ЦIыхугъэмрэ адыгагъэмрэ я щапхъэгъэлъагъуэ
2020-09-22
- Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт Къантемыр Тыркубий шыщхьэуIум и 27-м илъэс 80 ирикъуащ.
- Къантемыр Тыркубий Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Куэшхьэблэ къуажэм 1940 гъэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Къэрэшей-Шэрджэс педагогикэ институтым. 1965 гъэм «Ленин нур» (иджы «Черкес хэку») газетым ирагъэблагъэри лэжьэн щыщIидзащ икIи гукIи псэкIи фIыуэ илъагъу а IэнатIэм илъэс 45-кIэ пэрытащ, журналист лэжьыгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIу. Тыркубий журналист зэрыхъуамкIэ фIыщIэ зыбгъэдэлъыр и адэращ. Хэку зауэшхуэм къикIыжа нэужь, 1946 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс плIыщIым щIигъукIэ ар адыгэ газетым хуэтхэу, абы пыщIэныгъэ хуиIэу къекIуэкIащ. Ар зылъэгъуа къуэм адэм щапхъэ трихащ.
- Жэуаплыныгъэ пылъу и IэнатIэр зэрырихьэкIым къыхэкIыу корреспонденту щIэзыдза щIалэр япэщIыкIэ корреспондент нэхъыжь, иужькIэ письмохэмрэ газетеджэхэм ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI хъуащ. КъызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэу зыкъэзыгъэлъэгъуа Къантемырым икIэщIыпIэкIэ хузэфIэкIащ газетым и къудамэм и лэжьакIуэхэмрэ абы къатхэхэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэр нэхъри игъэбыдэн икIи зригъэужьын. НэгъуэщI щIыпIэхэм къикI тхыгъэхэр къагъэхь щыхъум, газетым и щIэупщIэм нэхъри хэхъуащ, и купщIэри ефIэкIуащ, цIыхубэм нэхъ щIэщыгъуэ, еджэгъуафIэ ящыхъуащ. А псом къыдэкIуэуи, газетым Iэ тезыдзэхэмрэ къатхэхэмрэ я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъуами, абы и фIыгъэ куэд хэлъщ. КъыжыIапхъэщ, Тыркубий журналистхэмрэ газетеджэхэмрэ я зэIущIэ гъэщIэгъуэнхэр, конференцэ щхьэпэхэр, газетеджэхэм я махуэ гукъинэжхэр къызэрызригъэпэщыр. Мазэ къэс абы игъэхьэзырт «Дэ къытхуатх», «Ди пощт» псалъащхьэхэм щIэт напэкIуэцI купщIафIэхэр.
- Зи IэнатIэм хуэпэж, зи гуащIэ емыблэж лэжьакIуэ гумызагъэр щэнхабзэмкIэ къудамэм и унафэщIу ягъэуващ. Абыи зыкъыщигъэлъэгъуащ зи пщэрылъхэр IэкIуэлъакIуэу зыгъэзащIэ лэжьакIуэу. Редакцэм жэуап зыхь и секретарь, редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ къулыкъухэм ар илъэс блырыблкIэ пэрытащ.
- ТхакIуэр ящыщщ шэрджэс литературэм хулъэкI хуэзыщIахэм нэхъри зыгъэбеяхэм, зыгъэбжьыфIахэм. Апхуэдэщ и очеркхэмрэ гъуэгуанэ тхыгъэхэмрэ щызэхуэхьэса «Абыхэм я гъащIэр» (1977 гъэ), «Кулизар мэIэзэр» (1978 гъэ), «СыгушыIэуи, си фIэщуи» (1997 гъэ), «Пата — легенда мудрости Кавказа» (1916 гъэ), адыгэбзэкIи урысыбзэ-кIи къыдигъэкIа «Фыкъыддежьу» (2017 гъэ), «Пойте с нами» и тхылъ щхьэпэхэр. «ЦIыкIухэм жаIэ» псалъащхьэм щIэту абы игъэхьэзыращ и тхыгъэ кIэщIхэр щызэхуэхьэса тхылъ щхьэхуэр. И тхыгъэ зыбжанэ хагъэхьащ адыгэ литературэр еджапIэхэм зэрыщрагъэдж программэм.
