ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мамырыгъэрщ  псом  нэхърэ  нэхъ  лъапIэр

2020-10-13

  • КъБР-м и Президентым 2008 гъэм жэпуэгъуэм и 9-м Iэ зыщIидзауэ щыта Указым ипкъ иткIэ жэпуэгъуэм и 13-р Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэуващ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэу.

  • Нобэ илъэс пщыкIутху ирокъу а гузэвэгъуэр къызэрыхъурэ — IэщэкIэ зэщIэузэда бзаджащIэхэр Налшык и хабзэхъумэ IэнатIэхэм къазэрытеуэрэ. Республикэм щыпсэухэр махуитIкIэ хэтащ а бэлыхьым, ауэ цIыхухэр зыгъэгужьея фоч, автомат лъалъэ, лагъым къауэ макъхэр зэрыужьыхыжу псори и пIэм иувэжакъым. ЦIыхухэр къыхэмыщтыкIыу жэщым жей хъужакъым напIэзыпIэм, уеблэмэ нобэр къыздэсым унагъуэ куэдым щагъэв абы кърикIуа гуауэр. Зэманым сыт хуэдэ узыфэри игъэхъужу жаIэми, абы иджыри дэгъущакъым цIыху минхэм я нэпсхэр. Нэхъ гуауэращи, Iэщэ къэзыщтахэри къызыхуащтахэри ди республикэм щыщт, мыбы къыщалъхуауэ, къыщыхъуауэ, щеджауэ, унагъуэ быдэ щыхъуу республикэм, къэралым я щIыхьыр, я лъэщагъыр ягъэбыдэну зыщыгугъхэу.
  • А махуэхэм екIуэкIа зэпэщIэтыныгъэм хэкIуэдащ хабзэхъумэ лэжьакIуэрэ дзэ къулыкъущIэу 35-рэ, цIыху мамыру 14-рэ.
  • Къалащхьэм къытеуа щIэпхъаджащIэхэм республикэр щызыхъумэу 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м зи гъащIэр зытахэр къэралым гулъытэншэ ищIакъым. Псалъэм папщIэ, УФ-м и ФСБ-м и прапорщик Красиков Александррэ 2008 гъэм щIышылэм и 12-м лIыгъэ къигъэлъагъуэу хэкIуэда, милицэм и полковник КIарэ Анатолэрэ «Урысейм и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащащ, Налшык къалэ ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум деж иIэ ЩIыхь пхъэбгъум тетхащ абыхэм я цIэхэр. Къалэм дэт милицэ скверым къыщызэIуахащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда хабзэхъумэхэм я аллее.
  • ЩIыналъэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным, къэхъуа гузэвэгъуэм дерс къыхэхыным, терроризмэр зи IэщIагъэ бзаджащIэхэм щIалэгъуалэр демыгъэшэхыным, республикэм ис лъэпкъхэр зэгурыIуэу, зызэхащIыкIыу, мамыру зэдэпсэуным хуэгъэзауэ лэжьыгъэ нэрылъагъухэр екIуэкIащ а илъэс пщIыкIутхум къриубыдэу икIи цIыхухэм нэхъри хьэкъыу япхыкIащ мамырыгъэм нэхърэ нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэр, абы сыт щыгъуэ зэмани уасэшхуэ зэрыщIатыр. Апхуэдэ хэщIыныгъэ щIэдгъуэтын щхьэусыгъуэ хэкум Тхьэм афIэкIа къримылъхьэкIэ, къремыхъу адэ-анэхэр, бынхэр, зэдэлъхузэшыпхъухэр зэкIэрызычын, абыхэм ягу щIыхэщIын нэщхъеягъуэ. Сыт хуэдэ зауэми и кIэр хьэдагъэщ. Ар зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым.