Гу зылъебгъэтэнумэ, зумыплъыхьу тIыс
2020-06-11
- АкъылкIэ щыпэмылъэщым, IэштIымкIэ пэщIэуващ.
- Акъылым къимыхь лIыгъэм къизэуркъым. Ахъшэ зи куэдым Iужажэ и щхьэгъэрытщ.
- Бзэгузехьэ зегъэлIыхъури, лIыгъэ зыхэлъ зеущэху.
- Бзу кхъуейкIэ гуэшэфым къызыхих къехьэлъэкIыркъым.
- Биижьыр щигъэблагъэм, благъэжьым къибгынащ.
- БлэбгъэкIар дамэ тету мэлъэтэж.
- Вакъапхъэу иритри, джэдыгупхъэу къыIихыжащ.
- Вы тIыса имыгъэтэджмэ, и псалъэ хуэсакъ.
- Выгум зыщIэпщIэжамэ, вы хуэдэу екъу.
- Выгум ис пэжыр шым тес пцIым дожэф.
- