ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГъащІэр матэщІэдзакъым

2020-06-11

  • Хьэмыз Руслан. 2018 гъэ

    «ГъащІэр матэщІэдзакъым», жеІэ адыгэм. УзыщІэхъуэпсым, къыбдэхъуну узыхуейм унэсын щхьэкІэ, гугъу удехьыныр къэгъэнауэ, гурэ псэкІэ абы ухуэгъэзауэ щымытмэ, ужьыхыжыныр зыхуэІуа щыІэкъым. Дэтхэнэ зы цІыхури и хъуэпсапІэхэм лъэзыгъэІэс щапхъэ и пащхьэ къиту къыщІэ­кІынщ, абы нэсын щхьэкІэ и гуращэр зыгуэрым къызэщІигъэушэу. ЦІыхум ­гугъэшэс иригъэщІу иІэ и нэхъыжьыфІхэм я лъэужь ирикІуэныр абыхэм я гъащІэм къыпызыщэ Іуэхугъуэщ. Зи хъуэпсапІэхэр цІыхум и пщІэр къэІэтыным хуэгъэзауэ псэум, шэч хэлъкъым, ар къызэрехъулІэнум, гъуэгуи зэригъуэтынум.

  • Мы тхыгъэр зытеухуа щІалэр адыгэ унагъуэ къихъухьауэ, адыгагъэм щІапІыкІауэ цІыху гъэщІэгъуэнщ. ЩІыпІэ куэдым къыщацІыхуа щІалэм зигъэІуну аркъудей хущІэмыкъу пэтми, и ІуэхущІафэхэмрэ лэжьыгъэу иригъэкІуэкІымрэ ящІэххэр аращи, ар «Адыгэ псалъэ» газетым и щІэ­джыкІакІуэхэми къацІыхумэ тфІэигъуэщ, лъэпкъыр зэрыгушхуэ хъунухэм зэращыщри къащІэмэ тфІэзахуэщ. Ар Урысейм ЩІэныгъэхэмкІэ и ака­демием геохимиемрэ щІэнхутэ химиемкІэ и институтым епха, сорбцие Іэмалхэм я лабораторэм и унафэщІ, химие щІэныгъэхэм я доктор Хьэмыз ­Русланщ.

  • Гугъущ анэкъилъхум теухуауэ зыгуэр жыпІэну, зыгуэри птхыну. Зы лъэныкъуэкІэ, адыгэхэм апхуэдэ хабзэ диІэ хуэдэкъым, къыбдалъхуам ифІ пІуатэу утыкум ущыпсэлъэну. Къе­мыкІууи аракъым, ауэ щытыкІэ гуитІ­щхьитІ уизыгъэувэ Іуэхущи, зэры­хъу­кІэ зыщадзей. Хьэмыз Руслан си анэ къилъхуауэ си дэлъхущ, къызэрыхэзгъэщащи, игъащІэми зыщедзей щытхъу псалъэм, зэрылъэкІкІи ар щызэ­хихыну щІыпІэхэм пэІэщІэ захуещІ. Руслан хэткъым икІи хыхьэркъым къэралми, щІэныгъэми, жылагъуэми я зэгухьэныгъэ зэмылІэужьыгъуэу щыІэхэм. Ерыщу къыІахыну зыхэт интервьюхэри итыркъым, цІэ лъапІэхэмрэ фІыщІэ­тынхэми лъыхъуэркъым. Ауэ, пэжщ, Руслан РАЕН-м и академикщ, и лэжьыгъэри и гъащІэри абы епхауэ ирехьэкІ.
  • Дэтхэнэ зы цІыхури зыхурикъужу апхуэдэщ, уеблэмэ, дунейми и инагъыр и инагъщ, икІэм нэс къыбгурыІуэни зэхэпщІыкІыни плъэкІынукъым. ­Руслан и дуней лъагъукІэр, и цІыху щІыкІэр апхуэдизкІэ бгъуэщ икІи ­куущи, здынэсыр къыпхуэубыдыркъым, зым и гугъу пщІымэ, нэ­гъуэщIыр пІэщІэкІыу апхуэдэщ. ИтІанэми, ар сэ зэрысцІыхум хуэдэу зыми ицІыхуркъым, жысІэу, тІэкІу мащІэу сри­щІыхьщІэкъуу сыщытщ.

