Бзухэм я дунейпсо махуэ
2021-04-03
- Япэ дыдэу ар гъэлъэпIэн щыщIадзар Америкэм и Штат Зэгуэтхэм хыхьэ Пенсильвание щIыналъэм ит Ойл-сити къалэ цIыкIуращ. 1894 гъэм абыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьар а щIыпIэм курыт егъэджэныгъэмкIэ и инспектор Бэбкок Чарльзщ.
- Бзухэм я дунейпсо махуэр (International Bird Day) иужькIэ Европэми нэсащ. Иджы ар илъэс къэс дуней псом щагъэлъапIэ, ЮНЕСКО-м «ЦIыхумрэ биосферэмрэ» и программэм ипкъ иткIэ.
- Ар къыхэзылъхьауэ щытахэм ауэ сытми къыхахакъым: мэлыжьыхьым и пэщIэдзэ махуэр мы зэманым щIыпIэ хуабэхэм къолъэтыкIыжри, бзухэм ди деж къагъэзэж.
- Ди къэралми зыщеубгъу
- Дамэ зытет псэущхьэ цIыкIухэм ядэIэпыкъуным теухуа гупсысэр 20-нэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм ди къэралми къэсащ. 1910 гъэм школ егъэджакIуэ Бузук Пётр езыр зыдэс Хортицэ къуажэм къыщызэригъэпэщауэ щытащ, бзу абгъуэр дамыгъэ зыхуищIа, ЩIыуэпсыр зыхъумэхэм я зэгухьэныгъэр. Абы хэтхэм къуалэхэр кърашалIэрти ягъашхэрт, адэ-мыдэкIэ унэ цIыкIухэр щыхуфIадзэрт.
- 1917 гъэм екIуэкIа революцэм а къызэгъэпэщыныгъэр дэкIуэдыжащ. АрщхьэкIэ къэунэхуа къэралыгъуэщIэми мы Iуэхур IэщIыб ищIакъым. 1924 гъэм и гъэмахуэм СССР-м щекIуэкIащ Юннатхэм я союзпсо зэхуэс. Биостанц нэхъыщхьэм и егъэджакIуэ Дергунов Николай абы къыщыхилъхьащ Бзухэм я махуэр щIэрыщIэу ди къэралым щыгъэувыжын хуейуэ икIи СССР-м ар 1926 гъэм щагъэлъэпIащ.
- Абы иужькIэ ди къэралым и щIыпIэ псоми къыщыунэхуащ бзухэр зыдж щIэныгъэм — орнитологием — дихьэх ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэхэр. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым Бзухэм я махуэр Мэзкуу и щIыпIэ псоми щаIэтащ. Абы щыгъуэ а Iуэхум ныбжьыщIэ мини 5-м нэблагъэ хэтащ. ИужькIэ, 1928 гъэм, зи гугъу тщIы махуэм ди къэралым щызэхаша апхуэдэ щIыхьэхум сабий мин 65-м щIигъу хэтат. Абыхэм бжэндэхъу абгъуэу мин 15-м нэблагъэ адэкIэ-мыдэкIэ щыпащIат.
- Хэку зауэшхуэм и зэманым мы Iуэхур зэпыуат, арщхьэкIэ 1948 гъэм ар аргуэру къагъэщIэрэщIэжащ. Ауэрэ здекIуэкIым, 1953 гъэм зи гугъу тщIы лэжьыгъэ щхьэпэм еувэлIащ школакIуэу мелуани 5-м щIигъур. Пэжщ, 20-нэ лIэщIыгъуэм и 60-70 гъэхэм дызытепсэлъыхь щIыхьэхум хуэдэхэр ирамыгъэкIуэкIыжу «къаублат», арщхьэкIэ Урысейм и бзухэр хъумэнымкIэ зэгухьэныгъэу 1993 гъэм къызэрагъэпэщар тегъэщIапIэ хъури, мы Iуэхум аргуэру зыкъиужьыжащ.
- Телъыджэращи, 1999 гъэм Мэзкуу и школакIуэхэм къэлъэтэж бзухэм папщIэ абгъуэ IэрыщIу 500-м щIигъу щагъэхьэзырат икIи ахэр мэлыжьыхьым и 1-м абы дэт жыгхэм щыпагъэзэгъат. КъыкIэлъыкIуа 2000 гъэм а къалэм и Правительствэм Бзухэм я махуэр гъэлъэпIэныр жылагъуэ Iуэхуу къилъытащ. Иджы абы ди къэралым и дэтхэнэ щIыналъэми гулъытэ ин щыхуащI. Ди къэралым и курыт еджапIэхэм, орнитологием дихьэх ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэхэм деж къыщызэрагъэпэщ къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм, зэрыщыту къатщтэмэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм хуэсакъын, гулъытэ хуэщIын зэрыхуейм теухуа зэхьэзэхуэхэр, щIыуэпсым хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэм цIыкIухэр яшэ, зыщрагъэплъыхь.
- Балигъхэмрэ сабийхэмрэ а махуэм зэIузэпэщ ящI псыпцIэхэм щыпсэу къуалэхэм я хэщIапIэхэр, бзу зэмылIэужьыгъуэхэм: бжэндэхъухэм, пцIащхъуэхэм, нэгъуэщIхэми «унэ цIыкIухэр» жыг къудамэхэм, унащхьэ къуагъхэм щыхупащIэ, Iусхэр зытракIута пхъэбгъухэр адэкIэ-мыдэкIэ щыкIэрагъэбыдыхь.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.