ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2020-07-04

  • Псалъэжьхэр
  • Пэжыр къару лъэщщ
  • Унагъуэ зэгурымыIуэм фIыгъуэ илъкъым.
  • (Ингуш).
  • Лъагъуныгъэ зэрымылъ унагъуэр лъабжьэ зимыIэ жыгым хуэдэщ.
  • (Лак).

  • Пэжыр къару лъэщщ.
  • (Осетин).
  • Уи япэ лъэпэрэпам ущIэмынакIэ.
  • (Шапсыгъ).
  • Дыгъужьым и кIэр пыбупщIкIэ ар хьэ хъунукъым.
  • (Нэгъуей).
  • КIэпIейкIэр зымылъытэм сомми пщIэ хуищIынукъым.
  • (Лезгин).
  • Делэр шым тегъэтIысхьи, и адэ къицIыхужынукъым.
  • (Къумыкъу).
  • Шхыныгъуэхэр
  • Мэлыщэр  зэрагъэвэж  щIыкIэр
  • Мэл яукIам щэшхуэ къыщикI щыIэщ. Ар куэдрэ щылъынукъыми, ягъэвэж. Абы сыхьэтитI ехь. Щэр псы хуабэкIэ ятхьэщI, г 20-25 хъууэ яупщIатэ, шыуаным иралъхьэ, псы щIыIэ тIэкIу щIакIэ, и щхьэр техауэ мафIэ цIыкIу дыдэм трагъэувэ. МафIэр инмэ, щэр мыткIуу исынущ. Щэр зытрагъэувэ мафIэм и пщтырагъын хуейр градуси 125 — 130-щ, зы сыхьэт тетмэ, щэ ткIуам градуси 140 — 150 и пщтырагъын хуейщ. Щэр щагъэвэжкIэ кIэримысхьэн щхьэкIэ зэIащIэ. Вэжа иужь абы и вэжахуэр и щхьэм къыдокIуей кхъуэщыныфэу, псынщIэ хъуауэ. КъыщIэвыкIа щэм градуси 160 — 180 и пщтырагъщ. АдэкIэ мафIэр ягъэункIыфIыж, щэ гъэвэжар тIэкIу ягъэупщIыIури, жьахуэр чымчыркIэ къыхах. Щэр упщIыIумэ, щIисыкIар и лъабжьэм ямыгъакIуэу хьэкъущыкъу лам иракIэ. ЩIыIапIэ бгъэувмэ, зэIымыхьэу куэдрэ щытщ. АбыкIэ лы, лэкъум, кIэртIоф, бжьын, нэгъуэщIхэри ягъажьэ. Языныкъуэхэм хьэлыуэ щащIкIэ тхъурэ щэрэ зэхалъхьэ. Щэ гъэвэжахуэр мэжаджэ, чыржын щащIкIэ халъхьэ. Абы пIастэ, мырамысэ дашх, хьэнтхъупсми традзэ. Бжэныщэри былымыщэри мыпхуэдэ дыдэу ягъэвэж.
  • Халъхьэхэр:
  • щэуэ — г 1160-рэ,
  • псы щIыIэу — г 100,
  • щэ гъэвэжа къабзэу къыхокI — г 850-рэ, щэ гъэвэжахуэу — г 220-рэ.
  • Джэд ла
  • ДжэдыщIэ гъэкъэбзар зэпкърыхауэ е зэпкърымыхауэ хьэзыр хъуху ягъавэри, мафIэм къытрахыж, лэпсым зэрыхэлъу дакъикъэ 25 — 30-кIэ ягъэупщIыIу, къыхахыжри тепщэч чэнжым иралъхьэ, Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпкърах, яшыу. АдэкIэ тхьэв пIащIэ ящI: псы щIыIэм шыгъу, джэдыкIэ, содэ е пщагъэ халъхьэри, зэIащIэурэ гуэдз хьэжыгъэ ухуэнщIа хакIутэ. Ар шыпс Iувым хуэдэ хъун хуейщ. Джэдыл вар гуахъуэпэм фIэлъу абы халъхьэ, псынщIэу къыхахыжри, тхъу къэплъам халъхьэ. Зэрагъажьэр зы дакъи-къэщ. Абы лэкъумым ещхьу дыщафэ къытоуэ. Джэдыл жьар чымчыркIэ тхъум къыхахри, тепщэчым иралъхьэ. Зыри щIымыгъуу пщтыруи щIыIэуи яшх.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ):
  • джэдылу — г 260-рэ.
