Адыгэ бзылъхугъэ
2020-06-18
- Дуней псом зезыгъэхъуэжыну жызыIэфхэм сащыщкъым
- Бад Беллэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым экономикэмкIэ и факультетымрэ КъБКъАУ-м менеджментымкIэ и магистратурэмрэ къиухащ. Иужьрейм и щIэныгъэм зэрыщыхигъэхъуам и фIыгъэу абы къелъытэ иджыблагъэ Налшык къалэ округым и Централизованнэ библиотекэм и унафэщI къулыкъур къыщыхуагъэлъагъуэм зрипщытыну зэрытегушхуар.
- — Си сабиигъуэм сызыщIэхъуэпсу щыта IэщIагъэхэр сигу къэзгъэкIыжмэ, пэжыр жысIэнщи, сабийхэр згъасэу е библиотекэм сыщIэту си нэгу къыщIэзгъэхьэу щытащ. КъищынэмыщIауэ, класс нэхъыжьхэм сыщыщIэсым ди къалэ щIыпIэ администрацэм сыщылэжьэну е журналист сыхъуну сыщIэхъуэпсырт, — жеIэ Бадым.
- Беллэ и хъуэпсапIэхэр къехъулIауэ жыпIэ хъунущ. Ар илъэси 9-кIэ (2011 гъэм къыщыщIэдзауэ) щылэжьащ Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм щэнхабзэмкIэ и управленэм, иджы библиотекэм и унафэщI хъуащи, абыи и къару ирихьэлIэнущ.
- — Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм сыщыщылэжьам библиотекэхэм я лэжьыгъэм нэхъ куууэ зыщызгъэгъуэзащ. Къапщтэмэ, абдежщ къыщысщIар ди къалащхьэм муниципальнэ библиотекэу 17 зэрыдэтыр, а псом я лэжьыгъэр зым зэрепхыжар, — жеIэ Беллэ. — IэнатIэщIэм сытегушхуауэ сыпэрыхьащ. Хэт ищIэрэ, мы Iуэхум сызэрыдихьэхар арагъэнущ абы и щхьэусыгъуэр. Абы щыгъуэми къызгуроIуэ жэуаплыныгъэ ин мы лэжьыгъэм зэрыпылъыр. Библиотекэм и штатыр инщ, нэхъыбэр илъэс 30-м нэблэгъауэ мэлажьэ. Сыщогугъ абыхэм я зэфIэкIымрэ си щIэныгъэмрэ зэуIу тхуэщIыну, — жеIэ абы.
- Интернетыр къызэрежьэрэ библиотекэхэм екIуалIэр хуэмурэ нэхъ мащIэ зэрыхъуар зыми и дежкIэ щэхукъым икIи Бадыр зыпэрыува IэнатIэм и гугъуехь нэхъыщхьэр зэпхар аращ. Абы къыхэкIыу Беллэ япэу зэлэжьыну зыхуигъэувыж къалэнхэм ящыщщ библиотекэхэм я Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм къагъэсэбэпу щIыжыныр.
- — Библиотекэм щрагъэкIуэкI хабзэ зэхуэсхэм еплъыкIэщIэ хэлъу дяпэкIэ къызэрызэдгъэпэщыным дегупсысын хуейщ. IуэхущIапIэр тхылъ ущеджэ щIыпIэ къудейуэ щымыту, зэман лей зиIэм, псом хуэмыдэу ди щIалэгъуалэм, абдеж зэрызыщагъэпсэхуфыну Iэмалхэри къэдгъуэтын хуейщ. Библиотекэм сэбэп пылъу сыхьэтитI щыбгъакIуэмэ нэхъыфIкъэ, Iуэхуншэу ущыс нэхърэ?! — жеIэ ди псэлъэгъум.
- Беллэ тхылъ еджэныр зэрыфIэфIым и мызакъуэу, ар зэригъэлъапIэми шэч хэлъкъым. Абы и щыхьэтщ тхылъ еджэным къыхуриджэу блог щхьэхуэ къызэригъэпэщауэ зэрыщытар. Иджыпстуи абы гулъытэ хэха хуищIыну и мурадщ IуэхущIапIэм и сайтым зэрызригъэужьыну щIыкIэм, библиотекэм цIыху нэхъыбэ къызэрыришэлIэнум.
