ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэ Хасэм и гъуэгуанэ кIыхьыр

2020-08-20

  • Адыгэ гупсысэкIэм «хасэ» псалъэр нэхъыбэу зрипхыр нарт лъэхъэнэрщ. А зэман жыжьэм щегъэжьауэ, лъэпкъым нэхъ лIы Iущу исхэр щызэхуашэсу, цIыхубэм яхуэщхьэпэну унафэ лъагэхэр къыщащтэ зэхуэсхэм я гугъу щащIым деж, а псалъэр къагъэсэбэп.

  •  ЛIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ зэтеува къудей мыхъуу, зэманым къыздихь къалэнхэмрэ Iэмалхэмрэ елъытауэ Iэджэрэ зызыхъуэжа а унафэ щIапIэм тхыдэм и кIыхьагъкIэ игъэзэщIа пщэрылъым уриплъэжыныр гъэщIэгъуэн къудейкъым, ущие куэди хэлъщ. Ди мурадым дылъэIэсын папщIэ, щIэгъэкъуэн къытхуохъу тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Къэ-жэр Валерэ и IэдакъэщIэкIыу 1992 гъэм Налшык къыщыдэкIауэ щыта «Адыгэ Хасэ» тхылъ цIыкIур.
  • Къэбэрдей Хасэм унафэ къыщащтэ. Сурэтыр СэвкIуий Хьэмид ищIащ.

  • Адыгэ Хасэ — къудамищу зэхэт парламент
  • Нобэрей дуней утыкум къэралыгъуэ яухуауэ ит лъэпкъхэм апхуэдэ Iэмал къезытыр тетыгъуэ — хэгъэгум щызекIуэ унафэхэр цIыхубэм ялъэзыгъэIэс политикэ Iэмэпсымэ — зэраIэрщ. Дунейпсо терминхэм ящыщу а мыхьэ-нэр нэхъ къызэщIэзыубыдэ псалъэр «парламент» жыхуаIэращ, езыхэм я бзэм къыхахауэ къэрал къэс фIэщыгъэ щхьэхуэ къыщагъэщхьэпи къохъу. Псалъэм папщIэ, Германием — Бундестаг, Украинэм — Радэ, Урысейм — Думэ, къинэмыщIхэр. Унафэ нэхъыщхьэр зыIэщIэлъ президентым укъыфIэкI-мэ, щIыналъэм щыпсэу цIыхубэм я псэукIэр ирагъэфIэкIуэнкIэ щыгугъыу, дзыхь зыхуащI, хэхыныгъэкIэ къыхагъэщхьэхукI лIыщхьэхэр щызэхуашэс а политикэ ухуэныгъэрщ къэралыр къэрал зыщIыжыр. Аращ цIыхубэр зыгъэтыншыпхъэ хабзэщIэхэр къыщыдагъэкIри, ахэр гъащIэм хэпща зэрыхъуну Iэмалхэр къыщагъуэтыфри. Апхуэдэ политикэ Iэмэпсымэ иIащ «Шэрджэсей» цIэр зэрихьэу илъэс щитI хуэдиз ипэкIэ Кавказ Ищхъэрэм ита хэгъэгум. Адыгэхэм я парламентым зэреджэу щытар Хасэщ.
  • «Хасэ» псалъэм и мыхьэнэр нэсу къызэщIаубыдэн мурадым елэжьа тхыдэджхэм я лэжьыгъэхэр, хэкум къихьэну къызыхуихуа дзэзешэхэмрэ зыплъыхьакIуэхэмрэ яIуэтэжахэр зэпилъыта нэужь, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Къэжэр Валерэ шэч къытримыхьэжу жеIэ Адыгэ Хасэм къикIуа гъуэгуанэр ноби Iуэху зэфIэхыкIэ IэзагъкIэ узыдэплъеиж хъуну IуэхущIапIэу зэрыщытар.
  • Нарт Хасэм Сосрыкъуэ и къарур щегъэлъагъуэ.

    Тхыдэм и кIыхьагъкIэ Адыгэ Хасэм и къалэныр езым и гукъыдэжкIэ зэи зэримыгъэтIылъам, абы къыщащта унафэхэр цIыхубэ гъащIэм щыщ зэрыхъуам, Хасэм хэтынухэр зэрыхахыу щыта щIыкIэм тэмакъкIыхьу ущриплъэжкIэ, уи фIэщ мэхъу адыгэ парламентым и лэжьэкIэр нобэ уей-уей жезыгъэIэу дунейр зыгъэзджыздж къэралыгъуэшхуэхэм я хэгъэгу зехьэкIэм емыфIэкIамэ, абыхэм къакIэрыхуу зэрыщымытар. Псом хуэмыдэу, а гупсысэр наIуэ пщещI Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхыдэм, сыту жыпIэмэ, Къэбэрдейр Шэрджэсейм и Iыхьэ нэхъ лъэрызехьэ къудейтэкъым, ар Кавказым ит хэгъэгухэм я нэхъ лъэщт.

  • «Хасэмрэ пщы-уэркъхэм я лъэхъэнэм зэфIэува Шэрджэсеймрэ я тхыдэр джыныр ди къалэнхэм я нэхъ лъапIэщ», — къытригъазэурэ щытрегъэчыныхь Къэжэр Валерэ и тхылъым. Адыгэ хэгъэгу псоми я тхыдэм ириплъэ пэтми, Къэбэрдейр щапхъэ нэхъ Iэгъуэу къигъэсэбэпурэ, щIэныгъэлIыр гупсысэ пэжым тоIэбэ: Хасэр фIэкIуэда нэужьщ лъэпкъым и хуитыныгъэр щыфIэкIуэдар. Абы къегъэлъагъуэ Хасэм хуэфэщэн къару егъэгъуэтыжын плъапIэр езы лъэпкъым хуитыныгъэ игъуэтыжын хъуэпсапIэм быдэу зэрепхар.
  • ГъэщIэгъуэнщ Хасэм зэманым елъытауэ зэрызихъуэжа щIыкIэм уриплъэну. Абы гугъэзагъэу топсэлъыхь тхыдэдж цIэрыIуэ Нало Евгение: «Адыгэ Хасэр цIыхубэр лIакъуэкIэ зэрымыгъэгуэш щIыкIэ лъэпкъ зэхуэс мыхьэнэ иIэу зэфIэуващ. ИужькIэ, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ къахэщхьэхукIа нэужь, дэтхэнэ лIакъуэри езым и Хасэ иIэжу щхьэхуэу зэхуэсырт. Лъэхъэнэр мамырмэ, Хасэшхуэр зэрыхъур къудамитI къудейт: пщыхэмрэ уэркъхэмрэ. Ауэ зауэ зэманым абы и лэжьэкIэм зихъуэжырти, ещанэ къудамэу мэкъумэшыщIэхэмрэ цIыху щхьэхуитхэмрэ къахыхьэрт».
  • Нарт Хасэмрэ пщы-уэркъ Хасэмрэ зэрызэщхьэщыкIыр
  • Адыгэ Хасэм уэрэдыжьхэри щызэхэпхырт.

    Адыгэ Хасэр зыхуэдар уи нэгум къыщIэбгъэхьэжыну ущыхуежьэкIэ, нэхъ укъэзыгъэуIэбжьуи, удэзыхьэхыуи, зи жэуапыр къэбгъуэтыным урихулIэуи къэув упщIэхэм язщ абы и цIэр, нэгъуэщIу жыпIэмэ, лъэпкъым тетыгъуэ зэриIэр къызэригъэнаIуэ зэхуэсышхуэм «хасэкIэ» зэреджэр зэхъуэкIыныгъэ имыгъуэту лIэщIыгъуэ бжы-гъэм къызэрыпхихыфар. Къэралыгъуэ IуэхузехьэпIэ зыфIэпщыфыну пщы-уэркъ Хасэм ущрихьэлIэр Шэрджэсейр е Къэбэрдейр дунейпсо утыку зэрихьам теухуа дэфтэрхэрщ. Ауэ щыхъукIэ, Сосрыкъуэ санэхуафэ здаша, Нэсрэн ЖьакIэ зи жьантIэм дэса зэхуэсми зэреджэр Хасэт.

  • «Сыт а тIум зэхуаIуэхур?» — къехьэкI-нехьэкI хэмылъу егъэув упщIэр Къэжэр Валерэ. ЩIэныгъэлIым къызэрыфIэщIымкIэ, Хасэм теухуауэ зыгуэр къыдэзыгъащIэу къытфIэщI IуэрыIуатэ тхылъхэм дзыхьышхуэ яхуэпщI хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адыгэхэр къэралыгъуэ щхьэхуиту зэрыщытар цIыху цIыкIум, псом хуэмыдэу езы лъэпкъым щыщхэм, щагъэгъупщэжын мурадым къару мымащIэ телэжьащ.
  • Сыт хуэдэ щIыкIэкIэ лъэпкъым ищIэр зэрыщыбгъэгъупщэжыфынур? Япэрауэ, тепсэлъыхьыпIэ иумытурэ. ИтIанэ — и нэкIэ илъэгъуам, гукIи ищIэжым и нэгум ущытеIэзэщIыхьыжурэ, абы мыхьэнэ иIар нэгъуэщI зыгуэр хуэдэу жепIэурэ. Ещанэу — пэжыфэ тету зэбгъэпцIа пцIыр къытебгъазэм-къытебгъазэурэ зэрызэхебгъэхым нэмыщI, езым нэгъуэщI жиIэныр хуумыдэурэ. ЩIэныгъэлIым къызэрилъытэмкIэ, Адыгэ Хасэр зэрыщыта дыдэр лъэпкъым IэщIагъэхужын унафэм а къару псори щызэдэлэжьащ.
  • Нарт лъэхъэнэм щыIа хасэхэм къэралыгъуэ Iуэху зэрызэрамыхуари, ар политикэм, хэгъэгу хуитыныгъэр хъумэн Iуэхум зэрыпхуемыпхынури апхуэдизкIэ гурыIуэгъуэти, куэдрэ къытебгъазэу утепсэлъыхькIэ цIыхубэр абыкIэ пхуэгъэщхьэрыуэнутэкъым. А лъэныкъуэмкIэ укъеплъмэ, Нарт Хасэр зыкIи къыщхьэщыкIыу къыпфIэщIыркъым нобэ гуфIэгъуэ тхьэлъэIу жыхуаIэу ефэ-ешхэ щрагъэкIуэкI зэIущIэхэм. Зэзэуэнрэ текIуахэр ягъэфIэжынрэ фIэкIа хабзэ зыхэмылъа лъэпкъыр «хьэщхьэрыIуэу», «лъэпкъ мыгъасэу» щытауэ езым и фIэщ пщIыжынуи «цивилизацэ» къыхуахьыху езыхэр мэзым щIэсауэ къафIэбгъэщIынри гугъу хъунутэкъым, Iэпкълъэпкъ къарукIэ зэрызэпеуэмрэ фадэр зэрахуэхь лъэкIыныгъэмрэ фIэкIа къызыхэмыщ нарт хъыбарыжьхэм фIэкIа къахуумыгъанэмэ.
  • «Адыгэ Хасэм и пщэ дэлъа къалэнымрэ ар игъэзэщIэн папщIэ къигъуэтыфу щыта хэкIыпIэхэмрэ гурыIуэгъуэ хъун папщIэ, IуэрыIуатэм и закъуэ тегъэщIапIэу урикъуркъым», — жеIэ Къэжэр Валерэ. — Сыту жыпIэмэ, нарт хъыбархэм Хасэр къызэрыхэувэр нэхъыжь е лъэпкъ зэхуэсыпIэ къудейуэщ. Адыгэ Хасэр зищIыс дыдэр джа хъун папщIэ, гулъытэ нэхъыбэ хуэфащэщ Къэбэрдейм XVI-XVIII лIэщIыгъуэхэм щекIуэкIыу щыта пщы-уэркъ зэхуэсхэмрэ зэIущIэхэмрэ. УрысыбзэкIэ «феодальнэ хасэ» жыхуаIэ а зэгухьэныгъэхэрт лъэпкъым къыпэщылъ къалэнхэр щаубзыхури ахэр гъэзэщIа зэрыхъуным теухуа унафэхэр къыщащтэри.
  • Хасэр нэхъыжь уэршэрыпIэ къудейуэ къыпщыхъуныр щыуагъэ дыдэу зэрыщытыр щIэныгъэлIым емышу къытригъазэурэ жеIэ. Ар лъэпкъым и блэкIар щагъэгъупщэжын папщIэ пхагъэкIа тхыдэ пхэнжым къыуит хуэгъэфэщэныгъэщ. Адыгэ Хасэр зищIыс дыдэр къыщыбгурыIуэнур пщы-уэркъ хасэхэм я Iуэху зэфIэхыкIэм щыгъуазэ зыпщIмэщ. Абыхэм я лэжьэкIэм къегъэлъэгъуэж адыгэ тхьэмадэхэм я унафэр хэгъэгу кIуэцIым щызекIуэу зэрыщытари, абыхэм я псалъэм къарууэ щIэлъари, апхуэдизыпщ зэрыс хэкум зэгурыIуэныгъэр къыщымытIасхъэу хамэ щIыналъэхэм зыпащIэфу, ядекIуэкIыфу зэрыпсэуари. Апхуэдэ хэку зехьэкIэ нэгъэса зиIа лъэпкъыр «зыужьыныгъэм хуэхейуи», «къыкIэрыхуауи», «кIыфIыгъэм хэтуи» зыми и фIэщ пхуэщIыжынутэкъым. Аращ зэрыпхъуакIуэм Хасэм и тхыдэ пэжыр игъэкIуэдыжыным къаруушхуэ щIрихьэлIар.
  • Адыгэхэр езыхэм я къарукIэ псэужыфу щытауэ жыпIэныр къэралыгъуэм имыдэн Iуэху еплъыкIэт а зэманым. Абы къыхэкIыу, IуэрыIуатэми къыхахар езыхэр я мурадым тезыгъэIэбэн щыхьэтхэрт. НэгъуэщI щхьэусыгъуэ хуэбгъуэтыркъым, псалъэм папщIэ, 1936 гъэм къыдэкIа «Къэбэрдей IуэрыIуатэ» («Кабардинский фольклор») тхылъым адыгэхэм XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм — XIX и пэм я щхьэ яхъумэжын папщIэ ирагъэкIуэкIа бэнэныгъэм теухуа хъыбари уэрэдыжьи узэрыщримыхьэлIэм. Ахэр Iуэху ящIу хамыщыпыкIамэ, а зэманым щыIа хасэхэм я лэжьэкIэри зыщIыпIэ деж къыщыхэщынут.
  • Дауэ хъуами, лъэпкъым и тхыдэм «гъуанэ» гуэр къыщыунэхуащ, адрей лъэпкъхэм я деж щызекIуа щапхъэхэмкIэ зэрыхуейуэ якудауэ. Абы къыхэкIыу, Хасэм и мыхьэнэр нарт лъэхъэнэм къаубла «цIыхубэ зэхуэс» жыхуаIэм хуагъакIуэри ежьэжащ. Я мурадыр адыгэхэм я хэку зехьэкIэр мыхьэнэншэу къагъэлъэгъуэнырти — къехъулIащ.
  • Ар зэрыпцIыр къыщIэзыгъэщ щапхъэу урикъунщ лъэпкъым и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ къалъытэ пщы Инал щэджащэр, къэбэрдеипщхэми беслъэнеипщхэми я адэжьыр, пщы уэлийуэ щыхахар Хасэрауэ зэрыщытыр, абы и щыхьэтхэр IуэрыIуатэми къыхощ.
  • Иджыпсту адыгэ тхыдэм тепсэлъыхь гуэрхэм лъэпкъым игъащIэм зэгурыIуэныгъэ яхэмылъауэ, зи акъыл зэтемыхуэхэм асыхьэтым зызэраупсейрэ зэрыукIыж зэпыту щыта хуэдэу зэхыуагъэх. Адыгэ хасэжьхэм я лэжьэкIэр абы щыхьэт техъуэркъым. Зы пщы гупым Урысейм и лъэныкъуэр, адрейхэм — Кърымым и лъэныкъуэр яIы-гъыу, Къэбэрдейм зэман кIыхькIэ Къэщкъэтаухэмрэ Бахъсэнхэмрэ жаIэу, пщы гупитI щызэдэпсэуащ. ИтIани, лъэпкъпсо Iуэху къыщыдахкIэ, лъэныкъуитIыр зэхуэзэрти зэдэлажьэрт.
