым зрипщытырт. КъехъулIар мымащIэми, зыхунэмысу къэнар си жагъуэщ. Монографие зыбжанэ щылъщ, тридзэным хуэмыпIащIэу, загъуэрэ хуеплъэкIыжрэ зыгуэрхэр хилъхьэжу, зыгуэрхэр зэригъэзэхуэжурэ къекIуэкIауэ. Согугъэ Барэсбий иджыри къэпсэлъэну. Абы и пщIэмрэ и фэеплъымрэ зыхъумэ дэтхэнэми фIыщIэ яхузощI. Нэхъыбэрэ дызэхуэвгъэс адыгэхэмрэ абазэхэмрэ, хурехъу абы гуфIэгъуэри и щхьэусыгъуэ», — жиIащ Заурбэч, и гур къызэфIэнауэ.
  • Абхъазым къикIа лIыкIуэ гупым я пашэм жиIар диIыгъыу Дзэмыхь Къасболэт къыщыпсалъэм, Бгъэжьнокъуэм и щIэиныр лъэпкъ щIэныгъэми щыщ зы Iыхьэу, адыгэ щэнхабзэм и дыщэ фонду зэрыщытыр къыхигъэщащ. «Бгъэжьнокъуэ Барэсбий щылэжьа, щыпсэуа щIыпIэм къызэрыщалъытэ пщалъэм уезэгъыну щытми, жыIэн хуейщ абы и цIэм дунейпсо мыхьэнэ зэриIэри. Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием ар езым и цIыхуу къалъытэу щытащ, щIэныгъэлI цIэрыIуэхэм япыщIауэ, я IуэхущIэгъуу дунейм тетащ. Дэнэ мыкIуэми, и лэжьыгъэм епха IуэрыIуатэ е лъэпкъ щIэныгъэ гуэр къримыхьэлIэу ар зэи и лэжьапIэ IэнатIэм къекIуэлIэжакъым. Мэздэгу адыгэхэм я деж къыщегъэжьауэ Шапсыгъым щыщIэкIыжу цIыхугъэрэ хэгъэрейрэ щимыIэ щыIэтэкъым. ЖыпIэнуращи, зыхэтыр игуми и псэми Iэпих лэжьыгъэти, абы дапщэщи хуэнэхъуеиншащ. ИпэжыпIэкIэ, ар нобэ къызэрытхэмытыжыр хэщIыныгъэшхуэщ», — жиIащ Дзэмыхьым.
  • «Абхъаз» щэнхабзэ центрым и унафэщI ГъущIапщэ-Кацбэ Ингэ къыщыпсалъэм зэIущIэм адыгэхэмрэ абазэхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр иджыри зы лъагапIэ дишыну зэрыщыгугъыр жиIащ. «ИгъащIэми ди лъэпкъхэм гуауэри гуфIэгъуэри зэдагуэшу къогъуэгурыкIуэ. Ди зэхуакум хьэ-лэ къыдэзыукIэну хущIэкъухэм дазэрыпэщIэувэфынур щIэныгъэщи, Бгъэжьнокъуэм мыубзэщхъуу игъэIурыщIа а Iэмалыр зыIэщIэдгъэкI хъунукъым. ЩIэныгъэлIым и гуащIэр пшыналъэ папщIэщ, дызэрызэ-
  • хущытын хуей псори къыщIоIукI, дыщIэдэIун хуейуэ ара къудейщ. И IэдакъэщIэкI дэтхэнэри ди адэжьхэм я уэрэдым и ежьущи, дэри къэдвгъэпхъуатэ ар», — къыхуриджащ къызэхуэсахэр ГъущIапщэм.
  • ЗэIущIэм кърихьэлIахэм Барэсбий хужаIэну псалъэ дахэри гукъэкIыжхэри я куэдт. Дэтхэнэми щIэныгъэлIым къызэринэкIа щIэиным и хьэкъыр иритырт, жылагъуэ лэжьыгъэу иригъэкIуэкIами хуэфащэ пщIэ хуищIырт. Бгъэжьнокъуэм и фэеплъыр зэманым фагъуэ зэрыщIэмыхъукIынур, и IэдакъэщIэкIхэм я мыхьэнэр зэрызэщIэмыкIуэнур дэтхэнэ пса-
  • лъэми апхуэдизкIэ къыхэщырти, плъэмыкIыу цIыхур уахътыншэ зыщI щхьэусыгъуэхэм урашалIэрт.
  • ЗэIущIэм и кIэм Бгъэжьнокъуэ Барэсбий къыщыпсалъэ видеотеплъэгъуэхэм хьэщIэхэр ирагъэплъащ.
  •  
  • ШУРДЫМ  Динэ.