- — Дунейм зезыгъэхъуэжыну жызыIэфхэм сащыщкъым. ПыухыкIауи мурад сиIэкъым, IэнатIэм сызэрыпэрыхьэу лэжьакIуэхэм я Iуэху бгъэдыхьэкIэр схъуэжыну. Ауэ икIи къыдгурыIуэн хуейщ ди лэжьыгъэм щIэ гуэр хэтлъхьэну игъуэ зэрыхъуар. Зы пIэм уиуджыхьу уитыныр къезэгъыжыркъым, — къыхегъэщ абы. — ЗэрытщIэщи, библиотекэхэм нэхъыбэу екIуалIэр ныбжьыщIэхэмрэ зи ныбжь нэхъ хэкIуэтахэмрэщ. Дыхуейт щIалэгъуалэри лэжьакIуэхэри абыхэм къахыхьэну. Иджыпсту дуней псом къыщекIуэкI коронавирус узыфэр Тхьэм жиIэрэ къызэднэкIмэ, ахэр къызэрыдэтхьэхыным Iэмал имыIэу делэжьынущ. Абы щхьэкIэ литературэм щIэуэ къыхыхьэхэр библиотекэхэм зыIэрагъэхьэпхъэщ. Ар Iуэху тыншкъым, ауэ дыщогугъ ди унафэщIхэм ди Iуэхур къыддаIыгъыну. Къызэрыхэзгъэщащи, Налшык къалэм хьэблэ къэс ди библиотекэм и къудамэхэр щыIэщ икIи сыхуейт абыхэм пэгъунэгъуу псэухэр зэрыунагъуэу ахэр я кIуапIэ хъуну, я зэманыр щагъэкIуэну. Псалъэм папщIэ, фильм гъэщIэгъуэнхэм щеплъу, къыщызэрагъэпэщ зэхуэсхэм къыхыхьэу, лекцэ щхьэпэхэм щедаIуэу. Апхуэдэущ ди лэжьыгъэр зэрыдунэтIынур. Библиотекэм лэжьыгъэ куэд епхащ, ауэ абы и лэжьакIуэхэр зи IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу, абы хэзыщIыкI защIэщи, сыщогугъ зыхуэдгъэувыж къалэнхэм дыпэлъэщыну!
- БАГЪЭТЫР Луизэ.
- Ланэ и псэм егъэпIейтей
- Эстонием цIыхухэм япэIэщIэу (дистанционнэу) щекIуэкIа «МузКиноФест» зэпеуэм щытекIуащ КъБКъУ-м и «Амикс» театрым уэрэдымкIэ и студием и унафэщI Къул Ланэ.
- Зэхьэзэхуэм ирагъэхь хъуну щытащ уэрэд жаIэу траха видеохэр. Абы щыгъуэми къызэгъэпэщакIуэхэм коронавирусым и зэранкIэ дуней псор зэрыт щытыкIэр къалъытэри, зыми паубыдакъым лэжьыгъэхэр зэрытрахыпхъэ жыпхъэр зыхуэдэнур. Уеблэмэ ахэр хэплъащ уэрэджыIакIуэхэр нэхъ ипэкIэ зыхэта пшыхьхэм къыхахыжа видеохэми унэм деж щытрахахэми.
- Къул Ланэ зэхьэзэхуэм игъэхьащ «Служебный роман» фильмым папщIэ ятха «Моей душе покоя нет» уэрэдыр.
- — Видеор телефонкIэ унэм щытетхащ. Пэжыр жысIэнщи, ехъулIэныгъэ гуэр къэсхьыным шэч къытесхьэрт, уэрэдыр зэрызгъэзащIэм арэзы сыкъищIыжыртэкъыми. Ауэ къызэгъэпэщакIуэхэм иджыблагъэ письмо къысхуагъэкIуащ, зэхьэзэхуэм япэ нагъыщэ зиIэ и дипломыр къызэрысхуагъэфэщар иту, — жеIэ Ланэ. — Зэпеуэм сыхэтыну чэнджэщ къыщызатам, куэдрэ сыгупсысакъым — лэжьыгъэмрэ утыкумрэ сахуэзэшат. ЦIыхум япэIэщIэу къызэрагъэпэщ мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэм, дауи, щхьэхуэныгъэхэр яIэжщ — зыгуэрым узэрыпеуэр щызыхэпщIэркъым, зэрыхабзэу, угузавэркъым. ИтIани, икъукIэ си гуапэщ апхуэдэ зэпеуэми сызэрыхэтар, къэпщытакIуэхэм си лэжьыгъэр къызэралъытар.
- Гъуэгу къежьапIэ
- Жылагъуэ Iуэхум дехьэх
- Iэхъуэбэч Бэллэ КъБКъУ-м юриспруденцэмкIэ и факультетым и 4-нэ курсым щоджэ. Ар «Урысей зэкъуэт» Урысейпсо партым и «ЩIалэгъуалэ гвардием» и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм Бахъсэн къалэм щиIэ щIыпIэ зэгухьэныгъэм и унафэщIщ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуалэ советым хэтщ, апхуэдэуи КъБР-м и Парламентым и 6-нэ зэхуэсыгъуэм и депутат Бечеловэ Людмилэ и дэIэпыкъуэгъущ.
- — 2017 гъэм КъБР-м и ЩIалэгъуалэ центрым и зы проектым — КъБР-м и политик ныбжьыщIэхэм я школым — сыхэта нэужь, жылагъуэ Iуэхум сыдихьэхащ. ЕджапIэр къыщIызэрагъэпэщар ныбжьыщIэхэр утыку ихьэфу, социальнэ мыхьэнэ зиIэ жэрдэмхэр пхагъэкIыфу ягъэсэнырт, апхуэдэуи щIалэгъуалэ политикэм зегъэужьынырт, — жеIэ хъыджэбзым. — А Iуэхум хэтат КъБР-м и Жылагъуэ палатэм епха ЩIалэгъуалэ советри. МазитI дэкIри, советым и секретару сыхахат. Абдеж щегъэжьауэ щIалэгъуалэ зэхуэсхэм нэхъ жыджэру сыкIуэн щIэздзащ. Иджыпсту къехьэкI-нехьэкI хэмылъу схужыIэнущ жылагъуэ лэжьыгъэр зищIысымрэ Iуэху къызэгъэпэщыкIэмрэ къыщысщIар зэрыабдежыр.
- ИужькIэ Iэхъуэбэчыр «ЩIалэгъуэ гвардие» урысейпсо зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэми жыджэру дэлажьэу щIидзащ. Мыгувэу а зэгухьэныгъэм Бахъсэн къалэм щиIэ щIыпIэ къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр игъэзэщIэну и пщэ къралъхьащ. Бэллэ абдеж щигъэхьэзыра проектым ахъшэ саугъэт къыхуагъэфащэри, 2018 гъэм и жэпуэгъуэм Бахъсэн къалэм дэт «Насып» рестораным къыщызэригъэпэщащ ЩIалэгъуалэмрэ студентхэмрэ ядэIэпыкъунымкIэ «Дызэгъусэщ» фондым и псапащIэ фестивалыр. Гудзакъэ зиIэ хъыджэбзым и япэ жылагъуэ Iуэхур зытриухуар унагъуэ хуэмыщIахэм къыщыхъу сабийхэм, зеиншэхэмрэ зи узыншагъэм сэкъат иIэ ныбжьыщIэхэмрэ дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъунырт, зыгуэркIэ я гукъыдэжыр къахуэIэтынырт. Фестивалым къыхэкIамкIэ цIыкIухэр нэхъ зыхуэныкъуэхэмкIэ зыщIагъэкъуащ.
- — Куэд щIауэ сызэгупсыс Iуэхут ар. «ЩIалэгъуалэ гвардием» апхуэдэ жэрдэмхэр ныбжьыщIэхэм зэрадиIыгъыр, ахъшэ зэрахухихыр щызэхэсхым, шэч хэмылъу, ар зэрызгъэзэщIэнум фIэкIа нэгъуэщIым сегупсысыжакъым. Ар си япэ лэжьыгъэу арати, проектыр зэхэгъэувэнымкIэ Москва щыIэ ди штаб нэхъыщхьэм хэтхэри къыздэIэпыкъуащ, — жеIэ Iэхъуэбэчым.
- Проектыр щигъэзащIэм Бэллэ къыдэIэпыкъуащ зэгухьэныгъэм хэт щIалэгъуалэр. «ФIыщIэ яхузощI зыкъысщIэзыгъэкъуа псоми. Псалъэм папщIэ, «Насып» рестораным и унафэщI Быф Ритэ пщIэншэу пэшышхуэ тхухихауэ щытащ. ЦIыкIухэр ягъэгушхуащ республикэм и артистхэу Къаздэхъу Мухьэмэд, Жыгун Эдуард, ГъукIэ Ислъам, Мэремкъул Ибрэхьим, Апэнэсхэ Ибрэхьимрэ Джульеттэрэ, къафэмкIэ «Амра», «Бахъсэн ауз» еджапIэхэм зыщызыгъасэхэр», — жеIэ абы.
- Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэ псоми къыхашауэ (унагъуэ нэхъ хуэмыщIахэм ящыщу) а махуэм я нэгу зрагъэужьащ сабии 100-м щIигъум икIи зыхуэныкъуэхэм-кIэ зыщIагъэкъуащ.
