Уафэбгыкъу и нэлат
2020-06-16
- МэшбащIэ Исхьэкъ
- Тхыдэ роман
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48, 50 — 51,
- 54 — 57, 62, 65 — 68-хэм итщ).
- — Аращ-тIэ, хьэщIэ, — дыхьэшхырт Болэт, — ауэ жэщыр апхуэдизуи хэкIуэтакъым, иреуэршэр иджыри щIалэхэр. Зэзауэ нэхърэ, зэдэуэршэрмэ нэхъыфIщ.
- — Уэлэхьэ, пэжмэ, — Ашабэр куууэ щатэри: — ДимыIуэхум зедгъэхьурэ ди гъащIэр макIуэ, зиусхьэн. ИпэжыпIэкIэ, сыт щыIэнт нысашэ дауэдапщэм нэхърэ нэхъ Iуэху дахэ!
- ЛIитIыр тэлайкIэ щыму щыса нэужь, Миншакъ адэкIэ зимыбзыщIу, кIэмыргуеипщым Iуплъэри:
- — Зиусхьэн, емыкIу сыкъыумыщIынумэ… Махуэ енкIэ сегупсысащ Iэлигъуэт-пэщэм уи IэфракIэр а къызэрыIэщIэпчам. Сытыт ар?
- — Ар, Ашабэ, нэгъуей пэщэм и хъуцацэ кIэухыншэр адэкIэ си псэм зэрытемыхуэжырщ.
- — Абыхэм дзыхь яхуэпщIу щытмэ, уи щхьэм къыфIэтIысхьэнущ, зиусхьэн.
- — КъызгуроIуэ сэ ар. Тепщэгъуэрэ къулыкъу тIэкIурэ щхьэрыуауэ зыIухуа нэгъуейхэрщ апхуэдэурэ зызыщI хабзэр. Мыдрей цIыху къызэрыгуэкIхэр мамыру къыддогъуэгурыкIуэ: жумартхэщ, гу якIуэцIылъщ, ди хабзэм пщIэ къыхуащI.
- Къалъхухэм я атэлыкъыу* ящхьэщыувэр дэрауэ щыщыткIэ, шэч хэлъкъым а зи гугъу пщIыхэм я щэныр къыздикIам…
- … Бэлэтокъуэпщыр Миншакъ нэхулъэфIкIэ ехъуэхъури, хьэщIэщым щIэкIыжат. Ашабэри щIалэхэм япэмыплъэу гъуэлъыжа щхьэкIэ, жейм езэгътэкъым. «Дауи, Бэлэтокъуэм нэхъыбэ ядещIэ а нэгъуейхэм. Апхуэдэу щытрэ пэт, езым си упщIэм жэуап тэрэз къримыту сыкъызыпигъэкIмэ нэхъ къищтащ, — мэгупсысэ Миншакъ. — сыту пIэрэ-тIэ щIибзыщIыр? Ярэби, кIэмыргуеипщым напитI иIэу жызыIахэр захуэу пIэрэт-тIэ?! Абрэдж Мырзэбэчрэ Батыр ефэндымрэ запэщIисэ хуэдэуи дызолъагъу мы пщым, арщхьэкIэ, шэч уагъэщIу, зыгуэрхэр щыми тралъэщIэж. Ярэби, зы Iуэхуу пIэрэ а щыми зэрахьэр-тIэ? ИтIанэ гурыIуэгъуэкъым Даур и Iуэхур. Хьэуэ! Дауи сигу къэкIыхха апхуэдэ?! ТIэкIу дэкIмэ, си щхьэ дыдэ гурыщхъуэ есщIэкIыу сыхъунущ!»
- Ашабэм ипкъ зыIэщIэлъышхуэр жьыхуу зыдридзейуэ къиIэтри, къызэфIэтIысхьащ: «А псом я пэжыпIэр зыщIэр ЦIыпIынэ Хьэсаншщ. Гъунэгъу жылэм къыщытпоплъэ ари».
- … ЩIалэхэр сакъыу лъапэпцIийуэ къыщыщIыхьэжым Миншакъ къэпсалъэри:
- — Сыжейркъым. Зэ фыкъекIуэлIэжамэ, ари Iейкъым. — Нэкъаррэ Iэта-Ильясрэ зоплъыж, Ашабэми: — Фыгъуэлъи зывгъэпсэху. Щэращ нэужьым гъуэгу дытехьэжынущ. Ефэндым жиIатэкъэ, гъуэгуанэ тетхэм нэщI фарзыр щхьэщахыу?
- — Пэжщ ар, — къопсалъэ Iэта-Ильяс, — сымаджэхэми гъуэгу тетхэми къатехуэркъым нэщI.
- — Зы пэж гуэр зэзэмызэ жаIэми ягъэ кIынкъым. Фэ щIалэхэм, фимыгугъэт нэщIым апхуэдэу фыфIэкIын. Щэращ дощIри, гъуэгу дытохьэж. Мэрем, ЦIыпIынэ Хьэсанш хъыбар ебгъэщIа дыщыхуэзэну щIыпIэм теухуауэ?
- — Даур деж Мэрем еблэгъащ, — къопсалъэ Нэкъар.
- — Апхуэдэ ящIэрэ?! — къыхокIиикI Ашабэр.
- — ЯщIащ апхуэдэу. Даур къытхугурыгъэIуакъым ар зэрымыхабзэр, — мэгъумэтIымэ Iэта-Ильяс.
- — Зи бысым зыхъуэжым иращIэр фщIэркъэ?
- — НтIэ. Зи бысым зыхъуэжым чыцIыхъу хуаукI, — мэдыхьэшх нэгъуейр.
- — ЧыцIыхъури мащIэщ абы и дежкIэ. Мыдэ, бажэхъу хуаукIыну хуэфащэщ абы, ари бажэжьыхъуу, — мэшхыдэ Ашабэр.
- Щэращ нэужьым кIэмыргуеипщым и пщIантIэм щызэхыхьащ хьэщIэхэр езыгъэжьэж унэрысхэр. Бзылъхугъэхэр зэрытIысхьэну гулэгъунэри абыхэм я шугъусэ щIалэхэри хьэзыру зэхэтт. ЛъэныкъуэкIэ IукIуэтауэ щыуэршэрырт Болэтрэ Ашабэмрэ. Псори зыпэплъэр Бэлэтокъуэхэ япхъу пажэ Къудасрэ абы и нысэ, Бэлэтокъуэ гуащэ Лашынрэт. Сурэтрэ Налмэсрэ а пщыгуащэхэм къыщыщIашынум пэплъэрт гупыр. Бэлэтокъуэпщыр укIытапэурэ:
- — Бзылъхугъэхэм дызыпагъаплъэ, — щыжиIэм, Ашабэр пыгуфIыкIри:
- — Бзылъхугъэщ ахэр. Дэнэ щIыпIэ щымыIами, бзылъхугъэщ…
- Абы хэту гуащэхэр къыщIэкIащ, Сурэтрэ Налмэсрэ ящIыгъуу. Бзылъхугъэхэм къыкIэлъыщIахырт саугъэтхэр (щэкI, фэилъхьэгъуэ цIыкIуфIэкIу дахэ Iэджэ) зыдэлъ пхъуантэшхуэр. Андемыркъан бейгуэлыр япэ къищри:
- — ФызэлъыIукIуэти, гуащэхэр блэвгъэкI, — щыжиIэм, щIалэхэм лъэныкъуэ зрагъэзащ.
- Шугъусэ гупыр зи ужь ит гулэгъунэ есыр иджы Къэбэрдей гъуэгу техьэрт.
- ХХII
- Хьид махуищыр псынщIэу икIат. МыпIащIэурэ Бахъсэн псыхъуэ Iуту кIуэрт къэбэрдей пщы уэлийр. Баналъэ Iувымрэ жыгыщIэ цIырхъ цIыкIухэмрэ яуфэбгъуа Афэбг и нэпкъхэр пщым мамыру къызэхиплъыхьырт. Мис мыращ гъэмахуэм и IутIыжыр! ЩIым хуабэкIэ зигъэнщIри, щхъуантIагъэкIэ зызэщIиуфэжауэ мэбауэ.
- Джэдмышх лъапэ зыщIэзыукъуэдия мэкъупIэ задэхэм ущу дэкIырт ХьэтIохъущокъуэпщым и шыр. Дыжьын Iэпслъэпсхэр уэзджынэ жьгъейуэ зэрызэщIэжьыуэм екIупсу шыщхьэр дыщIиупскIэрт. Кургъуокъуэ мащIэу зигъэщхъауэ уанэгум ист. Бгы нэпкъхэр нэрыгъуазэкIэ къызэхиплъыхьми, пщым и гупсысэ кIапэр жыжьэ дыдэ IукIуэсыкIат. Кърымым къикI хъыбархэр пщIэгъуалэтэкъым. ЗыкIи нэхъыфIтэкъым КIэмыргуейм иджы дыдэ къыхурахахэри.
- Шэч зыхэмылъыжращи, зауэщ… Iэмал гуэр щыIэу къыщIэкIынкъым адыгэхэм а зауэм къызэрыпакIухьын. Хьэлъэм и хьэлъэр зытещIэнур Къэбэрдейрщ. Зауэм зыхуэгъэхьэзырын: IэщэкIэ, цIыхукIэ, гъуэмылэкIэ. Къуршхэм зыщыгъэбыдэн. ГъэтIылъыгъэхэр зыри зыщымыгъуазэ къурш жьэгъухэм щызэхуэхьэсын. Зауэм цIыху зэхэгъэжи ныбэ IупэфIэгъуи ищIэркъым. Iэщэрэ гъуэмылэрэ — аращ иджыпсту нэхъыщхьэр. Зауэм зэхигъэжыркъым, арщхьэкIэ цIыхум, лъэпкъым зэхегъэж псори: пщы уэлиигъуэр Кургъуокъуэ къыхуэзыгъэфэща лъэпкъыр иджы зыщыгугъыр ХьэтIохъущокъуэрщ, нэгъуэщIкъым. Пщы уэлийм и закъуэщ иджы жэуапу щыIэр зыхьынур! Пэмылъэщрэ — къыхущIэджэжхэу, къыхуэпсэлъэжурэ нэгъуэщI хахынщи, езыр ауан хъуауэ тхыдэм къыхэнэнщ. А тхыдэр езыр зищIысыр сыт? Кургъуокъуэ шхуэмылакIэр ешэщIри зеплъыхь, мэгупсысэ: — «Зым тхыдэу къилъытэр адрейм фIэауанщ. Ещанэр — зэплъэкIыну зэи хущIыхьэркъым, къэкIуэнум зэи егупсысыркъым. Нобэрей махуэмкIэ мэпсэу ар… И ныбэ и гурыфIыгъуэщ, и щхьэ и къулейр насып джэшу къелъытэ. Дуней къэхъукъащIэхэм ещхьу мэпсэу: дыгъэр къопс, пшагъуэр къытохьэ, е къешхщ, е къесщ…»
- Иджыпсту ХьэтIохъущокъуэ пщыр Тамбиикъуэ щхьэщыхьэжащи, зи лъапэм жыгхэр гуэрэну щыкI бгым Iуоплъэ. Уафэбгыкъу и щIыбагъым дыгъэр къыдэтрэ пэт, езым кIыфI фIыцIафэу уIуоплъэ. Ар лъагэу къыщхьэщытщ Iэщхэр щыхъуакIуэ хъупIэшхуэм. Уафэ нэзым щIагъэлъэда бгыкъу абрагъуэу зыкъыщхьэщехьэ къущхьэхъущIым.
