Хэку зауэшхуэм теухуауэ иджыри зэ
2020-09-22
- Дэ дигу тедгъахуэ хъунукъым ар зэрекIуэкIамрэ абы кърикIуахэмрэ нэмыукIытагъэкIэ зэзыхьэкIыну хущIэкъухэр кIуэ пэтми нэхъ тегушхуауэ утыку къызэрихьэр.
- Псори къыщежьар
- Ар телъыджэщ, ауэ ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къызэрыхъеямкIэ Гитлер хуэдэ дыдэу Сталинри къуаншэу КъухьэпIэм къыщыщIрагъэдз. Абы щыгъуэми ар жызыIэр политик жьгъейхэм, зи псалъэм зыри къимыкIхэм я закъуэкъым: абыхэм яхэтщ къулыкъущIэшхуэхэри къэрал унафэ зыIэщIэлъхэри. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, щIэныгъэ зыбгъэдэлъхэщ, пэжым щымыгъуазэнкIэ Iэмал зимыIэхэщ.
- Апхуэдэу щыщыткIэ Молотовымрэ Риббентропрэ зращIылIа пактыр ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къэзыгъэхъея щхьэусыгъуэу къэлъытэным теухуауэ Евросоюзым къищта унафэр бзаджэнаджагъэм тещIыхьа политикэ гъущэщ. Абы зы псалъи пэжу хэткъым. Псори зыхуэгъэзари, иджыри къытедгъэзэжынщи, ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къызэрыхъеямкIэ къуаншэу Ещанэ рейхым и мызакъуэу, СССР-ри (иджы абы хуитыныгъэкIэ и пIэ иува Урысейри) къыщIрагъэдзынырщ.
- Уеблэмэ, «зауэ щIыIэм» и гуащIэгъуэми — илъэс 40-50 ипэкIэ — зыри тегушхуэфынутэкъым апхуэдэпцI иупсыну. АтIэ иджы щхьэ яхузэфIэкIрэ? Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а Iэмалыр езытар Горбачёв Михаил властыр IэщIыхьа иужь СССР-м щрагъэкIуэкIыу щIадза делагъэ политикэрщ, нэхъ щхьэтечу жыпIэмэ, нахуагъэм (гласностым) и гъуэгу ар зытеуварщ. Дауи, езы нахуагъэм лажьэ иIэкъым икIи ар гъуэзэджэщ: сыт щыIэ нэхъыфI къэралымрэ дунеймрэ щекIуэкIхэр хуиту къэпIуэтэфыным нэхърэ? АрщхьэкIэ мыгувэу ящыгъупщащ нахуагъэм пэжыр и лъабжьэу щытын зэрыхуейр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, цIыхухэм ебгъэгъэщIэгъуэн мурадкIэ щыIар щымыIакIэ зэпхъуэкI, уи тхыдэр хэбутэ зэрымыхъунур. Зи жьэр хуит хъуахэм ди блэкIар хьэм ирагъэхьырт, дызыщIапIыкIа лъапIэныгъэхэр ягъэпудырт. Дэ дризэгуэпырт Хэку зауэшхуэм и зэманым Талалихин Виктор езым и кхъухьлъатэр бийм ейм жьэхигъауэу Москва и щыгум къызэрыщриудыхар пцIыуэ къызэрыщIрагъэдзым. КъызэрыщIэкIамкIэ, Гастеллэ Николай мафIэ зыщIэна и кхъухьлъатэр дагъэ гъэсын зышэ мафIэгум хуигъазэу къигъэуауэ аратэкъым, атIэ техуа къудейт. Е Матросов Александр ди зауэлIхэр къэзыукI дзотым зыIуидзатэкъым — лъэпэрапэри… теджэлат. «Партизанка Таня» (Космодемьянская Зое зи фIэщыгъэцIэр) хъыжьэу, и акъыл зэтемысу щытауэ ягъэIуат. Властхэм апхуэдэ «къэхутэныгъэхэр» яфIэфIыпсу даIыгът. Апхуэдэ щIыкIэкIэ дунейм къытехьащ Молотовымрэ Риббентропрэ «КъуэкIыпIэ Европэр» Совет Союзымрэ Германиемрэ зэхуагуэшыным теухуауэ Iэ зыщIадза пактыр мызахуагъэу къилъытэу СССР-м и ЦIыхубэ депутатхэм 1989 гъэм къащта унафэр. Зэрытлъагъущи, псори къыщежьар ди дежщ, Евросоюзым ар къигъэсэбэп къудейщ.
