Илъэсым кърикIуахэмрэ къапэщылъхэмрэ
2021-03-11
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин Правительствэм и Унэм пресс-конференц щригъэкIуэкIащ, щэнхабзэм ехьэлIа лъэпкъ проектхэм теухуауэ.
- Министерствэм, абы и нэIэм щIэт IуэхущIапIэхэм къалэн зыщащIыжахэм, ахэр гъэзэщIа зэрыхъуам, пандемием и зэранкIэ яхузэфIэмыкIам теухуа упщIэмкIэ зэIущIэр журналистхэм къызэIуахащ.
- — Зым и дежкIи щэхуу си гугъэкъым 2020 гъэр ди республикэм, къэралым къыщымынэу, дуней псом дежкIэ гугъуу зэрыщытар. Апхуэдэу щыт пэтми, гъащIэм дэ гъэунэхупIэ куэдым дрегъэувэ, дыкъызэтемыувыIэу адэкIэ дыкIуэтэн зэрыхуейм дыхуегъасэ. Арагъэнщ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэм хэкIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщIагъуэтыфар. Нэхъ Iуэхушхуэ дыдэхэр лъэхъа зэрымыхъуным дыхущIэкъури, фестиваль зыбжанэ, фэеплъ пшыхьхэр, «стIол хъурейхэр» едгъэкIуэкIащ. Дызэхуэсыну Iэмал щыдмыгъуэтым офлайн, онлайн жыпхъэхэр къэдгъэсэбэпурэ, цIыхухэм даIущIащ. Нэхъыщхьэращи, дызыхэта бэлыхьым и зэранкIэ зы цIыхуми лэжьапIэ IэнатIэр фIэкIуэдакъым. Улахуэр зэрымащIэм куэдрэ и гугъу дощI, ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек абы хэкIыпIэ къыхуэдмыгъуэтынкIэ Iэмал имыIэу къыхигъэщащи, си гугъэщ зэман гъунэгъум унафэ пыухыкIа игъуэтыну. Сыт и лъэныкъуэкIи ди мурадхэм ди Iэр тедгъэхуауэ жыпIэ хъунущ, утыку къитхьэхэм еплъ цIыхухэм я бжыгъэр дызэрыхуейм хуэдиз зэрымыхъуам къыщинэмыщIа, — жиIащ Къумахуэ Мухьэдин.
- АдэкIэ министрыр тепсэлъыхьащ зы илъэсым къриубыдэу яухуа, зэрагъэпэщыжа, зыхуей хуагъэза щэнхабзэ унэхэм. Абыхэм я бжыгъэр 48-рэ мэхъу, зыхуей хуагъэза щэнхабзэмкIэ унэу 8-р, гъуазджэхэмкIэ школи 9-м я унэ 11-р, сыт и лъэныкъуэкIи зэрагъэпэщыжа IуэхущIапIитIыр (Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ПсыкIэху къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ Балъкъэр къэрал театрымрэ), Нартан къуажэм щаухуа ЩэнхабзэмкIэ унэр, нэгъуэщIхэри хыхьэу. БыухуэкIэ, хьэмэрэ зэбгъэпэщыжкIэ зэрызэфIэмыкIыр фIы дыдэу ящIэ министерствэм и лэжьакIуэхэми абы къиIэт Iуэхухэр дэзыIыгъхэми. Аращ ахэр зыхуей хьэпшыпхэмкIэ, макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщынми гулъытэ хэха щIыхуащIыр. Псалъэм и хьэтыркIэ, Прохладнэ районым хыхьэ Солдатская, Налшык къалэ щIыналъэм щыщ Хьэсэней, Лэскэн районым и Анзорей жылэхэм я клубхэм мелуан тхурытху иратащ, я лэжьыгъэр зыхуей хуэзэн папщIэ, зыхуэныкъуэ Iэмэпсымэхэмрэ литературэрэ къращэхуну. «Уи псэр щогуфIыкI абы щIэт макъамэ Iэмэпсымэ зэщIэлыдэхэр плъэгъуа иужькIэ, — къыхигъэщащ министрым. — Апхуэдэ дыдэуи гулъытэ хуэщIыпхъэщ икIи худощI IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыным. Сабийм егъэджакIуэ-гъэсакIуэр къызэрыIущIэм елъытащ абы и гъащIэр зэрыхъунур, психолог нэсу щытыпхъэщ творческэ цIыху зыгъэсэну зи къалэныр».
