Нэхугъэмрэ фIыгъуэмрэ дыхуэзышэ гъуэгуанэ
2020-09-08
- ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн зэрыщIадзэрэ илъэс 55-м нэсащ. ЩIыпIэ куэдым щаIэт а махуэшхуэр Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм (ООН-м) и унафэкIэ ягъэувауэ щытащ 1966 гъэм фокIадэм и 8-м. Абы щыгъуэ Тегеран къыщызэIуахат егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министрхэм я дунейпсо зэхуэсышхуэ.
- ЩIы хъурейм и къэрал куэдым я лIыкIуэхэр къызрихьэлIа а конференцым щытепсэлъыхьауэ щытащ цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным, къеджэкIэ, тхэкIэ, бжэкIэ ящIэу щIэблэр къэгъэтэджыным мыхьэнэшхуэ зэриIэм. НэгъуэщIуи хъунукъым: дуней псор къапщтэмэ, еджэкIэрэ тхэкIэрэ зымыщIэ цIыху балигъхэм я бжыгъэр мелуан 800-м ноблагъэ. Абыхэм я нэхъыбапIэр бзылъхугъэщ. Школ кIуэгъуэ ныбжьым нэса сабийхэм ящыщу еджэну Iэмал яIэкъым мелуан 75-м щIигъум.
- ЦIыхубэм я егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ дэнэкIи къыщызэгъэпэщыныр зи къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ а IэнатIэм ноби лэжьыгъэшхуэ зэфIех. Абы и пашэ Гутерреш Антониу зэрыжиIамкIэ, ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и унафэкIэ 2010 гъэм къыщыщIэдзауэ 2020 гъэм нэсыху Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я зэгухьэныгъэм хыхьэ къэралхэм егъэджэныгъэм, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным я илъэсипщI ирагъэкIуэкIащ. ООН-м и апхуэдэ унафэр и лъабжьэу, Урысей Федерацэм щекIуэкIащ ЕгъэджакIуэм и илъэсыр. Апхуэдэщ илъэс зыбжанэ ипэкIэ УФ-м и Президентым къыхилъхьауэ щыта «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектри. Абы ипкъ иткIэ школ куэдым сом мелуан зырыз хъу къэрал дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтащ, егъэджакIуищэхэр сом мин 200, 100, 50 зырыз хъу ахъшэ саугъэтхэмкIэ ягъэпэжащ. 2020 гъэм и закъуэ федеральнэ бюджетым къыхэкIыу а проектым хуаутIыпщащ сом меларди 100-м щIигъу, псори зэхэту къапщтэмэ, абы нобэр къыздэсым хухахащ сом мелард 900-м щIигъу. 2024 гъэ пщIондэ щIыналъэхэм иджыри яIэрыхьэнущ сом мелард 300-м щIигъу.
- КъищынэмыщIауэ, УФ-м и Президентым къыхилъхьащ «Ди школыщIэ» программэр. Абы къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, дяпэкIэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэр нэхъыбэу зыхуэунэтIауэ щытын хуейр ныбжьыщIэхэр зэрырагъаджэ щIыкIэм и фIагъыр хэпщIыкIыу егъэфIэкIуэнымрэ школакIуэ зэчиифIэхэр гъэпэжэнымрэщ. Апхуэдэу гулъытэ нэхъыбэ хуащIынущ сабийхэм я узыншагъэр хъумэным, псом хуэмыдэу иджырей лъэхъэнэм: коронавирус уз зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэр щыщыIэ зэманым. Гулъытэ хэха хуащI школакIуэхэр я ныбжьымрэ я зэфIэкIымрэ елъытауэ егъэджэным, ерыскъы пщтыркIэ гъэшхэным, санитар-гигиенэ хабзэхэм изагъэу лэжьыгъэ псори школым къыщызэгъэпэщыным. ЩIыналъэхэм щылажьэ егъэджэныгъэ проектхэм ящыщщ «Иджырей школ», «Дэтхэнэ сабийми и ехъулIэныгъэр», «Бжыгъэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэр», «КъэкIуэнум и егъэджакIуэ», «IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр», «Сабий зиIэ унагъуэхэм защIэ- гъэкъуэн», «НыбжьыщIэхэм я социальнэ жыджэрагъыр», «Демографие», нэгъуэщIхэри. Къэралым къихъуэ щIэблэм щIэныгъэфI ябгъэдэлъхьэным хуэгъэпса а Iуэхугъуэхэм сом мелуан бжыгъэхэр хуаутIыпщ илъэс къэс.
- Ди къэралым щолажьэ школ мин 50-м щIигъу. Абыхэм егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэр щызэфIах IэщIагъэлI мин 40-м нэсым. ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм я процентыр абыхэм я Iыхьэ пщIанэм нызэрохьэс. Зи щIалэгъуэхэм я жыджэрагъымрэ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм щIэуэ халъхьэхэмрэ хуабжьу хуэныкъуэщ иджырей школыр. ЕджапIэ нэхъыщхьэхэр къэзыух щIалэгъуалэм ящыщу къуажэ школым щылэжьэну кIуэхэм саугъэт щхьэхуэ ятыпхъэу къилъытащ Президентым. А Iуэхугъуэм тещIыхьа «Къуажэ егъэджакIуэ» проектри мы илъэсым щегъэжьауэ щолажьэ ди щIыналъэм. Класс унафэщIхэми гулъытэ хэха ягъуэт мы гъэм къыщыщIэдзауэ: абыхэм я лэжьапщIэм хущIагъу сом мин тхурытху.