- «Апхуэдизу ущIэнэщхъыдзэр сыт? Хэт къищIат уи гуауэ?» — и гупэр къыхуигъэзауэ абы къыIуплъэ хуэдэщ Iуащхьэхэм я махуэ нэхутхьэхур. АрщхьэкIэ зэрыщымщ Уафэбгыкъу. А зыщIагъэлъэда уафэпсэм щыхуарзэ бгъэ зэрыбыным нэщхъыцэу яхэплъызэ мыхъумэ, дымыркъым. Щымщ Уафэбгыкъу… И щыгум щызэхуэгуапэ пшэ тхьэхухэм яхэщхьэукъуэ мыхъумэ, джылыркъым. Нэщхъыдзэщ Уафэбгыкъу…
- Мыбдеж къыдэтшэфатэмэ кърымыдзэр! Бгы зэгъуэкIым къащыпкърыхьэнт хамэ щIыналъэм зауэ ипхьэмэ, къыплъысынур зыхуэдэр. ХамэщIым, псом хуэмыдэжу ар бгылъэ къуэкIиймэ, ущызэуэну гугъущ. Мыпхуэдэм деж я нэхъ лIыхъужьхэри зэкъуоху? Дызэхэуэ-дикIуэтыж хуэдэурэ мо псыхъуэшхуэмкIэ тхудэшатэмэ, бетэмал, абдеж нэхъ зэкъуэхупIэфI дыхуейт?! Нэхъыжьхэм зэраIуэтэжым тепщIыхьмэ, ди пасэрейхэр Чынгыз и дзэ емынэ кIаблэм зэрытекIуауэ щытар апхуэдэ IэмалкIэщ. Тафэм къикIа дзэр, ар лъэщуи щрырети, бгылъэ щIыпIэм щылIыхъужькъым. Дэращ къуршхэр зи лъахэжьыр. Дэращ мыбдеж щылъэщыр… Ар жыпIэ щхьэкIэ, зэманым хуэдэу, цIыхухэми захъуэж… НэгъуэщI щапхъи диIэщ дэ: Бгитху зэхэтым я лъахэ адыгэр щиса лъэхъэнэм кърымыр къеуэсэпати, нэхъ щIыпIэ зэгъуэкIхэм зрагуашэри, апхуэдэкIэ лъэпкъыр къелат. НтIэ, иджыпсту къемызэгъыу пIэрэ хъаныдзэр нэхъапэ зытеуэну хьэблэр къуршым идгъэтIысхьэныр? Апхуэдэ Iэмалыр къэдмыгъэсэбэпмэ, лъэпкъкIуэдыр къытхуэкIуэнущ. ДызэхащIыкIыну пIэрэ ди лIакъуэгъухэм? Зэхахыну пIэрэ ди «Маржэр?»
- ХьэтIохъущокъуэпщым теплъэгъуэ кIэщIурэ и нэгу къыщIыхьэжырт Менлы-Джэрий и лулэ кIэфылъэр… «Нобэ зэщIызогъэуIуэ си дэщIэгъухэр. Апхуэдэхэр щыIэщ, зэщIодэIуж, зэгуроIуэ, зэакъылэгъухэщ. Абыхэм хьэкъыу япхыкIащ дызыIут IэнатIэр. ИтIани, псы икIыпIэм дынэмыс щIыкIэ, «Фи цеикIэ зэщIэфкъуэ!» жыпIэу удэувэ хъунукъым. Мыдэ Бахъсэн хасэр зэхыхьэмэ, псом я жыIэми дыщIэдэIунщи, нэхъ акъыл Iущу дыкъыщеплъынщ а Iуэхум. Пэжщ, ди мурад къыддэзымыIыгъынухэри щыIэщ, ауэ щыхъукIи, дэнэ кIуэн, зауэ фIэкIыпIэншэм Iуплъэмэ?»
- Къэбэрдей пщы уэлийр унэм щынэсыжам, пщэфIапIэмкIэ Iэуэлъауэшхуэ къиIукIырт: лыр якъутэрт, лэгъупхэр ятхъунщIырт, пхъэ къутапIэм щылъащэхэрт.
- Пщым зитхьэщIауэ, пэшым щыщIыхьэжым щIыбагъыбжэр кIыргъащ. ХьэтIохъущокъуэр зэплъэкIри, Нэрынэ гуащэр щилъагъум:
- — Зыгуэрым уигъэпIейтейрэт, гуащэ?
- — Хьэуэ, зиусхьэн. Укъэтати… иджы сыкъэкIуащ къэсщIэну…
- — УкъызэрысхуэгумащIэр гуапэщ. ТIыс.
