Здынэса курсыр къыхуэщIэнукъым
2020-06-11
- Заочнэу еджэ студентыр кафедрэм щIыхьауэ:
- — Си зачеткэр къызэфтыж, ахъумэ сэ…
- — КхъыIэ, ефтыж, — лъэIуащ егъэджакIуэри, — зачёткэр имыIыгъмэ, здынэса курсыр къыхуэщIэнукъым абы.
- ЩIакъуэ баш
- ЩIалэ цIыкIум:
- — Дадэ, мы жыгышхуэм сынелъэмэ, сыт къызэптын?
- — ЩIакъуэ баш.
- Шыд хэплъыхь пщIыну ара?
- Университетым и щIэтIысхьэгъуэщи, зэман гуащIэщ. ПIащIэу кIэлындорым ирикIуэ егъэджакIуэр къуажэм къикIа лIы гуэрым къегъэувыIэ:
- — Уа, щIалэфI, Шыдыр уэра?
- — Сэращ.
- — Шыд цIыкIур уэра-тIэ?
- — Уа, тхьэмадэ, кхъыIэ, узыхуейр жыIэ, Шыд хэплъыхь пщIыну укъэмыкIуамэ.
- Лы чилитI уэстынти
- Къасбот и шыдыр кIуэдри махуитI-щыкIэ къэтауэ, къатхъэнсулыкъу кIырым хэлъу къигъуэтыжащ. Шыдым и къурмакъейр зэпышхыкIат, куэ лыпцIэм щыщу зы IыхьэфIи ишхат дыгъужьым. Ину папщэри, лIыжьым жиIащ:
- — Ер зи унэм ихьэн, афIэкIа зэрумышхыфынур къызжепIамэ, хэплъыхьауэ лы чилитI уэстынти.
- Шыд Хьэсэнбий.