ХамэщIым щыдыгъэ, хэкужьым щывагъуэ
2020-10-06
- … ЦIыхухэм хуитыныгъэ щагъуэтым деж зэхуэдэ мэхъу. Зэхуэдэхэр зэкъуэшщ. Динри лъэпкъыцIэри мэкIуэдыж. Псори щхьэхуитщ! Псори зэхуэдэщ! АтIэ, къызжефIэт: лъэпкъ, дин зэхэгъэж пщIы хъурэ абы иужькIэ? Фи бзэ зэтемыхуэмэ, эсперанто зэвгъащIэ. Фызэгухьэ. ФIыуэ фызэрылъагъу. Сэ сIэта «лъэпкъымрэ динымрэ я зэхуэдэныгъэ» бэракъым къыщIэмыувэр хэт щыщми, гущIэгъуншэщ икIи ябгэщ! Дэ псоми ди лъэпкъри ди динри зыщ — ар ЩIы хъурейм цIыхуу тетырщ… ИIэт, къуэшхэ, IэплIэ зэхуэфщIыт! Диныр, лъэпкъыгъэр хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ цIыхулышххэмрэ къахуэвгъанэ…
- Ефруз-бей кIыхь зригъэщIыIуат. Дауэ мыхъуми, абы нэчыхь, унагъуэ, лъэпкъ-къупщхьэ жыхуаIэхэр гъэкIуэдыжын хуей хабзэжьхэм зэращыщыр мобыхэм апхуэдизкIэ я фIэщ ищIати, истамбылдэсхэм — алыджхэм, хьэрыпхэм, арнаутхэм, журтхэм, хьэмшэрийхэм, булгъэрхэм, ермэлыхэм — IэплIэ зэхуащIу, зызэрадзащ… Ба мин бжыгъэм я макъым дунейр игъэзджызджт.
- Ефруз-бей кърибжэкIар зи фIэщ мыхъуар, зи гум дэмыхьар адыгэхэм я закъуэт. Абыхэм я щхьэ хуагъэфэщакъым алыджхэм, булгъэрхэм, журтхэм, къинэмыщIхэм яIурыбзеен. Ефруз-бей зыхуагъэзащ, дыжьын къамэ Iэпщэр якъузурэ:
- — Уэлэхьи, зи лъэпкъ зымыдэжыр цыджаным нэхърэ нэхъ Iейм! — жаIэри, адыгэхэм Топхъанэ хьэблэ дэт шей ефапIэмкIэ яунэтIащ.
- Шей ефапIэм здэкIуэм, абыхэм Кавказым къыщана хабзэ-бзыпхъэм, лIыгъэм я гугъу ящIырт, хэкужь шагъдий жэрхэр, уанэхэр, щIакIуэхэр, дыжьын къамэхэр ягу къагъэкIыжырт…
- Повестым щыщ мы пычыгъуэм зи гугъу ищI адыгэхэм жылэкIуэдыр зэращIэкIрэ куэд щIатэкъым, хэкукъутэм къаридза уIэгъэри мыкIыжауэ иджыри ятелът. Захъумэжын, нэгъуэщI лъэпкъхэм лъэгущIэт зыхуамыщIын щхьэкIэ зауэм и мафIэ лыгъейм илъэсищэм нэблагъэкIэ зэрыхэтари ящыгъупщэжатэкъым. Ефруз-бей цIыхур къызыхуриджэ псор адыгэхэм щIамыдэм тхыгъэр зи Iэдакъэ къыщIэкIар щымыгъуэзэныр, а гурыгъузыр зыхимыщIэныр Iэмал зимыIэт. Езыр апхуэдэ унагъуэт къызыхэкIар. Тыншыгъуэ щIагъуэ яIакъым адыгэхэм Хэкур ябгына нэужь, ауэ лIэщIыгъуэхэм я зэблэкIыгъуэм ирихьэлIэу Тыркум щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр зэрыщхьэл мывэр фIыуэ къагурыIуат: абы узэхихьэжынут, армырмэ абыкIэ ухьэжэн хуейуэ арат. Зы лъэныкъуэ гуэр умыубыдынкIэ Iэмал имыIэу лъэхъэнэ бзаджэт цIыхур зыхэпсэукIыр. Мис апхуэдэ гъуэгу зэхэкIыпIэм адыгэр нэсауэ зэныкъуэкъум, зэгурымыIуэм ипIытIырт.
- Куэд къимыгъэщIами, адыгэхэм псэупIэ яхуэхъуа щIыналъэм къыщыхъу-къыщекIуэкIхэм хуэнабдзэгубдзаплъэ тхакIуэ щIалэм къыгурыIуэрт абыхэм зэрызащумыдзеифынур, зэрызащумыгъэпщкIуфынур. Абы и щхьэм зэи икIакъым егъэзыпIэ яхуэхъуа щIыпIэм и къэкIуэнур зыхуэдэ хъунум, а пщэдейрей махуэхэм езыр зыщыщ лъэпкъыр зэрыхэувэну щIыкIэми емыгупсысу щIагъуэ дихакъым. ДунеищIэ къэунэхум и лъэныкъуэр иубыдащ щIалэщIэм. ЗыщIэнакIэ псэукIэжьым зыкъызэрыхэпIэтыкI хъуну щIыкIэхэми ярипх хъуапсэ инхэрщ абы и гупсысэхэм мылэжьэжын фащэ щызытIэгъари. Иджырей тырку литературэм и классик, новеллэ жанрым и лъабжьэр зыгъэтIылъа Хьэткъуэ Умар (Omer Seyfettin) и лъэхъэнэм къагурыIуауэ, зэуэ япхъуатэу литературэ тахътэм ирагъэтIысхьауэ пхужыIэнукъым. Иужьрей илъэсхэращ абы и пщIэр яIэту, илэжьамрэ игъэхъамрэ зэрагъэзахуэу щыхуежьар…
- Псалъэ телъэщIахэр зи жагъуэ, къетхэкI кIыхьым зыщызыдзей Хьэткъуэр щIэм и лъыхъуакIуэт. Ар хуейт цIыхур зэрыщыту зы къупхъэм изыгъэкI, динкIи, бзэкIи, щэнхабзэкIи псори зэдыщIэкIыу уэсмэну щытын хуейуэ къэзылъы-тэ политикэ мыхъумыщIэр кIуэдыну, щIэхъуэпсырт хэгъэгур зей тырку лъэпкъым зыкъыщиIэткIэ, абы ис лъэпкъ цIыкIухэми зыдаужьыну. Хьэткъуэм и зы публицистикэ тхыгъэ гуэрым ущрохьэлIэ мыпхуэдэ гупсысэм: «ДэшхуипщIыр кхъужьийрэ мыIэрысибгъукIэ зэрыпхуэмыгъэбэгъуэнум ещхьу, лъэпкъ зырыз къыхэкIахэри зы лъэпкъ пхуэщIынукъым». КъэралыгъуэщIэ зыухуэхэм Хьэт-къуэр гъунэгъу яхуэзыщIар а гупсысэрами, Уэсмэн пащтыхьыгъуэм зэрихьа политикэм нэхърэ «тыркущIэхэр» зи ужь ихьар нэхъ бзаджэжу къыщIэкIащ — Адриатикэм щегъэжьауэ Чыным нэсыхункIэ тырку лъэпкъыу исыр зэгухьэу Туран къэралыгъуэшхуэр зэгъэпэщынырщ, псори тыркуу лъытэнырщ. Ар къыщыгурыIуар нэхъ иужьыIуэкIэщ Хьэткъуэм, ауэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэмрэ а лъэхъэнэм и кIуэцIкIэ итха тхыгъэхэмрэ пантюркизмым идз жьауэм езыми зыпыIуидзыжыфакъым, иужькIи къахущIэшыжакъым.
- Хьэткъуэ Умар 1884 гъэм гъатхэпэм и 13-м Тыркум, Балыкесир щIыналъэм хыхьэ Гёнен къалэ цIыкIум, къыщалъхуащ, къыщыхъуари зи Хэкур егъэзыгъэкIэ зрагъэбгына абазэхэ унагъуэщ. Умар и адэ Щокъуий, и лъэпкъэгъу куэдым хуэдэу, дзэм хэтащ, хэлъэт зэриIэр, зэрыцIыху пэжыр къалъытэри, «юзбашы»-кIэ зэджэ дзэ пакIэм и Iэтащхьэ ящIауэ щытащ. И анэ ФатIимэт унэгуащэт. Ар лъэпкъкIэ убыхт, Щхьэплъыхэ япхъут. Адыгэхэм я тхыдэм, я къекIуэкIам теухуауэ тхылъ купщIафIэ зыбжанэ зи Iэдакъэ къыщIэкIа Щхьэплъы Хъусен Тосун Умар и анэ дэлъхум и къуэщ. Щокъуийрэ ФатIимэтрэ быниплI зэдагъуэтат — щIалитIрэ хъыджэбзитIрэ. БалигъыпIэ иувар зы щIалэмрэ зы хъыджэбзымрэщ. IуэрыIуатэжьхэм я фIыпIэм щIигъэдэIуу Умар анэшхуэ щхьэщытащ, адыгэ хабзэм и щэхухэм щагъэгъуазэу дэгызэхэр иIащ. Сыт хуэдэ политикэ еплъыкIэ имыIами, къызэрыхъухьа унагъуэм щилъэгъуа адыгагъэр ирикъунт Умар лъэпкъыр IэщIыб иримыгъэщIыну, абы хуиIэ пыщIэныгъэхэр примыгъэчыну.
- Хьэткъуэм Гёнен дэт пэщIэдзэ еджапIэр къиуха нэужь, Щокъуий къулыкъу щищIэ Истамбыл зэрыунагъуэу Iэпхъуащ. Курыт щIэныгъэр щызригъэгъуэтыну абдеж щыIэ еджапIэм щIэтIысхьа щхьэкIэ, и къуэр дзэ къулыкъущIэ хъуну щIэхъуэпс адэм Умар Iэюбей хьэблэм дэт дзэ-ветеринар еджапIэм щIегъэтIысхьэ. Абдеж илъэсиплI щрегъаджэри, Хьэткъуэр дзэ къулыкъущIэхэр щагъэхьэзыру Эдирне дэт еджапIэм егъакIуэ. Мыбдеж къыхэгъэщын хуейщ Умар тхэн щригъэжьар Эдирне щыщыIа илъэсхэр ару зэрыщытыр. Абы и IэдакъэщIэкI усэхэр «Mecmua-i Edebiye» журналым щIэх-щIэхыурэ къытехуэрт. Япэу итха рассказри «Пщэдджыжь» зи цIэ журнал цIэрыIуэм къытрыригъэдзауэ щытащ.
- ЕджапIэр къиухыу Истамбыл къигъэзэжа нэужь, Хьэткъуэм «Mekteb-i Harbiye-i ahâne» еджапIэри къеух. Лейтенанту къыщIэкIа щIалэщIэр къулыкъу щищIэну Измир къалэ ягъакIуэ. Абдеж илъэситI хуэдиз щрехьэкIри, Хьэткъуэр лейтенант нэхъыжь хъуауэ Тесалоник къалэм яунэтI, Тыркум и ещанэ дзэм и лъэсырызекIуэ батальоным хэту къулыкъу щищIэну. Абы иужькIэ къэрал гъунапкъэхэр зыхъумэ дзэм и ротэм и Iэтащхьэу щIалэщIэр Македоние щIыналъэми илъэситIкIэ щыIащ.
- Македониеращ, жаIэ мыхъуу, и нэгу нахуэу Хьэткъуэм щыщIэкIыпар Уэсмэн пащтыхьыгъуэм щыпсэу лъэпкъхэм яшэч гугъуехьыр зыхуэдэр, абы щыгъуэщ къыщыгурыIуар абыхэм ирагъэкIуэкI бэнэныгъэр бзэр, щэнхабзэр, лъэпкъыщхьэр хъумэным хуэунэтIауэ зэрыщытыр. Пащтыхьыгъуэм гущыкI хуэзыщIу щIэзыдза щIалэм и абы дзэм зэрыхэмытыжыфынури къыгурыIуащ. И нэгу щIэкI псом къарит гузэхэщIэр зыхуэмыущэху, пэжу къилъытэр къимыIуэтэнкIэ Iэмал имыIэу щытыкIэ иувэ щIалэр ныбжьэгъум и псалъэкIэ икIуэтыж хьэкъыр етри, дзэм къыхокIыж.
- Тесалоник къалэр псэупIэ зыщI щIалэм абдеж тхэным нэхъ куууэ зрет. Хьэткъуэм и тхыгъэхэр журнал зэмылIэужьыгъуэхэм къытехуэу хуожьэ. Щысхьрабгъу лъэпкъ ямыщIэу уэсмэныгъэр лъагэу зыIэтхэм Умар и тхыгъэхэр яхущIэджэрт, и лIыхъужьхэм яIурилъхьэ ауаныщI бзэри хьэдзэкъэным хуэдэу пхъуэрт. Абы гу лъамытэу къэнакъым «тыркущIэхэм» я пашэхэми. Пантюркизмыр гупсысэкIэ зыузэда Зия Гёкальпрэ Ёнтем Алий Джанибрэ нэIуасэ Хьэт- къуэм зыкъыхуащI, куэд дэмыкIыуи зэдэлажьэуи ирагъажьэ, мащIи ягъэхъакъым. Хьэткъуэ Умар «тырку националист» цIэр къыщыкIэрыпщIауэ щытар абы щыгъуэщ.
- Дзэм къызэрыхэкIыжрэ илъэсым зэрыдэха щымыIэу, 1912 гъэм Хьэткъуэр щIэрыщIэу дзэм ираджэж — Балканым зауэр къыщы-хъеяуэ дунейр щыкъутэжырт. Тыркудзэр зэрызэтракъутари гъэрыпIэри и нэгу щIэкIауэ, ар Истамбыл 1915 гъэм къокIуэж, дзэм зэи тримыгъэзэжыну гугъэ быдэ ищIауэ. Тырку щыхьэрым дэт курыт еджапIэхэм ящыщ зым литературэр зы илъэс хуэдэкIэ щригъэджауэ, Хьэткъуэр ирагъэблагъэ «Тырку псалъэ» журналым и редактор нэхъыщхьэу. Тыркубзэр зэщIэзыбла хамэбзэм къыIэщIэхыным, тхыбзэри цIыхубэр зэрыпсалъэ бзэм пэгъунэгъу щIыным ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ Хьэткъуэм. Ар хыболъагъуэ и IэдакъэщIэкIхэр зэрытха бзэм и къабзагъэми.
- Япэ дунейпсо зауэм иужькIэщ тхакIуэм хьэкъ щыщыхъуар пантюркизмым кIуэцIылъ мыгъуагъэ псор зыхуэдэр, абы лъэпкъ цIыкIухэм я хуитыныгъэ гуэри къридзэу зэрыщымытыр. Лъапэнэху къэзылъыхъуэм хуэдэу, псэ махэм игу зэщыуар иджыри гугъапIэ гуэрхэм зыкIэрищIэну хэтми, пантюркизмым и жылэр къыхэкIыу хуежьагъэххэт… Пэж хуэныкъуэ, захуагъэ къэзылъыхъуэ щIалэр арыххэуи и закъуэ хъуащ, псэкIи, щхьэкIи…
- Хьэткъуэм унагъуэ щищIар 1915 гъэрщ. Щхьэгъусэ хуэхъуар «Зэкъуэтыныгъэрэ зыузэщIыныгъэрэ» зыфIаща комитетым и тхьэмадэхэм ящыщ зым — Бесим Iэдыхьэм-бей ипхъу Джалибэт. Гузэрыдзэ гъащIэм хуэзыщIа щIалэм къилъыхъуэрт хуабагъ, IэфIагъ, зэхэщIыкI… АрщхьэкIэ, илъэсищ нэхъ дэмыкIыу, зэщхьэгъуситIыр зэбгъэдэкIыжащ. Нэчыхьыр щIэкъутэжам и щхьэусыгъуэщ адыгэлIым и пщIэр езыудых Iуэхугъуэу щхьэгъусэм къыпиубыдар лIым игъэзэщIэну и щхьэ зэрытримылъхьар…
- Куэдри мысымэджауэ, ауэ закъуэныгъэм и дыдж псори фIыуэ зыхищIауэ Хьэткъуэ Умар дунейм ехыжащ1920 гъэм гъатхэпэм и 6-м. Ипхъу закъуэр имылъагъужу зэрылIэр гукъеуэ хьэлъэу кIуэцIылъу дунейм ехыжащ. Хьэткъуэр япэщIыкIэ щыщIалъхьащ Истамбыл, Къадыкуей хьэблэм дэт Кушдили Махьмуд Баба кхъэм. АрщхьэкIэ, абдеж гъуэгущIэхэр зэрыщаухуэнум къыхэкIыу, Хьэткъуэм и хьэдэр Шишли хьэблэм дэт Зинджирликюую 1939 гъэм шыщхьэуIум и 23-м къахьыжауэ щытащ.
- Хьэткъуэ Умар зыпхъу къыщIэнащ, Фахире ГюнеркIэ еджэу. И адэм бгъэдэсыну, абы и IэфIыр зыхищIэну игъуэ имыхуами, псэуху ар илъытащ, и пщIэр иIыгъащ, къэзылъхуамкIи къызыхэкIа лъэпкъымкIи гушхуэу дунейм тетащ. Фахире Гюнери Тыркум щыцIэрыIуэт, ралли зэхьэзэхуэхэм япэ дыдэ хыхьа цIыхубзт. И ныбжьыр илъэс 91-м иту 2004 гъэм дунейм ехыжащ.
- Хьэткъуэм илъэс щэщIрэ тхурэ къудейщ къигъэщIар. Абы щыщу тхэным къылъысар илъэсий къудейщ. И гъащIэ мащIэр уи щхьэр лъагэу уэзыгъэлъагъуж, дамэр уэзыгъэшэщI лэжьыгъэкIэ игъэнщIыфащ. Абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ новелли 150-м щIигъу, повесть зыбжанэ, зы пьесэ, и кIэм нимыгъэсауэ романитI. Хьэткъуэ Умар къытрыригъэдзащ литературэр зыубзыху, бзэм теухуа лэжьыгъэ куэд. Тхыгъэ зыбжани тыркубзэкIэ зридзэкIащ.
- Хьэткъуэм и новеллэхэм тырку жылагъуэм и зэхэтыкIэр нэсу къыщигъэлъэгъуащ. Уеблэмэ, хэгъэгум и ухуэкIэр, тыркухэм я хьэл-щэныр, я псэукIэр щIэнэкIалъэ зэрищIым къыхэкIыу, тхакIуэр ягъэкъуаншэрт, «угущIэгъуншэщ, псоми уащодыхьэшх» жаIэу. Хьэткъуэм и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм ящыщщ «Телъыджэ», «Азэн джэ макъ», «Iулъхьэ», «Лэгъупыкъу», «МафIэдз», «Аргъуей», «Адакъэ», «Делэ», «Динсыз» новеллэхэр, «Eфруз-бей», «Хьэрэм» повестхэр.
- Езым и гъащIэр къызэрекIуэкIами и лъэпкъэгъухэм яIэ хъуа псэукIэми Умар тхыгъэ зыбжанэ триухуащ. Апхуэдэщ «ШытхъунщI», «Япэ мыхъумыщIагъэ», «ПIыртIыкъыш», «Зэшхэр», «Фыгъуэнэд», «Бгырыпх» новеллэхэр. Абыхэм Умар щетх и адэ-анэм, игъуэ нэмысу дунейм ехыжа и къуэш нэхъыжьым, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым папщIэ псалъэ гуапэ, гурыгъу-гурылъ дахэ куэд.
- Хьэткъуэ Умар и тхыгъэхэм адыгэ IуэрыIуатэм ижь зэрыщIихуар къыхигъэщу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд етх: «Хьэткъуэм и IэдакъэщIэкIхэм увыпIэшхуэ щеубыд адыгэ таурыхъхэм хэт Iэмалшы КъуийцIыкIу, егъэлеяуэ пцIыупс барон Мюнхгаузен сымэ уигу къэзыгъэкI Eфруз-бей щхьэщытхъум. Абы и IуэхущIафэхэм ятеу-хуа повестым авторым ауан щещI 1908 гъэм екIуэкIа революцэм и зэманым щыIа интеллигенцэр, зи щэнхабзэр зэзымыпэсыж Iужажэхэр, напитIхэр».
- Япэ дунейпсо зауэм щыгъуэ Хьэткъуэр екIуэкI политикэ щытыкIэм хуэфэщэнкIэ бгъэдыхьэгъат. Ар узэпхрилыгъукIыу щыдыхьэшхыжащ япэщIыкIэ зыкъуэува, иужькIэ зищIыс дыдэр къыгурыIуэжа пантюркистхэм я мурадхэм икIи «Хуитыныгъэм и жэщ» новеллэм зэрыпхъуакIуэ зауэр гум тебгъахуэ зэрымыхъунур, абы къыхэкIыну бзаджащIагъэм кIэ зэримыIэнур къыщигъэлъэгъуащ.
- Тхыгъэр къыщыщIэддзам деж дгъэзэжу шей ефапIэмкIэ зыунэтIа адыгэхэм зэ сахуеплъэкIыжынут. Тыркубзэр фIыуэ зыщIэу а тхыгъэм еджа щIалэм зэрыжиIэмкIэ, тхакIуэм и щэIу макъ гуэр абдеж къыхэIукIыу къыпщохъу, ахэр зэрыIукIыжым игу иригъуу, яхуищIэнур зэрыхузэмыгъэпэщым щхьэкIэ. Ар щыжиIэм, си нэгу къыщIыхьащ хыри щIыри зэпачу дуней бэлыхьыр зи нэгу щIэкIа адыгэ тхьэмыщкIэхэм ящыщу псэууэ Истамбылыжьым нэса тIэкIур, я дамэр къыгуэхуарэ я гукъэкIыжхэм фIэкIа нэгъуэщI гурыфIыгъуэ ямыIэу псэуныгъэм ифI къэзылъыхъуэхэр… А зыр, си щхьэкIэ жысIэнщи, схурикъуащ сыт хуэдизу пантюркизмым зыIэщIиубыдауэ щымытами, Хьэткъуэм адыгэхэмкIэ гууз-лыуз зэриIэр си фIэщ хъуну, абыхэм яфI зыхэлъыр къилъыхъуэу дунейм зэрытетар узыфIэмыкIыжын хьэкъыу къэсщтэну.
- ХьэткъуэУмарнобэкIэтыркулитературэм и дыгъэуябж. ТыркулъэпкъгупсысэкIэмзригъэузэщIащ, тыркубзэмзригъэгъэкъэбзащ, нэгъуэщIужыпIэмэ, фIыщIэмыухыжщIыхуащIынбгъэдэлъщ. И тхыгъэхэрзэгъэуIуауэ том бжыгъэкIэкъыдагъэкIыж, тхылъщхьэхуэуищIэх-щIэхыурэдунеймкъытохьэ. ИгъуэхъуащтхакIуэшхуэмадыгэхэм я гупэрхуагъэзэжыну, и вагъуэнэпсризытрагъэпсэну. Къилэжьащ ар абы и гуащIэдэкIмыкIуэдыжымкIэ….
- Табыщ Мурат
- ХьэткъуэУмар и усэхэр
- Фызабэ
- Мо унэр ещхьщ борэным
- ихьа абгъуэм,
- Мо абгъуэр щыгъуэм
- иубыдащи, щымщ.
- Мыпщащэ, мыщхьэгъусэ,
- е мыанэ —
- Бзылъхугъэ щIалэр иджы
- мышэ-мышхущ.
- Зы илъэс закъуэт мо
- щхьэгъубжэIулъым
- А тIум я насып-ныбжь
- къыщыпхыпсар;
- Зы илъэс закъуэт тенджыз
- кхъухь зауэлIым
- ЩIым щихьыжыну Тхьэм
- кърипэсар!
- Иджы къыхопсыр Iупхъуэм зы
- ныбжь закъуэ.
- Уэздыгъэр нэху щыху щос
- щхьэгъубжэ закъуэ.
- Мазэ гуфIэрей
- Дыгъэр щетIысэхым,
- Мэзым сыкъыщIэкIт.
- Ныбжьыр укIытэхыу,
- Сакъыу къысхуеплъэкIт.
- Асыхьэту пшэхэм
- Къащхъуэ зыкъащIащ,
- ЗыкъиIубри уафэм —
- МафIэу зилыпщIащ.
- Жьыбгъэм и фэр пыкIри,
- КIыфIым хэткIухьащ —
- Бжьыхьэм и IэфракIэу,
- Джафэм жэп техащ.
- Жэщырти, ешауэ
- Жейм хилъэфэжащ —
- Дыжьын сабэ ипхъри,
- Мазэр дыхьэшхащ.
- Лъахэ
- Гъунапкъэм адэкIэ, жыжьэу
- Щопсэу си къуажэ.
- Къуршыпсыр тхъурымбэ хужьу
- А лъахэм щожэ.
- Гъатхэпэм псыдзэл къудамэр
- ЗэщIоупцIапцIэ,
- Зиущэхуурэ сядэжь и унэр
- КъыскIэлъохъуапсэ.
- Зыгуэрым гуфIэгъуэ макъкIэ
- Схуегъэшри гугъэ —
- ЗыщIыпIэ жэнэт зэгъуэкIыу
- Щопсэу си жылэ.
- Закъуэныгъэ
- Аузыр жейм хелъафэ,
- Жыг ныбжьхэм я фэр покI.
- Гъуэгу пабжьэхэр псыIафэу
- Жьы щабэм къыдоудж.
- Зы вагъуи зы бзий хъуаскIи
- Къызаткъым лъапэнэху;
- Зы макъ къыскIэлъымыджэу,
- Гъуэгуанэр пхрызоху.
- Зыгуэрхэм я лъэужьым
- Сиш Iущым хуещI гущыкI:
- Дощыщ шыр лъэ ежьужьым,
- Мэхъашэу йоувыIыкI.
- НэщIыпсу жэщ гъэрибым
- Иджы жьы къыпеубыд;
- Апхуэдэу щхьэ сыибэ —
- Шы фIалъэм псэр сщIеуд?!
- Бгынэжа унэ
- «Бгынэжа унэр хъункъым
- увыIэпIэ!» —
- Си гъуэгугъэлъагъуэр ткIийуэ
- къысхуоплъэкI.
- Зэгуэр мы абгъуэр щытыгъат
- псэупIэу
- Иджы пабжьалъэр шылъэм
- иретIыкI.
- СимыIэж жьэгум узу
- сиубыдащи,
- «Ар сыткIэ къэзлэжьат? —
- сызоупщIыж, —
- ДэнкIэ сунэтIми, гуауэр
- щыетащи»…
- «Уахътым ухуокIуэ!» —
- жэуап къызетыж.
- «Ар гъащIэм пхрыкI псоми я
- лъэс лъагъуэщ!» —
- Iущащэу сщхьэщолъэт жьынду
- абрагъуэ.
- ЗэзыдзэкIар КЪАРМЭ Iэсиятщ.