Хэти сыти жрыреIи, хьэгъуэлIыгъуэ тIэкIур фIыщ
2020-06-11
- ГукъэкIыж
- ЛIэщIыгъуэкIэрэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа ди адыгэ хабзэ дахэр, зым зы кIэриудмэ, адрейм нэгъуэщI гуэр къыхилъхьэурэ Iисраф ящIу, Iуэхур лэкъумхъуэжым фIэкIыу шумэдан зэхуэхьым щынэса зэмант. Зеикъуэм я колхоз цIэрыIуэм и тхьэмадэ нэхъ цIэрыIуэж Къардэн Барэсбий нысэ къишауэ кIэлъыкIуэ дыкIуат. Барэсбий сэрэ дызыхьэблэт, дыкъыздэхъуауэ дызэрыцIыкIурэ дызэныбжьэгъут, абы и щхьэгъусэ КIуакIуэ сэри зэдэлъхузэшыпхъум драбынти, я хьэгъуэлIыгъуэм и курыкупсэм сыхэтын хуейт.
- Арати, егъэлеяуэ зекIуэ шумэдан зэхуэхьыжым цIыху нэхъыбэ хэтыху, здэкIуэми къыздэкIуэжми я щIыхьыр нэхъ иIэт хуэдэу увати, дэри гупышхуэу дахуеблэгъат пхъур зейхэм. Гуп бэлэрыгъауэ дызэрыщымытыр къигъэлъагъуэрт Барэсбий и анэш Бгъэжьнокъуэ Хьэчим, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь лIы цIэрыIуэр, дызэритхьэмадэм, Бахъсэнёнкэ къуажэм щызэхэт колхоз пэрытым и председатель, Барэсбий и ныбжьэгъуфI, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Тхьэкъуахъуэ Башир, хьэIусыпэ зрат жыхуаIэм хуэдэ нэгъуэщI цIыху зыбжани къызэрытхэтым. Дыздеблэгъари, дыздикIам хуэдэу унагъуэ хуэщIати, щIым дынамыгъэсу дагъэлъапIэ. Ди Iэнэр узэдащ, ди фадэр хэплъыхьащ, ди пшынауэм къуажэр къегъаджэ, хъуэхъу, щытхъу, гушыIэ жыхуэпIэхэр гъунэжщ. ХьэгъуэлIыгъуэр дахэн папщIэ зыри къыхуэткъым. УзыщIэсыр сыт хуэдизу мыунэшхуэми, хьэгъуэлIыгъуэм къезэвэкIыркъэ? Дэри зэву дызэхэст. Ди нэхъыжь Бгъэжьнокъуэ Хьэчим жьантIэм дэст, хьэщIэ нэхъ пажэ, нысащIэм и тхьэмадэ Къардэн Барэсбий абы къыбгъэдэст, абы къакIэлъыкIуэу Тхьэкъуахъуэ Башир, Зеикъуэ колхозым и партком Къалмыкъ Мухьэб, сэ, нэгъуэщIхэри детIысэкIат.
- Моуэ хъуэхъуэн яублэри бжьэ зы-тIу къащтауэ, Барэсбий щIашыну цIыху къагъакIуэ. Апхуэдэ щыIэн хуейтэкъыми, ар ямыдэу щыщIэупщIэм, хьэгъуэлIыгъуэм фыз хэгъэрейуэ щыIэм я цIэкIэ къэкIуауэ арат джакIуэр. Барэсбийр щIэкIри, дыгузэва щхьэкIэ, гузэвэгъуэ къызэрымыхъуар и нэгум къищу пыгуфIыкIыу щIэх дыдэу къигъэзэжащ. Ди щIыбагъымкIэ блэкIыжын хуейти, си Iэблэр гуеч жысIэу къызэпIэскIуащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, лажьэ зиIэр сэрат. Дыкъежьэну унэм дыкъыщыщIэ-кIым Барэсбий пщIантIэкум итт, шхыдэу, щIалэщIитIми джэдэхъу абрагъуэжь яIыгът и бжьакъуэ зырызымкIэ. Уэлэхьи, Мухьэмэд зэрыжиIэм хуэдэу тщIынмэ жери, Барэсбий сэ зыкъысхуегъазэ: «Мо дыздэкIуэхэм мыр нышу здэтшэмэ, дауэ къащыхъуну пIэрэ?». «Дауэ къащыхъун, председателым езым ещхьыркъабзэу джэдэхъу абрагъуэжь къытхуишащ, жаIэнщ», — жызоIэ.
- Арати, дэ машинэхэм зидгуашэщ, джэдэхъум ирагъэгъэзэжщ, тIы абрагъуэ къыщIашри, ар здэтшащ. АрщхьэкIэ, дэ дыкъэсыным япэкIэ джэдэхъум и хъыбар зыIэрыхьа хэгъэрей фызхэм ар къыпхуадэнт. Барэсбийр щIашри, «Джэдэхъу бжьэисэм дыпэплъэурэ тIы бэлацэжь зэкIэрылэлу къытхуебгъэшащ…», — жаIэри къагъэсысат. Сыт ищIэнт, машинэр джэдэхъур къишэну игъакIуэщ, езыр наIэщIэкIри нытхыхьэжат…
- Къардэн Барэсбий и тIыжьыр зэрыхэкIуэдам нэхъ лажьэ щымыIэу ди кIэлъыкIуэр зэфIэкIауэ дыкъыщежьэжым, къайгъэ дыхэхуэ пэтащ. Барэсбий а къыщыщIашам нэхъ зэгуэзыгъэпахэм ящыщ зым сэлам щрихыжым и Iэгум итIэхъуащ. Фызыр къайгъэзэхэшэ гуэру къыщIэкIри, гушыIэр псалъэмакъ ищIащ. Абы илIри, фIыуэ ефауэ хьэгъуэлIыгъуэм щыIэти, и IэштIымыр игъэдалъэу къэуващ.
- Iэмал имыIэж щыхъум, Барэсбий и щхьэгъусэ КIуакIуэ Iущ цIыкIу утыкум къихьащ: «Си лIыр уи фызым и зы Iэгум итIэхъуамэ, уэ си IэгуитIми къитIэхъуэжи, фызэпэкIуэжащ» — жиIэу и Iэхэр щыхуишийм, гупыр зэрыгъэдыхьэшхыжри, хьэгъуэлIыгъуэри дахэу иухыгъащ, сэри сигу къинати, схуэмыбзыщIу стхыжащ.
- Хэти сыти жрыреIи, хьэгъуэлIыгъуэ тIэкIур фIыщ.
- Къэрмокъуэ Мухьэмэд.