ГукъэкIыжхэр псэуху
2021-03-18
- Си егъэджакIуэ, си ущиякIуэ, си ныбжьэгъу нэхъыжьыфI Битокъу Владимир ТIиф и къуэм блэкIа зэманым иту сызэрытеп-сэлъыхьым щхьэкIэ си гур къоузыкI.
- И ныбжьыр илъэс 83-м иту 2020 гъэм накъыгъэм и 1-м Битокъур дунейм ехыжами, «хэт сыткIэ си сэбэпынагъ езгъэкIын» жиIэу иджыпстуи къытхэтым хуэдэщ ар. Дэтхэнэми и гукъеуэр езым ейм хуэдэу зыхищIэрт абы. Владимир дэтлъэгъуа гуапагъымрэ хабзэмрэ IэфIу ди гум къинэжащ дэтхэнэ зыми.
- Лэскэн щIыналъэм хиубыдэ Урыху къуажэм дэс мэкъумэшыщIэ унагъуэм 1937 гъэм шыщхьэуIум и 5-м къыщалъхуащ Битокъур. Школри Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетри ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Новосибирск щIыпIэм хиубыдэ Чулым щIыналъэм ягъэкIуащ щылэжьэну. Б-Никольск дэт школым и унафэщIым и къуэдзэу лэжьэн щIидзащ Битокъум, иужькIэ унафэщI къалэныр и пщэ далъхьэ- ри, илъэситхукIэ а къулыкъум пэрытащ. ИтIанэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжри, Къэхъун дэт школым физикэмкIэ егъэджакIуэу лэжьыгъэм щыпищащ 1965 гъэм. ИужькIэ КъБКъУ-м и аспирантурэм щIэтIысхьэри, неорганическэ химиемкIэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. 1969 гъэм аспирантурэр къиухри, и диссертацэр Ярославль къалэм щыпхигъэкIащ икIи химие щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ.
- 1970 гъэм щегъэжьауэ 2015 гъэ пщIондэ ар лэ- жьащ КъБКъУ-м органическэ биологиемрэ химиемкIэ и кафедрэм и ассистенту, доценту, деканым и къуэдзэу. ИужькIэ химиемкIэ факультетым и декану лэжьащ.
- Битокъум сыт щыгъуи и къалэн нэхъыщхьэу къилъытэу щытащ цIыхум зыщIигъэкъуэныр. Жэщ-махуэ иIакъым, и къарум зы сы-хьэт щысхьакъым ар цIыхум сэбэп хуэхъун папщIэ. Сыт хуэдэ ныбжьым итми, сыт хуэдэ хьэл-щэн зыхэлъми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къахуигъуэтыфырт Владимир. КъищынэмыщIауэ, езым и егъэджакIуэу, ущиякIуэу щытахэр зэи щыгъупщакъым. Абыхэм я гугъу дэри куэдрэ къытхуищIу щытащ. Сэ срогушхуэ Битокъум и гум фIыкIэ къэкIыжу щытахэм физикэмрэ математикэмкIэ егъэджакIуэу Урыху школым щылэжьа си адэ Блий Григорий Борис и къуэр зэращыщым.
- Владимир икIи егъэджакIуэ ткIийт. Студентхэм ядилъагъуну зыхуей щIэныгъэ нэсыр ябгъэдилъхьэн щхьэкIэ абы еш ищIэртэкъым. Сэ си щхьэр къызощтэри, гуапэу си гум къинэжащ Орджоникидзе къалэм дэта Бгырыс мэкъумэш институтым и агрономие факультетым си кандидат дис- сертацэр щыщыпхызгъэ-кIынум, зыкъысщIигъэкъуэн щхьэкIэ Битокъур абы нэс нэкIуауэ зэрыщытар. Битокъум и студенту щытахэм къахэкIащ щIэныгъэлI куэд. Абыхэм ящыщ щIэныгъэлI зыбжанэм сащыдэлэжьащ КъБР-м и «Россельхозцентр»-м и къудамэм.
- Битокъум и Iэдакъэ къыщIэкIащ лэжьыгъэ купщIафIэ куэд, КъБКъУ-м и зыужьыныгъэми и гуащIэшхуэ хилъхьащ абы.
- СхужыIэнукъым Битокъум и гъащIэ гъуэгуанэр тынш защIэу щытауэ. Дауи, ар IущIащ гугъуехь куэдым, ауэ языхэзми ар къигъэдзыхакъым, атIэ, шыIэныгъэ хэлъу, лъэпощхьэпо псори IэщIыб ищIурэ ипэкIэ кIуэтащ.
- ЦIыхум теухуа гукъэкIыжхэр псэуху цIыхури псэущ, — жаIэ. Си закъуэкъым Битокъур зи гум фIыкIэ къинар, атIэ, сэ шэч лъэпкъ къытесхьэркъым абы иригъэджа дэтхэнэ зыми а цIыху щыпкъэм далъэгъуа гуапагъэ псори зэращымыгъупщам.
- Блий Станислав,
- КъБКъМУ-м и проректор, мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор,
- профессор, УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.