- Мыбдежым укъыщытеувыIэ хъунущ илъэс зыбжанэ хъуауэ щыт Балъкъэр къэрал театрым и зэгъэпэщыжыныр и кIэм зэрынэсам. Мыгувэу абы и утыкум спектаклыщIэ къызэрырахьэнум зыхуагъэхьэзыр. Министрым жиIащ ар кIэзонэ унэу щытауэ къызэрыпхуэмыщIэжынур, мис иджы театр теплъэ дахэ иIэ зэрыхъуар, къегъэщIылIа щIыпIэри зэрекIу дыдэр.
- Къумахуэ Мухьэдин къызэрыхигъэщащи, творческэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри ди республикэм гулъытэншэ щыхъуркъым. Къэрал дэIэпыкъуныгъэ ягъуэт апхуэдэ IуэхущIапIэу 10-м. Творческэ цIыху 696-м стипендиехэр ират, лъэпкъ театрищми спектакль ирырагъэувын папщIэ илъэс къэс сом мин 500 хъу грант хухах, цIыху щхьэхуэхэм (ахэр 5 мэхъу) зы мелуан хъу къэрал саугъэт хуагъэфащэ.
- КъызэднэкIа илъэсым ЩэнхабзэмкIэ министерствэм хузэфIэкIар, и Iэр къызыпекIуэкIар мымащIэми, дызытехьа 2021 гъэм зэфIагъэкIын хуейуэ къапэщылъхэри нэхъыбэжщ. ЩэнхабзэмкIэ унэу 4 зэрагъэпэщыжынущ, Къып Мухьэмэд и цIэр зэрихьэу Къулъкъужын Ищхъэрэм дэт гъуазджэхэмкIэ школым пэшхэр къыгуащIыхьынущ, Дзэлыкъуэ районым и зы гъуазджэ еджапIи зыхуей хуагъэзэнущ, Дыгулыбгъуей ЩэнхабзэмкIэ и унэр сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэщыжын щIадзэнущ.
- «Сыт хуэдэ зэмани дэ тхъумэн хуейуэ ди къалэнщ Хэку зауэшхуэм хэтахэмрэ абы зи псэр щызытахэмрэ я фэеплъыр, — жиIащ Мухьэдин. – Псом ди дежкIи гугъуу щыта илъэсым ТекIуэныгъэ Иным и махуэр зыхуей хуэзэу егъэкIуэкIа хъуакъым, ауэ гулъытэншэу къэдгъэнауи пхужыIэнукъым. Волонтёрхэр, интернетым и Iэмалхэр къэдгъэсэбэпурэ а махуэр зэрыхъукIэ дгъэлъэпIащ. НэгъуэщI зы Iуэхуми гу лъывэзгъэтэнут. УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэр ди дэIэпыкъуэгъуу, 2020 гъэм фэеплъи 2 зэдгъэпэщыжащ. 2021 гъэм КъБР-м ит фэеплъхэм ящыщу 24-рэ зыхуей хуэдгъэзэнущ, къыкIэлъыкIуэ илъэсхэми а Iуэхур IэщIыб тщIынукъым».
- Театр ЩхъуантIэр, Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэр, «Спартак» стадионыр, Литературэ музейр, Гуащэ театрыр, Танцзалыр (2019 гъэм щIадзауэ йокIуэкI, 2022 гъэм яухын хуейуэ аращ) зыхуей хуагъэзэнущ.
- Министрым гулъытэншэу къигъэнакъым Москва щеджауэ къэзыгъэзэжахэри, ахэр я лэжьыгъэм зэрыщехъулIэри, иджыри апхуэдэ лъагъуэ Iэмал имыIэу ныбжьыщIэхэм ящыщ тегъэувэн зэрыхуейри. «Лъэпкъ проектхэм дыхуейщ ди гъащIэр ефIэкIуэн, ди цIыхухэм лэжьыгъэ яIэн, IэщIагъэлIхэр зыхуей хуэзэу я IэнатIэми пэрытыфын щхьэкIэ, — жиIащ Къумахуэм. – ЩэнхабзэмкIэ унэу 139-рэ итщ ди республикэми, 70-м щIигъум утемыукIытыхьу ущIыхьэ мэхъу. Къэнэжахэми ди Iэ ялъэдгъэIэсын хуейщ».
- ИСТЭПАН Залинэ.