- — Солъагъу иджы, дотэнэху, хасэм узэрыхуэхьэзырыр. СыкIуэнщи, уагъэшхэну яжесIэнщ.
- — Упсэу, — погуфIыкI Кургъуокъуэ, — хьэщIэхэм я шэджагъуашхэм уи нэIэ тегъэт, дахэ.
- Пщы уэлийр щхьэгъубжэм бгъэдыхьэри, пщIантIэр къызэхиплъыхьащ. Кургъуокъуэ пщы уэлиигъуэ къыщрата гъэм яухуат мо зэхуэсыпIэшхуэр. И щхьэри лъагэу яIэтыжри, екIуу бгъэн иратыжат. А бгъэныщхьэ зэхуэсыпIэм щIэтт тетIысхьэпIэхэмрэ хьэщIэхэр Iэнэ папщIэу зыбгъэдэсыну пхъэбгъу джафэшхуэхэмрэ. Зэ тIысыгъуэу цIыху щэщI щIэхуэнущ абы. Пщым и тетIысхьэпIэри мес, жьантIэмкIэ къыдэтщ. Иужьрей илъэс ныкъуэм къриубыдэу, пщым зыбжанэрэ зэхуэс зэхишакIэт. Нобэрей зэIущIэм кърихьэлIэну дэтхэнэ зыми Кургъуокъуэ щхьэж и щхьэкIэ епсэлъылIат, хэт сыт хуэдэ гупсысэ къызыкъуихынуми фIыуэ хищIыкIырт, итIани пщым нэхъыфIу къилъытащ псори зэхуишэу, зым и нэгум адрейр щIэплъэу зэригъэпсэлъэнхэу. «Апхуэдэу тщIымэ, зы унафэ зэдайкIэ дызэгурыIуэнщ. Зэдэуэн ирагъажьэмэ, ягу къэзгъэкIыжынщ иужь псалъэр сыт щыгъуи пщы уэлийм зэрыIурылъыр. ДызэгурыIуэрэ зы лъагъуэ дунэтIмэ, Iэмалри зэщIыгъуу къыщIэтIукIынщи, зауэмэ — зауэщ! Пщы уэлиигъуэр къыщыстрагъэхуам къэбэрдеипщхэм яхэтащ зи нэм бжэгъуу сыщIэуахэр. Апхуэдэхэр иджыпстуи поплъэ сыкъыщIэхуэу, ауан сыкъыщащIыну махуэм. Еууей, си лъэпкъэгъухэ! Къэбэрдейр ХьэтIохъущокъуэм и уней лъахэу зэрыщымытыр дапщэщ къывгурыIуэну пIэрэ? Къэбэрдейр пщыми, уэркъми, лъхукъуэлIми, унэIутми я зэхуэдэу зэдайщ. Пэж дыдэм фыхуейуэ щытмэ: Къэбэрдейр зейр зи бжыгъэкIэ нэхъыбэу бэгъуа лъхукъуэлIхэрщ! НтIэ, нтIэ. Пщыхэми уэркъхэми я Iыхьэу мащIэщ мы лъахэм илъыр. ЛъхукъуэлI лъапсэщ Къэбэрдейр…»
- ХьэтIохъущокъуэр а гупсысэм щентIэIум, унэ лъэгу джафэм щылъэпэрэпа нэхъей, зэщIэувыIыкIыжащ: «ЖыпIэр сыт, пщы уэлий? Шы мыгъасэм ещхьу, иджыпсту ущIэерыщым сыт и щхьэусыгъуэ? Пэжщ, пщыхэмрэ уэркъхэмрэ мащIэщ, лъхукъуэлIхэр куэд мэхъу. ИтIани, апхуэдэ гупсысэхэр уи жьэм къекIуэ хъунукъым! ЛъхукъуэлIхэм армырами гужьгъэжьышхуэ кIуэцIкIэ зэрахьэ. А уэ жыпIэр яIурыцырхъэ закъуэмэ, уи гущIыIу къихьэн хьэзыру, лъхукъуэлIхэм Iэжьэкъур иджыпсту ирач. Сыт щхьэкIэ? Нобэ хуэдэ зы махуэкъэ лъхукъуэлIхэм бэкIэ дазэрыщыгугъыр щедгъэщIэн хуейр? Псалъэ гуапэм лIыгъэпсэр еузэщIри, цIыху гупсысэхэр нэхъыфIым хуегъэуш. Ди адэжьхэм къытхуагъэна щIым Iуэхур иджы нэсащи, е хамэ зэрыпхъуакIуэм ар худэтчыхын, е, адыгэ щIыхьыр ди гъуазэу, щIыр адэкIэ къытщIэхъуэнухэм яхуэтхъумэн. Аращ, ХьэтIохъущокъуэ! А гупсысэр лъэпкъым деж нэпхьэсыну иджы уи къалэнщ».
- … Пэшым аргуэру къыщIыхьэжащ Нэрынэ гуащэр. Зи ныбжькIэ мыщIалэж а бзылъхугъэр иджыри зэрыдахэт. И плIэр задэу иIыгъыу, гуащэм къихьырт хьэлыуэ хуабэрэ фоупс фалъэрэ зытет Iэнэр.
- — Уи щхьэкIэ Iэнэр къысхубохьри… зыгуэр зыдэбгъэIэпыкъуркъэ, дахэ? — погуфIыкI Кургъуокъуэ.