- УФ-м и цIыхухэм щIэныгъэ, IэщIагъэ егъэгъуэтыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхуу къэралым къызэрыщалъытэм и щы-хьэтщ абы къызэщIиубыдэ щIыналъэхэм ящыщ дэтхэнэми тхэкIэрэ еджэкIэрэ зымыщIэ зы цIыхуи (я ныбжь елъытауэ) зэрыщумыгъуэтынури. ФокIадэм и 1-м школхэм екIуэлIэжащ сабий минищэхэр. ЕгъэджэныгъэмкIэ къэрал IэнатIэхэм яхузэфIэкIащ иужьрей илъэсищым са-бий садхэм щызэтрихьауэ щыта чэзур ягъэмэщIэну. Садхэмрэ прогимназиехэмрэ мы гъэм кIуэну Iэмал яIэщ абы хуэныкъуэ сабий мелуанхэм. Мы гъэм и закъуэ сабий садхэм къахэхъуащ цIыкIу 940-рэ зыщIэхуэн ухуэныгъэхэр. Къапщтэмэ, ди республикэм и гъэсапIэхэм фокIадэм и 2-м екIуэлIащ зи школ кIуэгъуэ мыхъуа цIыкIухэм я процент 96-рэ.
- А IэнатIэхэм, къыкIэлъыкIуэу пэщIэдзэ еджапIэхэм, курыт школхэм сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ щагъэтIылъ щIэныгъэ зэхуэмыдэхэм я лъабжьэ быдэр. Интернетым и Iэмалхэр нэсу къыщагъэсэбэп ди къалэхэм, къуажэхэм дэт школхэм. Я егъэджакIуэхэр я гъуэгугъэлъагъуэу, техникэ пэрытыр я Iэдэжу щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну егъэджэныгъэм пэрыхьэжащ ди республикэм и ныбжьыщIэ мини 110-м щIигъу. Япэ классым япэ дыдэ кIуахэм я бжыгъэм, нэгъабэрейм еплъытмэ, къахэхъуащ сабий мини 2-м щIигъу.
- ГъэсапIэхэмрэ курыт школхэмрэ щызрагъэгъуэт щIэныгъэм ныбжьыщIэхэм щыхагъахъуэ УФ-м, хамэ къэралхэм щыIэ университетхэм, институтхэм, колледжхэм, техникумхэм, нэгъуэщI еджапIэхэми. УФ-м и институт, университет, академие зэмылIэужьыгъуэу 1100-м нэсым 2020-2021 гъэ еджэгъуэщIэм екIуэлIэжащ студент мелуани 7-м щIигъу. Колледжхэрэ техникуму 2 500-м щIигъум ныбжьыщIэ мелуани 2-м нэсым IэщIагъэ щызрагъэгъуэт. ЩIалэгъуалэр ирагъаджэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлI минхэм. Иужьрей илъэсхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащI курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ къозыт еджапIэ IэнатIэхэм нэхъри зегъэужьыным, сыту жыпIэмэ лъэпкъ экономикэр хуэныкъуэщ зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI лэжьакIуэхэм.
- Ди республикэм и унафэщIхэми гулъытэ хэха хуащI зэрырагъаджэ щIыкIэр егъэфIэкIуэным. А IэнатIэм мы зэманым зэхъуэкIыныгъэфIхэр щокIуэкI, ахэр псори хуэунэтIащ ныбжьыщIэм ират щIэныгъэм и фIагъым хэгъэхъуэным, егъэджакIуэм иIэ пщIэмрэ социальнэ мыхьэнэмрэ къэIэтыным. Абы и щыхьэтщ иджыблагъэ дэнэкIи щекIуэкIа шыщхьэуIу зэIущIэхэр. ЩIэблэм щIэныгъэ етынымрэ гъэсэныгъэ екIу хэлъхьэнымрэ епха Iуэху зехьэкIэщIэхэрщ ахэр зытещIыхьауэ щытар. АтIэми, КъБР-м цIыху-хэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ Анзор зэрыжиIамкIэ, мы зэманым псом япэ игъэщыпхъэр еджакIуэхэм я узыншагъэр хъумэныр аращ. IэнатIэм хэт псоми ткIийуэ ягъэзэщIэн хуейщ санитар-эпидемиологие хабзэм къигъэув мардэхэр. Зэхуэсхэм зэрыщыжаIамкIэ, ди егъэджакIуэхэр хущIокъу щIэблэм щIэныгъэ куу етыным, гъэсэныгъэ екIу халъхьэным, ныбжьыщIэхэр къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм, творческэ Iуэхухэм дегъэхьэхыным, спортым жыджэру хэшэным.
- ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыныр ар кIыфIыгъэм укъыхэзыш, насыпым и лъэныкъуэ куэдым гъунэгъу ухуэзыщI Iуэхугъуэщ. Нэхугъэмрэ фIыгъуэмрэ, зыужьыныгъэмрэ ехъулIэныгъэ куэдымрэ я лъагапIэ инхэм ухуэзышэ, псэукIэр езыгъэфIакIуэ а Iэмал гъуэзэджэм дэнэкIи пщIэрэ гулъытэ хэхарэ щигъуэтыным псори дыхущIэкъун хуейщ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ,
- «Адыгэ псалъэ» газетым
- егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI.