ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым  и унафэщIхэм яригъэцIыхуащ Урысейм и Банкым и къудамэу КъБР-м  щыIэм  и Iэтащхьэу ягъэувар

2020-10-13

  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IущIащ Урысейм и Банкым и къудамэм — КъБР-м щыIэ Лъэпкъ банкым и унафэщIу ягъэува КIэрэф Мурат. ЩIыналъэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр и лэжьапIэщIэм ишащ Урысей Федерацэм и Банк Нэхъыщхьэм и Ипщэ управленэ нэхъыщхьэм и унафэщI Эберенц Евгений.

  • Эберенц Евгений КIэрэф Мурат и гугъу щищIым жиIащ ар къэрал властым и органхэм илъэс куэд хъуауэ щылажьэ, зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI унафэщIу зэрыщытыр, а псоми Банк Нэхъыщхьэм и Iэтащхьэхэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр: «Абы Iэмал къитынущ республикэм и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм быдэу дапыщIауэ дадэлэжьэнымкIэ, псом япэрауэ, дубзыхуа проектхэу Урысейм дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэр нэсу зэдгъэхъулIэнымкIэ».
  • КIуэкIуэ Казбек къыщыпсалъэм Урысейм и банкым и къудамэу КъБР-м щыIэм и унафэщIу щыта Тхьэмокъуэ Анатолий фIыщIэ хуищIащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ IэнатIэмрэ хьэлэлу зэрыхуэлэжьам, щIыналъэм и финанс IэнатIэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам папщIэ».
  • КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ КIэрэф Мурат къулыкъущIэ зэрыпэрыувар щIыналъэм и къэрал властым и органхэмрэ Банк Нэхъыщхьэмрэ быдэу зэпыщIауэ зэдэлэжьэным сэбэп зэрыхуэхъунум, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Урысей Федерацэмрэ яфI зыхэлъ Iуэхухэр дэгъэкIыным зэрыхуэщхьэпэнум шэч къызэрытримыхьэр икIи унафэщIу ягъэувам ехъуэхъуащ и лэжьыгъэм ехъулIэныгъэхэр щызыIэригъэхьэну.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.