Куэдым я гъэсакIуэ ЗекIуэрей Николай
2020-06-16
- Къэбэрдей-Балъкъэрым къищынэмыщIауэ, ди къэралым и щIыпIэ куэдым фIыуэ къыщацIыху алыдж-урым, бэнэкIэ хуит, лъэпкъ бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ спортым и мастер, СССР-мрэ УФ-мрэ щIыхь зиIэ я тренер, «ЩIыхьым и Дамыгъэ» орденыр зезыхьэ ЗекIуэрей Николай. Абы и гъащIэр фIыуэ илъагъу IэщIагъэм тыхь хуищIащ.
- 1938 гъэм щIышылэм (январым) и 26-м Дыгулыбгъуей къуажэм щыпсэу ЗекIуэрей Дин и унагъуэм етIуанэ щIалэр къралъхуащ. Ар хуабжьу пIащэт — килограмм 5-рэ грамм 900-рэ хъууэ дунейм къытехьащ. А Iуэху хьэлъэр тэмэму зэфIэзыгъэкIа урыс акушер цIыхубзыр сабийм и анэм елъэIуащ цIэр фIригъэщыну. Абы и жагъуэ пщIы хъунутэкъым. Арати, дунейм къытехьа цIыкIум Николай цIэр фIащащ.
- Адрейхэми хуэдэу, гугъу ехьу къэхъуащ бланэ теплъэ иIэу къалъхуа щIалэ цIыкIур. Николай и сабиигъуэр зауэ, зауэ нэужь лъэхъэнэ хьэлъэхэм хиубыдащ. Хэку зауэшхуэр къызэрыхъейрэ куэд дэмыкIыу къызэрагъэпэща 115-нэ шу дивизэм хэту и адэр бийм пэщIэтащ, фашизмэм и лъапсэм псы изыгъэжыхьыжахэм яхэтащ.
- Губгъуэ лэжьыгъэхэр зэпыу имыIэу езыхьэкI я анэхэм я гъусэу гъащIэм ипсыхьа, пасэу балигъ ищIахэм ящыщщ ЗекIуэрей Николай. Нэхъ къэ-жэпхъа иужькIэ унагъуэм зэрылъэкIкIэ защIигъэкъуащ. Махуэкъэс лэжьыгъэм къыщыдэхуэкIэ сабий джэгум яхыхьэрт: къызэдэжэхэрт, къызэрехуэкIхэрт, зэрыфыщIхэрт. ЩIалэ цIыкIухэм хуабжьу яфIэфIт я къарур здынэсыр зэхагъэкIын. Уеблэмэ балигъхэм ахэр щIэх-щIэхыурэ зэрагъэбэнырт, текIуахэр ягъэгушхуэрэ хагъэщIахэр яущийуэ. Апхуэдэхэм и деж нэхъыбэрэ утыку кърашэхэм ящыщт Iэпкълъэпкъ зэIэщIэлъ, хэщIыхьа зиIэ ЗекIуэрейхэ я щIалэр. Ар нэхъ ягъэпажэхэм яхэхуэ зэпытт.
- Курыт еджапIэр хъарзынэу къиуха иужькIэ Николай и насыпыр къилъыхъуэну Къэбэрдейм икIащ. Псоми къыщыщIидзар Украинэм и Донбасс щIыналъэращ. Донецк къалэм щыIэ, ФIамыщI промышленностым и бгы-техникэ училищэм и студент ЗекIуэрей Николай 1957 гъэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ зигъэсэн щIидзащ. Сыхьэт бжыгъэкIэ щIы щIагъым фIамыщI къыщыщIихыу щылэжьауэ, еша-елIауэ ар студент общежитым кIуэжырт, псы зыдигъэжэхырти, пIащIэу тренировкэхэм кIуэрт.
