ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Дыщэ унэ»

2020-06-16

  • Ар и фIэщыгъэу Интернетым щылажьэ тыкуэн цIыкIум дахагъэу щIэлъым нэр топщIыпщIэ, гур егъэхъуапсэ. Адыгэ фащэр (цIыхухъухэм ейри цIыхубзхэм ейри) зэрагъэдахэ псори, апхуэдэуи тхьэгъу, Iэлъын, щIыIу, лэрыпс, Iэпщэхъу телъыджэхэр, сыхьэт, узытхьэкъу нэгъуэщI хьэпшып гъэщIэгъуэн куэдым уащрохьэлIэ абы. Мы IэрыкIхэм ахэр зи Iэдакъэ къыщIэкIар зыпэрыт Iуэхур къызэрехъулIэм и закъуэкъым гурыIуэгъуэ ящIыр, атIэ езым и хъэтI зэриIэжыр, гумызагъэу и IэнатIэм зэрыпэрытри нэрылъагъущ.

  • ДыщэкI IэщIагъэм бзылъхугъэхэр зэрыхуеджэр димыщIэщыгъуэми, абы нэсу хуэIэижь хъуфыр зырызщ. Апхуэдэхэм уигурэ уи щхьэрэ зэтелъу яхыубжэ хъунущ сурэтыщI, дыщэкI, декоративно-прикладной гъуазджэм и лэжьакIуэ Доткъул Еленэ. Ар Бахъсэн къалэм щыщщ, щеджари абы дэт курыт еджапIэ №1-ращ. ГъуазджэхэмкIэ институтыр къиуха иужькIэ ар зэман гуэркIэ гъуазджэхэмкIэ школым егъэджакIуэу щылэжьащ, пэш щхьэхуэ иIэу уней хьэрычэтыщIэуи щытащ.
  • Еленэ Интернетым щиIэ «Дыщэ унэ» тыкуэным цIыху минипщIым щIигъу и хьэщIэщ (Iэ щIадзауэ, абы илъхэр щIаплъыкI). Ар нэхъ гъунэгъуу зэзгъэцIыхуа иужькIэ сэ къызгурыIуащ абы, и IэдакъэщIэкIхэми хуэдэу, дуней еплъыкIэ дахэ, гупсысэ шэщIа зэриIэр икIи къыджиIахэмкIэ ди гуапэу дывдогуашэ.
  • — Еленэ, дауи, си япэ упщIэр уи IэщIагъэр къызэрыхэпхам хуэгъэзащ. Дауэт абы узэридихьэхар?
  • — ЕплIанэ классым сыщIэсу си анэм художествэхэмкIэ школым сритащ. Абдежым тхыпхъэм, лъэпкъ дамыгъэхэм сыдахьэхыу хуежьащ. ХэдыкIым, цы зэIущэным, дэным я Iэмалхэм еджапIэм нэIуасэ дыщыхуащIащ. Абы щыдагъэлъагъу псоми ящыщу си гум къищтэр декоративно-прикладной гъуазджэрат икIи IэщIагъэ схуэхъунур къызгурыIуащ. А лъэхъэнэм дзыхь сщIыуэ сытегушхуами, иджы фIыуэ къызгуроIуэ гум жиIэм уедаIуэмэ, узэрыщымыуэнур. Пэжщ, шэч хэмылъу, дыщэкI сыхъуну сэ абдеж сегупсысакъым, ауэ сиIэну унэтIыныгъэр хьэкът. Си анэр дэрбзэрти (адыгэ фащэхэр ед), абы ещхьу сыдэнут е дыщэкI сыхъунут. IэщIагъитIри зэзгъэгъуэта иужькIэщ нэхъ къызэхъулIэр къыщызгурыIуар.
  • — Уезыгъэджахэм, гъуэгугъэлъагъуэ пхуэхъуахэм я гугъу уэзгъэщIынут.
  • — ГъуазджэхэмкIэ институтым декоративно-прикладной гъуазджэхэмкIэм и къудамэр къэзухащ. ГъущIыкIэр художественнэ жыпхъэм игъэувэнрат си унэтIыныгъэр. ГъущIхэкI лъапIэхэм елэжьыным сыхуезыгъэджар Лэкъун Заурщ. Куэдым яцIыху абырэ и адэ Сэлимрэ — ахэр Iэщэ щIынымкIэ Iэзэ дыдэхэщ. ГъущIым сызэрелэжьыну Iэмалхэм, зэрызэпызгъэвэну щIыкIэхэм Заур сригъэсащ. Брай Ратмир тхыпхъэ щIыным, абы хэлъ щэхухэм, филигрань техникэм сыхуигъэсащ.
  • — Узэрылажьэ техникэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр къыджепIамэ  арат.
  • — Сэ сызэрылажьэр скань, филигрань Iэмалхэрщ. Филиграныр — лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокIыж: хъар, тегъэва, къытепIиикI, нэгъуэщIхэри. Сэ псом щыщи сощI, ауэ нэхъ сфIэфIыр хъарырщ.
  • ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, лэжьыгъэр къыщыбгурыIуэр Iэм зыгуэр ищIэу, и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс зэпэщу зыгуэр щыпщIырщ. Ещанэ курсым сыщIэсу, Iэмэпсымэхэр сIыгъыу лэжьэн щIэздза иужькIэщ сэ дыщэкI сызэрыхъунур къыщызгурыIуэпар. Апхуэдэуи хьэкъ сщыхъуащ цIыхур и хъуэпсапIэм хуэпэжрэ абы хущIэкъумэ, къызэрехъулIэнур. Филигрань IэмалымкIэ гъущI кIапэ цIыкIухэр зырызыххэу къэбгъэплъурэ зэпыбгъэвэн хуейщ. Лэжьыгъэр тыншхэм ящыщкъым, ауэ фIыуэ плъагъумэ, удехьэх.
  • — Ленэ, уи IэдакъэщIэкIхэм ящыщу нэхъ лэжьыгъэшхуэу е нэхъ къохъулIауэ сыт хуэдэра къэплъытэр?
  • — ЕплIанэ курсым сыщIэсу пIащIэу, хъар защIэу бгъэгуIулъ гуэр къэзгупсысри, сщIауэ щытащ. Ди егъэджакIуэр лэжьыгъэр къызэмыхъулIэнкIэ шынэрт, пIащIэIуэт къэсщта гъущI Iуданэхэр. Ауэ сигу ислъхьам сытекIыну си мурадтэкъыми, гъущIыр сфIызэписыкIым, щIэрыщIэу тезгъэвэжурэ, сщIат. Ар зэи схуэмыщэну си лэжьыгъэхэм ящыщщ, сеплъыху сигъэгуфIэу унэм щIэлъщ.
  • Диплом лэжьыгъэу сщIам нэхърэ нэхъ тыншу, псынщIэу къызэхъулIа сиIэу си фIэщ хъуркъым. Пщыхьэщхьэм сыхьэтихым щIэздзэри, жэщым сыхьэтищ хъухукIэ си нэбдзыпэ къемыхыу бзылъхугъэ фащэм и бгъэгуIулъхьэр и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс сщIат. ГъэщIэгъуэнракъэ, занщIэуи къызэхъулIат. Ауэ абы игъусэну бгырыпхым мазищым нэблагъэкIэ селэжьат. Уеблэмэ, си нысашэ фащэм кIэрылъар а бгъэгу- Iулъхэращ!
  • — Уи IэдакъэщIэкIхэр дэнэ щыбгъэлъагъуэрэ?
  • — Мы зэманкIэ сабий сопIри сыдэсщи, си лэжьыгъэхэр утыку исхьэнуи Iэмал сиIэкъым, ауэ нэхъ ипэкIэ гъэлъэгъуэныгъэхэм куэду сыхэту щытащ. Интернетращ гъэлъэгъуапIэ нэхъыщхьэу сиIэр. ЗэкIэ унэм сыщолажьэ. Зыгуэр пщIыуэ уесамэ, пхуэшэчыркъым, итIанэ, Iэр умыгъэлажьэмэ, зыхуэIэзэр щыгъупщэжынкIэ зыхуэIуа щыIэкъым. Лэжьыгъэ гугъухэр, зэманышхуэ зытекIуэдэнухэр къасщтэркъым, къысщыгугъхэр щыхуей пIалъэм къысхуимыгъэзагъэу згъэщIэхъункIэ сошынэри.
  • — Уи IэдакъэщIэкIхэр хэт нэхъыбэу зыщэхур?
  • — Куэд дыдэм си IэдакъэщIэкI зэрахьэри, ари сыщIэгушхуэ Iуэхущ. Уеблэмэ, ди къэралым и уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Пугачёвэ Аллэ и ныбжьэгъу бзылъхугъэм си IэдакъэщIэкIхэм ящыщ къищэхуащ. Адыгейм щIыхь зиIэ и артист НэкIасэ Анжеликэ адыгэ бгырыпх хуэсщIащ. Къэрал къулыкъущIэ бзылъхугъэхэми яхэтщ си деж къакIуэхэр. Ермэлыхэми, урысхэми, нэгъуэщI лъэпкъхэм ящыщхэри щощахуэ си «Дыщэ унэм». Псоми езым я псэм пэгъунэгъу гуэр къыщагъуэт.
  • — Ленэ, мы зэманкIэ уи IэщIагъэм урипсэуфыну?
  • — Урипсэуфынущ, дауи! Сэ сызэрылажьэ техникэм хьэпшып гъэщIэгъуэн куэд ирипхуэщIынущ. Апхуэдэхэм я щIэупщIэм кIуэ пэтми хохъуэ!
  • — Лэжьыгъэ IуэхукIэ зэи узытемыкIыну гуэр уиIэ?
  • — СиIэщ. Зэи зыми и лэжьыгъэ, и гупсысэ къэздыгъунукъым. Ар сфIэикIагъэщ. Сэ езым хуабжьу си жагъуэ хъуат бгырыпхрэ бгъэгуIулърэ сагъэщIу, Китайм яшэу къытращIыкIыурэ зэрызэбграгъэкIар. Ар, япэрауэ, къэзыгупсысар сэрат, етIуанэрауэ, хьэпшыпым и фIагъыр куэдкIэ нэхъ мыхьэнэншэ ящIат.
  • Абы къищынэмыщIауэ, хьэпшыпыр къызыхэсщIыкI гъущIхэкIыр фIыуэ фIэкIа къэсщтэнукъым. ЦIыхум хузэфIэмыкIынкIэ зэрыхъунури къызгуроIуэ, ауэ си лэжьыгъэм и уасэр згъэмащIэмэ нэхъ къэсщтэнущ, хьэпшыпым и фIагъым сепIэскIу нэхърэ.
  • — Уи IэщIагъэр сыт уи дежкIэ?
  • — Шэч хэмылъу, гупсэхугъуэ къызэзытщ. Лэжьыгъэм къезгъэщIыну мылъкуракъым сэркIэ нэхъыщхьэр, атIэ си Iэзагъым хэзгъэхъуэнырщ, сщIам цIыху щызгъэгуфIыкIынырщ. Ахъшэр IэщIагъэм япэ щибгъэщам деж а IэщIагъэм уепцIыжауэ къэплъытэ хъунущ.
  • — Уи хъуэпсапIэхэм нэIуасэ дахуэпщIамэ арат.
  • — Зэман нэхъыбэ сиIэну сохъуапсэ! Абы нэхърэ нэхъ лъапIи нэхъ гъуэтыгъуеи щыIэу къыщIэкIынкъым. Гупсысэ Iэджэ сиIэщ гъащIэм схухэмыпщэу. Сэ пщащэ цIыкIу куэд къысхуотхэ си хьэпшыпхэм ехъуапсэу, ауэ къахуэмыщэхуу. Мис абыхэм папщIэ нэхъ пуду, ауэ щыхъукIи гъущIыкIэри мымыхьэнэншэу зыгуэр сщIыну си мурадщи, зэман къысхудэгъахуэркъым.
  • Етхуанэ курсым сыщIэсу «ХьэрычэтыщIэ ныбжьыщIэхэм папщIэ» фIэщыгъэм щIэт программэ къыхалъхьам ипкъ иткIэ згъэхьэзыра проектым грант къыхуагъэфэщауэ щытащ. Ар хуабжьу сэбэп схуэхъуат си Iуэхур езгъэжьэнымкIэ, Iэмэпсымэ къэсщэхунымкIэ. СыщIохъуэпс а программэр иджыри кърагъэжьэжыну, сэ схуэдэ куэдым къахуэщхьэпэнут  ар.
  • — Ди зэпсэлъэныгъэм зыбжанэрэ уи унагъуэм я гугъу щыпщIащи, сыхуейт ахэр дыбгъэцIыхуну.
  • — Си адэ Доткъул ТIэхьир автомашинэхэр ещIыж, гъущIыкIэм иролажьэ, лэжьыгъэр сщызыгъэпсынщIэн Iэмэпсымэ куэд схуищIауэ сиIэщ. Илъэс куэд щIауэ абыхэм ящыщ къызогъэсэбэп. Си анэ Маринэ дэрбзэрщ, адыгэ фащэ ед.
  • Еленэ езыми унагъуэ дахэ иухуащ. Абырэ и щхьэгъусэ Шыбзыхъуэ Ислъамрэ дыгъэм хуэдэу щIалитI яIэщ, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу мэпсэу.
  • «Дыщэ унэм» иджыри зэ зыщысплъыхьыжа иужь, щхьэхуимыту Еленэ и IэщIагъэм сехъуэпсащ. НыбжьыщIэ дапщэм я насып зэпащIа абы и IэрыкIхэмкIэ я фащэр гъэдэхауэ, гуфIэгъуэ  дапщэм я гур къигуфIыкIыу щызыкIэралъхьа абы и хьэпшыпхэр?! Гуапагъэ дапщэ ядигуэшыфа абы цIыхухэм?! Iэм и хуабагъэр, псэм и дахагъэр хэлъу Еленэ ищI хьэпшыпхэмкIэ цIыхум ярит гурыфIыгъуэм хуэдиз езыми егъуэт, абы щыгуфIыкIхэр, ирипагэу зезыхьэхэр щилъагъукIэ. ЕфIэкIуэну, зиужьыну ди гуапэщ!
  •  
  • Епсэлъар Щомахуэ  Залинэщ.