  • Ди лъэхъэнэм ипэкIэ щыIа пасэрей Нарт Хасэмрэ лIэщIыгъуэ курытхэм, XVI-XIX лIэщIыгъуэхэм, зэфIэува пщы-уэркъ Хасэмрэ зэдгъэпщэнуи зэдгъэщхьынуи Iэмал къыдэзытыр тIуми дащытепсэлъыхькIэ «хасэ» псалъэр къызэрыдгъэсэбэпырщ. Ауэ сыт хуэдизу хэгъэзыхьауэ нарт хъыбархэм дримыплъэжми, дэ абыхэм жыжьэрэ гъунэгъуу къыщыдгъуэтыфыну къыщIэкIынкъым пщы-уэркъ Хасэм хэлъа къарумрэ зэгъэзахуэмрэ. Абы и щхьэусыгъуэнкIи хъунур, зэрыжытIауэ, апхуэдэ щапхъэхэр щыIэпауэ щытми, ахэр цIыхубэм щагъэгъупщэжыныр мурад укъуэдияуэ зэрыщытарщ. ЕтIуанэ щхьэусыгъуэр — а зэфIэдгъэувэжыну дызыхуежьа тхыдэм щыхьэт хуэтщIыну дызыхуежьэ урыс дэфтэрхэр зэрыпхъуакIуэм, фIы игу имылъу адыгэ лъэпкъыр зэрызэхэтым щыгъуазэ зищIыну яужь ихьа цIыхухэм я IэдакъэщIэкIыу зэрыщытырщ. Псалъэм папщIэ, куэдрэ зи цIэ урихьэлIэ Потёмкин Павел Кавказыр урыс Iэщэм и унафэм щIигъэувэныр зи пщэрылъу къаутIыпща дзэпщт. «Абы пцIы иупсынутэкъым» зыхужыпIэфын дэтхэнэ урыс тхыдэтхми ди бзэр имыщIэу, езыхэм жыIэщIэ яхуэхъуахэм жраIэм тещIыхьауэ псори къазэрыгурыIуэм ищIыIужкIэ, езыхэр зэдаIуэр пащтыхьырт. Нобэ абыхэм ятхам къеджэж дэри ди щIэныгъэбзэр зэрыпхъуа-кIуэм и бзэу зэрыщытым ди зэхэщIыкIым и къарур фIыуэ щIех. Къанэр сыт? Адыгэ щIэныгъэлIхэм дзыхь яхуэтщIу, абыхэм жаIэм япкъ иткIэ, Хасэр зэрыщытар хуэгъэфэща за-щIэу къызыфIэдгъэщIынырщ. Ауэ а Iуэхури узэмыплъэкIыжу узыгъэгушхуэхэм ящыщкъым. ЩIэныгъэлIхэр зэрытхэр зэрыурысыбзэм укъыфIэкIмэ, ахэри я гур утIыпщауэ хуиту псалъэркъым. Къытхуэнэр щыIэр зэхуэтхьэсыжу ди Iэмал, ди акъыл къызэрихькIэ Iуэхур зыгурыдгъэIуэнырщ.
  • Пэж ящIыну зыхуежьа пцIым къару игъуэтын папщIэ, зыхуейр зэрыпхагъэкIын Iэмал ягъуэтын хуэдэу, Нарт Хасэмрэ пщы-уэркъ (феодальнэ) Хасэмрэ зэтехуэу зыгуэр яхэлъын хуейт. Сыт ар?
  • Япэрауэ, Нарт Хасэри пщы-уэркъ Хасэри щхьэж зыхиубыда зэманым хуэфащэ политикэ Iэмэпсымэт, лъэпкъыр зезыгъакIуэ тетыгъуэм ищI унафэхэр щаубзыхурэ ар зэрыпхагъэкIыну щIыкIэм щытепсэлъыхьу. ЕтIуанэрауэ, Нарт Хасэми пщы-уэркъ Хасэми цIыхубэм я гъащIэр зэрагъэкIуэныр я пщэ дэлът. Ещанэрауэ, а чэнджэщ зэIэпыхыпIэхэм екIуалIэр лъэпкъым и Iыхьэ мащIэрт. ЕплIанэрауэ, абы хэтхэр хахыу щытакъым. Нарт Хасэм, псалъэм папщIэ, лIыхъужьхэр ирагъэблагъэрт, ауэ апхуэдэпщIэ зылъагъэсынухэм я цIэ къизыIуэр цIыхубэратэкъым. Апхуэдэ дыдэт пщы-уэркъ Хасэм и Iуэхури. Абы хагъэхьэхэм а хуитыныгъэр щIы яIыгъым и гъусэу, я адэхэм къыIэпах щIэину къаIэрыхьэу арат. Етхуанэрауэ, Нарт Хасэми пщы-уэркъ Хасэми я тхьэмадэхэр псэуху тетыну хахырт: Нэсрэн-ЖьакIэ — нартхэм, пщы-тхьэмадэр — феодальнэ Хасэм.
  • Адыгэбзэм «хасэ» псалъэм нэмыщIи «зэIущIэ, зэхуэс, чэнджэщ» хуэдэ псалъэхэу цIыху бжыгъэшхуэ зэрызэхуэзар къэзыгъэлъагъуэ куэд хэтщ. А мыхьэнэ дыдэрщ яIэр Хасэм и лэжьэкIэм тепсэлъыхьрей, лыхь (Польшэ щылъху) зыплъыхьакIуэ Потоцкий Ян «пэкIу» зыфIища зэхуэсхэм. Къэжэр Валерэ  гу зэрылъитауэ, «Хасэм и зэIущIэ», «Хасэм и зэхуэс», «Хасэ пэкIу» жыпIэ щыхъукIэ, пасэрей щIэныгъэлIхэр, дунеяплъэхэр, урыс дзэзешэхэр зытепсэлъыхь зэIущIэшхуэхэм я нэхъыбэр Хасэу зэрыщытам шэчышхуэ къытумыхьэми хъунущ. Ар зы еплъыкIэщ.
  • Мыдрей еплъыкIэм ипкъ иткIэ, дэтхэнэ зэIущIэми ХасэкIэ уеджэну хуит укъэзымыщI щхьэусыгъуэщ лъэп-къыр зэхуэсыху, ар парламент зэхуэс защIэу зэрыщымытар. Абы къыхэкIыу, «зэIущIэ, зэхуэс, пэкIу» псалъэхэр Хасэм теухуауэ къэбгъэщхьэпэ хъуми, езы Хасэм и закъуэ утыку къыщихьэм дежщ абы къэралыгъуэ унафэ щIыпIэм къытехуэ мыхьэнэ щихьыр, ар лъэпкъым и парламенту къэплъытэн Iэмал къущитыр.
  • Адыгэ Хасэр зищIысыр сыт?
  • Адыгэ Хасэр зищIысыр этнографием (лъэпкъхэр зыдж щIэныгъэм) япэ дыдэ къыхэзыхьар урыс дзэзешэ Потёмкин Павелщ. Абы и гукъэкIыжхэм къыхощ «зэIущIэшхуэ», «чэнджэщышхуэ» жыхуиIэ зэхуэсхэр зэрылажьэу щыта щIыкIэр. Ахэр гупищу зэхэтт: пщыхэр, уэркъхэр, зи нэхъыжь къэзыгъакIуэ мэкъумэшыщIэхэр. Нобэрей политикэ псалъалъэр къэбгъэщхьэпэмэ, адыгэ парламентыр «трехпалатнэт», ищхьэкIэ зэрыщыжытIауэ, лIакъуэ-лIакъуэкIэ гуэшарэ къудамищу зэхэту.
  • Потёмкиным 1784 гъэм утыку кърихьа лэжьыгъэхэм щыжеIэ: «Ахэр [адыгэхэр] псори щызэхуэзэ зэIущIэшхуэр е чэнджэщышхуэр — мыхьэнэ  куу зиIэ, екIуу къызэрагъэпэщ зэ-хуэсщ, мурад нэхъ лъагэхэри иупхыну хуэфащэу. Абы къыщыхалъхьэ дэтхэнэ зы жэрдэмри къызыбгъэдэкIыр пщыхэрщ: зы цIыху-цIыхуитI е нэхъыбэ зэчэнджэщыжу утыку кърахьауэ. Ар къызэрызэрагъэпэщыр мыпхуэдэ щIыкIэкIэщ. Пщы-тхьэмадэм уэркъхэмрэ лъэпкъхэм я нэхъыжьхэмрэ щызэхуэзэну щIыпIэм теухуауэ хъыбар ярегъащIэ. Ахэр зэхуэса нэужь, къызыхэкIа лIакъуэм елъытауэ, псоми гупищу загуэш: пщыхэр, уэркъхэр, лъэпкъхэм я нэхъыжьхэр. Пщыхэм зыгуэр къыхалъхьэну щыхуейм деж, я жэрдэмыр уэркъхэм бгъэдалъхьэ. Къыхалъхьа Iуэхум фIырэ Iейуэ хэлъым ахэр топсэлъыхь, ауэ езыхэр пщыхэм я унафэ зэрыщIэтым къыхэкIыу, нэхъыбэм арэзы мэхъу. Абыхэм къабыл ящIа унафэр лъэпкъхэм я нэхъыжьхэм я пащхьэ иралъхьэ. ЦIыхубэр арэзы зытехъуэ унафэр хабзэ (закон) мэхъу. Ахэр хуитщ пщыхэм къыхалъхьэу уэркъхэм къабыл ящIа унафэр якъутэжыну. НэгъуэщIу жыпIэмэ, лъэпкъ цIыхубэм я Iуэху еплъыкIэм хабзэм и къару егъуэт. Пщыхэм я пщэ къыдохуэ утыку кърахьа хабзэщIэхэр гъэзэщIа зэрыхъуным хэкIыпIэ къыхуагъуэтыну. Уэркъхэр абыхэм ядоIэпыкъу. Пщыхэм я Iуэху еплъыкIэр лъэпкъым къабыл егъэщIыныр зи пщэрылъыр уэркъхэрщ».
  • Абы нэхъри зрегъэубгъу зи цIэ къитIуа Потоцкий Ян 1798 гъэм Шэрджэсейм зэрыщыIар къыщиIуэтэж сатырхэм: «Зэрыхэгъэгуу зыгъэпIейтей Iуэхухэм «пэкIу» жыхуаIэ, лъэпкъ къэс къабгъэдэкI лIыкIуэхэр къызэкIуалIэ зэIущIэхэм щытопсэлъыхь. Ахэр ныбжькIэ нэхъыжь пщым е пщы-тхьэмадэм ирегъэкIуэкI. Апхуэдэ зэхуэсхэр къудамитI мэхъу: пщыхэмрэ уэркъхэмрэ. КъудамитIми щхьэж и лIыкIуэхэр адрейм хуегъакIуэ, зэрыжаIэмкIи, а зэхуэсхэр екIуу, зэхэтыкIэ дахэм и щапхъэу йокIуэкI. Аращ адыгэхэм я къэрал зехьэкIэм теухуауэ къытхуэщIар».
  • Потоцкэм жиIэм шэч къытрыдегъэхьэ а зэманым къыдэкIа нэгъуэщI дэфтэрым. Абы зэрыжиIэмкIэ, Хасэр абы щыгъуэ къудамищ хъууэ щытащ. Ардыдэм щыхьэт тохъуэ адыгэ тхыдэм теухуауэ напэкIуэцI куэд къызэзынэкIа, нэмыцэ зыплъыхьакIуэ Клапрот Юлиус 1807 — 1808 гъэхэм итхахэр: «Iуэху гуэр зэфIэхын щыхуейм деж, пщы нэхъыжьхэр, уэркъхэр, мэкъумэшыщIэ нэхъ бейхэр зэхуосри, унафэ къащтэ. Абыхэм куэд дыдэ къыщапсэлъ, къекIуэлIахэр Iэуэлъауэшхуэхэр къагъэIуу щызодауэ».
