ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЦIыхубэр зыхуей зэрыхуагъэзапхъэ Iэмалхэр ирагъэфIакIуэ

2021-03-11

  • Республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. «Правительствэм и сыхьэт» жыпхъэм къриубыдэу, къызэхуэсахэр едэIуащ КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн и къэпсэлъэныгъэм. Министрым КъБР-м ис цIыхухэр зэрызекIуэ транспортыр зыхуей зэрыхуагъазэ Iэмалхэмрэ гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэмрэ тепсэлъыхьащ.

  • ЦIыхубэр гъуэгу зэрытехьэ Iэмэпсымэхэм хеубыдэ машинэхэр, мафIэгухэр, токкIэ лажьэ транспортыр, кхъухьлъатэхэр. Республикэм и щIыпIэ псори зэлъегъэIэс цIыхубэм я проценти 100-р къызэщIэзыубыдэ маршрут гъуэгуанэхэм.
  • Нэхъыбэр гъуэгу зэрытехьэр машинэ псынщIэкIэщ. А зекIуэкIэ Iэмалым хиубыдэ траснпортыр процент 90-м нос. Республикэм щызэпрышащ маршрут гъуэгуанэу 294-рэ. Абыхэм ящыщу 89-р ди щIыналъэм хеубыдэ, 130-р щIыналъэ зэхуаку зэпыщIэныгъэщ, 73-р нэгъуэщI регионхэм макIуэ, 2-р хамэ къэралхэм епхащ. Республикэм щолажьэ автовокзалу 5, автостанцу — 2, къэувыIэпIэ пункту 1.
  •  ДыщэкI Аслъэн къызэрыхигъэщамкIэ, КъБР-м цIыхухэр зэрыщызекIуэ уасэр Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм щынэхъ пудхэм хеубыдэ. Зы километрым гъуэгупщIэу хуэзэр сом 1, 82-рэщ.
  • 2019 гъэм елъытауэ, 2020 гъэм кърашэкIа цIыху бжыгъэр процент 26-кIэ нэхъ мащIэщ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар уз зэрыцIалэм цIыхубэр унэм зэрыщIиубыдарщ. Транспортыр къэзыгъэщхьэпэхэм я бжыгъэр хэщIа щхьэкIэ, республикэм узэрыщызэлъэIэс Iэмал псори хэщIыныгъэншэу къызэтенауэ мэлажьэ.
  •  Министрым къыхигъэщащ цIыхубэр здэкIуэм нагъэсын къалэныр зыхь IуэхущIапIэхэм мылъкукIэ зэрызыщIагъэкъуар. Зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэхэр уасэ пудкIэ зрата, щIыхуэ зытелъхэм ар щатыжыну пIалъэр зыхуагъэIэпхъуа яхэтщ. Улахуэу хухагъэкIахэр къэрал субсидиеу сом мелуани 5-м нос.
  • Республикэм и УнафэщI КIуэкIуэ Казбек и жэрдэмкIэ министерствэм къалэн зыщищIыжащ 2024 гъэ пщIондэ республикэм цIыхубэр зэрыщызекIуэ транспортым и зэхуэдитIыр (процент 50-р) яхъуэжыну. А Iуэхум и ужь ихьакIэщ.
  • Министрыр тепсэлъыхьащ сабийхэр автобускIэ къыщрашэкIкIэ зыхуэсакъыпхъэхэм ятеухуа япэ мониторинг зэрырагъэкIуэкIам. ДыщэкIым и гугъу ищIащ «гъуэгу тетыныр къызэхьэлъэкI» цIыхубэр ягъэтыншын папщIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэхэми. Абыхэм яхухэхауэ зекIуэ машинэхэкIхэмрэ токкIэ лажьэ транспортымрэ процент 26,1-м нос. Мардэу зыхуагъэувыжыр процент 29,1-рэщ. Транспорт IуэхущIапIэхэм хиубыдэ вокзали 7-м щыщу 5-м щызокIуэ а «гъуэгу тетыныр къызэхьэлъэкIыу» къалъытэ цIыхухэр. Абыхэм къызэщIаубыдэ процент 71,4-рэ.
  • ДыщэкI Аслъэн нэгъэсауэ тепсэлъыхьащ автовокзалхэу «Северный», «Южный» цIэхэр зезыхьэхэм. ВокзалитIри, республикэм щылажьэ адрей тIум хуэдэу, цIыхубэр здэкIуапхъэм нагъэсыным хуэхьэзырщ. «Южный» автовокзалым и гугъу щищIым, министрым и псалъэм къыщыхигъэщащ вокзалыщIэхэр щIаухуар къалэ кIуэцIым машинэ куэд зэрыщызэтрихьэрауэ зэрыщытыр. Ауэ «Южный»-р «Дубки» къалэ Iыхьэм зэрыхуэзэм къыхэкIыу, абы хуамурадам лъэмыIэсынкIэ шынагъуэщ. Автовокзалым лэжьэн щIидзэн ипэкIэ, ухуэныгъэр зи IэмыщIэ илъхэм а Iуэхум теухуа унафэхэр зыхуей хуагъэзапхъэщ.