- ТIэкIу гувами, жэуапыншэу къигъэнакъым: Къэрал Думэм къыщыхалъхьащ а пактым теухуауэ зи гугъу тщIы съездым къищта унафэр якъутэжыну къэзыгъэув дэфтэр. КIэщIу икIи пыухыкIауэ — ди къэралым бгъэдэлъкъым зым и пащхьи зыщIыщигъэзэхуэжын хуей къуаншагъэ. Щхьэусыгъуэр къыщылъыхъуэн хуейр нэгъуэщI щIыпIэщ.
- Мюнхен и ныбжь бзаджэр
- ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къызытехъеикIар зэзыгъэщIэну хущIэкъухэр (ар пэжу щытщ) псом япэу зэплъын хуейр 1938 гъэм Германием, Италием, Инджылызым, Франджым, Мюнхен щызращIылIа зэгурыIуэныгъэрщ. Абы Чехословакием хуигъэуващ езым и щIыналъэм щыщ Судетхэр нэмыцэхэм яритыну. Ар Iэрыхьа иужьщ Гитлер дивизие куэд къызэригъэпэщыну Iэмал щигъуэтар икIи ар Польшэм и мызакъуэу, езы Инджылызми Франджыми япэщIэувэну тезыгъэгушхуар. Абы и пэкIэ Рейхым и генералхэм къалъытэрт Германиер мызэуэфыну: гъэсыныпхъэмрэ къэралым щащI Iэщэхэмрэ къемэщIэкIырт.
- Мюнхен щызращIылIа зэгурыIуэныгъэм езым и щIыналъэм щыщ нацистхэм яритыну нахуэу икIи ехьэкI хэмылъу ирихулIащ. Молотовымрэ Риббентропрэ я пактым пыухыкIауэ зыри къыщыгъэлъэгъуакъым — абы апхуэдэ Iуэху гуэри зрихуэркъым: зэныбжьэгъу зэхущытыкIэхэр зэхуаIэным теухуа псалъэ тарэфарэ защIэщ. США-м тхыдэм ухигъэгъуазэу къыщыдэкI тхылъхэм Iыхьэшхуэ щеубыд Мюнхен, ауэ пактым щыхухахыр сатыр-сатыритI къудейщ. Абы къегъэлъагъуэ иужьрейр ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къыщIэхъея щхьэусыгъуэу жыпIэныр американхэми нэгъуэщI къэрал IэщIагъэлIхэми шыпсэу, дыхьэшхэну къызэралъытэр.
- ЩIыдгъужын хуейщ а пактыр къагъэсэбэпу лъэныкъуитIым Польшэр зэхуагуэша, СССР-м Прибалтикэм и къэралхэр иубыда хуэдэу иджы ягъэIухэри зэрылъабжьэншэ дыдэр. Совет Союзыр зыкIи хуэныкъуэтэкъым узэхъуэпсэн гуэри зыдэщымыIэ а щIыпIэхэм, щIыуэпс къулеигъэхэм хуэхейхэм. Сыт атIэ щIызэхигъэхьар? Ар къызыхэкIар гурыIуэгъуэщ: зи шынагъуэншагъэм хуэсакъ дэтхэнэ къэралри хущIокъу бийр Iэмал зэриIэкIэ нэхъ жыжьэ IуигъэкIуэтыным. ЕтIуанэрауэ, КъухьэпIэ Украинэмрэ КъухьэпIэ Белоруссиемрэ Польшэм хэзыгъэхьар зэрыпхъуэныгъэ политикэрт, нэхъапэм ахэр абы зэи щыщатэкъым. Прибалтикэм и гугъу пщIымэ, къэралищми — Латвиеми, Литвами, Эстониеми — я парламентхэм IэIэткIэ унафэ къыщащтат СССР-м къыхыхьэну хуейуэ. Зэрытлъагъущи, Iуэхум залымыгъэ гуэри хэлъакъым.
- ЖытIэнщи, совет-фин зауэри къызытехъеикIар ди къэралым и гъунапкъэр игъэбыдэн зэрыхуейрт — пащтыхьым и зэманми гурыIуэгъуэт зэгуэр Финляндиер щхьэхуэ зэрыхъунур. Генералхэм Николай ЕтIуанэм жраIащ ар хэкIми, Ханко хытIыгу ныкъуэр фIэкIыпIэ имыIэу Урысейм къыхуэнэн зэрыхуейр — арыншамэ, Петербург Балтикэ тенджызымкIэ дэтхэнэ бийми хузэIуха хъурт. АрщхьэкIэ къыфIэIуэхуакъым, Финляндиери щхьэхуэ хъуащ а хытIыгу ныкъуэр зэдихьри. ЛъэныкъуитIыр зэзэуа иужь СССР-м Ханко и ипщэ лъэныкъуэр илъэс 30-кIэ къыIихащ тенджыз базэ ирищIыхьын папщIэ.
