ЖьэкIэмыхъу Маринэ ягъэлъапIэ
2021-03-30
- Зи ныбжьыр нобэ илъэс бжыгъэ дахэ ирикъу ЖьэкIэмыхъу Маринэ теухуа хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ. Ди лэжьэгъу щыпкъэм къыхуагъэфэщащ адыгэу дунейм тетым я жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэм — Дунейпсо Адыгэ Хасэм — и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр: ДАХ-м и ЩIыхь тхылъыр.
- «ПщIэ зыхуэтщI ЖьэкIэмыхъу Маринэ Музарин ипхъу, адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнум узэрытелажьэм пэкIуэу Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ЩIыхь тхылъыр пхудогъэфащэ, ЩIыхь дамыгъэр и гъусэу», — итщ тхылъым, зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий и IэщIэдзыр щIэлъу. Тхылъым щIыгъу дамыгъэми IупщIу тетщ «Лъэпкъым къыбгъэдэкI фIыщIэ» псалъэхэр.
- Дызэрыщыгъуазэщи, ДАХ-м а и дамыгъэ лъапIэр зратыр зи дуней тетыкIэкIэ щапхъэу щыт, лъэпкъ зыужьыныгъэмрэ зыузэщIыныгъэмрэ гурэ псэкIэ хьэлэлу хуэлажьэ хэкупсэ нэсхэращ. Ди лэжьэгъур, ныбжьэгъуфIыр лъэпкъым и пщIэ лъагэ къэзылэжьахэм зэрахэхуам хуабжьу дыщогуфIыкI. Ди гуапэу дохъуэхъу апхуэдэ гулъытэр хуэфащэ дыдэу зылъагъэса ди Маринэ. Зи цIэр куэдрэ фIыкIэ къраIуэнухэм ящыщ Тхьэм ищI.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.