ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2020-09-05

  • Къуажэхьхэр
  • ТIысыпIэ щэнауэ, хьэуам щызеуэ
  • Тафэ хужьыбзэ,
  • Жылэ фIыцIабзэ.
  •  
  • Iэнэм къыщапсэлъ,
  • Псалъэу щыIэм я нэхъ  дахэ,
  • Псалъэу щыIэм я нэхъыфI.

  •  Зи ныбэм мафIэ щыджэгу,
  • Уэгум щыджэгур зи губжь.
  • ТIысыпIэ щэнауэ,
  • Хьэуам щызеуэ.
  •  
  • Гъатхэм фIыцIэу
  • зэрадзэкI,
  • Гъавэ бэву
  •   къыщагъэкI.
  •  
  • Ар и закъуэу зэи
  •  ямышх,
  • Ар хэмылъу лы
  •  ямышх.
  • Зэхэзылъхьар Щоджэн Леонидщ.
  • Жэуапхэр
  • Тхылъ. Хъуэхъу. Хьэку. Хъыринэ. Хьэсэ. Шыгъу
  • ЖыIэгъуэхэр
  • Куэдым епщIыхьурэ, мащIэми хэкIыжащ
  •  И натIэм къритха къеджэжыфа щыIэкъым.
  •  И нэрэ и псэрэ зэфыгъуэжт.
  •  И ныбэм из мыхъуурэ и гур къиуIащ.
  •  И псалъэ игъэмащIэри, и фIыщIэ бэгъуащ.
  •  И щхьэ темылъ трилъхьэри, езым зыкъыхуэIэтыжакъым.
  •  И Iэтэр Iэмбатэу къызыщыхъужри мащIэкъым.
  •  И Iуэху нэхърэ и мыIуэху нэхъыфIу зэрехуэ.
  •  Иджы ахъшэ иумытауэ уэрэдкIэ я гупкIэ урагъэтIысхьэжыркъым.
  •  Изрэ ныкъуэрэ гукIэ зоныкъуэкъу.
  •  Куэд зыщIэ нэхърэ зыри зымыщIэр нэхъ тышу мэжей.
  •  Куэдрэ уэм и дамэр нэхъ быдэ мэхъу.
  •  Куэдрэ щыта махъсымэм укъыщеху.
  •  Куэдрэ ягъэныщкIуа псалъэ IэфI щIэлъыжкъым.
  •  Куэдым епщIыхьурэ, мащIэми хэкIыжащ.
  •  Куэдым ухэныжами, мащIэм зыхыумыгъэкIыжыпэ.
  •  Куэншыбыжь удзри дахэу мэгъагъэ, ауэ ищI жылэр езым ещхьыжщ.
  • КIэрэф Хьэсэнбий.
  • Лъэпкъ шхыныгъуэхэр
  • ЩIыдэ гъэлыгъуа
  • ЩIыдэр ди щIыпIэм къыщокI, джэш лъэпкъым хыхьэу ябж. ЩIы щIагъым джэшым ещхь жылэхэр щохъу. Абы дагъэу процент 45 — 60, къэуату процент 23 — 27-рэ хэлъщ. ЗэрыцIынэу пшхымэ, уи щхьэр егъэуз икIи гурыхькъым. Ягъэлыгъуэмэ, шхыгъуафIэщ, IэпэкIэ къыщыпщтэкIэ и фэ пIащIэ цIыкIухэр езыхэр толъэлъ. ЩыпшхкIэ къыпIурыщащэу щытщ. КIэтIий узхэмкIэ сэбэпщ. ЩIыдэр тебэ гъущэ иракIутэ, пэшхьэкум трагъэувэри, мафIэ щабэм тету чымчыркIэ зэIащIэурэ дакъикъэ 30 — 35-кIэ ягъэлыгъуэ. ЩIыдэ гъэлыгъуар пэшхьэкум къытрахыж, зэIащIэурэ тIэкIу ягъэупщIыIу, IэкIэ къапщтэ хъууэ. ЩIыдэ лыгъуар тIэу-щэ щIагъэпщыж. Яшх сэхуран купщIэ гъэлыгъуам хуэдэу. Хуабжьу IэфIщ.
  • Халъхьэхэр: щIыдэ цIынэу — г 400, щIыдэ гъэлыгъуауэ къыхокI — г 380-рэ.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
  •  
  • ГушыIэхэр
  • Тхылъ
  • Тхылъ зытхар редакторым йоупщI:
  • — Си тхылъым сыт и хъыбар?
  • — Уэлэхьи, хъыбарыфI имыIэ. Мыхьэнэншэу зэрыщытым къыхэкIкIэ уи тхылъыр къыдэдгъэкIыркъым.
  • — Дауэ зэрымыхьэнэншэр! ДжатэкIэ танкым еуауэ итщ.
  • — А, зиунагъуэрэ, джатэкIэ танкым еуэрэ-тIэ?!
  • КъакIуэри кIуэжащ…
  • Зэгъунэгъу фызыжьитI зэпсалъэрт:
  • — Уа, ГуащэцIыкIу, уи нысэр щхьэ икIыжа?
  • — Алыхь, сымыщIэ мыгъуэ, ДисцIыкIу, зыми зыри хэтщIыкIыркъым. И къэкIуэкIам хуэдэщ и кIуэжыкIари.
  • Бекъул Барэсбий.
  • Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
  • ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкум щагъэлъэгъуа спектаклхэм я нэхъыфIхэм яхыубжэ хъунущ IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ» трагедием къытращIыкIыу а цIэ дыдэр иIэу абы щагъэувар.
  • Абы еплъауэ ар гукъинэж зыщымыхъуа гъуэтыгъуейщ. Апхуэдэу щIыщытри, пьесэр зи Iэдакъэ къыщIэкIами, ар зыгъэувахэми, абы щыджэгуа актёрхэми ягурэ я псэрэ халъхьэу а лэжьыгъэр зэращIарщ.
  • Мэуэтхэм я тхьэмадэ Шупашэ и ролыр зыгъэзэщIа Къаздэхъу СулътIанрэ абы ипхъу дзэзешэ хахуэу джэгуа ЖьакIэмыхъу КIунэрэ зыхэт теплъэгъуэщ мы сурэтым къищыр. ЦIыхубэм фIыуэ ялъагъу артистхэм я зы псалъи зэрыдамыгъэхуным хущIэкъуу, абыхэм зэщIаIыгъыу еплъырт спектаклым къекIуалIэхэр.
  • Псалъэжьхэр
  • Нэгум щIэхур гум йохуж
  •  И напэр итхьэщIами, напэншагъэр хухэгъэгъуэщакъым.
  •  И напэм нэхърэ тебза къэнжалыр нэхъ къабзэт.
  •  Щауэр зыгъэщауэр гуащэщи, гуащэр зэрыгуащэр и щэнщ.
  •  Абы и гъащIэр Iэхъуэхэмыхьэу ехь.
  •  Зэрымылъагъумэ, зэщIолIэ, зэрылъагъумэ, йолIыкI.
  •  Напэм техуэр жьэм жеIэф.
  •  Нахуэ жыIэнрэ нэ ищIынрэ.
  •  Нэгум щIэхур гум йохуж.
  •  НитIрэ пэт, зэфыгъуэгъущ.
  •  Псэ зыпыту мышынэ щыIэкъым.
  •  Псэрэ пэт хьэхущ.
  •  Пшэм уефийкIэ къэувыIэн, вым уегийкIэ гурыIуэн?
  •  Пщэдджыжь хьэщIэ гъэхьэщIэгъуафIэщ.
  •  
  • Бэзэр дыхьэшх-дыхьэгъхэр
  • ЗэщхьэгъуситIыр зэщыхьэж зэрыпэтар
  • КъэсщэхунышхуищымыIэу бэзэрым сыздэкIуам, дыхьэпIэм деж шокъущ жоуэ сащыхуозэ Къармэхьэблэ къызэри-IэпхъукIхэрэ куэд мыщIа Мыхьмудрэ Хъанийрэ:
  • — Бэзэр босын, си гъунэгъущIэхэ! ЛIо, фызыплъыхьакIуэ хьэмэрэ фыщэхуакIуэ?
  • — Упсэу апщий, Мыхьэмэт. Уэлэхьэ, къэтщэхунышхуи щымыIэ. ЩIалэмрэ нысащIэмрэ, Тхьэм и шыкуркIэ, зэкIэ зыми дыщагъащIэркъым…
  • — Тхьэразэ къахухъуи, ар хъарзынэкъэ-тIэ?
  • — ДакъыхудэкIын дымыдэурэ, икIэм-икIэжым я хьэтыр зэрытлъэгъуахэм щхьэкIэ, къыдэубзэхэу арагъэнщ… Уэ уи бэзэр Iуэхухэр зэфIэбгъэкIа?
  • — Сэри сыкъэса къудейуэ арат. ФынакIуэ — хьэщIагъэ фэсхынщ: гъуэгугъэлъагъуэ сыфхуэхъунщ, — жызоIэри, сэ зызгъэхэгъэрейрэ, мохэр згъэхьэщIэ пэлъытэу, си гъунэгъущIэхэр изошажьэ.
  • Япэ дызыхуэзар кIэртIоф щапIэрати, а ерыскъымкIэ Къэбэрдей псом щыцIэрыIуэ къуажэм зэращыщхэр ягъэгъуащэркъым моитIум: къэп хъархэм, ашыкхэм, пэгунхэм, тэрэзэ тепщэчхэм къилыдыкI, къиплъ кIэртIоф дахэшхуэхэм блэкIыфхэркъым — къэувыIауэ зоплъыжхэр. Апхуэдэ кIэртIоф езыхэр къыздикIа къуажэм нэмыщI, нэгъуэщI щIыпIэ къыщыкIынкIэ зэрымыхъунум шэч къытрамыхьэ пэтми, сэ зыкъысхуагъэщIэгъуэну арагъэнщи:
  • — Дэнэ къуажэ кIэртIоф, ди шыпхъу, мыр? — Мыхьмуд къещтэ IэштIым зэгуэтышхуитIми къыщымынэн зы кIэртIоф зыкъизых.
  • — Ан-на, мыпхуэдэ кIэртIоф къыщрахьэлIэнкIэ хъунур фымыщIэу ара? Къармэхьэблэ кIэртIофщ, тхьэ! — къытхуогуфIэ «ди шыпхъур».
  • «Плъэгъуа?! Дыщыуатэкъым» жыхуиIэу, къысщогуфIыкI си гъунэгъур.
  • — КIэртIоф бэлыхь къэбгъэкIащ. Хэтхэ уащыщ, тIасэ?
  • — Щоджэнхэ сранысэщ, тхьэ…
  • — Хэтхэ жыпIа?! – къоуIэбжь Мыхьмуд.
  • — Щоджэнхэ жысIащ, тхьэ, — и напIэ мы-хуадэу жэуап къет къармэхьэблэ нысэм.
  • ЗэщхьэгъуситIыр зоплъыж, арщхьэкIэ зым апхуэдэ нысэ, адрейм апхуэдэ нысэгъу иIэу къахуэщIэжыркъым.
  • — ЕмыкIу сыкъыумыщI, тIасэ, узищхьэгъусэр…
  • — ПэркIурор ухъуа Iей? А псор щIызепхуэр сыт? КIэртIоф пщэхунумэ, мыр кIэртIофщ. Уигу иримыхьрэ — бэзэрыр инщ… — зэран фымыхъуу, фи гъуэгу фытет, — жыхуиIэу, цIыхубзым и нэр къытхузэрегъэдзэкI, ауэ Мыхьмуд, ерыщ екIуауэ, «зэран мэхъу».
  • — ПщыкъуэцIэу умыбзыщIмэ, узищхьэгъусэмкIэ сыноупщIати…
  • — УкъызэупщIамэ, пщIэну дыдэр щIэ! Щоджэн Мыхьмуд срифызщ.
  • — Хэт, хэтщ жыпIа узифызыр? — Хъаний цIыкIу и нэхэр зэблегъэплъ, и щхьэгъусэм худоплъей.
  • — Щоджэн Мыхьмуд жысIащ, си псэм хуэдэ, — псалъэхэр зэпишу къы- доплъ мор. — КъывгурыIуа иджы?
  • — Зыгуэр зэхыумыгъэзэрыхьу пIэрэ, дахэ? — си гъуситIым соплъри, сэри мафIэм къуацэкIэ сыхоуэ. — А жыхуэпIэм къикIыр фызэрыгъуэтыжауэ аращ.
  • — Сыт Iей мыхэр зиIысыр?! Бынищ зыхуэзгъуэта си лIыр сымыцIыхуж нэхъей!.. — цIыхубзым къэгубжьагъэфэ зытрегъауэ.
  • И гъунэгъухэри абы къыщхьэщыжу щыхуежьэм:
  • — Уэ пхуэдэ тIуанэ сиIэу сщIакъым, тхьэ, — Хъаний и Iупэр фIызэтож.
  • — Уэлэхьи, Къармэхьэбли сыщыщщ, Щоджэнхи сракъуэщ, си цIэри Мыхьмудщи, бынищ зыхуэзгъуэта мыпхуэдэ щхьэгъусэ хахуэ зэрызиIэр зымыщIэу пызыхыжар сэрам… Тобэ ярэби, тобэ ярэби!..
  • — Мыр бэзэрщ, тIасэ. ФымыщIэ Iэджи къыщыфщIэнщ… Зэран фымыхъуу, фи гъуэгу фытет, — жери чэнджэщ къыдет си гъунэгъу зэщхьэгъуситIыр зэщызыгъэхьэж пэта «къармэхьэблэ нысэм».
  • Зыгуэр щыжаIэм зыгуэри щыщыIэщ псэлъафэм трищIыхьу арагъэнщи, «тIуанэ зиIэу къыщIэкIа» Хъаний цIыкIу къэлыбын къудей хъуащ:
  • — Мы цIыхубз цIыкIур зыкIэ захуэщ: умыщIэ Iэджи къыщыпщIэнурэ, нэхъыбэжи щызэхэпхынущ бэзэрым.
  • — ФыкъыIукIи фынакIуэ. Сэ сызрихьэлIами фыщIэзгъэдэIунщ, — жызоIэ, зи щытыкIэ хъуар сигу иримыхь си гъунэгъухэр «зэзгъэкIужын» хьисэпкIэ.
  • Пэжри ди фIэщ щIэмыхъужыр…
  • Сэ сыщыщахуэр гъэш щапIэрат. Сызыхуейр кхъуейлъалъэти, гъунэжщ — хэплъыхь. Къыхэх. ТхъуцIынафэрэ данэгъуэжьычу нэм къыщIэлыдэ ухуей, уэсым хуэдэу хужьыбзэ нэхъ къапщтэ-рэ?.. ЖыпIэнурамэ, узыхэплъыхьыныр куэдыкIейщи, согуфIэ.
  • — Узригъэхъуапсэрэ, джэдыкIэ кугъуэу, гъуэжь дахэ уи кхъуейлъалъэр, дауи, шатэтемыхышэм къыхэпщIыкIагъэнщ, ди шыпхъу, — жызоIэ.
  • — АIей, сымуслъымэнкъэ? Сыадыгэкъэ сэ? Алыхьым и дежкIэ сымыплъэу, шэ щIэхуа кхъуейлъалъэ къэсхьу дауэ сщэн? ИкIи шатэтемыхущи, хывышэм хуэдэуи Iувщ, тхьэ, си жэмым къыщIэсшыр.