- КъищынэмыщIауэ, нэгъуэщI зы проекти, «PROчтение клуб» зыфIищар, Бэллэ щигъэзэщIащ Бахъсэн къалэм.
- — ФIыуэ къызгуроIуэ жылагъуэ Iуэхум ухэткIэ узэрыпсэун абы къызэрыпэмыкIуэнур икIи къэкIуэнум зы унэтIыныгъэ гуэр къыхэсхын зэрыхуейр. Ауэ иджыпсту мыбы гурэ псэкIэ сыхэтщи, IэщIагъэ зэзгъэгъуэтыр сыт хуэдэу сфIэфIу щымытми, зэкIэ абы си лэжьыгъэр еспхыну сегупсысыркъым. Абы мащIэу сегъэгузавэ, ауэ, хэт ищIэрэ, къэзухмэ, нэхъ нэрылъагъу хъунущ псори. ЗэкIэ шэч къызытезмыхьэр зыщ — жылагъуэ Iуэхум сыхэтыну сызэрыхуейрщ, — жеIэ Бэллэ.
- КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
- Яхуэдэ щыIэу пIэрэ?
- Урысейми Европэми къикIыурэ XVII — XIX лIэщIыгъуэхэм Адыгэ Хэкур зрагъэлъагъуну къакIуэу щыта щIэныгъэлIхэмрэ къэхутакIуэхэмрэ гу лъамытэу къэнакъым адыгэ бзылъхугъэхэм я къабзагъэмрэ IэкIуэлъакIуагъэмрэ, шхыныгъуэ гъэхьэзырынымрэ дэн-бзэнымкIэ абыхэм яхуэдэ зэрыщымыIэм.
- Абыхэм ящыщ зым адыгэ бзылъхугъэхэм я IэщIагъэм пщIэшхуэ хуищIу, ар нэгъуэщI лъэпкъхэм яригъэщIэн щхьэкIэ, мыпхуэдэу итхыгъат: «Адыгэ бзылъхугъэхэр адрейхэм къащхьэщокI зэрыIэкIуэлъакIуэмкIэ, IэщIагъэ дахэ зэраIэмкIэ. Абыхэм IэкIэ зэгуадар мытIэпIыжурэ, езы щыгъыныр мэлажьэ. Адыгэ бзылъхугъэхэм я дыщэидэр хуабжьу быдэщ, къызэрымыкIуэу дахэщ. Сыт хуэдэ лэжьыгъэ абыхэм ямыгъэзащIэми, уолъагъу я IэпэIэсагъыр, сыт хуэдэ Iуэхуми зэрыхуэIэрыхуэр».
- Эдмонд Спенсер Инджылызым къикIыу XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм Адыгэ къэралыгъуэм куэдрэ щыхьэщIа нэужь итхыжа «Путешествия в Черкесию» тхылъым адыгэ бзылъхугъэхэм ятеухуауэ мыпхуэдэу щыжеIэ: «Сэ слъагъу зэпытт гуащэм ипхъухэр и гъусэу дыщэидэ ящIу. Мы IэщIагъэ хэхам хуэфэщэн зэман трагъэкIуадэ бзылъхугъэхэм. СызихьэщIэ унагъуэм ис бзылъхугъэ псоми, пасэрей гуащэхэм ещхьу, цы, чэтэн хуэдэхэр зэIуащэрт. Адыгэ бзылъхугъэхэм я Iэдакъэ къыщIэкI хьэпшыпхэр езым я унагъуэ закъуэртэкъым щIащIыр. Абыхэм махъшэцымрэ бжэныцымрэ зэ-Iуащэрт пIэтепхъуэ хъарзынэу, дахэ дыдэу ящI уанэгу щхьэнтэхэмрэ шы Iэпслъэпсхэмрэ, къамалъэхэмрэ сэшхуалъэхэмрэ. Шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэ гъэхьэзырынымрэ тхъу еуэнымрэ щыхуэкIуэкIэ, абдежи адыгэ бзылъхугъэхэм къалъэщIыхьэн щыIэкъым.
- Илъэс минкIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа хьэрып географ, зекIуэлI Абул-Хьэсэн Алий аль-Масуди Адыгэ Хэкум къыщыкIуам ди бзылъхугъэхэм я дахагъэмрэ IэкIуэлъа-кIуагъэмрэ гу лъитэри, и тхылъым иритхэгъат: «Абыхэм я бзылъхугъэхэр цIэрыIуэщ гъэсэныгъэ дахэ зэрахэлъымкIэ. Ахэр хуэпащ данэмрэ шылэмрэ къыхэщIыкIа, дыщэкIэ хэдыкIа щыгъын хужь дахэкIэ. Абы я хэкум дежщ «тал» зи цIэ щэкIыр щызэIуащэр. Ар «дибаки» щэкIым нэхърэ нэхъ пIащIэщ, ауэ IэджэкIэ нэхъ быдэщ».
