ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэхуэзэ купщIафIэхэм пащэ

2021-03-18

  • Хабзэ хъуауэ, «Урысеймэкъумэшбанкым» и лэжьакIуэхэр хьэщIэу яхуокIуэ ди республикэм и еджапIэхэм, сабий садхэм я гъэсэнхэм. НэхъапэIуэкIэ къыхалъхьауэ щыта «Дызэгъусэу щIыуэпсыр тхъумэнщ» социально-экологие акцэм хиубыдэу, РСХБ IэнатIэм и IэщIагъэлIхэм ныбжьыщIэхэм гу лърагъатэ дыкъэзыухъуреихь дуней дахэр зэрыхъугъуэфIыгъуэ иным, ар хъумэнри дэтхэнэми ди къалэну зэрыщытым.

  • ЩIыуэпсыр хъумэн зэрыхуейм епха Iуэху щхьэпэхэр ирагъэкIуэкIын мура- дыр яIэу, РСХБ-м КъБР-м щиIэ IэнатIэм корпоратив сату лIэужьыгъуэмкIэ и къудамэм и унафэщI Егъэн Ислъамрэ банкым Нарткъалэ щиIэ къудамэм и пашэ Хьэбжокъуэ Алимрэ иджыблагъэ щыIащ а къалэм дэт «Нэмыс» сабий садым. ХьэщIэхэр цIыкIухэм яхутепсэлъыхьащ щIыуэпсым и мыхьэнэмрэ ар хъумэн зэрыхуеймрэ.
  • — ЦIыкIухэ, дыкъэзыухъуреихь дуней дахэмкIэ Тхьэр къытхуэупсащи, абы и къабзагъэр хъумэныр ди къалэнщ дэтхэнэми. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым цIыхур езыр а щIыуэпсым и Iыхьэу зэрыщытыр, ар гурэ псэкIэ зыхэтщIэмэ, абы къытхуигъэтIылъ хъугъуэфIыгъуэ псори нэсу къэдгъэсэбэпыфынущ, — къыхигъэщащ къыщыпсалъэм Егъэн Ислъам. — Фи гъэсакIуэхэм къызэрыджа-IамкIэ, фэ фIыуэ фолъагъу щIыуэпсыр: ар пхъэнкIий идзыпIэ фщIыркъым, жыг къудамэхэр къыпызыщIыкIхэм, удз гъагъэхэр зэрыт утыку цIыкIухэр зыутэхэм фащыщкъым. Хуабжьу ди гуапэщ ар.
  • А псалъэ гуапэхэр зэхэзыха сабийхэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ хьэщIэхэм я пащхьэм. Ахэр усэ цIыкIухэм къеджащ, уэрэдхэр жаIащ, теплъэгъуэ кIэщIхэр ягъэлъэгъуащ. ЩIыуэпсым теухуа къуажэхьхэр къэщIэным яфIэхьэлэмэту хэтащ банкым и IэщIагъэлIхэри. Дэтхэнэми иIэт а махуэм ирихьэлIэу ищIа сурэтыр, щхъуантIагъэ дахэ гуэр зэрытыр.
  • Апхуэдэу щIыуэпсым цIыху гъащIэм щиубыд увыпIэмрэ ар хъумэн зэрыхуеймрэ тепсэлъыхьа нэужь, абыхэм сабийхэм хуагуэшащ «Урысеймэкъумэшбанкым» и логотипыр, РСХБ хьэрфхэр зытет икIи щIыгулъ зэрылъ кхъуэщын цIыкIухэмрэ абыхэм хасэну удз лIэужьыгъуэхэм я жылэхэмрэ. ХьэщIэхэр я дэIэпыкъуэгъуу сабийхэм хасащ жылэхэр.
  • Зэхуэзэ гуапэм и кIэухыу хьэщIэхэр сабий садым и гъэсэнхэм яхуэупсащ IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ, саугъэт цIыкIухэмкIэ.
  • — ЩIыуэпсыр фIыуэ зылъагъу, ар зыхъумэфыну щIэблэ къызэрытщIэхъуэм-кIэ гугъэфIхэр диIэ мэхъу, ди банкым и IэщIагъэлIхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм щыгъуазэ зыщыхуэтщIкIэ, — и нэIэм щIэтхэм зэфIах лэжьыгъэмкIэ арэзыуэ жеIэ «Урысеймэкъумэшбанкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и уна- фэщI Сокъур Алим. — Гу зэIухакIэ щIыуэпсым хущыт а сабийхэм къэзыухъуреихь дунейм папщIэ жэуаплыныгъэ зыхэзыщIэ цIыху щыпкъэ, хэкупсэ къазэрищIыкIынум шэч хэлъкъым.
  • КЪАРДЭН Маритэ.