  • Хамэ лъэпкъхэм щыщ зыплъыхьакIуэхэм жаIэм ядыщIыгъужыпхъэщ езы лъэпкъым къыхэкIа Нэгумэ Шорэ и къэгъэлъэгъуэкIэри: «Зэхуэсхэр зэрекIуэкI щIыкIэр хабзэ гуэрым теуващ хуэм-хуэмурэ. Пщыхэм къыхалъхьэ дэтхэнэ жэрдэмми езыхэм щIыпIэ хэ-ха гуэрым кърагъэблэгъа нэхъыжь зыбжанэ щытопсэлъыхь. ИтIанэ пщыхэмрэ а нэхъыжьхэмрэ Iуэхур уэркъ псори зэкIуалIэ зэхуэсым бгъэдалъхьэри, щхьэж и Iуэху еплъыкIэр къыхелъхьэ. Уэркъхэр пщыхэм я унафэ зэрыщIэтым къыхэкIыу, нэхъыбэм абыхэм зытрагъэчыныхь еплъыкIэм арэзы тохъуэ. КъыкIэлъыкIуэ лъэбакъуэу Iуэхур пщыхэм я унафэм щIэт, псори зэкIуалIэ лъэпкъ зэхуэсышхуэм и утыку къралъхьэж. ЦIыхубэм къабыл ящIар хабзэ мэхъу. Пщыхэм я жэрдэмыр уэркъхэм я деж щыпхыкIа нэужьи, цIыхубэращ хуитыр ар къащтэнрэ къамыщтэнрэ. ЦIыхубэр макъкIэ (тхыгъэншэу) арэзы зытехъуа унафэм хабзэм и къару егъуэт. Пщыхэм я къалэныр хабзэр гъащIэм хапщэнырщ. Абы щхьэкIэ зыдагъэIэпыкъу езыхэм я унафэ щIэт уэркъхэр. Уэркъхэм я къалэнщ лъэпкъпсо зэхуэсхэм (къызэрыбгурыIуэн хуейр — Хасэм) къекIуэлIа цIыхубэм пщыхэм я Iуэху еплъыкIэр щыпхагъэкIыну».
  • Гу лъытэгъуафIэщ Потёмкинымрэ Нэгумэмрэ Хасэм теухуауэ жаIэр зэрызэтехуэм. ЖытIам къытыдогъазэри, адыгэ парламентыр нобэрей къэралыгъуэ псалъалъэкIэ, «палатищу» е къудамищу зэхэт къэрал унафэ зэфIэхыпIэт. А къудамищыр — пщыхэр, уэркъхэр, мэкъумэшыщIэхэр.
  • Хасэмрэ пщы уэлиймрэ
  • Хасэмрэ пщы уэлиймрэ зыхуэбгъэдэфынур, псалъэм папщIэ, нобэрей Урысейм и Президентымрэ Федеральнэ Зэхуэс жыхуаIэмрэщ. Сытми, къэралыгъуэм и унафэщI нэхъыщхьэмрэ абы и дэIэпыкъуэгъу къулыкъущIэшхуэхэр щызэIущIэ IуэхущIапIэ нэхъ ин дыдэу къэралым итымрэ. Адыгэ IуэрыIуатэм ущрохьэлIэ лъэпкъым и къежьапIэр зрапх пщы Инал, къэбэрдеипщхэмрэ беслъэнеипщхэмрэ къызытехъукIыжар, пщы-тхьэмадэу Хасэм зэрыщыхахам. Ар щыхьэту къоув, япэрауэ, демократ хэхыныгъэхэр адыгэхэм я щыпэлъагъуу зэрыщымытамкIэ. ЕтIуанэу, апхуэдэ къэрал зехьэкIэ Iэмалыр пасэ зэманым къызэрыщежьам нэмыщIыж, ар дуней хабзэ зыщIахэм адыгэхэри зэращыщымкIэ.
  •  
  • ЧЭРИМ  Марианнэ.
  •  (КъыкIэлъыкIуэнущ).