ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Онегин ЕвгенийПушкин Александр

2020-06-11

  • Пэублэ  псалъэ
  • Тезгъэуркъым я зэш жылагъуэм,
  • Нэхъ пагэм е хэгъэфIыкIам;
  • Ныбжьэгъу, мы си шэсыпIэр плъагъум,
  • Сыхуейт, пхуэфащэу къыщIэкIам.

  • Хуэфащэу хэти, зи псэр дахэм,
  • ЩIыхь пылъу гугъэ гъэзэщIам,
  • Псэ Iуту, нэхуу яусахэм,
  • Гупсысэр лъагэу, тыншу щIам.
  • Хэт укъыдэщIми, къаугъэншэу
  • Узот-тIэ тхыгъэ зэмыфэгъу:
  • IыхьитI нэщхъейуэ, зыр ягъэншэу,
  • КъызэрыгуэкIыу, зыр дагъуэншэу,
  • Гугъу семыхьамэ, къысхуэгъэгъу;
  • Хэслъхьащ си жейр, си дэрэжэгъуэр,
  • Акъыл гущIыIэм къилъэгъуар,
  • Си ныбжь хуалэжыр, си щIалэгъуэр,
  • Сигу пцIанэм хэти хуигъэгъуар.
  • Япэ Iыхьэ
  • ЩIегъэIэ гъащIэри,
  • гурыщIэр йопIэщIэкI.
  • (П. Вяземский)
  • I
  • Си адэ къуэшыр хъунут щапхъэ:
  • Лъэрымыхьу пIэм къыщыхэнам,
  • Сигъэгъуэтащ, схуэмыхъуу, щIапхъэ —
  • Хэтыт хуэмейр щIэин къэнам?
  • Абы и щапхъэр тхуохъу щIэныгъэ,
  • Ауэ пхуэшэчрэ-тIэ, умыгъыу,
  • Убгъэдэсыну жэщи махуи
  • Мы кхъахэм, бжьыхьи кIуэху,
  •  щIымахуи;
  • Ар хъун, умыщIэу уэ гурыщхъуэ,
  • ЛIыжь ныкъуэдыкъуэр тебгъэун,
  • И щхьэнтэр хуэбгъэбырыбын,
  • Нэщхъей пщIын нэгур, щепткIэ
  •  хущхъуэ,
  • Щэхуу убжэн: «Ешхыпэр сил,
  • Зэ къыпхуэкIуарэт Iисрафил!»
  • II
  • КъыфIэщIт а псор щIалэ Iуэхуншэм,
  • Пощт шыгу сабалъэм дыридзейм,
  • Тхьэшхуэм и фIыщIэкIэ, узыншэм,
  • Благъэу иIам и мылъкур зейм.
  • «Руслан, Людмилэ» нэхъ иужьым
  • Ит си романым и лIыхъужьым
  • Фыхуэзгъэзэну сопIейтей:
  • Ныбжьэгъу фхуэхъункIи хъунщ
  •  пщэдей.
  • Онегин, мы си IупэфIэгъур,
  • Нева и Iуфэщ къыздалъхуар,
  • Фи къалэ лъахэм сщIэркъым ар,
  • Фэ фыщыIам, кIуам фи жэрэгъур;
  • Ищхъэрэм хъуакъым сэ сесэн:
  • СфIэфIкъым уэс цIынэ къыстесэн.
  • III
  • И адэр дзэм хэтащ гъуэзэджэу,
  • Ауэ къулыкъур щиухам,
  • Бал итырт къищтэу щIыхуэ Iэджэ;
  • НэхъыфIт сом гуэри дидзыхам.
  • Евгений щысабий нэкIуплъым,
  • Япэху Madame щытащ кIэлъыплъу,
  • ИужькIэ къыхуащтащ Monsieur:
  • ФIыуэ ялъагъут сабий жан Iейр.
  • Monsieur l’Abbé, француз теплъэншэм,
  • И егъэджэкIэр хэти ддэнт,
  • ГушыIэ хуэдэт, телъэфэнт,
  • Щысхьт щIалэ цIыкIум, мыхьэнэншэу
  • КъыфIэщIт гъэсэныр щыкъуейщIейм,
  • Ар «Летний сад» щыхьэулейм.
  • IV
  • Псэр щызэщIэстэ и щIалэгъуэр
