Ехъутэныдж Алинэ-цIыкIу псэущхьэхэр фIыуэ елъагъу
2020-08-20
- Мы тхыгъэр зытеухуа Ехъутэныдж Алинэ IэпщIэлъапщIэщ. Художественнэ школым емыкIуалIэми, ар пасэу дахьэхащ хьэпшып, цIугъэнэ цIыкIухэр, сурэтхэр езыр-езыру щIыным.
Алинэ цIыкIу дунейм къытехьа нэужь, фIащыну цIэр иджыри зы мазэкIэ къахухэхакъым. ЦIэ фIэщыныр зыми дзыхь хуэзымыщI адэм адрейхэр къыпэплъэху, псори сабийм «ЛалэкIэ» еджэурэ къекIуэкIащ. Хъыданым кIуэцIышыхьа нанур адэм щIэх-щIэхыурэ къищтэурэ, «къыхуигупсыса» цIэмкIэ еджэурэ «иригъапщэрт» икIи сыт щыгъуи игъэтIылъыжырт: «Хьэуэ, екIуркъым. Иджыри дыгупсысэнщ», — жиIэурэ. Зэманыр кIуэрт икIи псори сабийм зэреджэ «Лалэ» цIэр абы къыхуагъэнэжыну лъаIуэхэрт, езы нанури абы еса хуэдэт. Ауэ, зы пщэдджыжь гуэрым адэм сабийр къищтэри, «Алинэ!» — жиIэри, еджащ. Сабийм занщIэу и щхьэр и адэм дежкIэ игъазэри, и нэ пIащэхэмкIэ еплъащ. Адэр гуфIэрт: «Уэй, Алинэ! Алинэщ и цIэр!» — жиIэурэ. Псори а цIэм щыгуфIыкIащ.- Ехъутэныдж Алинэ Налшык къалэм и гимназие №4-м и 6-нэ классым щоджэ. КъищынэмыщIауэ, Макъамэ школ №2-м фортепианэмкIэ и классым макIуэ, «Лондон Экспресс» школым инджылызыбзэр щедж, спортым псы есынымкIэ и унэтIыныгъэм зыхуегъасэ. Илъэс 12 хъу пщащэ цIыкIум зэпымыууэ къэрэндащ зэмыфэгъухэр къыздрехьэкI, сурэт щIыным зэрыдихьэхым и щыхьэту. Алинэ мызэ-мытIэу щытекIуащ сурэт щIынымкIэ къалэпсо, республикэпсо зэхьэзэхуэхэм.
- Пщащэ IэпэIэсэм игъэхьэзыр хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэм щIэупщIэ яIэщ, псом хуэмыдэу ахэр ныбжьыщIэхэм яфIэгъэщIэгъуэнщ. Ауэ, зэрыцIыкIурэ псэущхьэхэр (хьэхэр, джэдухэр, шыхэр) фIыуэ зылъагъуу къыдэкIуэтей хъыджэбзыр зыхуеджэну IэщIагъэм теухуа и хъуэпсапIэр зыкIи пыщIакъым ар дэзыхьэх макъамэми гъуазджэми. Псэущхьэ зеиншэхэр зыфIэпсэкIуэд Алинэ и мурадщ ветеринар хъуну, абыхэм екIуэлIапIэ къахузэIуихыну. И IэрыкIхэм къапэкIуэ сомыр зытригъэкIуадэри я Iэгъуэблагъэм ис, игъэныбжьэгъу хьэ, джэду псэупIэншэхэрщ. И ныбжьми емылъытауэ, ар псапэ Iуэхум зэрыхэтым гу лъызытэхэм ямыгъэщIагъуэу къанэркъым икIи ягъэгушхуэ, илэжь Iуэху дахэм псалъэ гуапэхэр гъунэжу къыпокIуэ.
- ЗэрытщIэщи, псом япэу сабийр зыхуэдэнур куэдкIэ елъытащ ар къыщыхъу унагъуэм. Алинэ зы дэлъху нэхъыщIэ — Искандер — иIэщ. Абыхэм я адэ-анэм «Къарэкъан» студиер ягъэлажьэ икIи зэдэлъхузэшыпхъум я щIэдзапIэхэр даIыгъщ.
- — Алинэ и хьэпшыпхэр щигъэхьэзыркIэ, хуей хъумэ, дадэ и дэIэпыкъуэгъущ. Абы и «хьэрычэт» Iуэхум нэгъуэщIхэр зэреплъыр сщIэркъым, ауэ и IэрыкIхэр зэрищэм арэзы сытемыхъуэу чэнджэщ естащ ахэр Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ тыгъэ яхуищIыну, — жеIэ Алинэ и анэ Оксанэ. — Школым щыкIуэкIэ шэджагъуашхэ ирищIыну Алинэ етт ахъшэр псэущхьэхэм зэратригъэкIуадэр къыщытщIэм, къэдгъэгугъащ и фондым хэлъхьэныгъэ хуэтщIыну. Унэм хьэ, джэду, дыдыкъуш (попугай) щыдиIэщ. Шыхэр апхуэдизкIэ фIыуэ елъагъури, шы зыгъэхъу Егъэн Ибрэхьим и деж щIэх-щIэхыурэ докIуэ.
- Адэ-анэр бынхэм лъэныкъуэ IэджэкIэ щапхъэгъэлъагъуэ яхуохъу. Мыбдежми ди нэгу щIокI Ехъутэныдж зэщхьэгъусэхэм псэущхьэхэм хуаIэ лъагъуныгъэр зылъэгъуа пхъум «зэрызыщIишар». Псэущхьэ зеиншэхэм гулъытэ яхуэзыщIу къыдэкIуэтей хъыджэбз цIыкIур, дауи, щIэблэм я мызакъуэу, балигъхэми ди щапхъэщ. ЦIыхууи псэущхьэуи ирехъуи, щытыкIэ гугъу ихуахэм гууз-лыуз яхузиIэу къыдэкIуэтей дэтхэнэри мыхъумыщIагъэхэм пэIэщIэу гъащIэм дэбэкъуэнущ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.