ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Май, 2021

ДАХ-м пщIэ яхуещI

2021-05-15

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и IуэхущIапIэм накъыгъэм и 8-м щекIуэкIащ ТекIуэныгъэ Иным и махуэм и щIыхькIэ къызэрагъэпэща гуфIэгъуэ зэхыхьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

Си лъэпкъ мащIэр ефIэкIуэныр си хъуэпсапIэщ

2021-05-15

  • Иджыблагъэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ и унагъуэр и гъусэу Москва щыпсэу щIалэ, адыгэ Iуэхум иригузавэхэм ящыщ Сэхъу Мурат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр

Къэжэр  Артур  и  щапхъэ

2021-05-15

  • Мы махуэхэм Франджым щекIуэкIащ цIыхубэ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэнымкIэ дунейпсо зэпеуэ. «Les etoiles Sancyberie» фIэщыгъэр зиIэ а щэнхабзэ зэхьэзэхуэр онлайн щытыкIэм иту къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы хэтащ ЩIы хъурейм и къэрал куэд.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ

2021-05-15

  •  1 КъБР «Мир» канал
  • Блыщхьэ, накъыгъэм и 17
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.35 «Ди псэлъэгъухэр». КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Къандур Мухьэдин (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.15 «ЩыIащ-псэуащ…» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу. «Зэчиймрэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ». Къэбэрдей-Балъкъэр драматургием зауэр къызэрыхэ-щыр (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

ТхакIуэ, драматург Iэзэ, журналист Дудар Хьэутий къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу

2021-05-15

  • Дудар Хьэутий Мызэ и къуэр 1921 гъэм накъыгъэм и       15-м Бахъсэн районым щыщ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм (Къуэнхьэблэ) къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэу Налшык дэт институтым и егъэджакIуэ курсхэм 1938 — 1940 гъэхэм щеджащ. 1940 гъэм я къуажэ игъэзэжри, курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ щригъэджащ 1942 гъэ хъуху. И узыншагъэр зэрымыщIагъуэм къыхэкIыу Хэку зауэшхуэм ямыгъакIуэу, ар тылым къыщынат. 1942 — 1944 гъэхэм Дудар Хьэутий Тырныауз вольфрам-молибден комбинатыр зэфIэзыгъэувэжахэм яхэтащ, абы папщIэ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ «1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и зэманым и къару емыблэжу зэрылэжьам папщIэ» медалыр къыхуагъэфэщауэ щытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

Адыгэ  тхьэIухуд  Жамырзэ  Фелицие

2021-05-15

  • Я дахагъкIэ, акъылыфIагъкIэ, зэфIэкI лъагэкIэ, гъэсэныгъэкIэ дунейр зытхьэкъуа адыгэ пщащэхэм ящыщщ «2013 гъэм Австралием и тхьэIухуд» цIэ лъапIэр зыхуагъэфэща Жамырзэ (Джамирзе) Фелицие. Нэ удзыфэ пIащэ зиIэ пщащэ сырыхум и дахагъэм, утыку итыкIэм къэпщытакIуэ гупыр занщIэу итхьэкъуат. А лъэхъэнэм Австралием газетрэ журналу къыдэкIам и япэ напэкIуэцIхэр зыгъэдахэр ди лъэпкъэгъум и сурэтт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2021-05-15

  • Тхыдэм щыщ
  • ЛIэщIыгъуэхэм я лъэужь
  • ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, адыгэшым и ныбжьыр илъэс минищым ноблагъэ. Нартхэм я лъэхъэнэм дунейм къытехьэри, апхуэдиз гъуэгуанэ къызэпичащ абы, шы лъэпкъ цIэрыIуэхэм ящыщ зы хъун папщIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис