Я бжыгъэм хэпщIыкIыу хохъуэ
2020-09-08
- Ди газетым зэрытетащи, дэ иджыблагъэ дыщыIащ икIи зыщытплъыхьащ республикэм и гъэмахуэ хъупIэхэм хабжэ Къуэштэн щIыпIэм щылажьэ шэщIэху завод цIыкIур зэрыт фэхумрэ абы ищхьэжкIэ щыIэ лъагапIэхэмрэ.
- КъБР-м ветеринар медицинэм-кIэ и центрым и тхьэмадэм и къуэдзэ Иуан Аскэрбийрэ «ТаиК» ООО-м (Зеикъуэ къуажэ) и унафэщI Тенджыз Замиррэ ди гъусэу, зи дахагъэкIэ хуэдэ щымыIэ Ныуэжьыдзэ Iуащхьэжь «дзахъэжьым» ипщэ лъэныкъуэмкIэ гъэза и джабэ нэкIум Iэхуитлъэхуиту зыщIэзыгъэзэгъа гъэш фермэм хуэдэгъэзеигъуэу дыкъыIукIри, километр 11-кIэ абы пыIудза щIыпIэм дынэсащ.
- Мывэ ду абрагъуэм и къуагъым жьыпэу щIыкIэу зыкъуэзыгъэпщкIуа пщыIэ зэщIэIулIам и пащхьэм Iуэху щызыщIэу щызэхэзекIуэ щIалэхэр, даблэмыжу гъуэгум дыкъызэрыщыувыIар щалъагъум, къытпожьэ. Iэгъуэблагъэм Iэщи шыи зэритым гу лъыдотэ. ДызрихьэлIахэм фIэхъус зэхыным къыдэкIуэу зыкъыдагъэцIыху.
- — Сэ Хьэсэнбийхэ сащыщщ, си цIэр Русланщ, си гъусэр Думэнхэ Альбертщ. Дызыбгъэдэтыр Жылау Хьэсен и пщыIэщ. Дэ тIур ди гъунэгъухэм я деж дыкъекIуэкIауэ аращ. Тенджыз Замир зи унафэщI «ТаиК» ООО-м Хьэкхъуафащхьэ щиIэ и пщыIэхэм ящыщ зым, шыхэр щаIыгъым, дытесщ.
- — Руслан, фыкъыздикIа хэщIапIэм шы дапщэ щыхэвгъэпщрэ?
- — Я бжыгъэр, жыпIэ зэрыхъунумкIэ, щихым щIегъу.
- — Дапщэ факIэлъыплърэ абыхэм?
- — Сранэхъыжьу цIыхуитху дохъури, адрей плIым тIурытIурэ зызэрахъуэкI.
- — Къыбдэлажьэхэм я цIэ-унэцIэм щыгъуазэ дыхуэпщIамэ ди гуапэт, Руслан.
- — Мыбдежым дыщыфлъагъум нэмыщI, адэкIэ къэдгъэнахэщ Щомахуэ Альбертрэ Хьэсэнбий Хьэсэнрэ. Иужьыр си къуэшщ.
- — КъуажэкIэ дэнэ фыщыщ?
- — Псори Зеикъуэщ дыкъыздикIар.
- — Къущхьэхъум шыхэр къыщыдэфхури щефхулIэжри сытым щыгъуэ? — доупщI адэкIэ Хьэсэнбийхэ я къуэм.
- — Накъыгъэм икухэм ирихьэлIэу шыхэр мы щIыпIэм идогъэзагъэри, фокIадэм и кIэхэм — жэпуэгъуэм ипэхэм идохухыж. Ехыжыгъуэр, зэрыгурыIуэгъуэщи, инэхъыбэм зэлъытар дунейм и щытыкIэм зыкъызэригъэлъагъуэрщ. ДыздекIуэлIэжынум мэкъури щыIуахыжарэ губгъуэм илъ гъавэри къыщрахьэлIэжауэ щытын хуейщ, — къыддогуашэ ди псэлъэгъур.
- — Апхуэдиз шыр мы къуршылъэ щIыпIэм дапхуэдэу къызэрефхулIэр?
- — Былым къуажапщэм деж псым щызэпрыдза лъэмыжым нэс асфальт зытелъ гъуэгумкIэ къыдыдохуейри, мы щIыпIэм фыкъызэрихьа мывалъэ лъагъуэмкIэ къыдогъазэ. Шыхэр (шыщIэ цIыкIухэри яхэту) гупжьей 14-у зэхэдгуэшыкIащи, дэтхэнэри цIыху зырызым я пщэ идолъхьэри, зэкIэлъхьэужьу дыкъожьэ, Бахъсэн и тIуащIэм дэт машинэ зекIуапIэр зэман кIыхькIэ зэредмыгъэубыдыным дыхущIэкъуу.
