ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Анэ мылъкум хохъуэ

2021-01-16

  • УФ-м и Пенсэ фондым КъБР-м щиIэ IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, «Сабий зиIэ унагъуэхэм къэрал дэIэпыкъуныгъэ етыным теухуауэ» 2006 гъэм и дыгъэгъазэм къыдэкIауэ щыта Федеральнэ Хабзэм ипкъ иткIэ, анэ (унагъуэ) мылъкур зэрыхъум и куэдагъым илъэс къэс хоплъэж.

  •  Анэ (унагъуэ) мылъкур зэрыхъур елъытащ инфляцэм зэрыхэхъуэ процент бжыгъэм икIи бюджетым теухуа федеральнэ хабзэр и лъабжьэу илъэс къэс яубзыху. 2021 гъэм и щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ анэ (унагъуэ) мылъкум проценти 3,7-кIэ хэхъуащ. Иджы ар мэхъу сом 483 881, 83-рэ. Апхуэдиз ахъшэ иратынущ сабий япэу зыгъуэт анэм (унагъуэм). А хуитыныгъэр къэзыгъэсэбэпа анэм (унагъуэм) етIуанэ сабий къихъуэмэ, иратынущ сом 155 550-рэ.
  • 2020 гъэм и щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ сабий етIуанэ (ещанэ…) къызэрыхъуа унагъуэм, анэ мылъкуу иратынущ сом 639 431,83-рэ, апхуэдэ хуитыныгъэ ипэкIэ къахукъуэмыкIамэ. ИлъэсыщIэм къыщыщIэдзауэ хагъэхъуащ анэ (унагъуэ) мылъкум щыщ ипэкIэ къэзыгъэсэбэпа унагъуэхэм къахуэна ахъшэми, илъэс блэкIам щыIа инфляцэм теухуауэ.
  • Пенсэ фондым и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, 2020 гъэм и мэлыжьыхьым и 15 лъандэрэ УФ-м и ПФ-м анэ (унагъуэ) мылъкум епха дэфтэрхэр езым щызэхуахьэсри къэрал сертификатыр хуагъэхьэзыр анэхэм, ахэр езыхэр ПФ-ми МФЦ-хэми емыкIуалIэу.
  • «Анэ (унагъуэ) мылъку» къэрал программэм лэжьэн зэрыщIидзэрэ блэкIа илъэс 15-м къриубыдэу КъБР-м апхуэдэ хуитыныгъэр къагъэсэбэпыну Iэмал ягъуэтащ унагъуэ мин 77-м щIигъум. Абыхэм ящыщу а мылъкур псори е абы и Iыхьэ къагъэсэбэпакIэщ унагъуэ мин 50-м нэсым. А къэрал дэIэпыкъуныгъэр псори зэхэту мелард 22-рэ хъуащ. Абы щыщу мелард 21,9-р псэупIэхэр егъэфIэкIуэным хуаутIыпщащ унагъуэхэм, мелуан 86-м нэс хуаунэтIащ я бынхэм щIэныгъэ иратыным.
  • Анэ (унагъуэ) мылъкур хагъахъуэу яублэжащ 2020 гъэ лъандэрэ. А къэрал программэр ди хэкум щылэжьэнущ 2026 пщIондэ.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.