- Iэпкълъэпкъ екIурэ къару лъэщкIэ Тхьэр зыхуэупса адыгэ щIалэм и зэфIэкIыр зэрылъагэр псынщIэ дыдэу наIуэ хъуащ. Спортым и мастерым и мардэхэр зэригъэзэщIам тегушхуэныгъэ ин къыхилъхьарэ еджапIэ зэрагъакIуэмкIэ тхылъ щхьэпэ иIыгъыу мыгувэу ар щIэтIысхьащ Ленинград (иджы Санкт-Петербург) дэт физкультурэ техникумым.
- Еджэныгъэм и гуащIэгъуэ дыдэу абы ирашри, дзэм ираджащ. Къэралым и Ищхъэрэ щIыпIэ щIыIэм къулыкъу щищIащ. ЩIэныгъэ зэрыбгъэдэлъыр икIи бэнэнымкIэ иIэ ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, спорт ротэм и тренер нэхъыжьу ягъэуващ. А щIыпIэми и зэфIэкIхэр зэрылъагэр къыщигъэлъэгъуащ.
- — 1962 гъэм Азербайджаным и къалащхьэ Баку щекIуэкIырт къэралым и ПВО-м и Спартакиадэ. Ди спорт ротэм и командэ къыхэхам абы ещанэ увыпIэр щиубыдащ, — игу къегъэкIыж Николай. — Килограмм 70-м нэс зи хьэлъагъ бэнакIуэхэм я зэпеуэм и финалым сэ япэ дыдэу сынэсащ икIи дыжьын медалыр къыщысхьащ. Абы щыгъуэм пелуан дыдэу зыкъэслъытэжащ, апхуэдэу тыншу си хьэрхуэрэгъухэр хэзгъэщIати.
- ИужькIи ехъулIэныгъэфIхэр яIащ езы Николаи и гъэсэнхэми.
- Дзэм къулыкъу щищIэну пIалъэр къиухри, Ленинград дэт физкультурэ техникумым игъэзэжащ. Абы «Ищхъэрэ къалащхьэм» и чемпион щыхъуащ. Къыхуэнэжа курсхэр хъарзы-нэу кърихьэлIэжри, IэщIагъэлI щIалэщIэр 1966 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжащ. ЗанщIэуи тренер IэнатIэм пэрыуващ.
- — Сэ сыкъызыхуалъхуар тренер лэжьыгъэращ икIи игъащIэкIэ абы сыпэрытыну мурад сщIащ, — жеIэ и ныбжьыр илъэс 82-м щIигъуами, хуабжьу жыджэр ЗекIуэрей Николай. — Егъэлеяуэ гугъу зумыгъэхьауэ, лэжьыгъэшхуэрэ къару мыухыжрэ хыумылъхьауэ зэи ехъулIэныгъэ щыIэнукъым. Ар си гъэсэнхэм занщIэу зэрапхызгъэкIыным сыхущIэкъу зэпытщ. БэнакIуэр тенджыз къэукъубийм, жьышхуэ къыкъуэуам зи закъуэу пэщIэт цIыхум хуэдэщ. Утыкум къихьа иужькIэ и акъылымрэ зэфIэкIымрэ къищынэмыщIауэ, зыри щIэгъэкъуэн къыхуэхъужыфынукъым.
- 1979 гъэм ЗекIуэрейм и щIэныгъэм нэхъри хигъэхъуащ. Абы къиухащ Физическэ щэнхабзэмкIэ Волгоград дэт къэрал институтыр. А зэманым ирихьэлIэу «Трудовые резервы» спорт обществэм и чемпион мызэ-мытIэу хъуат. Ар илъэс куэдкIэ щылэжьащ Бахъсэн къалэм дэт сабий-ныбжьыщIэ спорт школым, бэнэкIэ хуитымкIэ тренер нэхъыщхьэ-егъэджакIуэу. ИужькIэ и унафэщI хъуащ а къалэм Олимп резервхэр щагъэхьэзыр сабий-ныбжьыщIэ спорт школ хэхам.
