ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Уафэбгыкъу   и нэлат

2020-07-04

  • МэшбащIэ Исхьэкъ
  • Тхыдэ роман
  • (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48,
  • 50 — 51, 54 — 57, 62, 65 — 68, 70 — 72, 74, 77, 78-хэм итщ).
  • Пасэрейм я зэманым акIэупсыж тхьэлъэIу хуащIыжыху лIыр уанэгум къикIыртэкъым. Зи акIэ яупсыжа лIыжьым и гъащIэ теплъэгъуэхэр дапхуэдэу гъэщIэгъуэну щымытами, зауэ дзапэщIэкI щита а махуэ закъуэр щымыгъупщэурэ щIылъэ дунейр ибгынэрт. Зэ закъуэщ лIыр апхуэдэу дзапэ зэрыщIэкIыр. А зэри гъащIэм здыкIуэцIрех. Адыгэм и лъэпкъэгъухэм я пащхьэ щищIа дзапэщIэкIыр лIы куцIым къэуат жылэу хедзэри, псэкIэ бэуэху лъым щотIыгъуэ. Арагъэнщ адыгэлI ипкъ щIэмыкIуэдар. ЛIы нэхъ игъуэм бгъурыувэу зауэ дзапэм щIэкIа щIалэщIэм и псэкупсэр дапщэщи ужьыхыгъуейщ! Апхуэдэ кугъуэр жьыми псыми ямыхьу дунейм къытонэ. Пкъыр кIуэщIа нэужьи, а и къудамэ щIэжхэм дыгъэм зыхуашийуэрэ мэпыIэ. Зауэ дзапэщIэкIым епцIыжам и нэлатыр шынагъуэщ. Апхуэдэм «адыгэкIэ» еджэжыркъым. Тхьэлъанэрэ тхьэрыIуэу дунейр къызэриухуэрэ тетам адыгэ дзапэщIэкIыр япошачэ.

  • Армэм и генерал Варенников В. И. и тхылъыр Исхьэкъ кърет. 2004 гъэ

  • АдыгэлIым зэи тхьэлъанэ ищIу щытакъым. ЛIым и псалъэр тхьэлъанэу щыIэм я лъэщт.
  • … Пщы уэлийм Къэсей хьэжымрэ Къэзанокъуэмрэ захуегъазэри:
  • — Фыублэ. Дзэр къыфпоплъэ, — жиIэурэ Къашыргъэрэ Дэмдейрэ зэбладза сэшхуэхэм я щIагъ щIэкIыну лъэбакъуэ еч. Пщы уэлийм кIэлъыплъурэ Ашабэм къыхедзэ:
  • АдыгэщIырщ ди напэр,
  • ПщIэ зезыхьэр ди щIэблэщ.
  • Псэм еблэжкъым лIы напэр,
  • ФIэкIыпIэншэр — зы кхъаблэщ.
  • Зы лъы IэмпIэщ псэ пIалъэр,
  • МыпцIэжынур зы псалъэщ.
  • Зы лIы дакъэщ ди щIэблэр —
  • Мыгъужынур зы жылэщ.
  • Пщы уэлийм и ужьыр яIыгъыу гупыр сэшхуэ зэблэдзахэм щIэкIырти:
  • АдыгэщIырщ ди напэр…
  • Ашабэм къыхидза уэрэдым ежьууэрэ иувыкIыжырт.
  • СэшхуитI зэблэдзам щIэкIахэм щхьэж и дзэ къудамэ игъэзэжырт. Щымт къэбэрдеилIхэр. Щымт нэхъ щIалэщIэхэр. Псоми ягъэвыр зы гупсысэ жьэражьэт.
  • … Пщы уэлийм и шухэр щIыгъуу гъуэгу техьэжащ.