  • Тхьэвым:
  • джэдыкIэ цIынэу — зы ныкъуэ,
  • псыуэ — г 50,
  • шыгъуу — 1 г,
  • содэу — 1 гр е пщагъэу — г 5,
  • гуэдз хьэжыгъэу — г 50,
  • тхъууэ — г 800.
  •  «Адыгэ шхынхэр»
  • тхылъым къитхыжащ.
  •  
  • КъебжэкIхэр
  • Уакъ-уакъ жызыIэр сыт?
  • — Мо къакIуэр сыт?
  • — Хьэджафэщ.
  • — Къилъэфыр сыт?
  • — Токъмакъщ.
  • — Уакъ-уакъ жызыIэр сыт?
  • — Бабыщщ.
  • — Сыдж-сыдж жызыIэр сыт?
  • — Джэданэщ.
  • — Джэданэжь закъуэр
  • лъакъуапцIэщ.
  • — Жылэр зыгъапцIэр
  • кIыгуугущ.
  • Зытхыжар Тхьэмокъуэ Женэщ.
  •  
  • Лакхэм я псысэ
  • Джэдумрэ Дзыгъуэмрэ
  • Джэдум дзыгъуэ цIыкIур кърихуэкIырт, ауэ къыхуэубыдыртэкъым. ИтIанэ къигъэпцIэну мурад ищIащ.
  • — Дзыгъуэ шыр, дзыгъуэ фо, — зэпишу жиIащ джэдум, — уэ пхуэдэу жэр, уэ пхуэдэу псынщIэ щыIэкъым… Умышынэ, уи гъуэм къикIи мо-о-о-дэ мо плIанэпэм нэс жэт… Си лъэIур бгъэзащIэмэ, фалъэ из гуэдз уэстынщ!
  • — Хьэуэ-хьэуэ! — идакъым дзыгъуэм. — СщIэн хуейр мащIэIуэщ, абы щIэптыну жыхуэпIэр егъэлеяуэ лъапIэщ! Хьилагъэ хыболъхьэ Iуэхум!
  • ЗэзыдзэкIар ХьэфIыцIэ  Мухьэмэдщ.
  • Хъыбар гуапэ
  • Иорданием щыщ адыгэ пщащэр токIуэ
  • Адыгэ Республикэм гъэ къэс щрагъэкIуэкI «Адыгейм и вагъуэ цIыкIухэр» ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэм и Гран-при-р мы гъэм къихьащ Иорданием щыщ адыгэ пщащэ, илъэс 11 зи ныбжь БищIо Иман.
  • Пщащэр ныбжькIэ щIалэми, дунейпсо зэпеуэ куэдым хэтыну хунэсащ, абыхэм ящыщщ США-м нэгъабэ щекIуэкIа «Америкэм цIыху зэчиифIэхэр къелъыхъуэ» телепроектыр. Апхуэдэу БищIо Иман 2017 гъэм щытекIуащ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм щекIуэкIа «ЩIыхьым и дакъикъэ» зэпеуэм. Абы щыгъуэм адыгэ пщащэ цIыкIум тыгъэкIэ къыхуэупсауэ щытащ Иорданием и пащтыхьыр.
  • Иджы Адыгейм щекIуэкIа зэпеуэм и къэпщытакIуэхэр дихьэхащ Иман и макъ дахэмрэ артист нэсым хуэдэу утыку зэритымрэ. Ар иджы япэу хэтауэ аращ Хэкужьым щекIуэкI зэпеуэм, пщащэм адыгэбзэкIэ зы уэрэдрэ академическэ композицэ зэгъэпэщарэ игъэзэщIащ.
  • «Адыгейм и вагъуэ цIыкIухэр» ныбжьыщIэ фестиваль-зэпеуэр Адыгэ Республикэр къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъум хуагъэпсащ, ар заочнэ жыпхъэм иту екIуэкIауэ аращ. Зэпеуэм хэтащ ныбжьыщIэ 500. Ахэр щыщт США-м, Германием, Тыр-кум, Иорданием, Израилым, Молдовэм, Румынием, Белоруссием, апхуэдэуи Урысей Федерацэм и хэгъэгуи 9-м ящыщ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ я зэфIэкI ягъэлъэгъуащ.
  • Мэкъуауэгъуэм и кIэм зэпеуэм кърикIуахэр къапщытэжри, I-III нагъыщэ зиIэ щIыхь тхылъхэр цIыху 64-м хуагъэфэщащ, Гран-при-р Иорданием ирагъэхьащ.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.
  • ЖыIэгъуэхэр
  • Лъагъуныгъэм  и  къарур
  • ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъыр ищIэр мащIэу къыщыхъужу сытым дежи еджэрщ.
  • * * *
  •  Зыгуэрым пэжу гу лъитащ: псори куэдрэ псэуну хуейщ, ауэ жьы хъуну зыри хуейкъым.
  • * * *
  • ЦIыхум и хьэлыр аращ, арэзы къыдэхъуращ гулъытэ нэхъыбэ зыхуищIыр.
  • * * *
  • Псом нэхърэ унэхъ Iущу закъыфIэбгъэщIыныр къызыхэкIыр акъылыншагъэрщ. Губзыгъэр сытым дежи зэпIэзэрытщ.
  • * * *
  • Зыгуэрым ущыхуэныкъуэм хуэдэ дыдэу фIыкъым зыгуэр къобэкIыу уиIэнри. Абы и уасэр мэкIуэд, ар нэхъ IуэхуфI дыдэу щытми.
  • * * *
  • Дэтхэнэми къыфIощI езым хуэдэу фIыуэ зылъагъу щымыIэу. Аращ лъагъуныгъэм къару хуэхъужри.
  • * * *
  • НэгъуэщIым щхьэкIэ жыпIэм хуэдэ дыдэщ уэри къыпхужаIэр.
  • * * *
  • УщIэлъаIуэм хуэфэщэн фIыщIи къыкIэлъыкIуэн хуейщ.
  • * * *
  • ЦIыхухъум хуримыкъу псори цIыхубзым хэлъщ.
  • * * *
  • ПщIэншэу бгъэкIуэда зэманым куэд пIех, ауэ дерсыфI къыхыбох.
  • * * *
  • ГурыщIэращ акъылыр зыунэтIыр.
  • * * *
  • Сабийхэм ябгъэдэлъ зэчийм къэралым и къэкIуэнур еубзыху, абыхэм я дахагъым наIуэ къищIыр лъэпкъым и фIэрафIагъырщ.
  • * * *
  • IэштIым пщIауэ гупсысэ убзыхуа уи щхьэм къихьэнукъым. Лъагъумыхъуныгъэм узыхуишэр акъыл утхъуэрщ.
  • * * *
  • ЦIыхур апхуэдэщ — и гъащIэ псор зытригъэкIуадэр зыгуэр зыIэригъэхьэнырщ, армыхъумэ а къыIэрыхьам иринасыпыфIэфкъым.
  • * * *
  • Гум имылъагъур нэми илъагъуркъым, нэм пэIэщIэр гуми пэжыжьэщ.
  • * * *
  • Жылагъуэ зэхэтыкIэр, щэнхабзэр, хабзэр зыхуэдэм къегъэлъагъуэ ар зезыхьэ лъэпкъым и дунейр.
  • * * *
  • Гум лIыгъэ къыщызэкъуихым деж Iэри хахуэщ.
  • * * *
  • Дэтхэнэ адэ-анэми езым и сабийм нэхърэ нэхъ дахэ щымыIэу къыщохъу.
