Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм исхэм Урысейм и махуэм и щIыхькIэ зэрехъуэхъур
2020-06-11
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Ди Хэкум и къэрал махуэшхуэ нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщ зымкIэ — Урысейм и махуэмкIэ — сынывохъуэхъу!
- Урысей Федерацэм и къэрал суверенитетым теухуа Декларацэу илъэс 30-кIэ узэIэбэкIыжмэ мы махуэм къащтам Iэмал къитащ иджырей Урысейм и правовой, экономикэ лъабжьэр ягъэтIылъынымкIэ, абы и суверенитетымрэ демократие ухуэкIэмрэ я лъэщагъыр гъэбыдэнымкIэ, лъэпкъ куэду зэхэт къэралыгъуэм исхэр мамыру, зэгурыIуэу зэдэпсэунымкIэ шэсыпIэхэр къызэрагъэпэщынымкIэ.
- Мы махуэшхуэр иджырей Урысейм и закъуэкъым зэхьэлIар, атIэ пыщIащ дэ псори дызэкъуэзыгъэувэ, къэралым и къэкIуэнум фIыкIэ дыщызыгъэгугъ абы и тхыдэ къулей дыдэм. Абы дигу къегъэкIыж илъэс минхэм къапхыкIа ди хабзэхэр, ди цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэмрэ ахэр хэкупсэу зэрыщытымрэ. Нобэрей Урысейм и къарур зыхэлъри зэкъуэтыныгъэмрэ цIыхугъэ лъагэмрэ дазэрыхуэпэжырщ. Дэ ди тхыдэ щэджащэм дыхуэфащэу дыщытын, дяпэ итахэм я ехъулIэныгъэхэмрэ я фIыщIэмрэ пщIэ яхуэтщIын, гурэ псэкIэ ди Хэкур фIыуэ тлъагъун, ар ефIэкIуэн папщIэ хьэлэлу дылэжьэн хуейщ. Ар дэ иджырей щIэблэми къэкIуэнухэми я пащхьэ, ди Хэку иным и пащхьэ щытхь къалэнщ.
- Шэч къытесхьэркъым, дызэгъусэмэ, дызэдегугъумэ, хьэлэлу, ехъулIэныгъэхэр къыдэкIуэу дызэдэлажьэмэ, иджырей зэманым къигъэув лъэпощхьэпохэм дазэрыпэлъэщынум, Урысейм и суверенитетым и лъабжьэр нэхъри зэрытхуэгъэбыдэнум, и лъэщагъми зэрытхухэгъэхъуэнум.
- Си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу фыузыншэну, мамыру, фефIакIуэу, фи Iуэхухэр дэкIыу фыпсэуну.