ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зытелажьэ  Iуэхур цIыхубэм зэхащIыкI

2021-04-03

  • Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академием и вице-президент, ДАХ-м и Хасащхьэм хэт ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 75-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ къыIэрыхьэ хъуэхъухэр иджыри зэпыуакъым.

  • Мы махуэхэм абы къыхуэкIуэ телеграммэхэмрэ хъуэхъу псалъэхэмрэ нэмыщI «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Абазашта», «Горянка» газетхэм, Лэскэн къыщыдэкI щIыналъэ газетым, «КъБР-Медиа» IуэхущIапIэм, КъБР-м и Журналистхэм я Союзым, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, «Черкес FМ» радиом, Урысей Арткомитетым, Кэнжэ щэнхабзэмкIэ и унэм, Зеикъуэ, Хьэтуей, Кыщпэк къуажэ библиотекэхэм, нэгъуэщIхэми Инстаграмым щаIэ напэкIуэцIхэм хъуэхъу псалъэ дахэхэр къралъхьащ, фейсбукым къитлъхьа тхыгъэм къыхуэарэзы куэд къыкIэщIэтхыхьащ.
  • Апхуэдэуи ХьэфIыцIэм и интервьюр къытрадзащ Тыркум къыщыдэкI «Жьынэпс» газетым. Сенатор Къанокъуэ Арсен езым къыхуигъэхьа тхыгъэм нэмыщI, дуней псор щызэрыщIэ интернетымкIи къехъуэхъуащ.
  • Социальнэ сетхэм къралъхьа апхуэдэ «постхэм» псалъэ гуапэ, ущIэгушхуэн куэд къыхукIэщIатхащ ХьэфIыцIэм. И ныбжьэгъухэм, и лэжьэгъухэм нэмыщI и тхыгъэхэмкIэ, и къулыкъухэмкIэ къэзыцIыхуа цIыхубэм я фIыщIэмрэ щытхъумрэ зэрыгъунэншэр нэрылъагъут мы махуэхэм. Апхуэдэуи, къэрал куэдым къызэрыщацIыхум и нэщэнэу, Израилым, Тыркум, Сирием, Америкэм, Германием, Иорданием, нэгъуэщI къэралхэм, Урысей Федерацэм и къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм къратхыкIащ.
  • Абыхэм яхэтт Мухьэмэд зи цIыхугъэхэри, и щхьэкIэ ямыцIыхуу, и цIэкIэ къэзыщIэхэри, нэхъыжьыфIхэри, нэхъыщIэхэри. Псоми я хъуэхъу псалъэм щIыгъур зыт — ар лъэпкъылI нэсу зэрыщытымрэ хэкупсэ нэгъэсауэ и гъащIэр къызэригъэщIамрэ. Уи IуэхущIафэкIэ апхуэдиз цIыхур арэзы къэпщIыныр, уи цIыхугъэм апхуэдиз фIыщIэ къриблэжьыныр Iуэху къызэрыгуэкIкъым.
  • Мухьэмэд и гъащIэ псом зытелэжьа Iуэхур цIыхубэм зыхащIыкIащ, уеблэмэ абы и дуней тетыкIэм ирипагэр куэдщ. АпхуэдэлI адыгэм къызэрыхэкIам иригушхуэу зэрыщытыр къатх зэпытщ.
  • Адэ, адэшхуэ гумащIэу зэрыщытым къыщригъажьэри, пщIэшхуэ зиIэ хэкулI нэс хъуащ, и цIэм дунейпсо статус игъуэтащ. Абы щыхьэт тохъуэ Иорданием щыпсэу и пхъурылъху пщащэ Санэ и адэшхуэм къыхуитха псалъэ IэфIхэмрэ адыгэу дунейм тетым къыхуагъэфэща псалъэ гуапэхэмрэ.
  •  
  • Къэбарт   Мирэ.