- Совет Союзыр Европэ псор зэкIэлъыкIуэу зыубыд Рейхым и пащхьэм и закъуэу къинат, ар къызэрытеуэнури белджылыт. Мис а пIалъэр игъэIэпхъуэн мурадырт зытещIыхьар мыгъуэр зи мыгъуа пактри. СССР-р зауэм хуэхьэзыртэкъым. Ар зэман хуейт жьы хъуа и дзэ техникэр Iэщэ лIэужьыгъуэщIэхэмкIэ зрихъуэкIын папщIэ. Зыр адрейм темыуэным теухуауэ Гитлер иращIылIа зэгурыIуэныгъэр тхылъымпIэ къудейуэ зэрыщытыр фIыуэ къагурыIуэрт, абы зэман къыхудигъэхуами, хунэсакъым, хуримыкъуар мазэ бжыгъэщ.
- 1941 гъэ. Берлин и уэздыгъэхэр
- Германиер ди къэралым къытеуэхукIэ Сталин Иосиф щыгугъащ зауэр щыщIидзэну пIалъэр игъэIэпхъуэфыну. Нэхъыбэу зытрищIыхьри рейхым фронтитI хузэдэмыхьыну къызэрилъытэрт. АрщхьэкIэ инджылызхэмрэ нэмыцэхэмрэ зэрызэпэщIэтышхуэ щыIэтэкъым. Я кхъухьлъатэхэр къару мащIэкIэ уэгум щызэзауэрт, рейхыр жыжьэрыуэ топхэмкIэ Великобританием и Iуфэхэм еуэрт, арщхьэкIэ Ла-Манш зэпрыкIыну зигъэхьэзыртэкъым. Абы къыдэкIуэу ныбжьэгъугъэ «къытхузиIэ» Берлин зригъэщIат СССР-м и тIасхъапIэ псори. Апхуэдэу щIэгъэкъуэнышхуэ къыхуэхъуащ уащхъуэдэмыщхъуэу къызэрыдэбгъэрыкIуари КъухьэпIэ дзэ округым и унафэщI генерал Павловым и гудзакъэншагъэри (зауэм щIидза иужь ар Москва ираджэри трибуналым и унафэкIэ яукIащ).
- Сыт хуэдэу щымытами, 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м и нэхущым бий бзаджэр дивизие 600-м щIигъукIэ СССР-м и гъунапкъэхэм къыщеуащ Тенджыз ФIыцIэм къыщыщIэдзауэ Баренц тенджызым нэсыху. Удын нэхъыщхьэр къыщридзари, зэрагугъам хуэдэу, Украинэракъым, атIэ Белоруссием и щIыналъэрщ. Дэ ди къарухэм я нэхъыбэр Днепр и щIыбкIэ къухьэпIэ гъунапкъэхэм я деж щызэщIэгъэуIуат: зыри пэплъатэкъым нацистхэр шэдылъэ щIыпIэхэмкIэ къызэпрыкIыну. Апхуэдэ щытыкIэм къихута ди зауэлIхэр зэрыгъэгужьеящ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ нэхъ хуэхьэзыру бийм пэувыфар НКВД-м и Iэтащхьэ Берие Лаврентий и IуэхущIапIэм хыхьэ гъунапкъэхъумэхэрщ. Брест быдапIэм и щапхъэр урикъунщ.
- АрщхьэкIэ къарухэр зэхуэдэтэкъым. Бадзэуэгъуэм и зэхуэдитIым бийм иубыдащ Витебск къалэр. Ди зауэлI куэд къаухъуреихьащ. Нацистхэм я штаб нэхъыщхьэм и унафэщI Гольдер Гитлер иригъэкIуэкIа зэIущIэм щыжиIащ тхьэмахуэ зэхуакуитIым къриубыдэу Германиер Совет Союзым текIуауэ: абы къилъытэрт вермахтыр иджы зыми къимыгъэувыIэфыну.
