Хабзэм темыкIыу, сакъыу
2020-06-11
- Дуней псом зыщызыубгъуа коронавирус уз цIэрыцIалэм и зэранкIэ ди гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ куэд къыщыхъуащ. Ахэр ялъэIэсащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэхэми. Къапщтэмэ, илъэс блэкIахэм я мыпхуэдэ гъэмахуэ лъэхъэнэм школакIуэхэм я нэхъыбапIэм еджэныр кърахьэлIауэ, зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм щIадзауэ щытт. Сабий лагерхэмрэ зыгъэпсэхупIэхэмри я лэжьыгъэр яблауэ япэ теуэгъуэр ирахьэкIырт…
- Дызэрыт щытыкIэ къызэрымыкIуэм къишауэ, иджыпсту лажьэркъым зи гугъу тщIы зыгъэпсэхупIэхэр, ныбжьыщIэхэм я узыншагъэм щыкIэлъыплъ, ар щрагъэфIакIуэ гъэмахуэ санаторэхэр. АрщхьэкIэ, коронавирусым зэрызиубгъур нэхъ тIасхъэ зэрыхъуам къыхэкIкIэ, зэман гъунэгъум ахэр къызэIуахыжыну мэгугъэ.
- «Роспотребнадзор»-м и пашэ Поповэ Аннэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм зэрыщыжиIам тепщIыхьмэ, Урысей Федерацэм хыхьэ щIыналъэхэм я нэхъыбапIэм гъэмахуэ лагерхэр, санаторэхэр къызэIуахыж хъуну мэгугъэ бадзэуэгъуэм и 1-м къыщыщIэдзауэ.
- ИпэкIэ хэIущIыIу ящIащ сабийхэм я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ, зыщагъэпсэху IуэхущIапIэхэр щIыналъэхэм къыщызэIуахын папщIэ, Iэмал имыIэу гъэзэщIапхъэхэр, зытетыпхъэ мардэхэр зэрыт чэнджэщ тхылъхэр. Абыхэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, щIыналъэхэм ящыщ дэтхэнэми уз зэрыцIалэр зэрыужьыха щIыкIэм, щIыпIэхэм щыщыIэ щытыкIэм елъытауэщ гъэмахуэ лагерхэмрэ нэгъуэщI сабий зыгъэпсэхупIэхэмрэ лэжьыгъэр зэраублэжынур. Ауэ щыхъукIи, абыхэм екIуэлIэнур щаIыгъ хабзэ сабийхэм и зэхуэдитIыращ, сакъыныгъэм ипкъ иткIэ.
- Ди республикэми зыщыхуагъэхьэзыр сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм. Iэмал иIэ зэрыхъуу, лагерхэр, санаторэхэр къызэIуахыжынущ.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