- Тыркубий ящыщщ нэгъуэщIхэм яхэмыгъуащэу зи хъэтI зиIэжу къэгъуэгурыкIуэ тхакIуэ зырызхэм. И япэ лъэбакъуэхэр усэхэмрэ очеркхэмкIэ лъэпкъ литературэм хича-ми, иужьым ар хуэкIуэжащ куэдым ягу дыхьэ гушыIэхэмрэ ауанхэмрэ. А тхыгъэхэр тхылъеджэхэм ягу щIынэс щхьэусыгъуэхэм ящыщщ ахэр къэгупсыса хъыбар мыхъуу, гъащIэм пэжу къызэрыщыхъуар, езыр зэрырихьэлIар. ЗэрытщIэщи, адыгэм ауанымрэ гушыIэмрэ и щIасэщ. ТхакIуэм и ауанхэмрэ гушыIэхэмрэ цIыхухэм я ныкъусаныгъэхэр гъуджэм хуэдэу ирегъэлъагъуж, гъэсэныгъэ мыхьэнэм къыдэкIуэу фIым, гуапагъэм, дахагъэм хуагъэуш. Абы и гушыIэ Iуэтэж цIыкIухэм новеллэ нэщэнэхэр яхэлъщ: узыпэмыплъэ жэуап е къэхъукъащIэ ущрохьэлIэ. Нэхъыщхьэращи, зэфIэкI зыбгъэдэлъ дэтхэнэ зы тхакIуэми хуэдэу, и лъэпкъэгъухэм я мызакъуэу, абы и IэдакъэщIэкIхэм щIэупщIэхэр щаIэщ нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщхэм я дежи. Тхылъеджэхэм я гукъеуэхэр зэрыщхьэщахырщ и ауанхэмрэ гушыIэхэмрэ цIыхубэр щIатхьэкъуар, гъунэгъу лъэпкъхэм я бзэхэмкIи щIызэрадзэкIар. Абы и IэдакъэщIэкI купщIафIэхэм куууэ къыхощ адыгэ щэнхабзэм, анэдэлъхубзэм, IуэрыIуатэм я къулеигъэхэр. Балигъхэм щхьэкIэ итха гушыIэ Iуэтэж кIэщIхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэщ сабийхэм яхуигъэзахэм нэхърэ. Ахэр нэхъыбэу зытеухуар еджапIэхэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэрщ. КъищынэмыщIауэ, и адыгэ хэкум, фIыуэ илъагъу и лъэпкъым, къыщыхъуа къуажэм, фIылъагъуныгъэм, нэгъуэщIхэм триухуа и усэхэр уэрэду зэIэпахыу цIыхубэм ягъэзащIэ, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм я композиторхэм макъамэхэр щIалъхьауэ.
- Къантемыр Тыркубий и лэжьыгъэфIым и пщIэр Къэрэшей-Шэрджэсым и мызакъуэу, Урысейми нэгъуэщI щIыналъэхэми къыщалъытащ. Абы и щыхьэтщ «Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» щIыхьыцIэхэр къызэрыфIащар, «Печатым и отличник» щIыхь дамыгъэр, «ГуащIэдэкIым и ветеран» медалыр, «Пата — легенда мудрости Кавказа» и тхылъым папщIэ республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид и саугъэтыр, Музыкэ гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэмрэ а унэтIыныгъэм щиIэ ехъулIэныгъэхэмрэ папщIэ «Дыщэ микрофон» саугъэтхэр къызэрыхуагъэфэщар. КъищынэмыщIауэ, Къантемырыр республикэ журналист зэпеуихым я лауреатщ, УФ-м и Журналист зэгухьэныгъэр илъэс 80 щрикъуам а IуэхущIапIэм и ЩIыхь тхылъыр къратащ.
- Мы зэманым пенсэм тIысыжауэ зигъэпсэхуми, Тыркубий и тхэныр зэпигъэукъым. Къыщыхъуа Куэшхьэблэ къуажэмрэ зыщыщ Къантемыр лъэпкъымрэ ятриухуа тхыгъэхэм, «Сабийхэм жаIэ» тхылъ цIыкIум гупсэхуу илъэс зыбжанэкIэ елэжьащ икIи а Iэрытххэр къызэрыдигъэкIынум хуигъэхьэзыращ. Нэхъыжь Iущ, тхакIуэ, журналист набдзэгубдзаплъэ, нэхъыщIэхэм я ущиякIуэ, цIыхугъэмрэ адыгагъэмрэ я щапхъэгъэлъагъуэ Къантемыр Тыркубий узыншагъэ быдэ иIэу, и къалэмыр мыкIуэщIу иджыри илъэс куэдкIэ лъэпкъым тхуигъэлэжьэну ди гуапэщ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.