- ХЬЭКЪУН Барэсбий.
- Лъэпкъ IэщIагъэхэр кIуэдыжынукъым
- «Шым уришэсыну, бгылъэ щIыпIэхэмрэ мэз Iувхэмрэ кърищыпкIухьыну цейм къыпэхъун щыIэкъым. ПщампIэ зытемылъ, зи бгъэр зэгуэха фэилъхьэгъуэр бгым деж зэв щохъуж, ауэ зауэм урихэтыфын хуэдэу абы Iэпкълъэпкъыр имыкъузу щытщ: Iэщхьэхэр быхъущ, кIэщIщ. Цейр адрейхэм къахэзыгъэщыр данэ кIапсэ псыгъуэкIэ къадыхь бгъэгущталъэхэрщ. СэмэгумкIэ щыIэхэм гыныгъуэхэр иралъхьэ, ижьымкIэ — дыд, фэдэн, нэгъуэщI Iэмэпсымэхэр».
- Мы тхыгъэ кIэщIымкIи нэрылъагъущ адыгэм и гъащIэм, дуней тетыкIэм цейм мыхьэнэшхуэ зэрыщиIар. И дахагъэм къыдэкIуэу, абы и быдагъри, сэбэпынагъ куэд зэрыпкърылъри къэлъытапхъэу къыщIэкIынщ. Лъэпкъ куэдым абы щапхъэ трахащ, ауэ псэукIэм щIэх-щIэхыурэ зэрызихъуэжым къыхэкIащ ар къамыгъэсэбэпыжыныр. Махуэ къэс цейр щамытIэгъэжми, хуэмурэ гъащIэм къыхохьэж, хьэгъуэлIыгъуэхэмрэ нэгъуэщI махуэшхуэхэмрэ ар ящымыгъыу зэфIэкIыркъым. Абы къикIыращи, фащэ зыдхэм я IэщIагъэм дяпэкIи щIэупщIэ иIэнущ…
- Ди гуапэ зэрыхъунщи, апхуэдэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр къыдокIуэтей. ЗэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэм я WorldSkills IV щIыналъэ зэхьэзэхуэм иджыблагъэ утыку къыщрахьащ адыгэ цейр зэрадыр. Къыхэгъэщыпхъэщ абы Налшык къалэм промышленность псынщIэмкIэ и колледжым щеджэхэу ПщыукI Алинэ — етIуанэ увыпIэр, Хьэщыкъуей Индирэ ещанэ увыпIэр къызэрыщахьар.
- Илъэс 19 зи ныбжь Алинэ и анэр дэрбзэр Iэзэу щытми, езыр зэи щIэхъуэпсатэкъым а IэщIагъэр зригъэгъуэтыну. Абы и нэр къызыхуикIыр дохутыр хъунырт. АрщхьэкIэ и ныбжьэгъу хъыджэбз цIыкIур парикмахер гъуазджэм хуеджэу щызэхихым, колледжым щIэтIысхьащ ебгъуанэ классыр къызэриухыу. Зы илъэскIэ ар якIэлъыплъащ модельер ныбжьыщIэхэр колледжым зэрыщагъэхьэзырым икIи дихьэхащ абыхэм ящI щыгъын дахэхэм. ЕтIуанэ курсым щынэсым, ар тегушхуэри, а унэтIыныгъэм хуеджэну зригъэдзыжащ.
- ЩIыналъэ зэхьэзэхуэм хъыджэбзыр зэрыхэтам ирогушхуэ. «ИкъукIэ сыщIэхъуэпсырт апхуэдэ зэхьэзэхуэ сыхэтыну. Псом хуэмыдэу ар зытеухуа Iуэхур сфIэгъэщIэгъуэнт — лъэпкъ фащэхэр къызэрымыкIуэу сфIэфIщ, къапщтэмэ, ди къэфэкIэхэми сызэрыдихьэхым хуэдэу. Си мурадыр къыздаIыгъащ IэпщIэлъапщIэхэу дезыгъаджэ Гумэ Аминатрэ Залихановэ Лейлэрэ, абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэщауэ зэхьэзэхуэм сыхуагъэхьэзыращ», — жеIэ ПщыукIым.
- Псом нэхърэ нэхъ пэщэщэну икIи нэхъ гугъуу Алинэ къелъытэ хьэзырхэр щIыныр. ИтIани, ар и къалэнхэм зэрыпэлъэщыр къигъэлъэгъуащ зэпеуэм.
- Ислъэмей къуажэм щыщ Хьэщыкъуей Индири иджы япэу и зэфIэкI щеплъыжауэ аращ WorldSkills-2020 зэхьэзэхуэм. Алинэ къыщхьэщыкIыу, ар сыт щыгъуи щIэхъуэпсу щытащ модельер IэщIагъэм. «Си анэшхуэр дэным дихьэхыу щытащ. Езым и щхьэми ди Iыхьлыхэми зэпымыууэ фэилъхьэгъуэ дахэхэр яхуищIырт, — жеIэ хъыджэбзым. — Абы и фIыгъэщ а IэщIагъэр фIыуэ щIэслъэгъуар. Сызэрысабийрэ сурэт, тхыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэр хызодыкI. Япэ дыдэ си закъуэу кIэ щыздам еянэ классым сызэрыщIэсар сощIэж. Курыт школ нэужьым занщIэу си дэфтэрхэр естат Налшык къалэм дэт, промышленность псынщIэмкIэ колледжым. Зэхьэзэхуэм щыдгъэлъэгъуащ цейр зэрад щIыкIэхэр. Псом хуэмыдэу къыхэгъэщыпхъэр пасэрей Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр (технологие) къызэрыдгъэсэбэпар арагъэнущ. Зэпеуэр и кIэм нэблэгъэхукIэ си фIэщ хъуакъым увыпIэ щхьэхуэ гуэр абы къыщысхьыну. Зэпеуэм хэта псоми зэчий зэрабгъэдэлъыр нэрылъагъут. ДяпэкIэ нэхъ тегушхуауэ зэхьэзэхуэхэм дыхэтыну къыщIэкIынщ.
- Алини Индири я колледж къэухыгъуэм нэблэгъащи, иджыпсту диплом лэжьыгъэхэр ягъэхьэзыр. Ахэр хущIегъуэжыркъым къыхаха IэщIагъэм, фIыщIэ хуащI я гъэсакIуэхэу Балэ Марьянэ, Семененкэ Татьянэ, Аисовэ Ларисэ сымэ.
- ПЕЧОНОВЭ Наталье.
- Волонтёрым и къалэным полъэщ
- «Волонтёры-медики» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща, зи ныбжь хэкIуэтахэм защIэгъэкъуэнымкIэ щIыналъэ волонтёр штабым хэтхэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуагъэувыжыр коронавирусым и зэранкIэ гугъуехь хэт нэхъыжьхэм ядэIэпыкъунырщ. Абыхэм зэфIагъэкI лэжьыгъэмрэ езыр жылагъуэ Iуэхум зэрыдихьэхамрэ теухуауэ штабым и унафэщI Къущхьэ Залинэ жиIэм фыщыдогъэгъуазэ.
- — Налшык сыкъыщыхъуащ, 25-нэ курыт еджапIэр къэзухащ. СыщыцIыкIум дзэм къулыкъу щысщIэну сыщIэхъуэпсу щытащ. АбыкIэ си адэр щапхъэ схуэхъуауэ арагъэнт. Зыхэслъхьэ щымыIэу сфIэфIт зауэлI фащэр. Ауэ си адэм си мурадыр къысхуигъэдэхакъым, ар цIыхубз IэщIагъэу къызэримылъытэр къыхигъэщри. Си анэм медицинэм сыхуеджэну нэхъ тригъащIэрт. Иджы срогуфIэ тIуми жаIам сызэредэIуам. Иджыпсту институтым сыщIэсщ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзгъэгъуэтыну иужь ситщ.
- Волонтёр лэжьыгъэм школ зэман лъандэрэ сыхэтщ, ар си псэм пэгъунэгъу Iуэхущ. Япэм волонтёрхэр унэтIыныгъэкIэ зэщхьэщыхауэ лажьэу щытакъым, абы къыхэкIыу сыт хуэдэ Iуэхуми зетпщытырт. Абы щыгъуэми зи закъуэ псэу дадэ-нанэхэм я деж дыкIуэрт, дадэIэпыкъурт — я унэ зэлъыIухынми, хадэм илэжьыхьын хуей хъуми. Махуэшхуэхэр къыщызэрагъэпэщкIи, а Iуэхухэм жыджэру дыхэтт. Псом хуэмыдэу пщIэшхуэ зыпылъ лэжьыгъэу къэтлъытэрт ТекIуэныгъэ Иным ирихьэлIэу Георгий Щихъым и цIэкIэ щыIэ лентIыр цIыхухэм яхуэгуэшыныр. А псом сэ сыдихьэхырт, махуэ къэси апхуэдэ Iуэхухэм сыхэтыфынут.