Кембридж университетым.

  • Сыт ищІысми къежьапІэ иІэщ. Зыгуэрым утепсэлъыхьын ипэкIэ, дауи, къуэпсхэм уахуемыплъэкІыжыныр Іэмал зимыІэщ. Ди адэжьхэм зы зэман гуэр Мэшыкъуэ Іуащхьэ лъапэр я псэупІэу щытащ. Балъкъ псыхъуэ къэкІуэжын хуей щІэхъуар укъуэдияуэ сымытхми, нахуэщ — ТІуащІэшхуэм адыгэр егъэзыгъэкІэ къызэрырахуам и тхыдэм щыщ Іыхьэщ ар. Ди адэшхуэм куэдрэ жиІэжырт езым и адэшхуэр цІыкІуу я къуажэжьыр зэрызэтрагъэсхьауэ щытар и нэгу зэрыщІэкІар, зыгуэр зыхузэфІэкІыну къуажэм дэса цІыхухъухэр «урыс Іэщэм» щыщІагъэкІым, лІыжь-фызыжьхэр, цІыхубзхэр, сабийхэр щтапІэ ихьэжу Балъкъ­кІэ къызэрекІуэкІар…
  • Си анэм и адэшхуэр, Абыдэ ШумахуэкІэ зэджэр, и зэманым «уей-уей» жригъэІэу цІэрыІуэу, хыхьэхэкІ зиІэу щыта цІыхущ. Урыс узэщІакІуэ Ломоносов Михаил хуэдэу, щІалэ дыдэу хьэжыщІ кІуэ гупым яхыхьэри, Истамбыл нэс яхэту кІуащ. Абдеж абыхэм закъыщыкІэригъэхужри, Шумахуэ илъэсипщІым нэблагъэкІэ Истамбыл  дэсащ, щІэныгъэ нэхъыщхьэ абдеж щызригъэгъуэтри, дыщэ щащэ тыкуэнышхуэм и Іуэхузехьэу лэжьэн иригъэжьащ.
  • КъызэринэкІа унагъуэр зригъэлъагъуну Къэбэрдейм къыщигъэзэжым, щхьэгъусэ хуэхъуну ди нанэм хуэзащ. Абы и дахагъым, и къабзагъым апхуэдизкІэ итхьэкъуати, Тыркум игъэзэжын мурадхэр иІэ пэтми, ар къишэри, ­щалъхуа къуажэм зытІэкІурэ щыпсэ­уащ. ЗэрыжаІэжымкІэ, зэрыунагъуэу Тыркум икІыжыну загъэхьэзырауэ ­Шумахуэ сабий сымаджэ гуэрым деж ираджащ. Узыфэхэм еІэзэу ІэщІагъэ иІэти, зыхуэкIуа сабийм пкърыт хуабэ узым къицІалэри, кІэщІу абы ихьыжащ. Ар и къэнэкІэу унагъуэри имыкІыжу къэнащ.