  • — Ар уи кхъуейлъалъэми къыбжеIэ, ди шыпхъу. Бетэмал, япэрей си узыншагъэр сиIэжу, хэт имышхынрэт мыпхуэдэ кхъуейлъалъи ар зыдэлъу ящIа хьэлыви… Ауэ сэ пшэри дагъэ зыщIэлъи сшхы хъужыркъыми… Уи шатэтемыху кхъуейлъалъэр уасафIэ пхухъу. Сэ шэ щIэхуам къыхэщIыкIа фIэкIа сэзэгъыж мыгъуэкъыми… — жысIэу сыкъыщыIукIыжым:
  • — Уэмызэгъыжмэ, къэбгъуэтащ, тхьэ-тIэ, узылъыхъуэм хуэдабзэ. Хущхъуэхэлъхьэу шатэ ткIуэпс зыхыумыгъуэтэн кхъуейлъалъэщ, тхьэ, мы плъагъур. Сытыфэ уэ къызуплъыр, н-на, шатэ лъапсейр кхъуейлъалъэм дэзгъакIуэу сщэну? Уи фIэщ мыхъумэ, еплъыт, уи тэмакъыр щитхъыу, мыр зэрыгъущэпсыщэм? Абы уи гур къиуIэми, ар уи лъатэм емызэгъми, узыфIэфI дыдэр пхуэсщIэнщ, тхьэ! Къэгъази едзакъэт, кхъыIэ мыбы! — зызыгъэмуслъымэн икIи зызыгъэадыгэ бзылъхугъэр къыскIэлъыджэурэ сыкъыIуокIыж.
  • Иджыпстурей «фи къуажэ цIыхубзыр» щыуакъым: бэзэрым Iэджи ущыхуозэ. ИкIи щызэхыбох. Iэмалыншагъэм ирихулIэмэ, пцIыупсыпIи гуэныхь къэхьыпIи ихуэурэ есэжахэщи, щхьэпрех мыгъуэхэри, сигу ящIогъу. ПцIы куэдыIуэ зэхыдагъэхыурэ, дэри зыри ди фIэщ мыхъужу дыкъагъанэ.
  • ЩIакъуэ Мыхьэмэт.
  • Пшыналъэ цIыкIухэр
  • Сыт джэ макъ уэ уезышэжьэжыр?
  • Си гур мэжеиж, си псэ, уэ укъонэ. Ауэ а уи къэнэнми сыт гуфIэгъуэшхуэу хэлъыр?! Сэ сынэщхъейуэ гъащIэ псор схьащ, пхузиIэ лъагъуныгъэр уэрэд сщIыурэ. Уэ а уэрдхэм ящыщу зы жыпIакъым! Сыт сщIэн-тIэ, ирежеиж си гур. Сэри зы гъащIэ есхьэкIащ. Къренэ ар уэрэду.
  • ПщIэну щыткъым, зэгуэр уи сабийм и гущэ лъапэм деж ар дзапэ уэрэд щыпхуэхъужынкIи хъунщ, жэщыр кIыхь къыщыпщыхъум деж. Уэ укъонэ, ауэ а уи къэнэнми сыт гуфIэгъуэшхуэу хэлъ?!
  • * * *
  • — Сэ удз гъэгъа ныпхуэсхьри уи IэмыщIэм ислъхьати, ар уэ занщIэу къыхыфIэбдзэжащ. Сыт тыгъэр уэ щIысIуумыхар? Куэд щIауэ къэслъыхъуэрт сэ а удз гъэгъа сабэм хэбдзэжар! Нобэ ар къэсхьу сыкъэкIуэ-жу арати, схуэшэчакъым уи IэмыщIэм щэхуу измылъхьэн. Сыт ущIелъэпауэр а си тыгъэм?! Абы тет тхьэмпэхэм зым дахагъэ къыпхелъхьэ, адрейр лъагъуныгъэкIэ къыпхуоупсэ, ещанэм уи нэпс кърегъакIуэ. Арат сэ ар уэ къыщIыпхуэсхьар.
