КIасэу утыку къихьами…
2020-07-04
- Мы махуэхэм зи ныбжьыр илъэс плIыщI ирикъуа Хъущт Аслъэнбэч 2008 гъэм Китайм и къалащхьэ Пекин щекIуэкIа Олимп Джэгухэм я дыщэ теувапIэм лъэ быдэкIэ техьащ, илъэсищэ и пэкIэ Европэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Iуащхьэмахуэ и закъуэу къэзыгъэIурыщIа ди лъэпкъэгъу Хьэшыр Чылар хуэдэу.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Тэрч къалэм пэмыжыжьэ Белоглинское къуажэм 1980 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м къыщалъхуа Хъущт Аслъэнбэч наIуэ ищIащ зыхуигъэувыжа къалэным псэемыблэжу зэрыхуэкIуэфыр. ГъащIэм абы и лъагъуэр щыпхишыфащ — гугъурэ нашэкъашэу икIи къуажэдэс щIалэжь цIыкIуу къежьар Олимп чемпион хъуащ.
- Китайм и къалащхьэ Пекин щекIуэкIа Олимп Джэгухэм 2008 гъэм лъагапIэ нэхъ ин дыдэр къыщищтэфащ: зэIущIих иригъэкIуэкIати хыми текIуэныгъэ къабзэ къыщихьащ, и хьэрхуэрэгъухэм зы очкои къаримыгъэхьу! Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр спортым и тхыдэм илъэс куэдкIэ къыхэнэнущ.
- Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ килограмм 96-рэ зи хьэлъагъхэм я гупым адыгэ чемпионыщIэ къызэрыхэхъуам и хъыбарым зэщIищтащ дэнэ щIыпIи щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр. Ар спортым цIыху псори — дихьэххэри, абы пэжыжьэхэри — щызэщIигъэуIуа махуэт.
- — Аслъэнбэч олимп медалым зэрыхуэкIуа гъуэгуанэр икъукIэ гугъут, — и гъэсэныр зэрыIукIар къегъэсэбэпри, — жеIэ и тренер Къардэн Анзор. — Командэ къыхэхам езым ипкъ иIэжщи, абы ухэхуэныр лэжьыгъэ хьэлъэщ. Пекин дыщыкIуэнум ипэ къихуэ илъэситIым зыми шэч къытредгъэхьакъым дэ къэралым и цIэкIэ Олимп Джэгухэм дызэрыщыбэнэфынум. Аслъэнбэч и зэIущIэ псори къабзэу къихьырт, и хьэрхуэрэгъухэм зы очко закъуэ фIэкIаи яритакъым. КъищынэмыщIауэ, ар хуитакъым щыуагъэ гуэр IэщIэкIыну — апхуэдэу ущытыныр икъукIэ хьэлъэщ.
- Пекин щригъэкIуэкIа япэ зэIущитIым яужькIэ, цIыху мин 15 зыщIэс пэшым дикторым Хъущтыр къыщригъэблагъэм, псори IэгуауэшхуэкIэ пэджэжащ. Абы и бэнэкIэм кIэлъыплъыну зэIущIэхэм къекIуалIэрт нэгъуэщI къэралхэм я командэ къыхэхахэм я тренерхэр.
- Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ профессиональнэу Хъущт Аслъэнбэч зигъэсэн щыщIидзар гувауэщ — илъэс 23-рэ хъууэщ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта иужькIэ. Абы и пэкIэ и ныбжь щIалэ цIыкIухэм хуэдэу къыщыхъуа къуажэм щылажьэ лъэпкъ бгырыпх бэнэкIэмкIэ секцэм зыщигъэсащ. АдэкIэ ерыщу щыпищащ еджапIэ зыщIэтIысхьа Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш академием.
- Аслъэнбэч и анэр пэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэщ, и адэр щIалэ цIыкIур илъэситху хъууэ дунейм ехыжащ. Унагъуэм сабиищ къыщыхъуащ: шыпхъу нэхъыжьрэ къуэш нэхъыщIэрэ иIэщ. Спортым и япэ лъэбакъуэхэр Хъущтым щрагъэчащ тренерхэу Битокъу Юрэрэ Цырхъ Анзоррэ. ЕджапIэ нэхъыщхьэм «технолог» IэщIагъэр щызригъэгъуэтащ. IэщIагъэ нэхъыщхьэ игъуэта иужькIэщ абы бэнэкIэм и зэман псори щыхухихар.
- Нэхъапэм зыми ямыцIыхуу щыта Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэ щIалэщIэр къэралым и командэ къыхэхам и тренерхэм ягу дыхьащ икIи я гъусэу зигъэсэну ирагъэблэгъащ. АдэкIэ абы зэхуихьэсу щIидзащ нэхъ лъапIэныгъэ дыдэ зиIэ саугъэтхэр.
- Пекин и дыщэ медалыр Аслъэнбэч къыхуихьащ езым фIэкIа зыми нэгъэсауэ къыхуэмыгъэсэбэп бэнэкIэ Iэмал гъуэзэджэм — «бгырыпх зэдзэкIа» зыфIащам. Мы спорт лIэужьыгъуэм хэтхэр щыгъуазэщ ар зэбгъэхъулIэну хуабжьу зэрыгугъур. КъызэрымыкIуэ къарумрэ Iэзагъымрэ къищынэмыщIауэ, абы папщIэ егъэлеяуэ псынщIагъ пхэлъын хуейщ: къыпщхьэщыс хьэрхуэрэгъум напIэзыпIэм укъыIэщIокI, зэщIэбоубыдэ, алэрыбгъум къытыбочри, уи щхьэмкIэ щхьэпрыбодз. Апхуэдэ Iэмалыр Аслъэнбэч хуабжьу дэзыхьэх адыгэ бгырыпх лъэпкъ бэнэкIэм куэдрэ ущрохьэлIэ.
- Хъущтым и «бгырыпх зэдзэкIам» дуней псом и спортсмен цIэрыIуэ куэд ихьащ. Иужьрейхэм ящыщщ Олимпиадэм и финалым щыхигъэщIа нэмыцэ абрагъуэ Энглих Миркэ.
- — Псори езыр-езыру къэхъуащ, — игу къегъэкIыж Пекин и чемпионым. — И Iэр къыщишиям къысхуэмыIэтынкIэ шэч къытесхьат. АрщхьэкIэ секIуэтэкIи хъунутэкъыми, къарурэ ерыщагъыу сиIэр зэхэслъхьэри, си хьэрхуэрэгъур щхьэпрыздзащ.
- Хъущтыр Европэм щэнейрэ и чемпионщ (2008, 2009, 2010 гъэхэм), дунейпсо зэпеуэм тIэунейрэ жэз медалхэр къыщихьащ (2009, 2010 гъэхэм), Дунейпсо кубокыр зыIэригъэхьащ (2008 гъэм), Урысей Федерацэмрэ хамэ къэралхэмрэ я зэхьэзэхуэ зыбжанэм щытекIуащ, дунейпсо классымкIэ спортым и мастерщ.
- Алыдж-урым бэнэкIэм хэкIыжа иужькIэ Хъущт Аслъэнбэч илъэс зыбжанэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министру лэжьащ. А IэнатIэми ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащ.
- Спортым щиIа зэфIэкIхэм къыпэкIуэу Хъущтым къыхуагъэфэщащ Зэныбжьэгъугъэм и орденымрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденымрэ къыхуагъэфэщащ.
- Аслъэнбэч унагъуэ дахи иIэщ. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжу и щхьэгъусэмрэ абырэ зэдапI хъыджэбзищрэ зы щIалэрэ.
- Жыласэ Заурбэч.