  • Къихьащ. Евгений дахэщ, жанщ.
  • Къыщысым а зэман гугъэгъуэр,
  • Monsieurи пщIантIэм дахужащ.
  • Хуит хъуащ Онегин, ар пфIэмащIэт,
  • ЗигъафIэрт хуейм, зигъэщIэращIэрт,
  • Париж щIрегъащэ щхьэц, жыпIэнт,
  • Е Лондон dandyу зихуэпэнт,
  • Сыт щыгъуи французыбзэр дзыншэт,
  • И псалъэр, тхыгъэр дахэкIейт,
  • Щхьэщэ пхуищIын? Узэрыхуейт,
  • Къэфэфт мазуркэр екIуу, тыншу.
  • Жылагъуэ нэхъ хэгъэфIыкIам
  • Хыхьащ, сыт хуейт абы фIэкIа?
  • V
  • Дыкъапщтэм псори, мащIэ-мащIэу,
  • Зыгуэрурэ зыгуэр деджащ,
  • ЖыдоIэ псоми дэ игъащIэм:
  • «Ди гъэсэныгъэр гъуэзэджащ».
  • Онегин, зэрыжаIэу куэдым,
  • (Иныкъуэми хеящIэм хуэдэу)
  • Зы имыджам, ахъырзэмант,
  • Насыпу иIэт зы талант:
  • Тримыгъэзыхьу псэлъэныгъэм,
  • Мыкууэ сыти еIэбын,
  • Куум деж щым хъун. ЩIэныгъэ бын
  • ПфIэщIынт, нэгъуэщI уэ
  •  уимыгугъэм;
  • ЦIыхубзхэм усэ дыхьэшхэн
  • ФIэфIт щхьэж екIужу яхихьэн.
  • VI
  • Хэтыжкъым модэм латиныбзэ,
  • Ауэ, вжесIэнщи псалъэ пэж,
  • Эпиграф къом абы игъабзэу,
  • Щыгъэ нэхъей зэбгъэдигъэжт.
  • ФIэфIт къыхигъэщым Ювенали
  • И псалъэм, тхыгъэм пищэрт: vale,
  • Феплъ Энеидэм и IыхьитI:
  • КъывжиIэфынкIи хъунт уситI.
  • Гугъу зригъэхьу къихутэну,
  • Пкъырыпкъыу, къыщыхъуар
  •  щIыгулъ,
  • Зы махуи жэщи игу имылът,
  • Псалъэ гушыIэкIэ фIэфIт тэну,
  • Ромул щыщIэдзи уэ зэман,
  • ЩыIамэ ищIэрт екIу ауан.
  • VII
  • Гугъущ тхьэм тхьэкIумэ
  •  къуимытамэ,
  • Гур дэзыхьэхыр уумейм:
  • Дапщи абы дыпэмытамэ,
  • Хигъэзэрыхьырт ямб хорейм.
  • Гомер ехъурджэт, Феокрит,
  • Илъагъурт фIыуэ Адам Смит,
  • Тыншу къыфIэщIт зэгъэзэхуэн
  • ЩIэныгъэ гъуэгум урикIуэн;
  • ЖиIэнт, уригъэджэну хэту:
  • Iэужь къызэрыгуэкI къудейм
  • ЕщIыф къэралыр бей, ухуейм,
  • Дыщэри ахъшэри хэмыту.
  • А псор и адэм къилъыта,
  • ЩIыр ахъшэ щIыхуэ щхьа щитам?
  • VIII
  • НэгъуэщIи ищIэ хъунт Евгений,
  • КъэсщIэжу псори къезбжэкIын?
  • ЩIэныгъэ щыIэт ар здэгений,
  • ЗыхуеIэр здыхузэфIэкIын;
  • Ар дэзыхьэх зэрысабийрэ,
  • Изыгъэжыхьу и пIэм дийуэ,
  • ИужькIэ пщтыру къэзыгъэплъ,
  • Жыджэр зыгъэхъу, хуэмейу санэплъ.
  • Ар лъагъуныгъэм и щIэныгъэт,
  • Куэду зыхуэуса Назон,
  • Къызыхуэмыгъуу лей зыкъом
  • Зрагъэшэча, иIами лIыгъэ:
  • ХамэщIым къыхуихуащ лIэжын,
  • Мыхъуу Италием кIуэжын.
  • (КъыкIэлъыкIуэнущ)
  • Адыгэбзэм къизыгъэзэгъар
  • Хьэмыз  Русланщ.