Русланрэ и шыпхъу Людмилэрэ.
1958 гъэ, гъатхэпэм и 5

  • Шумахуэ еджагъэшхуэт. Бзэ зэмы­лІэужьыгъуиблым ирипсалъэрт, ­КъурІэн Іыхьлыти, абы и щэхухэми мыбзаджэу щыгъуазэт. Псалъэм къы­дэкІуэу жысІэнщи, ди анэм и адэ­шхуэм хьэрыпыбзэкІэ тхауэ тхылъ куэд иІат. Арат къуажэм япэ дыдэу цІыкІухэр ирагъэджэну мыдрисэ къыщызэІузыхари, дыщэ щащэ тыкуэн япэ щызэзыгъэпэщари.
  • Нэмыцэхэр Къармэхьэблэ къыщы­дыхьэм, нысащІэхэм языхэзыр бэ­кхъым щызэтелъ пхъэхэм я лъабжьэм  хьэрыпыбзэкІэ тха тхылъ къомыр щыщІитІэгъат. Нэмыцэхэр дэкІыжу тхылъхэр къыщІахыжыну хэта щхьэкІэ, зыри ягъуэтыжакъым, псори дзы­гъуэхэм зыхашхыхьат…
  • Ди адэшхуитІри цІыху къызэрыгуэкІтэкъым. Ди адэм и адэм Тхьэм къритауэ апхуэдизкІэ зэчий бгъэдэлъти, я нэхъ есэп гугъу дыдэхэр гукІэ зэхилъхьэрт, щхьэкІэ зэригъэзахуэрт. КъэІуэтэжакІуэ Іэзэти, зытепсэ­лъы­хьым ухэт фІэкІа умыщІэу хъыбарыр ишэщІырт. ЩІэныгъэми пщІэшхуэ ­хуищІырт дадэ. И къуэхэр иригъаджэу щІэныгъэ нэхъыщхьэ яригъэгъуэтын щхьэкІэ, абы лъэкІ къигъэнакъым, хузэфІэкІыр ищІащ.
  • Ди анэм и адэри адыгэ интеллигенциекІэ зэджэм и пажэхэм ящыщт. Ар колхоз тхьэмадэуи лэжьащ, Дзэлы­къуэ щІыналъэм ит сымаджэщым и унафэщІым и къуэдзэ ІэнатІэми пэрытащ. Нобэр къыздэсым акъыл жанрэ лІыгъэщІагъэкІэ абы тепсэлъыхьыжу, уи щхьэр лъагэу уэзыгъэлъагъуж хъыбархэр тражыІыкІыу апхуэдэщ. Жыжьэ пхрыплът, куэд къыгурыІуэрт. МащІэ дыдэт зыхузэфІэкІынур, псалъэм ­папщІэ, зауэ нэужь илъэс хьэлъэхэм быний иригъаджэу, щІэныгъэ нэхъыщхьэ яригъэгъуэтыну. Ди анэш адэшхуэм ар хузэфІэкІащ.
  • Ди адэри Къэбэрдейм есэпымрэ физикэмкІэ щІэныгъэ нэхъыщхьэ япэу щызэзыгъэгъуэтахэм ящыщщ. Ди анэми филологие щІэныгъэ нэхъыщхьэ иІэщ, илъэс щэ ныкъуэкІэ егъэджакІуэу курыт еджапІэм щылэжьащ. Дыкъэзылъхуахэм пщІэ яІэу, Іулыдж къыхуащІу щытащ. Псалъэм пщІэ ­хуащІырт, щІэныгъэм хьэкъ иратырт. Нобэ хуэдэу сощІэж, пщэдджыжь къэс ди адэм къыхуэсхьу щыта пощт хьэлъа­фІэр, къэрэндащ иІыгъыу газетхэмрэ журналхэмрэ щІиджыкІыу зэрыщытар.

Руслан и къуэ Тимуррэ ипхъу Ирэрэ.

  • «ЛІэужьыр бжьиблкІэ мауэ», жаІэ. Езгъэлейуэ къысщыхъуркъым, ди унагъуэкІэ пэжу жыІа хъуа псалъэущ мыр къызэрыслъытэр. Ди адэжьхэм я хъыбаррэ я ІуэхущІафэрэ щыгъуазэу къекІуэкІа щІэблэри абыхэм зэра­дэплъеиным, я хъуэпсапІэхэри абыхэм зэрахуэфэщэным хущІэкъуащ. Руслани арати, зэрыцІыкІурэ гурыхуэу, куэд дыдэм дихьэхыу къэтэджащ. И гуры­хуагъэм къыхуихьащ абы пасэ дыдэу еджэкІэ зэрызригъэщІар. Сыт хуэдэ Іуэхуми и зэхэшакІуэт, нэщІэпкІэт, гупыр зыгъэгупт, Іуэхур зэрыхъунум и кІуэрабгъур псынщІэу къэзыгъуэтт.
  • Сигу къокІыж зы Іуэхугъуэ. Япэ классым щІэтІысхьа Руслан егъэджакІуэм и упщІэм и жэуапыр щритыжым, тІэкІу теплъэкъукІыу щхьэ­гъубжэмкІэ дэплъауэ къыщІэкІынти, гупсэхуу къемыдаІуэу къыфІэщІри, дэкІщ, бгъэдыхьэщ абыи, и гупэр езым деж къигъэзэжри, и жэуапыр щІэры­щІэу зэкІэлъигъэкІуэжауэ щытащ. ФІы защІэу еджащ Руслан. «Ленин шырт» къызэреджэри, дэ ди зэманым апхуэдэцІэкIэ къоджэным нэхъыфІ къэблэжьыну зэрыщымытар гурыІуэгъуэщ.
  • Иджыри зы гукъэкІыж. Еянэ классыр къэдухыу экзаменхэм зыхуэдгъэхьэ­зырырт си классэгъу хъыджэбзрэ сэрэ. ТІэкІу дешауэ, зыдгъэпсэхунщ, жытІэ­ри сыхьэт зытІукІэ дыкъэтауэ дыкъыщекІуэлІэжым, етхуанэ классым щІэс си дэлъхум билетхэм упщІэу къагъэувым я жэуапхэр ищІэрэ ды­къипщытэну хьэзыру дыкърихьэлІэ­жыгъат. ФІэщщІыгъуейщ, жызыІэни щыІэщ, ауэ, Тхьэм сыкъелъагъу, пэ­жым зы мэскъалкІи сытемыкІ.

ЩIэныгъэлIхэм я дунейпсо зэIущIэу Китайм щекIуэкIым хэтщ.

  • Руслан псом хуэмыдэу дэзыхьэхар зэтэзэхуэ щІэныгъэрат (точные науки). Курыт еджапІэр къиухыху, есэ­пым­кІэ, физикэмкІэ, биологиемкІэ, ­химием­кІэ зэпеуэ бжыгъэншэхэм хэтащ, сыт щыгъуи текІуэныгъэхэр къыщихьу ­щытащ. Псом хуэмыдэу ар дэзыхьэ­хыр ­химиерат. Дыщэ медалкІэ еджапІэр къиухри, илъэс пщыкІух фІэкІа