  • АдэкIэ ДыщэкIыр тепсэлъыхьащ республикэм щылажьэ гъущI гъуэгу вокзалитIым. Ахэр здэщыIэр Налшыкрэ КъалэкIыхьрэщ. Абыхэм нэмыщI, республикэм иджыри щолажьэ гъущI гъуэгу станци 10. Министрым зэрыжиIэмкIэ, ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм япкъ иткIэ, гъущI гъуэгу станцхэм щIым тету зекIуэ транспортыр къыщагъэувыIэ щхьэусыгъуэхэр нэхъ мащIэ ящIыфащ, иджы мафIэгухэмрэ машинэхэмрэ нэхъ тыншу зэблокI.
  • ТоккIэ лажьэ транспортым и гугъу щищIым, министрым къедаIуэхэр щыгъуазэ ищIащ республикэм щызекIуэ электромафIэгухэр хуэм-хуэмурэ щIэкIэ зэрахъуэжым, микроавтобусыщIэ зыбжанэ зэраутIыпщам. Къызэхуэсахэм псом хуэмыдэу гуапэ ящыхъуащ дызэрыт илъэсым накъыгъэм и 4-м щегъэжьауэ гъуэгум «Налшык — Новороссийск» электромафIэгу зэрытеувэнур. Урысей гъущI гъуэгу IуэхущIапIэм и мурадхэм язщ Адлер, Симферополь къалэхэм хуэунэтIа гъуэгуани зэригъэпэщыну.
  • Уэгум ит транспортым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, кхъухьлъатэхэм я гугъу щищIым, ДыщэкI Аслъэн къыхигъэщащ ар мыхьэнэшхуэ зиIэ лэжьыгъэу зэрыщытыр. 2020 гъэм и кIуэцIкIэ Налшык аэропортым щызэблэкIащ пассажиру мини 171-рэ, ар 2019 гъэм елъытауэ процент 19-кIэ нэхъыбэщ. Аэропортым и лэжьыгъэр ефIэкIуэн папщIэ ухуэныгъэхэр ирагъэкIуэкI, рейсыщIэхэр къызэIуах, кхъухьлъатэхэм нэхъыбэрэ заIэту ящIыну я гугъэщ. Абы и фIыгъэкIэ Налшык къакIуэхэм я бжыгъэми хэхъуэнущ.
  • И къэпсэлъэныгъэр щиухым, министрым къыхигъэщащ я лэжьыгъэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ, ялъэкI къызэрамыгъэнэнур.
  • Министрым къэпсэлъэн иуха нэужь, Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ щIэупщIащ гъуэгупщIэм хамыгъэхъуэн, маршруткэхэр гъуэгум темыкъутыхьын папщIэ ящIэхэм, шофёрхэр гъуэгу техьэн ипэкIэ дохутыр зэреплъыпхъэм, гъуэгупщIэр ахъшэ зэIэпамыхыу ират зэрыхъуну Iэмалхэр зэрегъэфIэкIуапхъэм ехьэлIа лэжьыгъэхэм.
  • Япэ упщIэм жэуап щритым, ДыщэкI Аслъэн жиIащ гъуэгупщIэр сыт щыгъуи ахъшэм и зекIуэкIэм зэрелъытар. ЛъапIэIуэ пщIымэ, къагъэсэбэпынукъым, пудыIуэ пщIымэ, къезышэкIхэм лэжьыгъэр зыхуей хуэзауэ ирагъэкIуэкIыфынукъым.
  • Маршруткэхэр зыхэхуа гузэвэгъуэхэр къыщIэхъуа щхьэусыгъуэхэм щытепсэлъыхьым, министрым наIуэ къищIащ а къэхъукъащIипщIми шофёрхэр къуаншэу зэрыщымытар. Дэтхэнэ зы авариери ГИБДД-м и комиссэм зэрызэпкърихми и гугъу ищIащ.
  • Ахъшэ зэIэпамыхыу ящIыным теухуа упщIэм къыщыпэджэжым, ДыщэкIым жиIащ гъуэгу зэрытехьэ транспортым кассэхэр хуэм-хуэмурэ ирагъэувэну зэрамурадым, абыкIэ щапхъэ зытепх хъун щIыналъэхэм я лэжьыгъэм зэрыдэплъейр.
  • Щхьэж и Iуэху еплъыкIэр къыхилъхьэу, депутатхэр тепсэлъыхьащ зи Iуэху зэрахуэ министерствэм лэжьыгъэр нэхъ хуиту зэфIихын папщIэ, хуитыныгъэ нэхъыбэ етыныр къызэрезэгъым, Налшык аэропортыр зэманым декIун папщIэ зэрелэжьыпхъэм, къалэ зэхуакухэм щызекIуэ маршруткэхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащIын зэрыхуейм, къинэмыщIхэм.
  •  Лэжьыгъэр къызэщIикъуэжу, Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ гупыж ищIащ лэжьыгъэм хэпщIа IэщIагъэлI нэхъыбэ кърагъэблагъэу, зи гугъу ящIа лъэпощхьэпохэм хэкIыпIэ къызэры- хуагъуэтыну щIыкIэм тепсэлъыхьын мурадкIэ щхьэхуэу зэхуэсыну. Парламентым и къыкIэлъыкIуэ зэIущIэр гъатхэпэм и 18-м ирагъэкIуэкIыну унафэ къащтащ.
  • КъБР-м и Парламентым
  • и пресс-IуэхущIапIэ