- Псэлъэгъу тхуэхъуахэмрэ дэрэ дыздэщыт щIыпIэр апхуэдизу гъэщIэгъуэнщи, кIуэ аракъэ, лъэныкъуэ псомкIи зыщыпплъыхь пэтми, зыщумыгъэнщIым хуэдэщ. Къыхэбгъэщ зэрыхъунумкIи, абдежыр къэзыувыхьа лъагапIэ телъыджэ-хэу Ныуэжьыдзэрэ Инал бгыщхьэ тафэ екIуэкIымрэ я зэхуаку укъыдэхутауэ, узыхуеплъых Хьэкхъуафэ уэхым уи гупэр хуэгъэзарэ уи щIыбымкIэ аддэ жыжьэу къызэрыпхукъуэплъыр гукIи псэкIи зыхозыгъащIэ Iуащхьэмахуэ бгыжь уардэмрэ я теплъэхэр зэуэзэпсэу уи нэгу къыщыщIэувэ сэнтхыщхьэ гъуэзэджэщ.
- — «Гуэрэн» ООО-м и унафэщI, шы гъэхъуным куэд щIауэ пыщIа Егъэн Ибрэхьим и шыхэр щиIыгъ егъэзыпIэр мы щIыпIэм зэрыпэжыжьэр сыт хуэдизкIэ? — доупщI щIалэхэм.
- Дызэпсалъэхэм я IэхэмкIэ дагъэлъагъу зи гугъу яхуэтщIам Инал бгы екIуэкIым и щIыбкIэ щиIэ и хэщIапIэр здэгъэза лъэныкъуэр.
- — Мы Iуащхьэм и папцIапIэм ищхъэрэкIэ хуэшэмэджыпэу укIэрыхьэрэ абдежым къыщыхэплъагъукIыну лъагъуэм утехьэмэ, Егъэным и пщыIэм утехьэнущ.
- — Дызыхуэплъэ джабэ нэкIу кIыхьым фызэреджэр сыт?
- — МыхъущIыпIэ жыхуаIэр мыращ. Гъэ къэси удзыр тIэкIу нэхъ гувауэ къызэрыщыщIэувэм, нэхъ пасэуи зэрыщыкIуэдыжым къыхэкIыу, ди адэжьхэм а фIэщыгъэр мы екIуэкIым трагъэIукIащ. Абы сэмэгумкIэ къыщхьэщытыр, къызэрывгурыIуащи, Инал бгыщхьэ тафэм и нэхъ папцIапIэрщ.
- АдэкIэ ди псалъэмакъым къыхыдошэ «ТаиК» ООО-м и унафэщI Тенджыз Замир.
- — Былым къуажэм ибгъукIэ щхьэщыIэтыкIауэ къыдэт хъупIэхэм исхэр дапхуэдэу фызэхущыт? — доупщI абы.
- — Губгъуэм зэдисхэр, уи балъкъэри, уи адыги, зы унагъуэм хуэдэу, дыщызэрыхъумэрэ дыщызэдэIэпыкъужу апхуэдэщ. Аращи, мы зэманым дыщыIэм нэмыщI, дяпэкIи къитIысхьэну хущIэкъухэм захедгъэхыпхъэу къыдолъытэ, «мыбдежым исым зэран фахуэмыхъу, фыкъытхэзагъэ, мы щIыпIэри, абы дыкъызэрылъэIэс гъуэгухэри тэмэму зэдедвгъэхьэ, зэдэдвгъэIыгъ…» яжетIэу, — къыддогуашэ Тенджы-зыр.
- КIэлъыкIуэу дэ зыхудогъазэ абы ипэкIэ зэи дыздэщымыIа Къуэштэни Хьэкхъуафи а махуэм дэзыгъэцIыхуа Иуан Аскэрбий.
- — Нобэ дывгъэлъэгъуа щIыпIэхэм ехьэлIауэ сыт хуэдэ гупсысэхэмкIэ укъыддэгуэшэнт?
- — Дыкъызэрыхьа губгъуэм, зэрынэрылъагъущи, Iэбгъэ зыбжанэ итщ. Абыхэм Iэщи, мэли, шыи щаIыгъщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, Къуэштэн деж, тIэкIу къыщызэтеувыIауэ щытыгъами, щрагъэжьэжауэ, шэщIэху завод цIыкIу щолажьэ. Бэджэнду къэзыщтэжа «ТаиК» ООО-м мы зэманым ар иIыгъщ. Абдежым шатэ щыщIаху, кхъуей щыхах.
- — Аскэрбий, къэрал зэгухьэныгъэхэм ейми, уней Iэбгъэми, мы зэманым, псори зэхэту, Къуэштэнрэ Хьэкхъуафэрэ пщыIэ дапщэ ит?
- — Зэгъусэу къэдбжмэ, 11-м ей щыIэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Iэшэлъашэм бэджэнду къамыщтарэ щIы IэнэщIу иныкъуэм нэблагъэ иджыри зэрыдиIэр. Пэжщ, иужьрей илъэс зытIущым хъупIэхэр къэзыгъэунэхужахэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу хэхъуащ, езы Iэщыхъуэхэми я Iуэхур ефIакIуэ зэпытщ. Апхуэдэр яхужыпIэ хъунущ республикэм и гъэмахуэ хъупIэ псоми.
- Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэнейщ.