ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Урысей Федерацэм и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр

2020-06-16

  • УФ-м и Президентым и пщэрылъкIэ, 2020 гъэм и пэщIэдзэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ республикэхэм, Краснодар щIыналъэм, Дон Iуфэ Iус Ростов къалэм дыщедэIуащ УФ-м и Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм теухуауэ цIыхухэм яIэ Iуэху еплъыкIэр зыхуэдэм.

  • Зэхуэсхэм дыщытепсэлъыхьащ УФ-м и Президентым къыхилъхьэ зэхъуэкIыныгъэ нэхъыщхьэхэм — Парламентым, УФ-м и Конституцэ судым я лэжьыгъэм зэрызригъэубгъум, цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI хъуным хуэгъэзауэ къэралым и пщэ къалэн нэхъыбэ зэрыдилъхьэжым, нэгъуэщIхэми.
  • Къыхэгъэщыпхъэщ мыпхуэдэ Iуэху къыщыпIэтым деж цIыхухэм я Iуэху еплъыкIэм уедэIуэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. ЛэжьакIуэ гупым къалэну зыхуэдгъэувыжащ къэралым и дэфтэр нэхъыщхьэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр зыхуэдэр цIыхубэм ялъэдгъэIэсыным къыщымынэу, жылагъуэр зыгъэпIейтей Iуэхухэми зыщыдгъэгъуэзэну.
  • Мы Iуэхум теухуауэ Мейкъуапэ щекIуэкIа цIыхубэ едэIуэныгъэхэм кърихьэлIат щIыналъэ унафэщIхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм я лIыкIуэхэр, журналистхэр. ЗэхъуэкIыныгъэхэм ящыщ зыр теухуащ щIыналъэхэм я бюджетым и дотацэм. Абы Адыгейм дежкIи мыхьэнэшхуэ зэриIэр зэIущIэм къыщыхэдгъэщащ. Къэрал унафэщIым ар зы жыпхъэм тету псоми яIэрыгъэхьэныр къыщIыхилъхьэм и щхьэусыгъуэр гурыIуэгъуэщ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къэрал, муниципальнэ унафэхэм я къарур зэхуэдэ ищIу аращ. КъищынэмыщIауэ, Президентым къыхелъхьэ федеральнэ хабзэхъумэ IэнатIэхэм я унафэщIхэр щыхахкIэ, япэщIыкIэ ФедерацэмкIэ Советым ечэнджэщын зэрыхуейр. Ар IэмалыфI хуэхъунущ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр нэхъ зэIуха хъуным, унафэщIхэм я къалэнхэр жэуаплыныгъэ нэхъыбэ пылъу ягъэзэщIэным.
  • «Къулыкъу лъагэ зыIыгъхэр къэралитIым и цIыхуу щытыну зэрыхуимытыр абыхэм я унагъуэхэм исхэми ехьэлIауэ щытын хуэмейуэ пIэрэ? Арыншамэ, Урысейм щылэжьарэ и къалэнхэр щхьэщаха нэужь, хамэ къэрал щыпсэу и Iыхьлыхэм я деж ар кIуэжыфыркъэ?» — апхуэдэ упщIэ къиIэтащ Адыгейм Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Къуаджэ Аслъэн. Абы и Iуэху еплъыкIэр нэгъуэщIхэми даIыгъырт.
  • Жылагъуэ лэжьакIуэхэм къаIэтащ куэд щIауэ зытегузэвыхь Iуэхухэри. Псалъэм папщIэ, «Урысей сабий фонд» IуэхущIапIэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Гоголевэ Татьянэ жиIащ школхэм класс унафэщIхэм я къалэнхэр егъэджакIуэ-психологхэм я пщэ дэлъхьэныр нэхъ къызэрезэгъыр. «ЕгъэджакIуэ-психологым дерс иригъэкIуэкIын хуейуэ щыткъыми, зэман нэхъыбэ иIэщ, дэтхэнэ еджакIуэми гулъытэ хуищIыфынущ», — къыхигъэщащ абы.
  • Къапщтэмэ, къызэхуэсахэм къыхагъэщащ Конституцэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм куэд щIауэ дызэрыхуэныкъуэр.
  • Конституцэм епха зэхъуэкIыныгъэхэм щытепсэлъыхьащ Кубань къэзакъ хорым и Концерт пэшым (Краснодар къалэ). ЦIыху 500-м щIигъу зыхэта зэхуэсым къыщыпсэлъащ Урысейпсо къэзакъ зэгухьэныгъэм и нэхъыщхьэ, Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымкIэ лэжьакIуэ гупым хэт Долуда Николай. Ар тепсэлъыхьащ жылагъуэ щIыпIэхэр хъумэнымрэ езым я къэзакъ милицэ къызэрагъэпэщынымкIэ муниципалитетхэм хуитыныгъэ зэрыратынум. Къэпсэлъахэм псоми къыхагъэщащ зэхъуэкIыныгъэхэр зэрыдаIыгъыр.
  • КъищынэмыщIауэ, Краснодар щIыналъэм и муниципальнэ район псори хэту видеоконференц едгъэкIуэкIащ. Абы хэтащ, псалъэм папщIэ, Кубань къэрал университетым и щIэныгъэлIхэу Хьэгъур Темыр, Потапенкэ Сергей сымэ.
  • Дон Iуфэ Iус Ростов къалэм щекIуэкIа едэIуэныгъэхэм гулъытэ зыщыхуащIар социальнэ IуэхухэмкIэ къэралым ихь къалэнхэрщ — МРОТ-р цIыхур ирипсэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм нэхърэ мынэхъ мащIэу зэрыщытыпхъэр, пенсэр индексацэ зэрыщIыпхъэр. Абы хэтащ урысейпсо цIыхубэ фронтым и лIыкIуэхэр, волонтёрхэмрэ щIыналъэм и къэлъыхъуакIуэ гупхэм хэтхэмрэ.
  • Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Жылагъуэ палатэм щедгъэкIуэкIа едэIуэныгъэхэм хэтащ КъШР-м и ХэхакIуэ комиссэм и унафэщI Абазэалий Ларисэ, щIыналъэм и жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. Абы щыжаIари къэлъытауэ дызэлэжьыпхъэхэр дубзыхуащ.
  • СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий,
  • УФ-м и Президентым и деж Лъэпкъ
  • зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ Советым, УФ-м и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымкIэ лэжьакIуэ гупым хэт, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.