- — Пщы уэлиигъуэр къызэрыпхуагъэфащэрэ сэращ уи Iэнэр зи IэмыщIэ илъыр.
- — Пщы уэлиигъуэр хьэхущ, гуащэ, — гушыIэ щIыкIэу мэдыхьэшх ХьэтIохъущокъуэр.
- — СэркIэ ар пIалъэншэщ. Сыпсэууэ дунейм сыщыIэху, сэркIэ уэ зыращ си пщы уэлийр.
- — Тхьэм и нэфI къыпщыхуэ, — гуащэм и жыIэр гуапэ зэрыщыхъуар хэIущIыIу имыщIу, и пащIэкIэ щIогуфIыкI пщыр: — Уи ерыскъыр IэфIщ.
- КуэбжэмкIэ шылъэ макъ къыщиIукIым, Кургъуокъуэ маплъэри:
- — Зэхуос хасэри, — жиIэурэ щхьэгъубжэм бгъэдохьэ.
- ПщIантIэм къыдыхьэрт ЦIыпIынэ Хьэсаншрэ Ашабэ Миншакърэ. Абыхэм я ужь иту къакIуэхэрт Елэн, Къэбард, Мэрем. НэгъуэщI шухэри абыхэм къакIэлъыкIуэрт. ЩIэкIыжыну тэджа гуащэм зыхуигъазэурэ пщым:
- — Сигу хупех Джэрыджэ Мэрем. Кърымым къришыжа и пщащэр щхьэгъусэу къишэну и нэ къикIми, я хьэгъуэлIыгъуэр иджыри благъэкъым… Налмэс и адэ-анэм яхуощыгъуэ.
- — Ара мыгъуэщ, Кургъуокъуэ, — нэщхъейуэ къыпедзыж Нэрынэ гуащэм. — Налмэс Алыхьым и фIыщIэкIэ узыншэ цIыкIуу къигъэзэжат, къэгъазэ зимыIэнур и адэ-анэ тхьэмыщкIэрщ. Сурэт и насып нэхъ гъунэгъущ: Нэкъаррэ абырэ я хьэгъуэлIыгъуэр дяпэкIэ къоблагъэ.
- — Алыхьым абыхэми я гъуэгу къахузэпищэ, дэри Алыхьым дыкъихъумэ.
- ХьэщIэхэр пщIантIэм къыщыпэплъэрэ пэт, пщым и пэшым гуащэм зыщиIэжьэну къезэгъыртэкъым. ЛIы Iуэхум зэрыхэмыIэбэр псоми хьэкъыу яригъэлъагъуу, Нэрынэ пIащIэу пэшым щIокIыж.
- Гуащэм и шылэхъар кхъуакIэр бжэблыпкъым щхъыщхъыу зэрыкъуилъэфыжым пщыр дыпыгуфIыкIыурэ кIэлъоплъри: «Сыт хуэдэ къару кърымхэм къытпамыгъэувами, датемыкIуэу хъунукъым!»
- ХьэщIэхэр иджы зэпымыууэ къекIуалIэрт. ШыфIэдзапIэхэм шыхэр нэхъри щыIувт. ПщIантIэшхуэм дэзт лIы уэршэрыр. ХьэтIохъущокъуэр хьэщIэхэм яхыхьэну пIащIэртэкъым: зэрырепсалъэ, я гупсысэхэр иреузэщI, хасэр къызэIутхыху абыхэм зэжраIэнухэми мыхьэнэ щхьэпэ хэлъщ…
- Къуэнымэ-бжьынымэр пщIантIэшхуэм щхьэщытт. Лэгъупхэр изт. Лыбжьэр дяпэкIэ хьэзырынут.
- И жьакIэ папцIэ цIыкIур зэщIэлъэщIэпауэ Къэсей ефэндыри къэсащ. Сыт щыгъуи хуэдэу, дыжьын баш цIыкIум зытригъащIэурэ, ефэндыр пщы уэлийм деж, и унэжьым ещхьу, щIыхьэри:
- — Алыхьым и фIыщIэкIэ, зиусхьэн, Бахъсэн хасэр зэхыхьащ. Жэмыхьэтыр къыппоплъэ.
- … Пщы уэлийр къащыхыхьэм, хасэм къекIуэлIахэр къэтэджащ. ХьэтIохъущокъуэми, щхьэгъэщхъ мащIэкIэ псоми фIэхъус ярихри, и тIысыпIэмкIэ дыхьащ. ЦIыхухэр зэрызэгъар, щхьэж здэщысыр къызэхиплъыхьа нэужь:
- — Къедгъэблэгъа псори кърихьэлIауэ пIэрэ?
- Сэбанш бейгуэлым жери:
- — Шурдым Жанхъуэт КъущхьэхъукIэ Уафэбгыкъу IэхъупIэм щыIэщ. Къевмыгъэблэгъаи къытхэсщ: Нэгъуей Iэта-Ильясщ ар. Нэгъуейм тригъэчыныхьу щхьэщыпсэлъыкIар Быж ЛIыгъурщ.
- Хасэм къекIуэлIахэр щэхуу зэIущащэу щыхуежьэм, пщы уэлийр яхэплъэри:
- — Сыщыгъуазэщ Iэта-Ильяс и къэкIуэкIам. Мамсыр Нэкъари лъэIуащ абы и цIэмкIэ, — жиIэурэ Къэзанокъуэм зыхуигъэзащ: — Сыт абазэхэр къыщIытхэмыхьар? Джэрыджэ Таукъан слъагъуркъым. Иджыри къэту арагъэнщ лIыкIуэ зыхуэтщIа Абазэхэм?
- Абы хэту куэбжэмкIэ къэIуа шылъэ макъым Мэрем игу къыдызэрыгъуэтыжауэ гуфIэурэ:
- — Мис, зиусхьэн, къэсащ Таукъани! КъыкIэрыхуакъым…
- ХьэтIохъущокъуэр лъхукъуэлI щIалэм и гурыфIыгъуэм дыпыгуфIыкIри:
- — Фыарэзымэ, иджы къызэIутхынщ хасэр. Джылахъстэнейм иджыблагъэ щызэхэта пщы-уэркъ хасэм къыщыщIэздзэну си мурадщ. Абы ипкъ иту сыныволъэIу, мызыгъуэгукIэ дызыIуува IэнатIэм дызэдыхэплъэу, дычэнджэщэну. ЗауэкIэ къытлъихьэну натIэрыуапIэ дыкъэзыщI лъэпкъхэм къабгъэдэкIыурэ хъыбар мыхъумыщIэ куэд къытIэрохьэ. Дыщыгъуазэщ нэгъуейхэм ягъэшэса дзэр къуршхэм щитIысыкIауэ кърымыдзэм зэрыпэплъэм. Абы и закъуэкъым… Нэгъуейхэм цIыхухэр хагъэзыхьурэ дзэм и гъуэмылапхъэр къыхах. КъищынэмыщIауэ, Шэрэдж къурш жьэгъухэм зизыугуэша къущхьэ-тэтэр хьэблэ цIыкIухэм яхэсщ хъаныр къыщысынум пэплъэхэри. Дауи, къэса нэужь ягухьэу къыдэзэуэжыну я мурадщ. АдэкIэ езы Кърымым щIэгъэхуэбжьауэ зауэм зыщыхуагъэхьэзыр: дзэр зэщIаузадэ, IэщэкIэ бэлэрыгъыркъым. Нэрылъагъущи дыщIэгупсысэн щхьэусыгъуи дыщыгупсысэн пIалъи къытхуэнэжакъым. Нобэ-ныжэбэщ зауэр. ДяпэкIэ тщIэным ехьэлIауэ иджыпсту унафэ дыхуэныкъуэщ. Хьэуэ, шэч къытесхьэу аркъым адыгэгу зэрыфкIуэцIылъым е адыгэ пыIэ зэрызефхьэм. Фи нэгу сыщиплъэкIэ слъагъур, дауи, абы и щыхьэтщ. ИтIани, убзыхуауэ ди зэуэкIэ хъунум и жыпхъэр дгъэбелджылыну и чэзущ. Ди сабийхэр, ди лIыжь-фызыжьхэр, ди бзылъхугъэхэр, езы Къэбэрдейр дыщыIэнумэ, ди лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэщи, е дылIынщ, е дылIэнщ! АдэкIэ фыхасэ, къэбэрдейхэ! Дэтхэнэм и жыIэми акъыл къыхэтхынущ.
- Хасэр щымт. ХьэтIохъущокъуэпщым мамыру зыкъиплъыхьри:
- — Си гугъэкъым апхуэдизу шынагъуэ гуэр къэсIэщIэжыIауэ. Пэжыр — пэжщ.
- — Хьэуэ, зиусхьэн, хьэуэ, — пIащIэу къопсалъэ Къэсей хьэжыр: — Уи жыIэм щIэлъыр шынэкъым, уи псалъэхэм яхьыр Алыхьу лъэщым и захуэрщ. ШейтIанхэмрэ жинхэмрэ ягъэундэрэщхъуауэ лъы хуэныкъуэхэм Алыхьыр ящIэну щыхуэмеижкIэ, ди щхьэщыгу къитым ахэр тришэнщ лъы гъуэгу гъэзапIэншэм. Муслъымэн Iиманыр ерыщу IэщIыб зыщIхэм хьэкъыу ягъуэтыжынщ Алыхь лъэщым и Iэмырыр.
- — Алыхьым уи псалъэр зэхиух, хьэжы, — къыпедзыж абы зыгуэрым.
- — Узахуэщ, Къэсей. Узахуэщ, — къопсалъэ нэгъуэщI зыи.
- ХьэтIохъущокъуэпщым аргуэру псалъэр къещтэжри:
- — Зивмылъэфыхьу, къуэшхэ, вгъэбелджылы фи гурылъхэр. Псалъэр изот Ашабэ Миншакъ. Ар, Джэрыджэ Мэрем гъусэу здищтэри, Кърымым щызэхэзекIуащ и унагъуэ IуэхукIэ. Аркъудейкъым… Ди лъэIукIэ Ашабэм Кърымым нэгъуэщI къалэн гуэрхэри щытхуигъэзэщIащи, зи нэкIэ псори зылъэгъуар дгъэпсэлъэнщ. ЖыIэ, Миншакъ. Ущысу жыIэт… Дытэджынкъым, жэмыхьэт. Зэманыр лъапIэщ.