- Школ нэужьым КъБКъУ-м и медицинэ колледжым сыщIэтIысхьэри, илъэсиплIкIэ сыщеджащ. Япэ махуэхэм щегъэжьауэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр едгъэкIуэкIащ икIи мыгувэу университетым и Студент советым и унафэщIым и къуэдзэу срагъэблэгъащ. СеджэхункIэ «Волонтёры-медики» жылагъуэ зэгухьэныгъэм сыхэтащ, 2019 гъэм и мазаем къыщыщIэдзауэ абы Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и щIыналъэ координатор сащIащ. Дызэрыт илъэсым и гъатхэпэми жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэху си пщэ къралъхьащ, коронавирус узыфэм зэрызиубгъум къыхэкIкIэ унэм щIэсын хуей хъуа нэхъыжьхэм защIэгъэкъуэнымкIэ щIыналъэ штабым и унафэщI сащIри. Къыхэгъэщыпхъэу къызолъытэ апхуэдэ IэнатIэхэр иджыпсту Урысей Федерацэм и щIыналъэ 85-м зэрыщылажьэр.
- Ди волонтёр гупым хэтхэр я зэмани къаруи емыблэжу Iуэху гуапэм йолэжь. Нэхъыбэр медицинэ еджапIэхэм щIэс студентхэращ. Штабым лэжьэн щыщIидзагъащIэм нэхъыжьхэмрэ я узыншагъэкIэ тхьэмахуитIкIэ унэм щIэсын хуейуэ зыхуатхахэмрэ ядэIэпыкъуну Iуэхум къыхыхьахэм я бжыгъэр 100-м нэсу щытакъым. Иджы цIыху 250-м щIигъуащ. Республикэм и район псоми дыщолажьэ — ерыскъыхэкIхэмрэ хущхъуэхэмкIэ нэхъыжьхэр къызыдогъэпэщ. Къапщтэмэ, нэгъуэщI Iуэхутхьэбзэ зэхуэмыдэ куэдкIи цIыхухэм зыкъыщытхуагъазэ щыIэщ.
- Шэч хэмылъу, ущезэши щыIэщ мыпхуэдэ Iуэху мытыншым ущыпэрыткIэ. Ауэ уи къалэныр зэфIэбгъэкIрэ абы цIыхур иригуфIэу щыплъагъукIэ, уи къарур пхуобэгъуэж. Сом гуэр къыпэмыкIуэу мыпхуэдэ лэжьыгъэ дызэрыпэрытыр цIыху куэдым къагурыIуэркъым. Сэри си адэ-анэм нэхъ ипэхэм яфIэфIтэкъым жылагъуэ Iуэхум сызэрыхэтыр, зэман куэд зэрыпIихым къыхэкIыу. АрщхьэкIэ иджыпсту абыхэми си Iуэхур къыздаIыгъ, зыкъысщIагъакъуэ. Нэхъыщхьэу къэслъытэр зи яужь уит Iуэхур уигуми уи псэми къыбгъэдэкIыу бгъэзэщIэнырщ. Ди лэжьыгъэм нэхъ гугъуу хэлъыр зы жэщ-махуэм и сыхьэт 24-р зэрытхуримыкъур арагъэнщ.
- Ди волонтёрхэм яхэтщ медицинэ IуэхущIапIэхэм щыIэхэри. Ауэ мы зэманым коронавирусым пэщIэт дохутырхэм я бжыгъэр ирокъури, студентхэм къалэн нэхъ тыншхэр ягъэзащIэу аращ. Къапщтэмэ, медицинэм и лэжьакIуэр дзэм къулыкъу щызыщIэм хуэдэщ. И псэ емыблэжу абы цIыхур къригъэлын хуейщ. Сэри сыхьэзырщ, къысхуей хъумэ, дохутырхэм садэIэпыкъуну, ауэ дыщогугъ гугъуехьхэр нэхъ псынщIэу къызэднэкIыну.
- АЛЪХЪО Дыжьын.
