ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ИлъэсыщIэм лэжьэн щIидзэнущ ЩIалэгъуалэ палатэм и ебланэ зэхуэсыгъуэм

2020-11-26

  • КъБР-м и Парламентым къыщыхахащ ЩIалэгъуалэ палатэм и ебланэ зэхуэсыгъуэм хэтынухэр.

  • Мы гъэм щыIэ хъуа санитар-эпидемиологие щытыкIэм къызэризагъэм ипкъ иткIэ, а Iуэхур видеоконференц мардэм тету махуиплIкIэ екIуэкIащ. А махуэхэм къриубыдэу цIыху 60-м епсэлъылIащ.
  • Кандидатхэм епсэлъахэм яхэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
  • ЩIалэгъуалэ палатэм хагъэхьэнухэр къыхэхыным хуэунэтIа лэжьыгъэр ирагъэкIуэкIащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и депутатхэм, щIэныгъэ, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр зыхэт къэпщытакIуэ комиссэм щыщхэр ящIыгъуу.
  • Зэпеуэм хэт ныбжьыщIэхэм защыхуигъазэм, хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и УнафэщIым къыхигъэщащ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм теухуа положенэм зэхъуэкIыныгъэ зыбжанэ зэригъуэтар. Къапщтэмэ, ЩIалэгъуалэ палатэм хэтыну хуитхэм я ныбжьыр илъэс 35-м щIимыгъуу щытыну ягъэуващ, апхуэдэуи унафэ къащтащ щIалэгъуалэ чэнджэщэгъу IэнатIэм хэтынухэм я бжыгъэри цIыху 50-м нэгъэсыным теухуауэ.
  • — Зэпеуэм хэтхэм дащепсэлъылIэкIэ, дэ мыхьэнэшхуэ зиIэ унафэхэр къэтщтэн хуей хъунущ. ИкъукIэ сыщогуфIыкI ЩIалэгъуалэ палатэм и мыхьэнэм зэрыкIэрымыхум, абы хыхьэну хуейхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрымыхъум. Сыщогугъ иджырей ебланэ зэхыхьэри адрейхэм хуэдэу щытыну, палатэм цIыху гумызагъэхэр, абы щылэжьэным хуэхьэзырхэр, щIэныгъэфI зыбгъэдэлъхэр къыхыхьэну икIи а щIалэгъуалэ IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр нэхъри ефIэкIуэну, — къыхигъэщащ Егоровэ Татьянэ.
  • КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ зэрыжиIамкIэ, ЩIалэгъуалэ палатэм теухуа положенэм зэрыщыубзыхуам тету, кандидатхэм я тхылъхэр къатащ республикэ, щIыпIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, муниципальнэ щIыналъэхэм, къалэ округхэм я щIыпIэ администрацэхэм, политикэ партхэм я щIыналъэ къудамэхэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэхэм, колледжхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ я студент зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм.
  • Зэпсэлъа дэтхэнэми Iэмал иIащ и Iуэху еплъыкIэр, и зэфIэкIыр здынэсыр комиссэм хэтхэм наIуэ ящищIыну, я ехъулIэныгъэхэм, жылагъуэ Iуэхухэм зэрыхэтым теухуауэ кърата упщIэхэм жэуап иратыжыну. НыбжьыщIэхэр тепсэлъыхьащ дэзыхьэххэм, я IэщIагъэм теухуауэ я мурадхэм, ЩIалэгъуалэ палатэм щызэфIагъэкIыну зыщIэхъуэпс я проектхэм, щIалэгъуалэм ядэлэжьэн Iуэхур езыгъэфIэкIуэну къалъытэ жэрдэмхэми я гугъу ящIащ.
  • Зэпсэлъэныгъэхэм япкъ иткIэ къыхахащ ЩIалэгъуалэ палатэм хагъэхьэ хъуну къалъытэхэм я кандидатхэр. Ар къыщащтэнущ КъБР-м и Парламентым и депутат псори кърихьэлIэу мы гъэм и дыгъэгъазэм ирагъэкIуэкIыну зэхуэсым.
  • ДЖАТЭ  Къантемыр.