- ИкIи, пэжу, щытыкIэр хуабжьу хэплъэгъуэ хъуат. Иджы абы теухуауэ ятххэр зэтехуэркъым. Языныкъуэхэм къэхъуа псомкIи ягъэкъуаншэ Сталиныр. Хэбгъэзыхьмэ, жызыIэ щыIэщ зауэм щIидза иужь гужьея вождыр махуищкIэ зигъэпщкIуу лэжьапIэм емыкIуэлIауэ. А пцIыр япэу зыутIыпщар Хрущёв Никитэщ: «Микоянрэ сэрэ абы и деж дыщыкIуам ар япэщIыкIэ шынат дгъэтIысыну дыхуэкIуа и гугъэу: апхуэдизу гужьеят». Ар пцIы къудей мыхъуу икIи дыхьэшхэнщ. Япэрауэ, псори зыфIэлIыкI Сталиныр езым ажэгъафэ пэлъытэу иIам щышынауэ уи нэгу къыпхущIэгъэхьэнукъым. ЕтIуанэрауэ, Хрущёви Микояни зэи къарузехьэ IэнатIэ пэрытакъым ар яубыдыфын хуэдэу. Iуэхум хэзыщIыкIхэр, псалъэм и хьэтыркIэ, Маршал Будённый, щыхьэт зэрытехъуащи, зауэм щыщIидза махуэм щегъэжьауэ ар иухыху и лэжьыгъэр зы сыхьэти зэпигъэуакъым: дзэзешэхэр абы и деж псалъэ хъурт махуи жэщи. Тимошенкэ тригъэкIри, СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и цIыхубэ комиссарым и къулыкъури езым къызыхуигъэнащ унафэ псори зы цIыхум зригъэкIуэн хуейуэ къилъытэри. Щыуагъэхэр яIэщIэкIами, ар тэмэму ича лъэбакъуэт, ар гъащIэми къигъэлъэгъуащ.
- Фашистхэр лъэныкъуэ псомкIи — ищхьэми, икуми, ищIагъми — къыщебгъэрыкIуэрт. ЕпIэщIэкIыу пэщIагъэува ди дзэхэр абыхэм япэлъэщыртэкъым. Вязмэ «котёлу» тхыдэм хыхьам ди цIыхухэр игъэгулэзащ: зэуэ мин 500-м щIигъу мафIэм и кум къыхэхутат. Абы нэхърэ нэхъ хэплъэгъуэ Iуэху япэкIи иужькIи ди къэралым къыщыхъуакъым Хэку зауэшхуэр иухыху. Уеблэмэ, Сталиным и унафэкIэ комиссэ къызэрагъэпэщащ ар къызыхэкIар зригъэщIэну. Къуаншэри къагъуэтащ. Ар КъухьэпIэ фронтым и Iэтащхьэ Конев Ивант. Комиссэм и унафэщI, ЗыхъумэжыныгъэмкIэ комитетым хэт Молотов Вячеслав генералыр трибуналым иратыну ткIийуэ къигъэувырт, ар мыкъуаншэу абы и пIэкIэ а фронтым и унафэщIу ягъэува Жуков Георгий жиIэми. Щымыхъум иужьрейр Сталиным и деж псалъэщ, Iуэхур зыIутыр гуригъаIуэри, елъэIуащ Коневыр езым и къуэдзэу къигъэнэну. «Нэхъ тэмэму къызэрыплъытэм хуэдэу щIы», — арэзы хъуащ Нэхъыщхьэ дыдэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Коневыр къелащ (трибуналым IэщIыхьэмэ, ар яукIынут), комиссэм и лэжьыгъэри иухащ.
- Ауэ абы щытыкIэр нэхъыфI ищIыртэкъым. Вязьмэ иужькIэ нэмыцэхэр Москва гъунэгъу хуэхъуащ. Япэ фашист бомбэр щыхьэрым щырадзыхащ бадзэуэгъуэ мазэм и кум. Бийм и кхъухьлъатэхэр кIуэ пэтми нэхъыбэрэ къалащхьэм щхьэщыхьэрт. АрщхьэкIэ лажьэшхуэ ямыIэу, бомбэхэр зытрагъэщэща нэгъуэщIхэм еплъытмэ, къызэтенащ уэгур зыхъумэхэм я фIыгъэкIэ. Ахэр псэемыблэжт, дэтхэнэри хьэзырт и хэкум папщIэ и гъащIэр итыну. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа Талалихин Виктор и шэхэр щиухым и машинэр нацист кхъухьлъатэм жьэхигъэуащ. Апхуэдэхэм и деж псэууэ укъелынкIэ гугъапIэ гуэри щыIэкъым, ауэ, и насыпым къихьри, къелащ парашюткIэ къелъэри. Езым зэрыжиIэжамкIэ, апхуэдэ псэзэпылъхьэпIэм щыхуэкIуэм зэгупсысар зыщ: «Сэ сыкъемылми, бий кхъухьлъатэм ис нэмыциплIри хэкIуэдэнущ. Аращи, сатекIуэнущ». ЛIыгъэм и щапхъэхэр кIэ зимыIэм хуэдэу гъунэжщ.
- АрщхьэкIэ нэмыцэхэм жэуап гуэр иратын хуейт. Абы гушхуэныгъэ къахилъхьэжынут «къуанщIэ фIыцIэхэм» ягъэшына москвадэсхэм. «Берлин еуэн» — ар япэу зигу къэкIам теухуауэ тхыдэджхэм жаIэхэр зэтехуэркъым, ауэ ар икIи Iуэхукъым. Совет авиацэм и унафэщI Кузнецов хуабжьу диIыгъащ а гупсысэр. Кхъухьлъатэхэр зытелъэтыкIыну щIыпIэри къахуигъуэтащ: Ищхъэрэ тенджызым хэт хытIыгум щыIэ аэродромыр. Адрейхэм тет кхъухьлъатэхэр фашист къалащхьэм нэсыфынутэкъым. Сталин Иосиф Iэ зыщIидза унафэр авиадивизием и Iэтащхьэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Водопьяновым и деж нагъэсащ. Абы къигъэувырт Берлин, ар яхузэфIэмыкIмэ Кёнигсберг (иджы Калининград — ред.), бомбэхэр щрадзыхыну. Пэжщ, унафэ пщIыну куэдкIэ нэхъ тыншт ар бгъэзэщIэн нэхърэ. Ауэ дэрэжэгъуэшхуэ яхэлъу Iуэхум яужь ихьащ: аэродромыр зыхуеину пщалъэхэм ирагъэзэгъащ. Мыгувэу абы зэкIэлъхьэужьу телъэтыкIащ бомбэзехьэ хьэлъэхэу 15. Гъуэгуанэр кIыхьым и закъуэтэкъым, атIэ егъэлеяуи дзыхьщIыгъуэджэт — щIалэхэм лъэпощхьэпо куэд къапэплъэрт. Япэ ПВО-м зигъэхъеякъым: нэмыцэхэм ягугъащ пщэрылъ щащIахэр ягъэзэщIа иужь езыхэм я кхъухьлъатэхэм къагъэзэжыну. Бомбэзехьэхэр километри 7 и лъагагъыу кIуэрт. Ар шынагъуэншэт, ауэ градус 40-м нэс щIыIэм игъэдыкъырт. Хуабэу ухуэпами, сыхьэт бжыгъэкIэ абы ухэтыныр уи фэм дэмыхуэн хуэдизт.
- ИкIи мис къалъэгъуащ Берлин и уэздыгъэхэр. Жэщыр хэкIэсат. Иужьрей трамвайхэр, гува лъэсырыкIуэхэр я хэщIапIэхэм хуэпIащIэрт. Дакъикъэ зыбжанэ дэмыкIыу къалэр щIыпIэ-щIыпIэхэм къыщызэщIэлыдащ. Фашистхэм я щыхьэрыр ягъэзджызджащ килограмми 100 зи хьэлъагъ бомбэ зэщIэфиехэм. Сталиным и жыIэр ягъэзащIэкIэрэ къыздащта фугасхэм (мафIэсышхуэ къэзыгъэхъухэм) щытыкIэр нэхъри гужьеигъуэ ящIащ. Ар апхуэдизкIэ зыпэмыплъати, нэмыцэхэм зэуэ зыкъащIэжакъым. Ауэ къэхъуар къащыгурыIуэм сиренэхэр зэщIэгъуэхъуащ, прожекторхэм уэгу кIыфIыр щIащыкIыу щIадзащ, кхъухьлъатэхэм заIэтащ, зениткэхэр, топхэр дэуейрт нэуфIыцIщхьэрыуэу. Ауэ ахэр километри 7 зи лъагагъыу кIуэ бомбэзехьэхэм ялъэIэсыфыртэкъым: апхуэдизу зи щхьэ щытхъуж нацистхэм я прожекторхэр зэрыдэплъеифыр километритхукIэт.
- Къэхъуар фашист Германием и дежкIэ напэтехт: зэхикъутакIэу жыхуиIэ къэралым езым и къалащхьэм бомбэхэр къыдедзэ! АрщхьэкIэ напэм емылIалIэ … и пропагандэм хэкIыпIэ къигъуэтащ. Абы ягъэIуащ мыпхуэдэ хъыбар: «Дыгъуасэ и жэщым Берлин къыщхьэщыхьащ инджылыз кхъухьлъатэу 20-м щIигъу. Ди зауэлI хахуэхэм абыхэм ящыщу 6 къраудыхри, адрейхэр ирахужьэжащ». Ауэ пцIыр куэдрэ зекIуакъым. Сэбэп хъуащ Лондон и радиор: абы жиIащ зи гугъу ящI зэманым дунейр зэкIэлъымыкIуэу зэрыщытам къыхэкIыу, Великобританием и зы кхъухьлъати уэгум зэримыхьар. Сыт ящIэнт, заумысыжын хуей хъуащ Берлин еуар совет кхъухьлъатэхэр зэрыарамкIэ. Нэхъыщхьэращи, къагурыIуэрт ахэр дяпэкIи къызэрыкIуэнур икIи зыри зэрахуэмыщIэнур. ФокIадэр къэсу ди кхъухьлъатэхэр зытелъэтыкI аэродромыр бийм зэтрикъутэху апхуэдэ щIыкIэкIэ бомбэ тоннищэхэр нацистхэм я гъуэм ирадзащ. Зауэм и екIуэкIыкIэм ижь щIимыхуми, ар ехъулIэныгъэшхуэт. НэгъуэщI Iуэхущ адрей IэнатIэхэм щахузэфIэкIар. Абыхэм ящыщщ «рельс зауэкIэ» зэджэр.
