Тхыдэм и пэжыпIэм тетыныр мурад нэхъыщхьэщ
2020-10-13
- Ставрополь щIыналъэм и Думэм и жэрдэмкIэ, иджыблагъэ екIуэкIащ «Наша память. Наша гордость. Битва за Кавказ» форумыр. Ар цIыхухэм япэIэщIэхауэ къызэрагъэпэщащ, коронавирусым зимыубгъун папщIэ.
- Видеоконференц мардэм тету ирагъэкIуэкIа Iуэхум хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщI Емуз Нинэ, ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэр, республикэм и щIэныгъэлIхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ «Юнармия» дзэ-хэкупсэ жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и лIыкIуэхэр.
- Апхуэдэуи зэIущIэм ирихьэлIащ Каваз Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округхэм я щIыналъэхэм я депутатхэр, щIэныгъэлIхэр, тхыдэджхэр, егъэджакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.
- ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Ставрополь щIыналъэм и Думэм и УнафэщI Ягубов Геннадий жиIащ мы гъэм Урысейм япэу зэрыщагъэлъапIэр Кавказым папщIэ екIуэкIа зэхэуэм советы-дзэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэрыщытекIуам теухуа махуэшхуэр. Ар жэпуэгъуэм и 9-м траухуащ.
- Махуэшхуэм ехьэлIа законыр къыхилъхьауэ щытащ Ставрополь щIыналъэм и Думэм. А Iуэхур абы диIыгъащ Кавказ Ищхъэрэм и Парламент Зэгухьэныгъэм икIи Къэрал Думэм къищтэри, УФ-м и Президентым Iэ щIидзащ.
- — ИкъукIэ ди гуапэщ апхуэдэ унафэм мы гъэм, ТекIуэныгъэ Иныр къызэрытхьрэ илъэс 75-рэ щрикъуам, арэзы зэрытехъуар. Хэкур зыхъумахэм я фэеплъыр тхъумэн хуейщ, апхуэдэуи Кавказым и щхьэхуитыныгъэм зи псэ щIэзытахэр ди щIэблэм ящыдгъэгъупщэ хъунукъым. Кавказми, Урысейм и ипщэ лъэныкъуэми лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щопсэу, ауэ ди тхыдэр зыщ, ТекIуэныгъэри лIыхъужьыгъэ яхэлъу ди хэкуэгъухэм къызэдахьащ, — жиIащ Ягубовым.
- АдэкIэ къэпсэлъащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и УнафэщIым и къуэдзэ Тимофеевэ Ольгэ.
- — УФ-м и Къэрал Думэм къыхилъхьащ 2021 гъэм федеральнэ бюджетыр зыхуэдэнум теухуа проектыр. Зэи къэмыхъуауэ иджы япэу мылъку хухахынущ ди тхыдэр зэзыхъуэкIыну хэтхэм зэрапэщIэтыну Iэмалхэм, — жиIащ Тимофеевэм. — Апхуэдэуи зэман гъунэгъум Къэрал Думэм къищтэнущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр хъумэным теухуа федеральнэ законыр. Ди тхыдэм пщIэ хуэтщIыжыныр дэтхэнэми и къалэнщ.
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зэIущIэм хэтхэм фIэхъускIэ захуигъэза нэужь, жиIащ Урысейм щыпсэу дэтхэнэми и пщэ жэуаплыныгъэшхуэ зэрыдэлъыр, Хэку зауэшхуэр зэрекIуэкIар яхъумэным теухуауэ.
- — ЗэрыпхъуакIуэхэр зэрыхагъэщIар дунейпсо тхыдэм къыхэщыж Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ, — къыщIидзащ Егоровэм. — ЗэрытщIэщи, псоми къалъытащ а ТекIуэныгъэр къэхьыныр куэдкIэ зи фIыгъэу щытар Совет Союзыр зэрыарар. Иджыри къыздэсым совет зауэлIыр яIэтащ щхьэхуитыныгъэм и хъумакIуэу. АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужьрей зэманым абы и пщIэр ягъэлъэхъшэну куэд йощэ. Тхыдэр щыхьэт зытемыхъуэ Iуэхугъуэхэр къагупсыс, уеблэмэ зауэр къызэрыхъеямкIэ Совет Союзым щагъэкъуанши хэту. А псалъэмакъхэм, шэч хэмылъу, политикэ щIагъыбзэ ящIэлъщ. Псом хуэмыдэу абыхэм къахощ языныкъуэ къэралхэр апхуэдэ щIыкIэкIэ езыхэм дуней псом пашэныгъэр дызэрыт зэманым и мызакъуэу, блэкIами щаубыдыну зэрыхэтыр. Абы и щхьэусыгъуэкIэ Урысей Федерацэм и Конституцэм щыдгъэбелджылын хуей хъуащ тхыдэм и пэжыпIэр хъумэным теу-хуа мардэхэр. Хэку зауэшхуэм и тхыдэмрэ абы лIыгъэ щызезыхьахэм я фэеплъымрэ тхъумэн — аращ нэхъ мащIэ дыдэу яхуэтщIэфынур щIэблэм.
- Егоровэм къыхигъэщащ Кавказыр зыIэрагъэхьэн папщIэ яубла зэхэуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэми щекIуэкIауэ зэрыщытар — Хьэрэ-кхъуэрэ бгым и Iэгъуэблагъэм (Зеикъуэ къуажэ), Къызбрун къуажэм — 910 лъагапIэм, Курп Ипщэ, Елъхъуэт жылагъуэхэм пэгъунэгъуу, 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэту ди зауэлIхэм лIыгъэ къызэрагъэлъэгъуар, бийм я «Эдельвейс» операцэр зэрагъэлъэлъар. Егоровэ Татьянэ дыщIигъуащ зэрыпхъуакIуэхэм Налшык къалэр къащтэмэ, Кавказым и щIы дагъэр зыIэрагъэхьэфыну зэрагугъар. Абы щхьэкIэ 1942 гъэм и жэпуэгъуэм кхъухьлъатэу 70-рэ танк 270-рэ щIыпIэм кIуэцIрыкIыну къагъэкIуат, ар къалэр зэрахъумэ къарум хуэдэ 20-кIэ нэхъыбэт. Налшык и Iэгъуэблагъэми езы къалэми зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIырт. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм икъукIэ хэщIыныгъэшхуэ абы щыгъуэм къыдатащ.
- Кавказыр хъумэным хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуищIам къыхэкIыу, 1987 гъэм Налшык къалэм къыхуагъэфэщащ Хэку зауэшхуэ орденым и япэ нагъыщэр. 2010 гъэм и гъатхэпэм УФ-м и Президентым и УнафэкIэ Налшык «Дзэ щIыхьым и къалэ» цIэ лъапIэр къратащ.
- — А зэхэуэхэр ди щIыпIэм зэрыщекIуэкIар зыщагъэгъупщэркъым республикэм исхэм. Ветеранхэм пщIэ зэрахуэтщIыным зэпымыу-уэ иужь дитщ. Псалъэм папщIэ, махуэшхуэхэм деж къыщымынэу, депутатхэр сыт щыгъуи якIэлъоплъ ди нэхъыжьхэм — гугъуехь къалъыкъуэкIми, я узыншагъэм теухуами. Апхуэдэ лэжьыгъэм адэкIи пытщэнущ. Ди цIыхубэм я лIыгъэр сыт щыгъуи ди гум илъын хуейщ, — жиIащ Егоровэ Татьянэ.
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и псалъэхэм дыщIигъуащ лъэпкъ куэду зэхэт Кавказыр зэрыубыдыным теухуауэ форумым мыхьэнэшхуэ зэриIэнур.
- КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.