КIэбышэ Алинэ токIуэ
2021-01-16
- «Сабий псоми — зэхуэдэ Iэмалхэр» зэпеуэр ди къэралым илъэс зыбжанэ лъандэрэ щокIуэкI. Проектыр къыхилъхьауэ щытащ «Урысейпсо цIыхубэ фронт» (ОНФ) жылагъуэ зэгухьэныгъэм. Мы махуэхэм къапщытэжащ мыгъэрей зэпеуэм кърикIуахэр. Ди гуапэ зэрыхъущи, абы нэхъыфIу къыщалъытахэм яхэхуащ ди лъахэгъу пщащэ КIэбышэ Алинэ.
- 2020 гъэм екIуэкIа а зэпеуэм псори зэгъусэу хэтащ УФ-м щыщ щIыналъэхэмя лIыкIуэу цIыхуи 150-м нэс. Апхуэдэхэт сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ техникэ, естественнэ-щIэныгъэ, спорт, социально-егъэджэныгъэ, художественнэ, турист-хэкурыджIуэхухэмкIэ ядэлэжьа волонтёрхэр. Ар къалъытэри, къызэгъэпэщакIуэхэм яубзыхуащзэпеуэр зэрекIуэкIынуунэтIыныгъэхэр. Абыхэм ящыщщ «ГъащIэмнэхъ тыншу хэзэгъэнымкIэ программэ нэхъыфI», «ГъунапкъэзимыIэ Iэмалхэр», «IэщIагъэ къыхэхынымкIэ программэ нэхъыфI», «ЩIэныгъэр зи лъабжьэ программэ нэхъыфI», нэгъуэщIхэри.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и волонтёрхэр зэпеуэм хыхьащ лэжьы- гъиплIкIэ. Абыхэм ящыщу къэпщы-такIуэхэм гунэс ящыхъуащКIэбышэ Алинэи«Дыщэм, нэгъуэщI гъущIхэкI лъапIэхэм елэжьынымкIэ курсхэр» программэр.«ЩIэныгъэр зи лъабжьэ программэ нэхъыфI»унэтIыныгъэм хиубыда а лэжьыгъэм япэ увыпIэр хуагъэфэщащ къэпщытакIуэхэм.
- — Дызыхэта «Сабий псоми — зэхуэдэIэмалхэр»зэпеуэм ди къэралыр зэрыщыту къызэщIеубыдэ. Абы и мурад нэхъыщхьэр сабий псоми, зыщыщ лъэпкъымрэщыпсэу щIыналъэмрэ емылъытауэ, егъэджэныгъэм ехьэлIа Iэмал псори зэхуэдэу егъэгъуэтынырщ, — жеIэ Алинэ. -Сэ къызэрыслъытэмкIэ,IэпщIэлъапщIагъэзыбгъэдэлъ цIыхур абыкIэядэгуэшэфынущ адрейхэм.ГъущIыкIэ лъапIэхэм елэжьыным хуэгъэпсауэ щыт курсхэм сэ наIуэ къыщызощI нэхъыбэу сыдэзыхьэх Iэмалхэм я щэхухэр; кIапсэ IуэнтIа псыгъуэхэм-кIэегъущIым къыхэпIущIыкIкIэрэхьэпшып дахэхэр зэрыпщIынущIыкIэхэр.
- Лашынкъей щыщ пщащэм и гъэсэнхэм ящIыф апхуэдэ хьэпшыпекIухэр. Абыхэм щIэупщIэщаIэщ ди щIыналъэм.
- ОНФ-м къыхилъхьа къэралпсопроектым къриубыдэу КIэбышэммахуищкIэ итащдерс зэIухахэр.А творческэзэхуэзэхэмкърихьэлIащцIыху зыбгъупщI хъу ныбжьыщIэ гупхэр.Дерсхэм къриубыдэуабыхэм пэщIэдзэ щIэныгъэ зрагъэгъуэтащ. Проектым къызэригъэувымкIэ,сыхьэтищ-плIыкIэ екIуэкI адерсхэр пщIэншэу щытщ.Дерсым къриубыдэуабы хэтхэр хунос сурэтхэр ящIынуи,абыхэм итыр гъущIымкъыхащIыкIыжынуи.
- — Ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ къэралпсо зэпеуэм кърикIуахэм, сыту жыпIэмэ абы къегъэлъагъуэ ди щIыналъэм и волонтёрхэмяхэлъ жыджэрагъыр зыхуэдизыр, егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къыхалъхьэ жэрдэмхэм я фIагъыр, — къыхигъэщащ ОНФ-м къыхилъхьапроектым пыщIа лэжьыгъэхэрди республикэм щызэщIэзыгъэуIуэ Айбазовэ Тамарэ. — «Сабиигъуэм и илъэсипщI» урысей программэм къриубыдэу дэтхэнэ сабийми Iэмал псори егъэгъуэтын хуейщ, фIыуэ илъагъу, дэзыхьэхлэжьыгъэм, IэщIагъэм, Iуэхумнэхъ гъунэгъуу щыгъуазэзыхуищIыфын папщIэ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, мыхьэнэшхуэ иIэщ ди волонтёрхэм я къару, зэфIэкI псори зрахьэлIэу къызэрагъэпэщ гупжьейхэм, яубзыху апхуэдэ программэхэм. Абыхэм я фIыгъэкIэ сабийхэм зрагъэхъулIэфыну щIэщIагъэу къыхахынум епха я хъуэпсапIэхэм ящыщ куэд.
- Урысейпсо зэпеуэм щытекIуахэм халъыта КIэбышэ Алинэкъыхуагъэфэщащ сом мин 20къызэрыратам щыхьэт техъуэ сертификат. Апхуэдэ гулъытэм щыгуфIыкIащ Алинэ. Абы зэрыжиIэмкIэ, а мылъкуртригъэкIуэдэнущдэзыхьэх IэщIагъэм, лэжьыгъэмадэкIи зегъэужьыным, зегъэубгъуным.
- КIэбышэ Алинэ дохъуэхъуехъулIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьэну, и цIэфIыр иджыри куэдрэ Iуну.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.