- ХэщIыныгъэ хьэлъэ иратырт зэрыпхъуакIуэхэм яубыда щIыпIэ куэдым къыщызэрагъэпэща партизан отрядхэм, диверсие зылэжь гупхэм. Абыхэм бийм и хэщIапIэхэр, фронтым кIуэ мафIэгухэр къагъауэрт. А псоми куэд тратхыхьащ, дэ нэхъ зи гугъу тщIынур тхыдэджхэми журналистхэми нэхъ мащIэрэ фIэкIа къамыIэта Iуэхухэрщ. Мис абыхэм ящыщ зы.
- «Урыс спецназым и адэшхуэу» къалъытэ Старинов Илья Испанием щекIуэкIа граждан зауэм зыкъыщигъэлъэгъуат диверсие Iуэхум куу дыдэу хэзыщIыкI цIыхуу. Абы и жыIэм щIэту ягъэтIылъа лагъымхэмкIэ хьэбэсабэу зэхакъутат урым дивизием и штабыр зэрыса мафIэгур. Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащыну тхылъхэр ягъэхьэзырауэ 1937 гъэм къигъэзэжат, ауэ абы и пIэкIэ пцIы къытралъхьэри зэхэзехуэн ящIащ, ягъэтIысащ. Стариновыр къезыгъэлар Ворошиловырщ. Абы а зэманым НКВД-м и Iэтащхьэу щыта Ежов хуигъэуващ ордензехьэм и гугъу ямыщIыну. Полковник цIэр фIащри, Стариновыр РККА-м и щIэныгъэ-къэхутакIуэ гъущI гъуэгу полигон нэхъыщхьэм и унафэщIу ягъэуващ. Абдежи къыщигупсысащ «къыпхущIэмых лагъымхэр — къыщагъэуэну пIалъэр ягъэIэпхъуэ хъухэр». Ар щэнейрэ Совет Союзым и ЛIыхъужь, апхуэдиз дыдэри генерал ящIыну къагъэлъэгъуат, арщхьэкIэ сыт щыгъуи щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ къызэпыуда хъуащ.
- Стариновыр псом хуэмыдэу цIэры-Iуэ зыщIар генерал-лейтенант Георг фон Браун я пашэу фашистхэм я 53-нэ дивизием и унафэщI псори 1941 гъэм Харьков зэрыщызэтриукIарщ. Генералым увыIэпIэ ищIат а къалэм и унэ нэхъ дахэ дыдэр, зэгуэр Хрущёв Никитэ зыщылажьэу щытар. Ауэ къагурыIуэрт ди дзэхэр щикIуэтым зэрыпхъуакIуэхэм я нэ къыфIэнэну псори лагъымкIэ къызэрагъэтIылъыхьар. А лэжьыгъэр ирагъэкIуэкIат езы Стариновым и унафэм щIэту. Апхуэдэуи хъуащ: Дзержинскэм и уэрамым тет а унэ дэгъуэм сапёрхэм къыщагъуэтащ псори зэхэту тротил килограми 150-рэ. Я ехъулIэныгъэм нэмыцэхэр апхуэдизкIэ игъэгушхуати, абыхэм директивэ щхьэхуэ къыдагъэкIащ мы псалъэхэр иту: «Полковник Стариновым «къыпхущIэмых» и лагъымхэр нэпцIу къыщIэкIащ. Вермахтым и сапёр гъуэзэджэхэм, уеблэмэ, Iэмэпсымэ гуэри къагъэсэбэпын хуей хъуакъым IэмыкIуэлъэмыкIуэу ягъэувахэр къагъуэтын папщIэ». Директивэр къыщыдэкIар 1941 гъэм щэкIуэгъуэм и 10-рщ, ауэ щэкIуэгъуэм и 14-м унэ зыбжанэ зэтезыгъэщэха лагъымхэр Харьков къыщыуащ. Абыхэм хэкIуэдащ фон Браун и деж банкетым щызэхуэса офицер псори — къанэ щымыIэу дивизием и унафэщIхэр.
- КъызэрыщIэкIамкIэ, «вермахтым и сапёр гъуэзэджэхэм» къагъуэтар къызэрагъапцIэ къунтх къудейрт, адрейхэр куууэ щIэуфат. Ахэр Воронеж щыIэ радиодетонаторымкIэ къагъэуащ.
- Хэку зауэшхуэм и япэ илъэсхэм СССР-м къехъулIахэм ящыщщ Инджылызыр и гъусэу Ираным егъэщIылIа Iуэхур зэрызэфIагъэкIар. Фашистхэр щIыналъэм псынщIэу къыкIуэцIрыкIыу хуежьа иужь, а къэралым и пащтыхь Реза Пехлеви Гитлер и дежкIэ еплъэкI хъуат. Тегеран куэду кIуэрт нэмыцэ хьэрычэтыщIэхэр, абы щызеуэрт абверым и тIасхъэщIэххэр. Нэщэнэ псоми къыбжаIэрт нацистхэм Ираныр зыIэрагъэхьэну зэрызагъэхьэзырыр. Ар егъэлеяуэ шынагъуэт Совет Союзми Великобританиеми я дежкIэ: итIанэ Ираным и лъэныкъуэмкIэ къикIыу Кавказми а зэманым инджылыз колониеу щыта Индием и гъунапкъэхэми ялъэIэсыфынут. Ар къэбгъэхъункIэ Iэмал зимыIэт. Москварэ Лондонрэ нотэхэмкIэ мызэ-мытIэу Тегеран зыхуагъэзащ ар зэрыхуамыдэнур гурагъаIуэу, ауэ ахэр жэуапыншэу къэнащ. Апхуэдэу щыхъум Кавказым ираша совет дивизиеу 15-рэ инджылыз дивизиеу 4-рэ танкхэмкIэ Ираным и щIыналъэм кIуэцIрыкIащ къыпэрыуэшхуэ щымыIэу. Реза Пехлеви езым и пIэкIэ и къуэр къигъанэри къэралым икIащ, Ираным и щIыналъэр IыхьитIу зэхуагуэшащ, Гитлери пыкIащ ар иубыдыну иIа мурадым. Иджы ар зыхущIэкъуар СССР-м и къалащхьитIыр — Москварэ Ленинградрэ — зэрипхъуэнырт. Япэу гузэвэгъуэр лъэIэсащ ищхъэрэ щыхьэрым: шыщхьэуIум бийм хузэфIэкIащ ар къиухъуреихьын, ауэ дыхьэфакъым. Ди зауэлIхэм, «революцэм и гущэр» псэемыблэжу яхъумэрт. Нэмыцэхэр хэтащ Совет Союзым гужьгъэжьгъ бзаджэ къыхузиIэ Финляндиер зыдигъэIэпыкъуну, уеблэмэ, финхэм хуагъэлъагъуэрт щебгъэрыкIуэну щIыпIэр — Карелие ЗэпырыкIыпIэр. Мыбдеж мыхьэнэ ин зиIа къалэн щагъэзэщIащ ди тIасхъэщIэххэм: абыхэм фашистхэм хуаIуэхурт Ленинград нобэ-пщэдей зитыну, афIэкIа зимыхъумэжыфыну, финхэр ягъэшынэрт щебгъэрыкIуэну хухаха щIыпIэм Советхэм къаруушхуэ щызэщIигъэуIуауэ жраIэурэ. Мис апхуэдэ «джэгухэр» сэбэпышхуэ хъуащ: хэщIыныгъэ хьэлъэхэр ягъуэтыну зи фIэщ хъуа финхэр тегушхуакъым Ленинград ебгъэрыкIуэну. Гитлери елIэлIэжакъым ахэр къигъэдэIуэным, абы и пIэкIэ унафэ ищIащ генерал-полковник Гёпнер Эрих и 4-нэ танк армэр арыншами «зи псэр хэкI» Ленинград къытричу Москва и лъапэм игъэIэпхъуэну. Ар къэсыным пэплъэу тIысыжащ Москва ебгъэрыкIуэ «Центр» дзэ гупыр. 1941 гъэм Япониер СССР-м и бий зауэм зэрыхэмыкIынум теухуауэ ди тIасхъэщIэх гъуэзэджэ Рихард Зорге къыбгъэдэкIа хъыбарыр и те-гъэщIапIэу Сталиным ар жьыдэху- пIэу ирикъуащ КъуэкIыпIэ Жыжьэм щыIэ ди дивизэм зыкъом къришын папщIэ.