  • ХьэтIохъущокъуэмрэ Жэбагъырэ я закъуэу шухэм щащхьэщыкIым, пщым адэкIэ хущIэмыуфэжу:
  • — Уэ дауэ уеплърэ, Iэта-Ильяс и шынэхъыщIэм дызэрыгурыIуам Быж ЛIыгъур щыгъуазэу пIэрэ?
  • Жэбагъы къэуIэбжьауэ и щхьэр къызэриIэтар щилъагъум, Кургъуокъуэ пIащIэу:
  • — Хьэуэ, хьэуэ… Уигу къыумыгъэкIыххэ ЛIыгъур дзыхь хуэзмыщIу! И жыIи и IуэхущIафи сфIэкъабылщ, ауэ…
  • Пщы уэлийм гурыIуэгъуэу гупсысэр зэригъэзэхуэжа щхьэкIэ къэмынэу, Къэзанокъуэр а къызэрыуIэбжьауэ хэплъэрт, «ауэм» къикIыр зыхуихьынур ищIэртэкъым. ХьэтIохъущокъуэм зыхищIащ Жэбагъы и гум зэпишачэхэр. ИкIи, щIалэм хуиту Iуплъэри:
  • — Къэзанокъуэ, а жысIам гурыщхъуэ шэч хэплъэгъуэжыну сыхуейтэкъым.
  • — Хэслъагъуэркъым, зиусхьэн. Ди адэм и псэлъафэт: «Шэч зымыщIыр бжыкIщ». Сэ сфIэтэмэмщ дэтхэнэ зы Iуэхуми, куэдрэ узэрытечэнджащэр. Си гугъэщ апхуэдэ Iуэху зехьэкIэм мэсхьэб пэж щIэлъу. Мыдрейуэ, уи упщIэм и жэуапщ: ди зэгурыIуэныгъэм цIыхуиплI щыгъуазэщ. Ахэр — уэ, сэ, нэгъуей зэшитIыр. Шэч щIызэтщIэкIыжын щхьэусыгъуэ зэкIэ диIэкъым, Кърымыдзэм хэт ди тIасхъэщIэххэр зыми къиумысакъым, — жеIэри, Къэзанокъуэм шхуэмылакIэр еутIыпщ.
  • ХьэтIохъущокъуэр дыхьэшхыурэ мэгушыIэ:
  • — Уэратэкъэ жызыIар: «ЖаIэ псори къэхъуркъыми, къэхъуа псори яIуатэркъым».
  • — Дэ тхузехьэнур, зиусхьэн, ди унафэ къызыпекIуэкIырщ. Къэсей зэрыжиIауэ, мы дуней хьэхум дыщагъэунэхуу аркъудейщ. Пэжщ ар, ди дунейм Iейри фIыри IэплIэешэкIыу щызэрыIыгъщ.
  • Пщы уэлийм и шыпэм фIыуэ щхьэщыкIауэ кIуэ Сэбанш бейгуэлым зыкъегъазэри:
  • — Зиусхьэн, шу гуэрхэр къытхуокIуэ! — арыххэуи къыщIегъуж зэгуэпу: — Къущхьэ тэтэрхэр къакIуэу араи? Си щхьэузыгъуэ иджыри зыхуейр?!
  • — Сэбанш, лей къыумыпсэлъи нэхъыфIщ, — пщы уэлийр и бейгуэлым пэроуэ, — абыхэми уэрыншэу езым я щхьэузыгъуэ яIэжу къыщIэкIынщ.
  • ХьэтIохъущокъуэ жыжьаплъэу къицIыхужащ и щакIуэгъуу щыта Хьэзрэт и шыфэлIыфэр.
  • Къущхьэ тэтэр гуп цIыкIу шууэ Хьэзрэт щIыгъут.
  • Пщы уэлийм гъунэгъу къыщыхуэхъум, къущхьэ тэтэрхэр епсыхри, Хьэзрэтрэ Суюнч ефэндымрэ гупым къахэкIащ:
  • — Сэлам алейкум, бэрэкат босын, зиусхьэн!
  • — Уалейкум сэлам, Хьэзрэт! Къеблагъэ, Суюнч.
  • КъэкIуа лIитIыр гурыIуэгъуэу зоплъыжри, ХьэтIохъущокъуэпщым Суюнч зыкъыхуегъазэ:
  • — Iуэху пхудиIэу дыкъэшэсащ, зиусхьэн.
  • — ДынодаIуэ, — педзыж абы пщы уэлийм, куэд бжыгъэмкIэ Жэбагъы и зэрыщIыгъум гу лъаригъатэу.
  • — Ди лIакъуэгъухэр Кърымым къикIауэ зауэкIэ Къэбэрдейм къыхуэкIуэу зэхыдох. Дэ, Шэрэджыщхьэ къурш жьэгъум щIэс хьэблитхур, зы жэмыхьэту дызэхыхьэри зэгурыIуэкIэ унафэ къэтщтати, ар фэдгъэщIэну дыкъыфхуэкIуащ… Къэбэрдейхэм къывэзэуэну къакIуэ кърымыдзэм зыкIи дыщыгугъыркъым, езыхэри мащIэкIэ нэхъ мыхъуми зыщыдгъэгугъыркъым. Дэ абыхэм я зауэм дыхыхьэнукъым. Зэхэлъкъым ди Iуэху. КъищынэмыщIауэ, жэмыхьэтым унафэ къищтащ, сыт и лъэныкъуэкIи зы дэIэпыкъуныгъэ мащIэ ди къущхьэ тэтэрхэм кърымыдзэр трамыгъэплъэну. Дэ езыхэр армырами дымащIэщ. ХэткIи сыткIи зыгуэр зыщыгугъым дыхуэдэкъым. Аращ ди псалъэр, зиусхьэн.
  • — АбыкIи тхьэр арэзы къыфхухъу, — шы сокум хэплъызэурэ педзыж пщы уэлийм.
  • — Кърым тэтэрхэр, зиусхьэн, къакIуэмэ, къызэрыкIуам ещхьу кIуэжынущ… Дэ дыкъыщыкуашэм къэбэрдей къуршыщхьэр зауэ къыдэвмыщIэкIыу фигу тхупыкIащи: «дыкъызыхэзыхуа нэхърэ, дезымыхужьэжа…», мамыру мыбдеж дисмэ нэхъыфIщ. Мыдрейуэ, «Мэл хъушэ щIакъуэншэкъым» — жи, епцIыжакIуэ гуэрхэр къытхэкIауэ щытмэ, апхуэдэхэр фэри фи хамэкъым…
  • — НтIэ, нтIэ, — Суюнч къыдэщIу къопсалъэ Хьэзрэти: — Iейри фIыри псоми къытхэтщ. Зы делэ гуэр псэлъамэ, мыхьэнэ абы едвмыгъэт. Зы динкIэ, зы АлыхьышхуэкIэ дыщыIэщи, кърымхэм зэрахьэр лъэпкъитIым дяку къыдэувэну дыхуейкъым.
  • Хьэзрэтрэ Суюнч ефэндымрэ зэпадзыжу псалъэу уанэгум итIысхьэжа нэужь, Хьэзрэт пщы уэлийм къыхуеплъэкIащ:
  • — Хейр лъэщщ, пщы уэлий. Алыхьыр гъусэ лъэщ къыпхуэухъу!
  • Къущхьэхъу удзыпцIэр я шылъэм ихьу бгы жьэгъум декIуэкIыж кхъущхьэ тэтэрхэм пщы уэлийр нэщхъейуэ якIэлъыплъырт: «Пэжи, пцIыи… КъэбэрдеищIщ фи пщIыхьэпIэм хэмыкIыу, ди мывэ къуршхэм зыщIивыудыгъуар. ФыгуфIэжу фыкъекIуэтэхынут, хуит фхуащIагъэххэтэмэ, ауэ сытми фыкъэкIуэтэнут! Апхуэдэурэщ хэхэсым насып джэш къызэрищыпыр. Апхуэдэурэщ!»