  • * * *
  • Губзыгъэр нэгъуэщIым и щыуагъэм егъэIущ, делэм дерс къызыхихыр езыр лъапэрапэмэщ.
  • Хъурей Феликс.
  • Дызэрыт мазэр
  • Бадзэуэгъуэ
  • Бадзэуэгъуэр — июлыр — гъэмахуэ мазищым яку дэт мазэщ. Адыгэхэм а мазэм щхьэкIэ цIывыгъуэ мазэ жаIэрт. Ди зэманым адыгейхэми къэбэрдейхэми къагъэсэбэпыр бадзэуэгъуэ псалъэращ. Сирием, Иорданием, Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри аращ а мазэм зэреджэр.
  • Бадзэуэгъуэ — «самый жаркий период лета». Мы псалъэ къэхъукIэр куэдрэ адыгэбзэм къегъэсэбэп. Нэгумэ Шорэ и тхыгъэхэм ущрохьэлIэ гамахокумазh псалъэм.
  • Бадзэуэгъуэм икухэм деж гъэмахуэ шылэр къохьэ (бадзэуэгъуэм и 17-м щыщIэдзауэ шыщхьэуIум и 25-м нэсыху). Дунейр нэхъ щыхуабэ дыдэщ, кIэщIу жыпIэмэ, бадзэуэгъуэщ. Бадзэуэгъуэ мазэм деж мэкъумэшыщIэхэр хуэсакъыу кIэлъыплъырт хьэми, мэшми, гуэдзми щхьэлъэфIей химыщIэным.
  • Апхуэдэр къэхъуамэ, «Хьэрэт сымаджэщ», — жаIэрти, тхьэлъэIу ящIырт. Хьэрэтыр къэкIыгъэхэм яIэ узыфэхэм я тхьэу арат. ТхьэлъэIум хэтхэм къэкIыгъэхэм яжьэпс ираутхырт. Абы сабийхэри балигъхэри хэтт.
  • Зэралъытэр арат: Хьэрэт сымаджэ хъуащ, ар узыншэ хъужмэ, мэшым щхьэлъэфIейр хэкIыжынущ. Арат яжьэпсыр щраутхкIэ къэкIыгъэхэм: «Ялыхь, Хьэрэт гъэхъуж», — щIыжаIэр. Ар зэфIэкIа иужькIэ хьэсэ гъунэм деж тIысхэрти, хъуахъуэурэ махъсымэ ефэрт, ерыскъы къащтар зыIуагъахуэрт.
  • ИтIанэ тхьэлъэIум хэта щIалэ цIыкIухэр къызэдагъажэрт, абы щыгъуэми языныкъуэхэм Хьэрэт и цIэр фIащауэ, адрейхэм щхьэлъэфIей я цIэу. Дауи, Хьэрэт зи цIэхэр къатежын хуейт. Мы тхьэлъэIур япэ дыдэ Раскинэ С. 1940 гъэм шапсыгъхэм я деж щитхыжыгъащ. А тхьэлъэIур зыщIэжыр шапсыгъхэм я закъуэщ, адыгэхэм куэд щIауэ ар ящIакъым.
  • Мы тхьэлъэIум гъэщIэгъуэну хэлъыр — яжьэпсыр, пэж дыдэу, къэкIыгъэ сымаджэ хъуам зэрихущхъуэрщ. Абы щыхьэт тохъуэ иджырей мэкъумэш щIэныгъэри. Ауэ, Хьэрэт псалъэр тхыгъэхэми IуэрыIуатэми къызэрыхэщыжыр мащIэ дыдэущ.
  • Фэ фщIэрэ?
  • Жьы хъуа псалъэхэм къарыкIыр
  • Хьэлыуэ Iэпищ. ФэрэкI къызэуза сабийр хъужа иужькIэ, хьэлIамэ хуагъавэрт, сабийм и Iэпищым и пIэ тедзауи гъунэгъухэм хуахьырт, я сабийр зэрыхъужам, иджы укъыкIэлъыкIуэ зэрыхъунум и щыхьэту.
  • Гъуэгудэгъазэ. Мыр адыгэхэм хьэщIэм хуащI пщIэм, кIэлъызэрахьэу щыта хабзэм ящыщ зыщ. Къуажэм дэкIыу гъуэгу техьам, хьэщIэ къакIуэу илъагъумэ, къигъэзэжырти, къуажэм нэс къигъэблагъэрт, хьэщIэм хуит къищIыжмэ, и гъуэгум пищэжырт.
  • Дыщрыс. Пасэ зэманым щыгъуэ нысэр унагъуэ ихьа иужькIэ, и дыщым илъэскIэ щис къэхъурт, зыхыхьа унагъуэм уасэр зэхуахьэсыху.
  • Гущэкъуибзэ. Адыгэхэм хабзэу къадекIуэкIыу щытащ зы жэщым жылэм къыдалъхуа щIалэ цIыкIумрэ хъыджэбз цIыкIумрэ я гущэкъу зэхурабзэу. Ахэр балигъ хъуа иужькIэ унагъуэ хъун хуейуэ арат.
  • Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр
  • Бзииху — Липа. ЛIэужьыгъуэ зыбжанэу зэхэгъэщхьэхукIа жыг лъэпкъыгъуэщ. Я лъагагъыр метр 25 — 30-м нос. Я тхьэмпэхэр хуэхъурей щIыкIэщ. Пхъафэр Iувщ, щхъуэ-фIыцIафэщ. Гъэгъахэр, гъуэжьыфэ мащIэ къызыщIэувэхэр, зыбжанэу, Iэрамэ зэгъусэу, зи фэр хужь бзий бгъузэ-кIыхь цIыкIухэм якIэрыщIауэ, къудамэ щхьэкIэхэм мэкъуауэгъуэм и кIэм къапедзэ. Адыгэ хэгъэгухэм бзииху лIэужьыгъуиплIым езыр-езыру къэкIыу уащыхуозэ. Ди къэралым езыр-езыру къыщокI бзииху лIэужьыгъуэу 16. Гъэгъахэм бжьэм къыпах фор хуабжьу гурыхьщ, хущхъуэ хэлъщ. Пхъэр щабэщ, псэуалъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхащIыкI. Адыгэхэм къэкIыгъэ зыбжанэ хэлъу шей щагъавэкIэ бзииху гъэгъар халъхьэ.
  • Блашэ — Клён остролистный, клён платановидный. И лъагагъкIэ метр 25 — 30 хъууэ, баринэ дахэу къэкI жыг лIэужьыгъуэщ. Жьы хъуа къудамэхэм ятелъ пхъафэр фIыцIафэщ, зэгуэча куэд иIэщ, къудамэщIэхэр щхъуафэщ, плъыфэ мащIэ къыщIэлъадэу. Тхьэмпэхэр инщ, лэдэхиплI яIэщ. Гъэгъа щхъуантIэ-гъуэжьыфэхэр тхьэмпэхэм я нэхъапэ къыпедзэ. Абыхэм мэ дахэ къапех, бжьэхэм хущхъуэ зыхэлъ фо къыхах. Блашэр илъэси 150 — 200-м нэсыхункIэ мэпсэу. Жыгей, бжей мэзхэм къыщокI. И пхъэм быдагъэу иIэм папщIэ адыгэхэм бгыкъу, пкъо къыхащIыкI. Блашэр къагъэсэбэпу щытащ макъамэ Iэмэпсымэ (пхъэпшынэ, шыкIэпшынэ) щащIкIэ.
  •  Хьэкъун Барэсбий.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  •  
  • ЕкIуэкIыу:1. ЧнутIым нэгъуэщIу зэреджэ. 3. … пыIэ. 6. Егъэлеяуэ гурыщхъуэщI, дзыхьмыщI. 7. Письмо, газет, журнал хуэдэхэр здрашалIэ, зейхэм щыIэрагъэ-хьэж IуэхущIапIэ. 8. Псэхэлъхьэж. 9. Дин лэжьакIуэ ефэндыхэм я нэхъыщхьэ. 12. Къуалэбзугъащтэу хадэхэм ирагъэувэ. 13. Шыгум щIэщIа шитIым я зым … къищтащ. 16. Адыгэу 800-м нэс зыдэс къалэ, Красно-дар щIыналъэм щыщу. 17. Пасэрей хъыбарегъащIэ. 18. Пхъэщхьэмыщхьэ. 19. Бжьэхуцым къыхэщIыкIа щэкI Iув. 22. Iэпслъэпсым щыщ. 23. Зым … хьэдрыхэ кIуэркъым. 27. Ди гъунэгъу щIалэм нэхърэ нэхъ … ди жылэм дэскъым, хьэлъэ къэIэтынымкIэ псоми ятокIуэ. 29. Пасэрей зауэлIым и пыIэ. 30. Мэзым ухуэзышэ лъэс … цIыкIу. 31. МафIэм фIыуэ ис химие элемент, гын къызыхащIыкI. 32. Мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъу адыгэ композитор Iэзэ. 33. Iэщ цIыкIум и щIэжьей.
  • Къехыу:1. ЩIалэм ахъшэ зэхуихьэсри машинэ … къищэхуащ. 2. Къэхъуа Iуэху гуэр зи нэгу щIэкIа цIыху. 3. Мэжаджэ, хьэлу, чыржын, … 4. ЦIыху къуэгъу, икъукIэ гъур. 5. Совет зэманым щIакхъуэ хужь къызыщIэкIыу щыта ахъшэ жьгъей. 10. Хьэцэпэцэ къаха IэплIэ, зэкIуэцIыпхауэ. 11. «… тафи къимыгъанэу джэбын хужьыр къырешэкI — ЩоджэнцIыкIу Алий и «ЩIымахуэ жэщ» поэмэм щыщщ. 12. Зи кIэмрэ зи сокумрэ фIыцIэ шы. 14. Къуэш егъу нэхърэ … 15. «УкъыздэкIуэну псалъэ зэрыптрэ цIыху … кIуэри ди щIыгум къигъэзэжащ» — Уэтэр Анатолэ игъэзащIэ уэрэд цIэрыIуэм — «ФIылъагъуныгъэм щхьэ уриджэгурэ?» жыхуиIэм щыщщ. 20. КъуажэцIэ, псыцIэ. 21. ТхъуцIынэ щIэпхумэ, ар къонэ. 24. … уасэ иIэкъым, гъэсэныгъэм гъунэ иIэкъым. 25. Пасэрей Iэщэ. 26. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIу щыта … Руслан. 28. Шэрджэс усакIуэ Iэзэ … Абдулыхь. 30. Тутнакъэщым нэгъуэщIу зэреджэ.
  • Зэхэзылъхьар  Мыз Ахьмэдщ.
  •  
  • Мэкъуауэгъуэм и 27-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу:5. Мэшбэв. 6. Чэруан. 9. Блэр. 10. Бырыб. 11. Нысэ. 12.Тхъу. 13. ЩIакIуэ. 15. Гъубжэ. 17. Iуэ. 19. Тхьэгъу. 21. Щэуей. 22. Мысэ. 23. Япэ. 24. Гъуэз. 25. «Адэ». 28. Бажэ. 29. Бжэгъуу. 31. Нащэ. 32. Шы. 33. КIагуэ. 34. Пщае. 35. Зэ. 36. Бгъэн. 38. Шыдыгу. 41. Ныбэ. 42. Нэщанэ. 43. Мэрзей.
  • Къехыу:1. Пшэр. 2. Лъэмб. 3. Сэмб. 4. Ауан. 5. Мэлыхъуэхьэ. 7. НэсэIуасэ. 8. Гур. 14. КIуащ. 16. Бей. 18. Жумэрэн. 20. Гъуаплъэ. 22. Медан. 26. Батыргъэн. 27. Пщызэбий. 29. Бэгу. 30. Уэщ. 37. Нащэ. 38. Шэнт. 39. Ду. 40. Гулъэф. 41. Назэ.