иримыкъуауэ, и закъуэ Ломоносовым и цIэр зезыхьэу Москва дэт къэрал ­университетым щІэтІысхьэну кІуащ ар. Химиер фІы дыдэу ищІэрти, «тху» къихьмэ, медаль зэриІэм къыхэкІыу, занщІэу щІэхуэн хуейуэ арат зэ­рыщытыр. АрщхьэкІэ, химиемкІэ экзаменым «плІы» къихьри, есэпыр, физикэр, урысыбзэр кІэлъимытыжу хъуа­къым. Руслан езыр сыт хуэдэ Іуэхуми  ерыщу пэщІэт цІыхути, мо зызыхуи­мыгъэхьэзыра дерсхэр фІы дыдэу зэригъэпэщри, экзаменхэр итащ, университетым и химие къудамэми, абы тету, щІэхуащ.
  • Руслан къэхутэныгъэ гъуэгум теувэным и фІыщІэ хэлъщ дуней псом щыцІэрыІуэ щІэныгъэлІ, зэрыузэрыбг мыхъу изотопхэмкІэ (стабильные изотопы) лабораторием и унафэщІ профессор Горшков Владимир. Аращ щІалэщІэр къыдеджэхэм къахэзыгъэщари, и гур щІэныгъэм хуэунэтІа хъунымкІэ къыдэлэжьари. Езы Руслани ноби ирогушхуэ Горшковым и еджапІэм къызэрыщІэкІам. Аспирантурэм щІэ­тІысхьа нэужь игъэхьэзыра кандидат лэжьыгъэри зэхьэлІауэ щытар а изо­топхэрат.
  • Кандидат лэжьыгъэр пхигъэкІа нэужь, Руслан КъБКъУ-м зы илъэскIэ щылэжьащ. Абдеж зэрыщылэжьа мащІэм  ягу фІыкІэ къыщІинэжын цІыху хэтыкІэрэ лэжьэкІэрэ щигъэлъэгъуащ абы. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и доцент Батыр Хъаджэт зэрыжиІэжымкІэ, Руслан зи ІэщІагъэм фІыуэ хэзыщІыкІ, щІэныгъэм фІыуэ пхыплъыф цІыхут. Ауэ абы и ІэщІагъэр и цІыхугъэрат зыгъэлъагэр. ЦІыкІуми инми яжриІэн къахуигъуэтырт, псоми зэхуэдэу яхущытт, гуапагъэр къебэ­кІыу, гулъытэ хэти хуищІыфу апхуэдэут и лэжьэгъухэми еджакІуэхэми зэрахэтыр. Руслан и гугъу хэт имыщІми, ­дапщэщи, згъэщІагъуэу, цІыхум ирих хьэщІагъэм топсэлъыхь. Сыт хуэдизу езыр гугъу емыхьми, щыпсэу унэкІэ нэсу къызэгъэпэщауэ щымытми, зэи зыми зыкъригъэщІакъым икІи зыкъыхигъэщакъым. ЦІыхум защІигъэкъуэну сыт щыгъуи хьэзырт.