- — Зэманыр лъапIэщи, Iуэхури нэхъ ди лъапIэжщ, зиусхьэн. Кърымым дызытекIухьам фыщыгъуазэщ. Iэмал зэриIэкIэ, хэIущIыIу зыдмыщIурэ дызэхэзекIуат, дызэщIэдэIукIат. Ди нэгу щIэкIахэри зэхэтхахэри пщIэгъуалэкъым. КIэщIу жыпIэмэ, Кърымым исхэр псори хуэныкъуэтэкъым мы зауэм. ЗэпэщIэувэныгъэ иджыпстуи илъщ хъаныгъуэм. Ауэ щыхъукIи, зауэ хуэмейуэ къыхэпсэлъыкIахэм я жьэр кIэщIу ирагъэубыдащ. ИрагъэупIэхащ апхуэдэхэр, хэт лъэхъуэщкIэ, хэти шынагъэкIэ. Зауэр зигу темыхуэхэм, лъэхъуэщым итIысхьэ нэхърэ, лъахэр яхъуэжмэ нэхъ къащтащ. Iэпхъуахэр мащIэкъым, жыхуэсIэщ… Каффэ щаIыгъ тыркудзэм ипщ Муртаз-пэщэр, тырку сулътIаныр дэарэзыуэ, Къаплъэн-Джэрий зауэлI минитхукIэ къыкъуэувэну хьэзырщ. Езы Кърымым и дзэр бжыгъэкIэ мин щэ ныкъуэ мэхъу. Аращ купщIэкIэ Iуэхур зэрыщытыр.
- — Дэ, Елэн, Къэбард, Даур-Темыргуей сымэ тщIыгъуу, шэрджэс Ищхъэрэри къызэхэткIухьащ, — Ашабэм жиIам мыпIащIэу пещэ ЦIыпIынэ Хьэсанш. — Ди нэгу щIэкIаращи, зы лъэныкъуэкIэ ди лъэпкъэгъу адыгэхэм ди щхьэ узыгъуэр ауи еузкъым. Ахэр езыхэм я гъащIэкIэ мэпсэуж. Нэхъыжьыр ялъытэ, хабзэ зэрахьэ, щIэблэ япI, щIы явэ, Iэщ зэрахуэ. Псори адыгэ псэукIэм екIуу къозагъэ. Ауэ Кърымым псалъэмакъыр зэрынэсу, дзэхупс IурагъэткIуам ещхьщи, ди лIакъуэгъухэм я бзэр е еубыд, е псалъэр нэгъуэщI IуэхухэмкIэ траIуантIэ. Дэ гу зылъыттаращи, лъхукъуэлIхэм я Iуэху щытыншщ Шэрджэс Ищхъэрэм. Къалэн зытещIэр пщыхэмрэ уэркъхэмрэщ. Нэгъуейхэр зэкIуэцIылъщ: ягу ихьи къащIэ зыхуейр! ЛIэщIыгъуэкIэрэ дигу зэхуилъыр зэжедмыIэу нэгъуейхэмрэ дэрэ дыкъызэдогъуэгурыкIуэ. Уоплъри — гуапэхэщ, жумартхэщ. УакIэлъо- плъыжри — я тэтэрылъыр къащхьэщокъуэлъыкI.
- — Зиусхьэн, кхъыIэ, емыкIу сыкъыумыщI, — къопсалъэ Iэта-Ильяс: — Нэгъуейхэми яхэтщ напэ зиIэ лIы куэд… Шэрджэсхэм я щIым дымащIэу дытесмэ, абы къикIыркъым дэ дылъэпкъ мыхьэнэншэ цIыкIуу.
- — Уа, мыбы жиIэр зэхэфхрэ?! Диущиижыну мы къэкIуам фыкъысхуIуплъэт! — къыхоуэ псалъэмакъым Дэмдей.
- — ЗыфшыIэт, жэмыхьэт. Лъэпкъ гужьгъэжьыр дакъэжь мафIэщ, — къопсалъэ пщы уэлийр.
- Быж ЛIыгъуррэ Къэзанокъуэмрэ зоплъыжри, ХьэтIохъущокъуэр нэгъуейм къызэрыдэщIам гукIэ дыпогуфIыкI. Мамсыр Нэкъар и ныбжьэгъум къыщхьэщыжын хьэзыру зешэщI. Къашыргъэ гъукIэм щыму игукIэ зэрегъэзахуэ: «Ди зиусхьэн хьилэшымрэ мы нэгъуеймрэ зы Iуэху гуэр зэдаIэу фэ тетщ…»
- Пщы уэлийм хасэр къызэхиплъыхьурэ макъ лъахъшэ дыдэ зыкъещIри:
- — Дэтхэнэ зы лъэпкъылIми, нэгъуей, урыс, тэтэр, шэшэн имыIэу, пщIэ хуэфащэщ, къызыхэкIам къыщыдэщIыжым деж. Дэтхэнэ зы зэрыпхъуакIуэми, лъэпкъкIэ зэхэмыгъэкIауэ, нэлат хуэфащэщ, залымыгъэр хамэ лъахэ щрихьэм деж. Дауэ делэгу щыIэщи, зауэ делэгу щыIэкъым… ЖыIэт адэкIэ, Хьэсанш.
- — Зиусхьэн, уэ жыпIам пыслъхьэн сиIэкъым. Сыакъылэгъущ, — мыпIащIэу пщым педзыж ЦIыпIынэм: — Жэмыхьэтыр зылI и быну дызэкъуэувэмэ…
- — Мис аращ пэжыр, Хьэсанш! Мис аращ захуэр: ди напэр хужьмэ, Алыхьыр ди дэщIэгъущ! — дыжьын башыр уафэмкIэ ишийуэрэ къопсалъэ Къэсей хьэжыр.