  • — Сэри ар щIыхыфIэздзэжар а щхьэусыгъуэ дыдэрщ… Сэ дахагъэ сиIэкъэ! Си гур Iущащэу сыщыскъэ, си напIэр мыгъущу. Сыт итIанэ зэрысщIынур ар?! Сэ сыхуейкъым апхуэдэ удз гъэгъа! Къысхуэхь тхьэмпэ цIыкIу иIэмкIэ зыкъришэкIауэ дахагъэм IэплIэ хуищIу, лъагъуныгъэм еIущащэу, напIэм хуэпхьмэ, щIалэгъуэ гъуэгур нуркIэ зэщIигъаблэу, гущIэ уэрэдкIэ зэщIигъэушэу удз гъэгъа. Сэ апхуэдэщ сызэжьэр, си гур абы ежьэурэ ешащ.
  • * * *
  • Сыт апхудизу ущIэпIащIэр? Уи ежьэжыгъуэр къэса? Сэ си гум и бжэр Iусхри акъужь щIыIэтыIэ из сщIа къудейуэ аращ. Абы иджыри дыгъэпсхэр къыщыфэн хуейщ. ЗыхэпщIэркъэ си гур зэрыгуфIэр? Ар япэ дыдэу къэгъагъэу аращ. Сыт уэ апхуэдизу ущIэпIэщIэн хуейр? Къэсауэ ара-тIэ уи ежьэжыгъуэр?
  • Сигу къэгъэгъам и зы тхьэмпэ цIыкIуи къыпумычу уежьэжыну?! Сэ уэ, дауи, уеспхауэ усIыгъ-  къым, уи гъуэгур хуитщ, дэнэ лъэныкъуэкIэ бгъэзэнуми. Ауэ щхьэ апхуэдизу упIащIэрэ? Сэ усIыгъкъым, умыкIуэжынуи сыныщIолъэIур удз гъэгъа тыгъэ пхуэсщIын жызоIэри аращ. Плъагъуркъэ си гур япэ дыдэу къызэрыгъэгъар? Ар къэбгъанэу дауэ уежьэжыну? УэрэдкIэ сынолъэIунути, уопIащIэ, гу хъуэпскIкIэ узытесIыгъэнути, уи щIыб къэбгъэзэжащ. Сыт джэ макъ уэ уезышэжьэжыр? Уэ удз гъэгъа уфIэмыфIмэ, къитфыщIыкIыжынщи, гъэгъэншэу дыщысынщ. Уэрэдыр бужэгъуамэ, уэрэдыншэу дызэбгъэдэсынщ. Щхьэ упIащIэрэ апхуэдизу! Сэ узэрызэ- тесIыгъэфынур гу хъуэпскIкIэщ, сызэрыпкIэлъыджэфынур уэрэдкIэщ. Уемыжьэж! Дыщысынщ, вагъуэбэ уэгум диплъэу. Сыт хуэдэу мазэгъуэ жэщ дахэ хъуну ныжэбэ. Ди уэрэдыр вагъуэхэм уэгум къыщрашынщ, щIылъэм акъужьым къыщиIущэщынщ, уэ уемыжьэж закъуэ! Дэ щэху дыдэу дыщысынщ абы дыщIэдэIуу, моуэ къэтIыс, къэгъэтIыс уи гъусэхэри, ахэри куэд щIауэ щIохъуэпс я гущIэм и уэрэд щэхухэр къэушу щIэдэIужыну…
  • Тхьэзэплъ Хьэсэн.
