Лъэпкъ проектхэр ягъэзащIэ
2020-10-13
- Бахъсэн щIыналъэм сабий IыгъыпэщIэхэр къыщыунэхуащ. «Демографие» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ Куба къуажэм дэт сабий гъэсапIэм — цIыкIу 40 зыщIэхуэ ясельнэ блок, ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт прогимназием епхауэ сабий 40 зыщIэхуэ гъэсапIэ къыщызэIуахащ. Абыхэм ехьэлIа гуфIэгъуэ зэIущIэхэм хэтащ щIыналъэмрэ республикэмрэ я унафэщIхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ щIэныгъэ щызрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэмрэ я лIыкIуэхэр.
- — «Демографие» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ, республикэ псом ит сабий садхэр къыдогъэщIэращIэ, щIэхэр доухуэ. Зи ныбжьыр илъэси 3 иримыкъуахэр зрикъуну егъэзыпIэ щыIэныр къэрал унафэщIым япэ иригъэщ Iуэхухэм ящыщщ. Зи гугъу тщIы лъэпкъ проектыр куэду зэхэтщ, абы хохьэ сабий зэгъэгъуэтыным тегъэгушхуэныр, сабиигъуэр тэмэму къызэгъэпэщыныр, нэгъуэщIхэри. Бахъсэн щIыналъэм исхэм сынывохъуэхъу, Тхьэм фригъэфIакIуэ, — жиIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Iуэхум хэтхэм захуигъазэу.
- Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур къыщыпсалъэм къыхигъэщащ ухуакIуэхэр я къалэным и чэзум зэрыпэлъэщар икIи фIыщIэ яхуищIащ.
- — УнэщIэ хуитыр, хуабэр, нэхур ныбжьыщIэ цIыкIухэм я унэ етIуанэ зэрыхъунур си фIэщ мэхъу, — жиIащ абы. — Ди щIыналъэр демографие щытыкIэмкIэ илъэс зыбжанэ хъуауэ республикэм щыпашэщ, аращ нобэ екIуэкI Iуэху дахэр и чэзу дыдэу щIыщытыр.
- Апхуэдэуи ухуэныгъэр и кIэм щынагъэс Ислъэмей дэт курыт школ №1-м епха сабий IыгъыпIэмрэ Зеикъуэ дэт курыт еджапIэ №3-м пащIыхь IуэхущIапIэмрэ. А IыгъыпIэхэм щыжей, щыджэгу пэшу тIурытI, медицинэ, актовэ пэшхэр хэтщ.
- ЕджапIэхэм гуащIыхь ухуэныгъэхэр зыхуащIыр зи ныбжьыр мазитIым щыщIэдзауэ илъэс хъу сабийхэрщ. Абы хухахащ сом мелуани 154-м нэс.
- ХьэщIэхэм зрагъэлъэгъуащ жылэдэсхэм папщIэ Куба къуажэм щаухуэ щIыпIэ хэхахэр. ЦIыхухэм Iуэхутхьэбзэ щыхуащIэ IуэхущIапIэхэм я гупэ утхэр плиткэкIэ къращIыкIащ, тетIысхьэпIэхэр, пхъэнкIий идзыпIэхэр ягъэуващ, уэздыгъэхэр фIадзащ. КъищынэмыщIауэ, сабий джэгупIэхэри зыхуей хуагъэзэну ягъэхьэзыр. Абы хухаха ахъшэр сом мелуани 5,5-м ноблагъэ.
- «Автомобиль гъуэгу шынагъуэншэхэмрэ фIагъ лъагэ зиIэхэмрэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ, зыхуей хуагъэзэжащ «Кавказ» гъуэгум укъытекIыу Куба узэрыдыхьэр. Абы километр 13,1-рэ и кIыхьагъщ. Ар зыхуеину псомкIи иджыпсту къызэрагъэпэщ, мылъкуу сом мелуани 158-рэ текIуэдащ. А проектым и фIыгъэкIэ, ХьэтIохъущыкъуей зы гъуэгу Iыхьэ зыхуей щыхуагъэзэжащ.
- ЛIыщхьэхэм къыхагъэщащ иджыпсту ягъэзащIэ лъэпкъ проектхэм щIыналъэхэм я псэукIэмрэ экономикэмрэ заужьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр. Ар зыхащIэ къуажэдэсхэми.
- Чылар Аринэ,
- Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI.