ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъ щIэжым и  джэ  макъ

2020-10-06

  • ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ, жеIэ адыгэ псалъэжьым. Гувэми щIэхми, цIыхур и блэкIам щыхуеплъэкIыж, и лъабжьэхэр къыщитIэщIыж, къызыхэкIар къыщилъы-хъуэж зы лъэхъэнэ и гъащIэм къыхохуэ. Мылъкутегъуатэ ищIын щхьэкIэкъым, атIэ зыщыщыр, зи хэтыр къищIэн, зыхэпсэукI дунейми нэхъыфIу къыщацIыхун щхьэкIэщ и къуэпсхэр къыщIилъыхъуэр. Апхуэдэ Iуэхур пщэрылъ зыщызымыщIыжа, абыкIэ зэмыупщIыжа щIагъуэ тхакIуэхэм къахэкIагъэнкъым. Ар икIи гурыIуэгъуэ хуэдэщ. ТхакIуэр зытепсэлъыхьыр, зи гугъу ищIыр, зи щхьэфэ иIэбэр гупсысэ пыухыкIам и шыбзэм фIэкIыпIэ имыIэу щIегъэкI, дуней лъагъукIэ гуэрым и щапхъэм ирегъэзагъэ, зыдищIэжми къыфIэмыIуэхуми, лъэпкъ нэщэнэ пыухыкIахэмкIэ еузэд. Къаплъэ нэхърэ къиплъ, жыхуаIэм ещхьу, тхылъеджэр щыщIэупщIэ куэдрэ къыхокI, псалъэм папщIэ, тырку дунейм къыхэхъукIамэ, абы и литературэм щIапIыкIамэ, дэнэ тхакIуэм адыгэ нэщэнэхэр къыздрихыр, адыгэ IуэрыIуатэм и уней пкъыгъуэхэр щызэригъэкъур, адыгэ хабзэм и курыхым щыгъуазэ зыщыхуищIыр, жиIэу. Бэчыжь Лейлэ шэрыуэу зэрыжиIащи, лъэпкъ щIэжым и джэ макъ къыпхыIукIращ, езы тхакIуэр щтэIэщтаблэ щищIыж къыхэкIыу, апхуэдэ «хъуаскIэхэр» къызэпхезыгъэдзыр.

  • ЩIэныгъэлэжьым зи гугъу ищIа джэ макъыр къызыпхыIукI тхакIуэхэр щымащIэкъым тырку щIыналъэм, абыхэм адыгэу залъытэжми, къуэпскIэ адыгэм екIуэлIэжу щытми. Зыщыщыр зыдэзыщIэжыр ууейщи, и Iуэхур щхьэхуэщ, ауэ «тхыдэм игъэгъуэщауэ» зыкъэзылъыхъуэжхэр гъэщIэгъуэн мэхъу. Апхуэдэу «и щхьэ и лъыхъуакIуэу хэтхэм» яхэплъытэ хъунущ 2005 гъэм зэрыдунейуэ къигъэдаIуэу Тыркум къыщыхъея бырсырыр къызыпыIукIа тхакIуэр. «DasMagazin» зи фIэщыгъэ швейцар журнал цIэрыIуэм и упщIэхэм жэуап здритыжым, абы нэхъапэкIэ нахуэу жаIэну зытемыгушхуа псалъэ къыжьэдэкIыгъащ: «Тыркум курду мин щэщIым мынэхъ мащIэ, ермэлыуэ мелуаным нэблагъэ щаукIащ. АрщхьэкIэ апхуэдэ хъугъэ-щIагъэр Анадолэм зэрыщыIам сэр фIэкIа тепсэлъыхь щыIэкъым, адрейхэм е заущэху, е ар яущэху», — жиIэри. Зэрыдунейуэ игъэзджызджу япхъуэта а жыIэгъуэ кIэщIыр къызыбгъэдэкIар тIэкIу дэкIмэ, Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэщэну Памук Орхьант.
  •  
  • Хэт хъуну а Орхьаныр езыр? Щхьэ ар адыгэм гъэщIэгъуэн ящыхъун хуей? Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа Памук 1952 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м Истамбыл къыщалъхуащ. Абы и цIыкIущхьэри и щIалэгъуэри щыкIуар щыхьэрышхуэм и Шишли хьэблэм хыхьэ щIыпIэ нэхъ зэIузэпэщ дыдэхэм ящыщу НишанташкIэ зэджэращ. КъызыхэкIар Хэкур егъэзыгъэкIэ ирагъэбгынэу Тыркум ирахуа адыгэ унагъуэщ. ПсэупIэ яхуэхъун къэзылъыхъуэ шэрджэс минищэхэм яхуэдэу, Орхьан и адэжьхэми Уэсмэн пащтыхьыгъуэр къызэхакIухьащ, икIэм щетIысэхари Манисэ къалэм и Iэхэлъахэрщ. Тыркум къыщыхута ди лъэпкъэгъухэр зэрагъэтIысам уеплъмэ, шэч къытумыхьэжу Памук Орхьан лIакъуэкIэ шапсыгъхэм зэращыщым тебгъэчыныхь хъуну къыдолъытэ. Манисэ щIыналъэм ноби шапсыгъ адыгэ къуажэхэр къыщызэтенащ.
  • ТхакIуэм адыгэ къежьапIэ зэриIэм гурыщхъуэ худимыIэжу дытезыгъэпсэлъыхь щхьэусыгъуэ зыбжанэ щыIэщ. Орхьан и къуэш нэхъыжь Шэукэт, Истамбыл дэт Босфор университетым экономикэм и тхыдэмкIэ и профессорым зэрыжиIэмкIэ, зэшхэм я адэ Къундуз и адэ лъэныкъуэмкIи, и анэ лъэныкъуэмкIи 1890 гъэм нэсыхункIэ Манисэ хиубыдэ Гёрдэс щIыналъэм щыпсэуащ. Къундуз и адэшхуэ Сабит-бей XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм ирихьэлIэу, Гёрдэс и имаму щытащ, дин еджагъэшхуэт, зэхэщIыкI лъагэ иIэу цIыху Iущт. Къундуз и анэшхуэри ИстамбылакIуэм и лъэхъэнэм Кавказым къикIыу Гёрдэс къэкIуахэм ящыщт.
  • Унагъуэр XX лIэщIыгъуэм      и пэщIэдзэхэм Измир Iэпхъуащ, иужькIэ Истамбыл кIуэжауэ щытащ. Езы Орхьан и гукъэкIыжхэм къызэрыхэщымкIэ, гъунэгъухэм псоми гу лъатэрт абыхэм яхэтIысхьэжа унагъуэр теплъэкIэ зэрамыщхьым, хужьыфэу, цIыху лъагэхэу, пкъыфIэу зэрыщытым. Апхуэдэу къазэрыщхьэщыкIым, я щIыфэр бжьэхуцым хуэдэу зэрыхужьым щхьэкIэ, «pamuk» жаIэурэ, унагъуэцIэхэр къэрал унафэкIэ Тыркум щыпсэухэм псоми зрагъэгъуэтын хуейуэ къыщигъэувым, ар ирагъэтхри, абы къытенауэ щытащ. Жагъуэми, я шапсыгъ уна-гъуэцIэр езыхэм ящIэжкъым. Ауэ, адыгэ шхуэлыр кIыхьщ, жаIэ, ар къажезыIэн гуэр зэрыщыIэм ди щхьэкIэ шэч къытетхьэркъым.
  • Памукхэ я унагъуэр хуэщIауэ, зыхуэныкъуэ щымыIэу псэуащ. Орхьан и адэшхуэри, и адэри, и адэ къуэшри я IэщIагъэкIэ инженерт, къэралыр зыхуэныкъуэ IэщIагъэт. Орхьан и адэ Къундуз IBM жыхуаIэ америкэ IуэхущIапIэшхуэм и къудамэу Тыркум щыIэм и нэхъыщхьэт, и анэ Шэкурэ унагуащэт. Мыбдеж лей мыхъуну къыщIэкIынщ Орхьан и анэр тыркухэр «къупщхьэ хужькIэ» зэджэ лъэпкъым къызэрыхэкIари къыхэдгъэщмэ. Ар къызытехъукIыжар уэсмэн пащтыхьхэм щIэх-щIэхыурэ ялъихьэ, куэдкIэ япыщIа, Крит щIыналъэм и Iэтащхьэу щыта Ибрэхьим-пашэ цIэрыIуэрщ.
  • Памук къыщыхъуа, зыщапIа унагъуэм хабзэу къыщекIуэкIар, зэхущытыкIэу илъар, къэралыгъуэм щекIуэкI псори къазэрыщыхъуу щытар къыхэплъагъукIынущ «Джэудэт-бейрэ и къуэхэмрэ» романым. ЛIэщIыгъуэ зэблэкIыгъуэм зи гъащIэр хиубыда унагъуэм и лIэужьищыр къэралым къыщыхъухэм зэраIущIам и гугъу щищIкIэ, жьым и Iэдэм зрамыгъэкъузу, щIэм и гъуджэм иплъэныр къызэрыхахар къыхегъэщ. Къапщтэмэ, Орхьан и унагъуэр Истамбыл къызэрыкIуэжрэ гъащIэр европей пщалъэкIэ япщрэ а гъуджэмкIэ иплъу, дунеягъэ щIэныгъэм хуэмыхамэу, хамэбзэхэр зрагъащIэу, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэхэр яфIэгъэщIэгъуэну къекIуэкIа унагъуэщ.
  • Орхьан и унагъуэр инт, къатыбэу зэтет унэт зыщIэсри, зэрылъхузэрыпI абы щыпсэухэм адэшхуэр дунейм тетыху ящхьэщытащ, абы иужькIэ унафэр анэшхуэм деж къекIуэкIащ. Бынми быны рылъхухэми нанэм и пщIэр яIыгъащ, и псалъэ тIэужыIэ ирагъэщIакъым. Зыгуэр япиубыдынуи зыгуэр къыжьэдикъуэнуи хэттэкъым ар, ауэ цIыху захуэт, куэдым хищIыкIырти, и жьауэр яфIэкъабылт. Адыгэ унагъуэм и зэхэтыкIэщ хэплъагъуэр, сыт хуэдизкIэ европей гупсысэкIэр я дуней лъагъукIэм къебэкIыу щымытами.
  • Орхьан тхылъ еджэныр зэрыцIыкIурэ фIэфIт. Тхылъ минрэ щитхум нэблагъэ зыщIэлъ и адэм и тхылъэщ иным щIалэ цIыкIур махуэ псом щIэкIуадэрт. Хъуапсэрт езыр балигъ хъумэ, тхылъы-шхуэ зригъэпэщыну икIи къехъулIащ ар: нобэ Орхьан и тхылъэщым тхылъ мин пщыкIутIым щIигъу хэлъщ. Ар хэлъэт зиIэт, гурыхуэт, жант. «Robert College» жыхуаIэ америкэ еджапIэр хъарзынэу къиухри, архитектор IэщIагъэм хуеджэну Истамбыл дэт Технологие университетым щIэтIысхьащ. АрщхьэкIэ нигъэсакъым. Орхьан тхакIуэ хъуну зэрыщIэхъуэпсыр и адэ-анэм яжриIэри, журналист IэщIагъэр щызрагъэгъуэт институтым еджэну кIуащ. И адэр щыгуфIыкIащ къуэм ищIа гуращэм (ар езыр зэзэмызэ къыпытхыкIыу апхуэдэт), анэм къабыл ищIакъым, ауэ икIи пэувакъым.
  • Институтым щыщIэс илъэсхэрщ Орхьан тхэным нэхъ зыщритар, абыкIэ и лъэкIыныгъэр здынэсыр игъэунэхуу щыхуежьар. Тхэн щригъэжьар 1974 гъэрщ, и япэ тхылъри, «КIыфIымрэ нэхумрэ» зыфIища романыр зэрытыр, дунейм къыщытехьар 1979 гъэращ. Тырку тхакIуэ цIэрыIуэ Орхьан Кемал и цIэр зезыхьэ саугъэтыр къыщIыхуагъэфэща мы тхыгъэш-хуэм Памук иужькIэ хэлэжьыхьыжщ, къыщыIэта Iуэхугъуэхэм зригъэубгъури, 1982 гъэм «Джэудэт-бейрэ и къуэхэмрэ» фIэщыгъэр иIэу етIуанэу къыдигъэкIыжащ. Тхылъым щIэупщIэшхуэ иIащ, зэуи зэбгрыкIат. Абы щыгъуэщ тхакIуэ щIалэм къыщыгурыIуар и IэщIагъэр къызэригъуэтыжар.
  • Абдеж къыщежьэри, Орхьан сыт хуэдэ тхыгъэ утыку къримыхьами, хамэбзэхэмкIэ зрадзэкIыу, фIыщIэтынхэмрэ саугъэт зэмылIэужьыгъуэхэмрэ хуагъэфащэу хъуащ. Къыхэдгъэщынщи, 1984 гъэм Орхьан итха «Унэ даущыншэ» романыр франджыбзэкIэ 1991 гъэм дунейм къытехьащ, «БыдапIэ хужь» романым 1990 гъэм Америкэм и Штат Зэгуэтхэм литературэмкIэ и саугъэт лъапIэр къыщихьащ, «Уэс» романыр 2004 гъэм а къэралым къыщыдэкIа тхылъ нэхъыфIипщIым ящыщу къалъытащ. «Тхылъ фIыцIэ» романыр Тыркум литературэ къэхъугъэшхуэу щалъытат. Тхыдэр зи тегъэщIапIэ, абы и пэжымрэ пцIымрэ я зэпылъыпIэр къэзыхутэ тхыгъэм кIэщIу кинофильм тращIыкIри, Тыркум щагъэлъэгъуауэ щытащ. 1998 гъэм дунейм къытехьа «Сэ си цIэр Плъыжьщ» романыр бзэ 24-кIэ зрадзэкIауэ щытащ, Ирландием щагъэува литературэ саугъэт нэхъыщхьэри а романым къратат. Мыпхуэдэ щапхъэхэр куэд мэхъу.
  • Псори зэхэту къапщтэмэ, Памук Орхьан и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр бзэ 70-м щIигъукIэ зрадзэкIащ, и тхылъхэр мелуан 13 нэхърэ нэхъыбэ хъууэ къэрал зэхуэмыдэ куэдым къыщыдэкIащ. Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къыщыдэкI «Тайм» журналым Орхьан щIэупщIэ нэхъ ин дыдэ дуней псом щызиIэ цIыхуищэм хибжауэ щытащ. Тыркум, Германием, Франджым, Урысейм, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм литературэмкIэ я саугъэт бжыгъэншэхэр къихьами, псом ящхьэж хъуар 2006 гъэм къыхуагъэфэща Нобель и саугъэтырщ. Тыркум щыщу а дамыгъэ      лъапIэ дыдэр япэу зратари Памукщ.
  • И япэ тхылъым щегъэжьауэ адыгэ щIалэм и Iэдакъэ къыщIэкIыу хъуар цIыхухэм щIызэрапхъуэр, яхузэрымыгъэгъуэту щIеджэр «гъащIэм и пэжым и пцIанапIэкIэ зэрытеIэбэфырщ», куэдым зыкъыхалъэгъукIыжу зэрыщытырщ. Абы и романхэр пост-модерн жыхуаIэ тхэкIэ жыпхъэм итщ, уеблэмэ «БыдапIэ хужь», «Тхылъ фIыцIэ», «ГъащIэщIэ», «Си цIэр Плъыжьщ», «Уэс» романхэр пост-модерн литературэм и курыхщ. Орхьан и тхыгъэхэм Iэмал зэпэщIэтхэр йобэкI: дыгъуасэ — нобэ, къухьэпIэ — къуэкIыпIэ, классикэ — иджырей, жьы — щIэ хуэдэ гупсысэ зэпэувхэмрэ еплъыкIэ зэблэухэмрэ.