  • XXIX
  • Адыгэ лъахэм фIыуэ къыщацIыхурт кIэмыргуеипщ Бэлэтокъуэхэ я лъэпкъыр. Зэманыжь лъандэрэ къэгъуэгурыкIуэ лIэужьыр Болэт и деж къыщызэтеувыIауэ къыщIэкIынти, къуэ къритатэкъым КъэзыгъэщIым. Жэщ-махуэ имыIэу и хьэщIэщыр цIыху кIуапIэми, и лъэпкъэгъухэр пщIэ къыкIэлъызэрахьэу къыкъуэтми, дзыхь зыхуищI лъэпкъылIхэр игъэныбжьэгъуми, Бэлэтокъуэпщыр лIы закъуэт. Къуэ зримыта пщым и гукъеуэр зыхэзыщIэнур а IэнатIэ дыдэм Iуту езым хуэдэлI гуэрщ. КъащыгурыIуэми зэхащIыкIыпэркъым апхуэдэм игу щIэгъур. Ар пщыгъуэ зытелъ лъэпкъылIу щыщытым деж… и гугъу умыщIыххэ! Къуэпси кIэсыжи зимыIэу зэманым хиужьгъэжыну унэцIэр Бэлэтокъуэм и псэзауэ уIэгъэт.
  • Пэжщ, и нэм нэсмэ, кIэмыргуеипщым пхъурылъху щIалэ хъыжьэ иIэт. Бэлэтокъуэм и шыпхъу Къудас гуащэшхуэм Абрэджхэ къыщилъхуа Даур икIи лIыгъэншэтэкъым, икIи Iущыбэт. Ауэ дэнэ кърихыжын иджыпсту Даур?! ЩIалэр адрей Шэрджэс щIалэгъуалэм ящIыгъуу кхъуащхьэрэ хьэкIэрэ зэпещIэри, кърым-къэбэрдей зауэм и зэрыхьзэрийм хэтщ. Гъуэгуанэ тет кърымыдзэм теуэ хуащIурэ зэм пакъутыкI, адрейм паупщIыкI. Зыми ищIэркъым пхъурылъхум и щхьэ дяпэкIэ кърикIуэнур…
  • Пэжщ, Бэлэтокъуэм и шыпхъу нэхъыжь Къудас хуэдэу дэлъхум зи псэр дэщIа анэкъилъху гъуэтыгъуейщ, закъуэтIакъуэххэщ. Анэ палъэу Болэт ар къыщхьэщытщи, сыт щыгъуи зыкъыщIигъэкъуэнущ. ИтIани, бзылъхугъэ акъылкIэ зэмызэхуэн Iуэхугъуэхэр Къудас ирихьэлIэкIэ Бэлэтокъуэм сыти къичэнджэщын?
  • КIэмыргуеипщым и гуащэ тхьэIухуд Лашыни, а и пщыпхъу Iущым хуэдабзэу зыхищIэрт Болэт зы Iуэху мыщхьэпэ гуэрым зэрыхэзэрыхьар. Ауэ Къудас дэлъхум щыму зэрыхуэгузавэм ещхьу, щыму езыри хуэгумэщIырт и щхьэгъусэм.
  • «Шэми шхуми ес» — жыхуаIэ щытыкIэт иджыпсту Бэлэтокъуэпщым и Iуэхур. Дыгъуаси вэсэмахуи кIэмыргуеипщым къыхузэкIэлъыкIуащ Къаплъэн-Джэрий и шу джакIуэхэр. ПIалъэр нобэ фIэмыкIыу, хъаным деж кIэмыргуеипщыр кIуэн зэрыхуейр къыжраIэурэ дэкIыжат. Иужьрейуэ къэкIуам къыхуихьар нэхъ унафэ пхъашэжт: «Уи щхьэкIэ унэмыкIуэмэ, лъэщыгъэкIэ укъедгъэшэнущ!» Къэсащ а пIалъэри, Бэлэтокъуэм зыщIыпIэ кIуэнуи зигъэхьэзыр хуэдэкъым, ауэ щыхъукIи хэкIыпIэ зэримыIэр IупщIу езым къыгуроIуэж. Зы мэскъалкIэ дзыхь къыхуэзымыщIу щыта, иджыпстуи дзыхь къыкIэлъызезымыхьэ тырку сулътIанымрэ кърым хъанымрэ мызыгъуэгукIэ къалъагъужауэ иужь щIимыкIыххэр сыт? ШынагъэкIэ ерыщу зыхашэну зэрыхэтыр-щэ?! Хуэфащэщ ар езым. Къилэжьыжащ. Псэущхьэ нэхъей, зэкIуэцIыкъузауэ хьэшым зизыгъэхуэжар езырщ! Апхуэдэхэр армырауэ пIэрэт «хуэмызэ лIыфIщ» зыхужаIэр. Плъагъуркъэ гъащIэм и лъагъуэ кIуапIэхэр зэрыхэшар: япэм — уегъэгъуазэ, етIуанэм — уегъэгъуащэ, ещанэм, бжьыхьэ мэз ухишэ хуэдэурэ, щIымахуэ щтырыгъущIым урешэж. Апхуэдэ дыдэт адыгэ дунейри. «Дахэу ябз дахэу ядыжыркъым» жыхуаIэу, щхьэж и щхьэ хуэпсэужт, щхьэж и дыгъэ бзий лъакъуэ иIэж къызыфIигъэщIу. Иджы мес, дыгъэр зэшхуэзэесу зэрыщытыр псоми яригъэщIэж нэхъей къухьащи, зи нэ къэмыпщIа гъатхэ хьэвшыру, щхьэж и хьэгъуэ щызопщыпщэ. Я дэтхэнэ зыри нэхубэ хуейщ, ауэ дэнэ щыIэж иджы а дыгъэшхуэр?
  • … Нэху зэрыщрэ зыгуэрым игъэпIейтейрт кIэмыргуеипщыр. Зэригъэзахуэхэр — зытезэшэжа и гупсысэ зэщымыщхъухэри, и щхьэ зэрегиеж чэнджэщхэри зыми щымыщ хуэдэу, нэгъуэщI хьэлъэшхуэ гуэр тещIэрт иджы Болэт и псэм. Пщэдджыжьышхэми зэрыхэIэба щыIэкъым, кхъуей хэхагъащIэм щыщу бзыгъэ цIыкIуитI зыIуигъахуэщ, Iэнэр IуигъэкIуэтыжри, унэм къыщIэкIащ.
  • Болэт къызэралъхурэ здэщыпсэу а пщIантIэ Iэхуитлъэхуитыр нышэдибэ бэнзэв плIанэпэу къыIуплъэрт. Пщым и щхьэр и жагъуэу хадапхэ псынэмкIэ иунэтIащ. И адэшхуэр щыщIэла лъандэрэ къыщIэжырт мы псынэр. И Iуфэхэр удзыпцIэ лъэкIэщIым хэкIуадэрэ, къазудз Iувымрэ кхъуейхьэбыкъуэ гуэрэнхэмрэ епщIэпщIэкIыжу иджыпстуи къобыргъукI жыг Iэчлъэч гъумыщIэхэм я гуIэфIтещIэ шкIурыр. Псынащхьэр къызэрыгъэтIылъыхьа мывэ хъурей пIащэхэм я гущIыIур къэбадэ щхьэфэу мывэлыц гъуабжэ-щхъуантIэфIщ.
  •  (КъыкIэлъыкIуэнущ).
  • Къэбэрдей пщымрэ уэркъхэмрэ. Сурэтыр ХVIII лIэщIыгъуэм ящIащ.