Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрызахуигъазэр
2020-10-13
- Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Жэпуэгъуэм и 13-м илъэс 15 ирокъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм щынэхъ ин нэщхъеягъуэхэм ящыщ зыр — Налшык къалэм щIэпхъаджащIэхэр къызэрытеуэрэ. А террорист акцэм и зэранкIэ хэкIуэдащ мамыру псэу цIыху лажьэншэхэр, хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэ пщIы бжыгъэхэми я гъащIэр ихьащ.
- А махуэм дэ пщIэшхуэ яхуэтщIу дигу къыдогъэкIыж Iэщэ яIыгъыу, лIыхъужьыгъэ къагъэлъагъуэу республикэр щIэпхъаджащIэхэм ящызыхъумахэр, ди щхьэр яхудогъэщхъ зи гъащIэм емыблэжу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я мамыр псэукIэр зыхъумахэм. Абыхэм къагъэлъэгъуа хахуагъэмрэ лIыхъужьыгъэмрэ къалэным, цIыхубэмрэ Хэкумрэ яхуэпэжыным я щапхъэ нэс яхурехъу къытщIэхъуэ щIэблэм.
- Нобэ, дунейпсо терроризмэм и къарур щигъэлъагъуэ мы зэманым, а бий ерум зэкъуэту дыпэщIэтын зэрыхуейр нэсу зыхэтщIэным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Шэч къытесхьэркъым, дызэкъуэтмэ, дэ террорист шынагъуэм дыпэщIэтыфынущ, егъэлеиныгъэ зыхэлъ сыт хуэдэ Iуэхури, лъэпкъ зэпэщIэтыныгъэри хэкум къидмыгъэхьэн, ди жылагъуэм зыщедмыгъэубгъун тхузэфIэкIынущ, ди цIыхубэр мамыру псэун, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым зиужьын папщIэ зыхуей псори къызэдгъэпэщыфынущ.