Хьэщыкъуей Руслан и япэ ехъулIэныгъэ
2021-03-30
- ТхэквондомкIэ (ВТФ) ЕсэнтIыгу и кубокыр къэхьыным теухуа щIыналъэ зэхьэзэхуэ гъатхэпэм и 25 — 26-м а къалэм щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ Кавказ Ишхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм, Самарэ областым и Тольятти къалэм я командэхэм хэта спортсмен 200-м щIигъу, 2010 — 2013 гъэхэм къалъхуауэ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Пять колец» академием и командэм и цIэкIэ зэхьэзэхуэм щызэуащ икIи ехъулIэныгъэ щиIащ килограмм 22-рэ зи хьэлъагъхэм я деж зыкъыщызыгъэлъэгъуа Хьэщыкъуей Руслан. Зэпеуэм и пэщIэдзэм ныбжьыщIэм къыщыпэщIэтащ Камышин къалэ щыщ Триллер Егор икIи 29:7-уэ абы текIуащ. КъыкIэлъыкIуэу Руслан хигъэщIащ ЕсэнтIыгу щыщ Макаров Константин. Бжыгъэр 30:1-уэ Хьэщыкъуейр хэгъэрейми ефIэкIащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, финал ныкъуэм ар къыщыхагъэщIащ икIи зэкIэ домбеякъ медалымкIэ арэзы хъуащ.
- Къыхэдгъэщыну дыхуейт, ди лэжьэгъуу щыта, сабий усакIуэ цIэрыIуэ Хьэщыкъуей Олег и къуэ Руслан и ныбжьыр илъэси 7-м щIигъуа къудейуэ зэрыарар. Налшык къалэ дэт 4-нэ курыт еджапIэм (гимназием) и 1-нэ классым щIэсщ, фIыуэ йоджэ. ТхэквондомкIэ зыгъэсэн зэрыщIидзэрэ илъэси ирикъуакъым. А зэман кIэщIым къриубыдэу абы хузэфIэкIащ бгырыпх гъуэжьыр зыIэригъэхьэн. Иджы зыхэта зэхьэзэхуэри зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэри Руслан и дежкIэ япэу аращи, куэдым я къежьапIэ хъуну дохъуэхъу.
- ЩIалэ ныбжьыщIэм и тренерхэщ Унэжокъуэ Абдел-Джабаррэ Хьэгъундокъуэ Елдаррэ.
- Хьэтау Ислъам.