  • ЖаIэнущ икIи зэхэпхынущ, Нобелым и саугъэтыр зэрыхуагъэфэщара Орхьан ди лъэпкъэгъуу щIэтлъытэн хуейр, жаIэу. Зы лъэныкъуэкIи, уегупсысмэ, пэжщ ар. Тыркум къыщалъхуами, зэрытхэр тыркубзэми, адыгагъэм и гущэм къихъукIатэмэ, ину адыгэ и бынщ, тхужыIэнт. Ауэ, и гъащIэр къызэрекIуэкIар аращи, зи къуэпсыр хэгъуэж адыгэ унагъуэщ къыщалъхуар, ауэ, апхуэдэу щыт пэтми, абы зыкъыщимылъыхъуэж зэи къэхъуакъым. Орхьан адыгэ и бынкIэ лъытэн щIыхуейм и зы щхьэусыгъуэщ тхыдэм зыщигъэгъуазэу, и лъэпкъ и щхьэ кърикIуар нэхъ гъунэгъуу зригъэщIэну зэрыхэтыр. 2015 гъэм дунейм къытехьащ «Тыркур Европэ дунеишхуэм» зи фIэщыгъэ щIэныгъэ лэжьыгъэшхуэр. Тыркумрэ Урысеймрэ я зэхущытыкIэм, лъэныкъуитIми щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэмрэ лъэпкъ щIэжымрэ хэлъ щхьэхуэныгъэхэр къэзыхутэ лэжьыгъэм щIыпIэ хэха щеубыд «диаспора» жыхуэтIэ фIэщыгъэм. ХамэщIыр унапIэ зыхуэхъуахэмрэ абыхэм я щIэблэмрэ Тырку дунейм зэрыхэувам и гугъу щищIкIэ, лIэужьу текIым емылъытауэ, цIыхум и къуэпсыр зэрыщымыгъупщэр, Тыркум и цIыхуу щытми, тыркугъэ зэрызримыхьэр дэнэ дежи къыщыхагъэщу зэрыщытым гу лъетэ. Щапхъэуи къехь, Нобель и саугъэтыр зрата Памук Орхьан: «ЛитературэмкIэ Нобель и саугъэтыр зыхуагъэфэща Памук Орхьан и лъэпкъкIэ адыгэщ. Лъапсэрыхыр къызыхуагъэкIуа а лъэпкъым и лъахэщ 2014 гъэм Олимпиадэр щекIуэкIа Сочэ щIыналъэр». Мыбы хьэкъыу къегъэлъагъуэ, «сышэрджэсщ» щыжиIэкIэ, Кавказым и лъэпкъ гуэри мыхъуу, адыгэм къызэрыхэкIар Орхьан зэрызэдищIэжыр, гъуэтыгъуэ ихуэу сыт хуэдэ псалъэмакъми ар къыщыхигъэщкIэ, и къуэпсхэм мыхьэнэ иIэу зэрилъытэр. Арыххэуи, цIыхугъэм и пщалъэкIэ уеплъмэ, и гупсысэр, и дуней лъагъукIэр къэзыгъэщIар адыгэхэращ, жыпIэ хъунущ.
  • Памук Орхьан дуней псом щыцIэрыIуэ романист къудейкъым, ар икIи жылагъуэ Iуэхухэм жыджэру хэт, дэтхэнэ лъэпкъми и хуитыныгъэхэм, демократием къызэщIиубыдэ гурыIуэныгъэхэм яIыгъ гупсысакIуэщ. Шэч хэлъкъым, абы и утыку псалъэмакъхэм адыгэм и Iуэхури къызэрыхэувэнум, лъэпкъри ину щIэгушхуэн къызэрыкъуэкIынум.
  • Табыщ Мурат