ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу

2021-04-06

  • АдыгэлI нэс, лъэпкъым и цIыху пажэхэм ящыщщ медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, Урысей Федерацэм, Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэ — Аланием щIыхь зиIэ я дохутыр цIэхэр зыхуагъэфэща, МедицинэмкIэ Евразие Академиемрэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академиемрэ хэта профессор Лий Адэлджэрий Iэмырбий и къуэр. ЩыцIэрыIуэри ди республикэм и закъуэтэкъым, атIэ къэралми, дунейм и щIыпIэ куэдми пщIэ къыщыхуащIырт и зэфIэкI къызэрымыкIуэм папщIэ.
  • Нартсанэ дэт «Луч» санаторэм и дохутыр нэхъыщхьэу лэжьа Лийрщ вертеброневрологие IэзэкIэм и ефIэкIыныгъэхэр япэу наIуэ къэзыщIар. Къупщхьэ уз зиIэу ар зэIэзахэм, зи гуныкъуэгъуэр зыщхьэщихахэм я бжыгъэр къэлъытэгъуафIэкъым. ЦIыхум гущIэгъу хуэщIыныр, и узыр щхьэщыхыныр зи гъащIэ гъуазэу псэуа Лийм хуэфащэу зэрихьэрт цIэ лъапIэхэр. Абыхэм ящыщт КъБР-м, КъШР-м, Адыгэ Республикэм я цIыхубэ дохутыр цIэ лъапIэхэри.