ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэкъуэтыныгъэм и джэлэс

2020-06-11

  • Мэкъуауэгъуэм и 12-р ди къэралым ­игъэлъапIэ махуэшхуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ — Урысейм и махуэщ. УФ-р зи лъахэу къэзылъытэ дэтхэнэми лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и джэлэсу ябж мы ­махуэр.

  • Урысейм и къэрал суверенитетым ­теухуа Декларацэр къыщащтам и махуэущ ар 2002 гъэ хъуху зэрыщытар. ­Къапщтэмэ, ди Хэкум игъэлъапIэ махуэшхуэхэм я нэхъыщIэщ ар.
  • 1990 гъэм мэкъуауэгъуэм и 12-м ­РСФСР-м и ЦIыхубэ депутатхэм я съездым къыщащтащ декларацэр, Урысейм и Конституцэмрэ и унафэхэмрэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр къыщыгъэлъэгъуауэ.

  • А лъэхъэнэм ирихьэлIэу СССР-м и республикэ зыбжанэм я суверенитетым и унафэ къащтакIэт. Урысейм и къэралы­гъуэр гъэбыдэнымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ абы щыгъуэм къэралым цIэщIэ зэригъуэтар — Урысей Федерацэ.
  • Урысейм и махуэшхуэм къыдэкIуэу япэ Президенти иIэ хъуащ. А махуэм, ауэ 1991 гъэм, къэралым и тхыдэм щыяпэ цIыхубэ хэхыныгъэхэр екIуэкIащ икIи Ельцин ­Борис РСФСР-м и Президенту щыхахауэ щытащ. 1994 гъэм, Ельциным и унафэкIэ, мэкъуауэгъуэм и 12 махуэм къэрал мы­хьэнэ иIэ хъуащ. ИужькIэ ар Щхьэхуитыныгъэм и махуэу ягъэпсат.
  • 2002 гъэм Урысейм и махуэу зэра­хъуэкIыжа махуэшхуэр и щыхьэтщ езым и Конституцэ, Къэрал нып, герб, гимн зиIэ къэралыгъуэм зиузэщI зэпыту къызэрыгъуэгурыкIуэм. ЦIыхумрэ къэралымрэ я зэхущытыкIэхэр, федеративнэ къэрал ухуэкIэр, къэрал властымрэ щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ властымрэ я къызэгъэпэщыкIэр, цIыхубэр зытелэжьэн хуей идеологиер, экономикэм и къызэгъэ­пэщыкIэр убзыхунымкIэ лъабжьэхэр, дунейпсо зэпыщIэныгъэхэмрэ зэгурыIуэ­ныгъэхэмрэ кIуэ пэтми ирагъэфIакIуэу ­йокIуэкI.
  • Урысей псом и щхьэ Iуэху дигъэкIыжыну Iэмал зэригъуэтам хуэдэ дыдэу, абы и щIыналъэхэми, ис лъэпкъхэми Iэмал ­хъарзынэхэр къахузэригъэпэщащ. Хэгъэгухэм езыхэм я Хабзэубзыху, ГъэзэщIакIуэ къулыкъущIапIэхэр щызэфIэуващ, щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэмрэ я дуней тетыкIэмрэ Iуэхум къыхалъытэу лэжьэну ­хуиту. Абыхэм, шэч хэмылъу, ягъэбыдэ Урысейм и лъабжьэр.
  • Къапщтэмэ, нобэ Урысей Федерацэр дунейм щынэхъ лъэщ дыдэ къэралхэм ящыщщ, пщIэшхуэ иIэщ. Ар и фIыщIэщ иджырей Президент Путин Владимир. Абы къэралыр къызэфIигъэувэжащ, ­зэманым декIуу бакъуэу зэтриублэфащ. ЗэхъуэкIыныгъэ инхэр щекIуэкIащ экономикэм, зыхъумэжыныгъэм, хэхыныгъэмкIэ хабзэхэм, суд, пенсэ, банк Iуэхухэм, егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, социальнэ, нэгъуэщI IэнатIэ куэдми.
  • Инщ нобэ Урысей Федерацэм дунейпсо утыкум щиIэ пщIэр. Абы бгъэдэлъ хъу­гъуэфIыгъуэ псоми я нэхъыщхьэу къалъытэ Урысейм мамырыгъэмрэ зэпIэ­зэрытыныгъэмрэ зэрихъумэр, унагъуэм, анэм, сабийм зэрадэIэпыкъур, лъэпкъхэм я хабзэ нэхъыфIхэр пхыгъэкIыным зэ­рытелажьэр, ди къэрал иным ис лъэпкъ псоми я щэнхабзэм зегъэужьыным гулъытэшхуэ зэрыхуищIыр.
  • НэщIэпыджэ  Замирэ.