Хьэмыз зэщхьэгъусэхэр.

  • Руслан нобэкІэ химие щІэныгъэм и зы унэтІыныгъэшхуэм, пыухыкІауэ жыпІэмэ, фермион пкъыгъуэхэр щызэхыхьэ-щызэхэкІхэм деж къы­щыхъу сорбцие икІи ионзэхъуажэ Іуэхугъуэхэм (теория и практика сорбционных и ионообменных процессов концентрирования и разделения веществ) къэхутэныгъэхэр ещІылІэнымкІэ щІэ­ныгъэлІ нэхъ ехьэжьахэм ящыщу къалъытэ. Пкъыгъуэ куэду зэхэт системэхэм щекІуэкІ ионзэхъуажэ Іуэху­гъуэхэм я кинетикэмрэ динамикэмкІэ (кинетика и динамика ионообменных процессов в многофазных многокомпонентных системах) ирагъэкІуэкІ къэхутэныгъэхэми нэхъ жыджэру хэтхэм ящыщщ Руслан.
  • Ионзэхъуажэ Іуэхугъуэхэр щекІуэкІ растворхэм изотермиер зэребэкІым и мардэр (изотермическое пересыщение растворов в ионообменных процессах) япэ дыдэу къэзыхутэу тетхыхьыжахэми ящыщщ ар. А къэхутэ­ныгъэр, псалъэм папщІэ, химие техно­логием зиужьыным хуэгъэзащ, ды­къэ­зыухъуреихь дунейм и къабзагъэм зэран хуэхъу Іуэхугъуэхэр къыхэмыкІыу пкъыгъуэ къабзэхэр къэгъэщІыным хуощхьэпэ.
  • Русланщ къыхэзылъхьар щІыуэпсым ягъэ емыкІыу хыпсым хэлъ минерал пкъыгъуэхэр зэхэзыху ІэмалыщІэхэр, ауэ щыхъукІи псы къабзэрэ минерал пкъыгъуэхэмрэ къыхэкІыу (создание безотходных экологически безопасных процессов комплексной переработки минерализованных природных (морских) вод с получением пресной воды и ценных минеральных компонентов).
  • Апхуэдэ къэхутэныгъэу Руслан илэжьыр куэдрэ къыпхуебжэкІынущ. Нэхъыщхьэр, ищхьэкІи зэ къызэрыхэзгъэщащи, а псор цІыхум и фІагъ зыхэлъым хуэунэтІащ, псэукІэр езыгъэфІакІуэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр зыхъумэ къэхутэныгъэу щытщ.
  • Руслан щІэныгъэм и мызакъуэу, егъэджэныгъэми и гуащІэ хелъхьэ. Ар аспирант куэдым я унафэщІу щытащ, кандидат ныбжьыщІэхэри игъэхьэзыращ. ЩІэныгъэ лэжьыгъэу 170-рэ и Іэдакъэ къыщІэкІащ. Унейуэ къихутахэм я щыхьэтыгъэрэ патенту 35-рэ иІэщ, абы хэтщ Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, европей къэралыгъуэхэм, Японием, Израилым я патентхэри. Мыри жыІапхъэщ, Руслан къэралыгъуэ куэдым, зи цІэ къитІуа хэгъэгухэри хэту, щІэныгъэхутэ лабораторэхэр щиІэщ, и къэхутэныгъэхэм хэлъ Іуэхугъуэ зэ­щымыщхэр къыщахутэу.
  • Руслан «Сорбцие икІи хромотограф Іуэхугъуэхэр» зи фІэщыгъэ щІэныгъэ журналым и редколлегием хэтщ, абы жыджэру хуэтхэхэм ящыщщ.
  • Иужьрей илъэсхэм Руслан лъэпкъ щэнхабзэмкІэ щІэх-щІэхыурэ къеплъэкІ, анэдэлъхубзэм и щэхухэм еплъакІуэ хъуащ. И лэжьыгъэ нэхъыщхьэм зыкъыдигъахуэурэ, абы Пушкин Александр и «Евгений Онегин» тхыгъэшхуэр адыгэбзэкІэ зэри­дзэкІащ. УсакІуэшхуэм и тхыгъэ зэри­дзэкІам и бзэм и къабзагъэмрэ псалъэ зэгъэпэщыкІэу къыхуигъуэтамрэ ар зылъэгъуа ІэщІагъэлІхэм гурыхь ящыхъуащ. Руслан и зэфІэкІыр къызэрыбгурыІуэнур къызыхэкІа лъэпкъым ­хуиІэ фІылъагъуныгъэрщ, и анэ­дэлъху­бзэм хуищІ пщІэрщ. Абы хьэкъыу и фІэщ мэхъу анэдэлъхубзэм зыгуэру урипсалъэу хамэбзэм ухуэуэрсэр зэрымыхъунур, зы бзэм и дунейм нэ­гъуэщІыбзэм и дунейр нэхъ щІэщы­гъуэу икІи щхъуэкІэплъыкІэу зэрыуигъэлъагъур.

И уней хадэм зыщегъэпсэху.