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу:5. ГъущI пIащIэ. 6. Илъэс зытIум ит шыщIэ. 7. ПсэупIэ унэ. 8. ПлIанэпэ. 10. Жэмтхьэлэ къыщалъхуа адыгэ генерал. 12. Адыгэ уэрэджыIакIуэ Iэзэ … Ленэ. 14. Пщэ гъум. 17. Шым и … макъ бом къыщIэIукIащ. 18. УсакIуэ … Латмир. 19. Шы щхьэц. 22. Шэмэджыр зэралъ пхъэ Iэмэпсымэ. 25. Аушыджэр къыщалъхуа тхакIуэ. 26. ЛIым и шыпхъу. 28. ЕуэкIыпIэ. 29. ЦIыхубзхэм зыкIэралъхьэ хьэпшып цIыкIу. 31. «Телемеханика» заводым и Iэтащхьэу щыта, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь. 32. Сабий дыхьэшх … къэIуащ. 33. Ди щIыпIэр … щIыналъэу къалъытэ ди деж къеблагъэ хьэщIэхэм. 36. Драматург, артист, уэрэдус … Мурадин. 38. ХьэкIэкхъуэкIэ шынагъуэ. 39. ГуфIэгъуэ Iэнэм щыIуэхутхьэбзащIэ.
  • Къехыу:1. Егъэлеяуэ ерыщ. 2. Муслъымэн диным епцIыжа е цIыху бзаджэ, мыхъумыщIэ. 3. Зэгуамыгъэжу Iэщ цIыкIум траха фэ. 4. … куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ. 7. Хъэуан IэфI лIэужьыгъуэ. 9. Цей щызэIуащэкIэ Iуданэр дэзыш-къыдэзышыж пхъэ кIапэ папцIэ. 10. Пхъэщхьэмыщхьэ. 11. Пхъэм къыхэщIыкIа бжэмышхышхуэ. 13. А къэкIыгъэм кIапсэ къыхах. 15. Бостеяпхъэ, кIэстумыпхъэ. 16. Хьэндыркъуакъуэ кърашагъащIэ. 20. Куэдрэ щыта махъсымэм и лъащIэм къыщIонэ. 21. … и губжьыр кхъуэм щехьэ. 23. Хьэцэпэцэм и щхьэкIэ. 24. ИлъэсиплI ипэкIэ екIуэкIа дунейпсо олимп зэхьэзэхуэхэм дыщэ медаль къыщызыхьа адыгэ щIалэ. 26. Уафэ лъащIэм щызеджадэ «бжьэхуц» гуартэ. 27. ГуфIэгъуэ Iэнэм щыжаIэ псалъэ дыгъэлхэр. 30. ПIащэ, лы лей зытелъ, зи ныбэр къежьа. 31. Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и артист, Черкесск дэт драмтеатрым зи цIэр зэрихьэ. 34. … зимыIэм дзажэпкъ иIэщ. 35. ГушыIэр … и щIасэщ. 36. Мыщэм ар фIэбэлацэщ. 37. Iэлъынхэм,  тхьэгъухэм ирагъэтIысхьэ мывэ.
  • Зэхэзылъхьар  Мыз Ахьмэдщ.
  • ШыщхьэуIум и 29-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:1. Хьэщпакъ. 4. Набдзэщ. 7. КIарц. 8. Уэщ. 9. IумпIэ. 10. Щай. 11. Щыхь. 12. ГъукIэ. 14. ПщIащэ. 16. Менлы. 18. ТхьэмщIыгъуныбэ. 21. Арджэн. 22. Хьэблэ. 23. Бжы. 24. Сэхъу. 25. Чэт. 29. Тебэ. 30. Гъэр. 31. Жумэ. 32. Нарзан. 33. Тэрэзэ.
  • Къехыу:1. ХьэкIэзэпх. 2. Щэращ. 3. Къауц. 4. Нащэ. 5. Дзэмыхь. 6. Щхьэгъэрыт. 13. КIэрывэж. 15. Щхьэзэ. 17. Емышэ. 19. Дагъыстэн. 20. IэпэIэсэ. 24. Сабыр. 26. Теунэ. 27. Бгъэн. 28. Курыт.