- ЕджапIэ щхьэпэ къызэIуех
- ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм 2020 гъэм иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм ахъшэ саугъэт къыщратащ Хъубий Алинэ. Абы и проектыр теухуащ видеографиемкIэ иджырей школ къызэрызэIуихыным. Алинэ езыр а Iуэхум дехьэх, уеблэмэ Москва къалэм ГИТР-м киномрэ телевиденэмрэ я продюсер IэщIагъэм илъэсрэ ныкъуэкIэ щыхуеджащ, иужьым Къэрэшей-Шэрджэс къэрал университетым журналистикэмкIэ и къудамэм зригъэдзыжащ.
- Хъыджэбзым къелъытэ игъэхьэзыра проектыр псом япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыхуэщхьэпэнур. «Ди гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр къитлъхьэу иужьрей зэманым увыпIэшхуэ иубыдащ Инстаграмым. Пэжыр жысIэнщи, уеблэмэ, си анэшхуэми абы напэкIуэцI щиIэщ. Абы къыхэкIыу цIыхухэм я пащхьэ къитлъхьэну зи яужь дихьэ видео лэжьыгъэхэр сыт и лъэныкъуэкIи къызыхуэтыншэу зэхэдгъэувэфу зедгъэсэн хуейщ. КъищынэмыщIауэ, зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым ди зэманым IэнатIэ куэдым къызэрагъэувыр компьютерымрэ абы и Iэмалхэмрэ нэгъэсауэ къыпхуэгъэсэбэпу щытын зэрыхуейр. Ахэр къэлъытауэ, ди школым ныбжьыщIэхэм лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ зэрызыщаужьынум и ужь дитынущ, — жеIэ Алинэ.
- Егъэджэныгъэ Iуэхум абы къришэлIэну и мурадщ видеом елэжь IэщIагъэлIхэр, журналистхэр. Абыхэм щIалэгъуалэм иратыну дерсхэм къищынэмыщIа, камерэр къызэрыгъэсэбэпыпхъэм, зэрытрах Iэмалхэм, зэрелэжьыжыпхъэм, псоми хагъэгъуэзэнущ. Апхуэдэ дерсхэр мазэм и кIуэцIкIэ екIуэкIынущ.
- Хъубийм къыхегъэщ школым щызэхуишэсыну гупым адэкIи а IэщIагъэм зэрыпащэнумкIэ зыщIагъэкъуэну зэрыхьэзырыр. «Республикэм щыщ IэщIагъэлIхэм къищынэмыщIа, щIалэгъуалэм ядэдгъэлэжьэнущ нэгъуэщI щIыналъэхэми къитшынухэр. Абы и лъэныкъуэкIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъунущ «Росмолодёжь» IуэхущIапIэр», — къыхегъэщ абы.
- Дерсхэр ныбжьыщIэхэм я дежкIэ пщIэншэу щытынущ. Апхуэдэу еджэгъуитI къызэрагъэпэщынущ, цIыху 30 хуэдиз ягъэсэнущ. Дерсхэр щаухкIэ еджакIуэхэм видео лэжьыгъэ зырыз ягъэхьэзырын хуейщ, социальнэ Iуэхухэм, е щхьэж дэзыхьэххэм ятеухуауэ.
- — Сыщогугъ еджэгъуэ зэманым къриубыдэу ныбжьыщIэхэм гуп-гуп защIу зэдэлэжьэну. Зи закъуэ лэжьэну хуейми абы чэнджэщкIэ дыдэIэпыкъунущ. Зыгуэр ебгъэджэхукIэ уэ езыми уи къэухьым зеужь. Курсым къэкIуэну еджакIуэхэм сэри зыгуэр къызэрызагъэщIэнум шэч къытесхьэркъым, — дыщIегъу Алинэ.
- Абы дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, еджакIуэхэм практикэ лэжьыгъэм и кIэм деж республикэм и зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэм гупу яшэнущ. Алинэ зэрыжиIэмкIэ, къихьа ахъшэ саугъэтымкIэ школыр зыхуэныкъуэ техникэхэмкIэ зэман гъунэгъум къызэрагъэпэщынущ.
- — Псом хуэмыдэу мыр творческэ лэжьыгъэу аращ. ЗэрыпщIэншэр къэплъытэмэ, видео техыным дихьэх цIыхум и дежкIэ IэмалыфIу къызолъытэ. Лекцэ къэс Инстаграмым эфир занщIэкIэ дихьэнущ, цIыхухэм ди дерсхэмкIэ дадэгуэшэнущ. Ари щхьэпэну къызолъытэ, 2020 гъэм онлайн-егъэджэныгъэм щIэупщIэ иIэ зэрыхъуам къыхэкIыу, — жеIэ Алинэ.
- ТыIэщ Милэ.