  • Хэку зауэшхуэм траусыхьа урыс уэрэдхэм къыщежьащ Руслан и зэдзэ­кІыгъэхэр. Абы игу къызэригъэ­кІыжымкІэ, езымрэ Москва дэс и ныбжьэгъухэмрэ и хэкуэгъухэмрэ я зэ­хуакум зэныкъуэкъу къихъуат. Адыгэбзэр нэхъ гуащІэ мащІэ хъууэ мыкІуэу пІэрэ, щІалэгъуалэм зэрахьэ адыгэ псалъэхэм я бжыгъэр хэщІурэ емы­кІуэкІыу пІэрэ, жаІэу арат зэныкъуэ­къур къызытехъеикІар. Ар пэжрэ мы­пэжрэ къэзыгъэлъэгъуэфынур усэ­бзэкІэ тха текст, езым и дуней, и курых, и купщІэ зиІэж тхыгъэ, адыгэбзэм ­къы­зэриплъхьэрат. Арати, Руслани тегушхуащ.
  • «КъызэрызэхъулІар сщІэркъым, ауэ си гуапэ хъунущ си зэдзэкІыгъэр къызытепщІыкІа тхыгъэм жыжьэу сыкъызэрыбгъэдэмыкІар къыхэщмэ, и адыгэбзэмкІэ а текстыр наІуэ хъумэ. Ирипсалъэми, урысыбзэкІэ мыгуп­сысэ ди нэхъыжьхэр, урысыбзэр ямыщІэу хамэщІ щыпсэу ди лъэп­къэгъухэм мы уэрэдхэр дунейм зэрытетыр къащІэ къудей мыхъуу, я мыхьэнэр ­ялъэзгъэІэсыну, къагурызгъэІуэну сыхэтащ», — жеІэ Руслан.
  • Дунейр щызэхэзекІуэ Москва щы­псэу пэтми, абы щІы хъурейм и цІыхуу зелъытэж. Абы фІэІэфІщ сыт хуэдэ щІэри, сыт хуэдэ гъэщІэгъуэнри. Ауэ, дэнэ щІыпІэ мыкІуэми, сыт хуэдэ цІыху гуп яхэмыхьэми, иригушхуэу закъызэрыригъэцІыхур «черкес» цІэмкІэщ. А псалъэм си дэлъхум хуабжьу пщІэшхуэ хуещІ. Зэгуэрым, Руслан Нью-Йорк дэту щІэныгъэ-технологие комплекс гуэрым и пэш Іэхуитлъэхуитышхуэм щІыхьащ, абы щекІуэкІ гъэлъэгъуэныгъэхэм еплъыну. Зы плІанэпэ гуэрым деж зы щІалэ щытщ, физикэ Іэмэпсымэ гуэрым тепсэ­лъыхьу. Арати, игу къегъэкІыж езы ­Руслан, инджылызыбзэкІэ сыкъэпсалъэри, ар къэзыхутар си лъэпкъэгъущ, сэ схуэдэу черкесщ, и цІэр Къумахуэ Мурэдинщ, жысІащ, жеІэ. ЩІалэр, ­пыгуфІыкІщ, зыкъысхуигъазэри, ­«Къе­благъэ, си къуэш!» жиІат. Езы ­Къумахуэ Мухьэдинт ар. Мухьэдин дунейм ехыжыхункІэ, Русланрэ абырэ зэрыгъэныбжьэгъуащ, зэрылъытащ.
  • Си анэкъилъхум Іэмал иІэху щІалъхуа щІыналъэм къэмыкІуэжу щІа­гъуэ дихыртэкъым. Ди анэр зригъэ­лъагъуну, ди Іыхьлыхэм яхыхьэну къыхудэхуэ зэманыр арат зытригъэ­кІуадэр. Иджы, ди анэр тІэкІу лъэ­рымыхь зэрыхъурэ, зэкъуэшхэм яшэжауэ Москва щыІэщ, сэри щІэх-щІэхыурэ лъагъунлъагъу сызэры­кІуэным яужь ситщ. Унагъуэ дахэ иІэщ Руслан, зы хъыджэбзрэ щІалищрэ къыхуэхъуащ. И щхьэгъусэ Ольги цІыху хъарзынэщ. Срогушхуэ си дэлъхум, си напщІи ­телъщ.
  • «ЦІыхур цІыху щІыжщ», жаІэ. Си дэлъхур, сэр нэхърэ нэхъыщІэми, сыщІыдэплъеин куэд иIэщ. КъэзгъэщІам и кІуэцІкІэ цІыху Іущ куэдым сахуэзащ, жысІэфынущ си дэлъхур абыхэм зэращыщыр. Къыдалъхуахэр къэгъэнауэ, и лъэпкъэгъухэри иригушхуэн хуейуэ къызолъытэ Хьэмыз Руслан.
  • ЩАУЭЦІЫКІУ Людмилэ,
  • культурологием и кандидат.