- — Пэжыр жысIэнщи, — пещэ Хьэсанш, — Шэрджэс Ипщэм мамырыгъэ илъкъым. Я пщэдейр зэхэмыбзщ ди лъэпкъэгъухэм. Къуршхэм хъаныдзэр къызэритIысхьэм адыги, абази, нэгъуеи егъэпIейтей. Сэ къызгурыIуар арщи, Iэлигъуэт пэщэм и хьилагъэр Бэлэтокъуэпщым ейм темыкIуэу щытмэ, кIэмыргуейхэм иджыри хэкIыпIэ къахуэгъуэтынут.
- ЦIыпIынэм гупсэхуу щIэдэIуа нэужь, пщы уэлийр Джэрыджэ Таукъан дежкIэ маплъэ:
- — Уэ сыт къыджепIэн, Таукъан? Абазэхэм сыткIэ уагъэгуфIа?
- — Абазэхэр, зиусхьэн, сыт щыгъуи хуэдэу псалъалэ IуэхумащIэщ. Зыкъытхуагъэгусэ. Бгитху Iэшэлъашэм езыхэр къиднэу, Бахъсэн псыхъуэ дыкъызэрыкуэшар нобэр къыздэсым къытхуагъэгъуфыркъым. Дышынэурэ мыбдеж гъэпщкIупIэ щыдгъуэтауэ яIуатэ. Ауэ щыхъукIи, «Маржэ!» щыжытIэм замыIэжьэу къыдгуэувэну дагъэгугъэ.
- — А-а! — къыхокIиикI Дэмдей, — Къармэхэ ещхьу къыддамыIыгъыу арагъэнщ?
- — Угупсысэурэ псалъэ, Дэмдей. Къармэхэ ямыукIыжар я благъэжьщ. Зумыгъапщэ, — къопсалъэ Къэзанокъуэр: — Псэ къабзэрэ захуагъэкIэ зауэм Iухьар бий лъэгу зэи хъунукъым. Дигу пэжыр илъмэ, ди насыпыр текIуэнщ. ЛIыгъэ щIапIэ лIы икIуадэркъым.
- — Иншаллахь! — гу зылъимытэжыххэу хьэрыпыбзэкIэ къепсэлъ пщы уэлийм. Жэбагъы жиIар диIыгъыуи, арыххэу адыгэбзэкIэ къыщIегъуж: — Шэч къытесхьэркъым ди текIуэныгъэм.
- — Уи дзыхьыр гъусэ къытхуэщI, зиусхьэн!
- — ДылIынщ!
- — Е дылIэнщ! — бжэкъуагъымкIэ уэру къыщыIурт щIалэгъуалэм я макъ хэIэтыкIар.
- ХьэтIохъущокъуэр къэгумэщIауэ щIэблэр здэщысымкIэ плъэри:
- — Тхьэм фиузэщI, щIалэхэ! Жьыр зыщыгугъыр фэ фхуэдэщ.
- Къашыргъэ зиIэжьэри, щIалэхэм я Iэуэлъауэ кIыхьыр хуэмышэчыжу:
- — Зэ фызэгъэж хъунущ, гъуэгу махуэ техьэнхэ! ФыувыIэт зэ! — яхокIиери, пщы уэлийм зыхуегъазэ:
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).
- * [Атэлыкъ
- Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу адыгэ лъэпкъхэм куэд щIауэ къадокIуэкI атэлыкъыгъэм и хабзэхэр. XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм щыгъуэ Хъан-Джэрий итхырт: «ЗыхузэфIэкI унагъуэ лъэрызехьэм къахэхъуа сабийр къыщалъхуа унагъуэм зэи щапIыжыртэкъым, адэ-анэм я нэIэ тету. Сабийр пIалъэ къыхэмыкIыу хамэ унэ ирагъашэрт, абы щрагъэгъэсэн папщIэ».
- «Атэлыкъ» — псалъэм и мыхьэнэр: сабийр зыпIыну къэзыщтэ цIыху. Сабиймрэ ар зыпIамрэ я зэхуаку зэпыщIэныгъэ быдэу Iыхьлыгъэ къыдэнэрт. Къэзылъхуахэм нэхърэ зыпIахэр нэхъ щапэгъунэгъу Iэджэрэ къэхъурт. Атэлыкъыным зэщхьэгъусэхэр (тIури) къызэщIиубыдэу щытащ: «быфыкъуэ адэ», апхуэдэу «быфыкъуэ анэ» жыхуаIэхэр къыщежьар а зэманырщ. Апхуэдэу япIа сабийм «къанкIэ» еджэрт.
- Куэдрэ къэхъугъащ я атэлыкъыр къызыхэкIа лIакъуэм и фIэщыгъэр сабийм цIэуэ щратыжа: Убых, Беслъэней, Бжьэдыгъу, КIэмыргуей, Шапсыгъ. Кърым хъанхэм, хабзэ яхуэхъуауэ, я бынхэр зрагъэпIу щытар адыгэ лъэпкъхэм къахэкIа атэлыкъхэрщ. Езы адыгэпщхэми яхэтащ я лIакъуэгъуу атэлыкъ зыбжанэ зиIахэр. КIэмыргуеипщ Бэлэтокъуэ Жамболэт и къуэ Аслъэнбэч (псалъэм папщIэ) атэлыкъищ иIащ: къэбэрдей уэркъ — Къундет; абазэхэ старшынэ — Аджы Аджымыкъуэ; убых уэркъ — Бэрзэдж Хьэжы.]