- АдэкIэ къэхъуам дэ дыщыгъуазэщ. Ленингад къызэращтэну къару фашистхэм яхурикъужакъым. Абы хузэфIэкIар ар блокадэм щIигъэтынущ. Къалэм щыпсэухэр а гъэунэхуныгъэ хьэлъэм къикIащ лIыгъэшхуэ яхэлъу икIи я напэр зытрамыхыжу.
- Москва и деж Iуэхур зэрыщыщытыр нэгъуэщIущ. Бжьыхьэм и пэщIэдзэм ирихьэлIэу бийм иубыдакIэт щыхьэрым и гъунэгъу къалэ, къуажэ куэд. Европей политикхэм шэч къытрахьэжыртэкъым нэмыцэхэм ар къызэращтэнум, зэрызэтемыхуэр ар къыщыхъуну жыхуаIэ зэманымкIэт: языныкъуэхэм зы мазэ жаIэрт, адрейхэм апхуэдизи иратыртэкъым.
- КIуэтэхукIэ щытыкIэр нэхъри зэщIэплъэрт. Радиом къитхэм уагъэгузавэрт. Фашистхэм Можайск и лъэныкъуэмкIэ фронтыр къызэрызэпратхъам теухуа хъыбарыр къызэрыIуу къалэдэсхэр хьэжэпхъажэ хъуащ. СССР-м и лъэпкъ псоми ящыщ зауэлIхэм лъыр къапыжу Москва щахъумэ зэманым абы щыпсэухэр къэдзыхащ. Япэу «щапхъэ» зыгъэлъэгъуар фабрикэхэм я унафэщIхэрщ. Езыхэм я IуэхущIапIэхэм я автомашинэхэм я унагъуэхэр ирагъэтIысхьэщ, унэлъащIэ, алэрыбгъу хуэдэхэр иралъхьэри, ахэр зэрехьэжьащ. Жэпуэгъуэм и 16-р щыхьэрым и тхыдэм «махуэ фIыцIэу», «напэтех махуэу» хыхьащ. Прокуратурэм иужьым къызэрихутамкIэ, а махуэмрэ къыкIэлъыкIуэмрэ унафэщI лэжьакIуэхэу 780-м нэблагъэм псори зэхэту сом мелардрэ мелуан 500-рэ зэкIэщIаупщIэри ежьэжащ, автомобиль псынщIэхэу, хьэлъэзешэхэу 100-м хуэдизымкIэ. Сыт щыгъуи хуэдэу «къыхэжаныкIахэм» яхэтащ парт, совет къулыкъущIэхэр. Парт билетхэу 1551-рэ ягъэсыжауэ къахутащ. КIэрыутIыпщу уэрамхэм къыдэна цIыхухэм мылъкур зрапхъуэу щIадзащ. ЩIэпхъаджащIэ хуэмэбжьымэхэм тыкуэнхэр, псом япэу дыщэхэкIхэр зыщIэлъхэр яхъунщIэрт. Абыхэм ящыщ зыр яубыдащ сабий къызэрырашэкI гу цIыкIукIэ дыщэхэмрэ налкъутхэмрэ ишэу.
- Ауэ апхуэдэу зэрыщытар махуитI къудейкIэщ. Сталиныр Москва дэкIакъым, абы къалэдэсхэр къигъэгуш-хуэжащ. РадиокIэ къэпсэлъащ Жуков Георгий. Макъ быдэкIэ абы жиIащ Москва зауэ щытыкIэ зэрыщагъэувыр икIи абы къыщыгъэлъэгъуа хабзэ ткIийхэм псори текI имыIэу тетын зэрыхуейр, апхуэдэуи къагуригъэIуащ Совет Союзым и щыхьэрыр зэрырамытынур. Москва и дэкIыпIэ псори зэхуащIащ. МахуитI нэхъ дэмыкIыу цIыхухэр зэтесабырэжащ.
- Совет лъэхъэнэм къалащхьэм щыпсэухэр зымыгъэдахэ мы Iуэхур щIэуфат. Сыт атIэ ар иджы дигу къыщIэдгъэкIыжыр? ЩытыкIэр Москва и мызакъуэу, къэрал псом и дежкIи гужьеигъуэу зэрыщытар къридгъэлъэгъуэн къудей щхьэкIэщ. ЖытIэнщи, хьэгъапхъэхэмрэ хьэжьвакъэжьышххэмрэ хагъэкъэбзыкIа иужь, къалащхьэм щыпсэухэм ящыщ куэд цIыхубэ ополченэм хыхьэри, фашистхэм япэщIэуващ, адрейхэр я къару емыблэжу лэжьащ.
- ШАЛ Мухьэмэд,
- КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).