- Спортыр — псом япэрауэ, жыIэдаIуагъэщ. Тренерым и псалъэмрэ жыIэмрэ тет, зыгъэсэныгъэхэм деж зыщымысхьыж цIыхуращ лъагапIэ инхэм нэсыфынур. Тренерым и Iэзагъыр къызэралъытэр спортсменыр зэриунэтIыфырщ, ар зэхьэзэхуэхэм хуэфащэу зэрыхуигъэхьэзырыфырщ, а махуэ хэхам, дакъикъэхэм и зэфIэкI псори къызыкъуихыфын хуэдэу.
- Илъэс хыщIым щIигъукIэ тренер IэнатIэ мытыншым пэрыта ЗекIуэрей Николай и гъэсэн цIэрыIуэхэр щэ бжыгъэм къыщызэтеувыIэркъым. Олимп джэгухэм, дунейм, Европэм, СССР-м, УФ-м, КъБР-м щекуIэкIа зэхьэзэхуэхэм япэ-ещанэ увыпIэхэр къыщахьурэ къыщыхэжаныкIащ ар зыдэлэжьа щIалэ 483-рэ! ЗекIуэрей Николай игъэсащ СССР-м и чемпиону 8, Урысей Федерацэм и чемпионрэ саугъэт замылIэужьыгъуэхэр зыIэрызыгъэхьауэ 30-м щIигъу. А бжыгъэ гъущэхэм я щIыбагъ къыдэтщ махуэкъэс псэемыблэж лэжьыгъэ хьэлъэхэр.
- Тренер IэнатIэм зэрыпэрытрэ ЗекIуэрейм игъэхьэзыращ Совет Союзымрэ Урысей Федерацэмрэ спортымкIэ я мастеру 42-рэ. Яхэтщ абыхэм спортым щIыхь зиIэ и мастерхэр, дунейпсо класс зиIэ мастерхэр. Николай зэрыгушхуэхэм яхебжэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм хыхьэ Чикагэ къалэм 1983 гъэм адыгэхэм ящыщу япэ дыдэу бэнэкIэ хуитымкIэ дуней псом щынэхъ лъэщ хъуа къэбэрдей щIалэ Аюб Руслан. Совет Союзым и чемпионатым къыщыхэжаныкIахэщ Къущхьэ Сэрэждин, КхъуэIуфэ Мусэ, Сэбаншы Владимир, Джэрыджэ Альберт, Хэжь Заур, Маликов Руслан, Къанщауэ Герман сымэ, нэгъуэщI куэди.
- И гъэсэнхэр и гъусэу ар щыIащ Совет Союзым и къалэ куэдым, США-м, Канадэм, Италием, Тыркум, Польшэм, Чехословакием, Венгрием, Югославием, Болгарием, Румынием, Финляндием, нэгъуэщIхэми. Илъэгъуащ щызу дунейри къэралри, ауэ щалъхуа икIи и гъащIэм и фIыпIэр щигъэкIуа Къэбэрдей-Балъкъэрыр зыхуигъэдэн къахэкIакъым.
- И унэм къыщызэригъэпэща музейр Николай зэрыгушхуэу игъэлъагъуэхэм ящыщщ. Абы щызэхуэхьэсащ и гъащIэр тыхь зыхуищIа спорт бэнэкIэм къыщигъэсэбэпа хьэпшыпхэр, къыщихьа дамыгъэ лъапIэхэр, сурэт гъэщIэгъуэнхэр, нэгъуэщI куэди.
- БэнакIуэ, тренер IэнатIэ мытыншым илъэс хыщIым щIигъукIэ пэрытауэ ЗекIуэрей Николай иджыблагъэ пенсэм тIысыжащ. АрщхьэкIэ, и ныбжьым емылъытауэ, жыджэрагъ инрэ акъыл жанрэ зыбгъэдэлъ тхьэмадэр Iуэхуншэу щысыфкъым. Бахъсэн къалэм и ветеранхэм ядэщIыгъуу абы адыгэ уэрэдыжьхэр зэхуэс зэмылIэужьыгъуэхэм щегъэзащIэ, ди япэ итахэм я лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ щIэблэр щIипIыкIыу, къедаIуэхэм дэрэжэгъуэ яриту. Тхьэм къыхузэпищэ!
- Жыласэ Заурбэч.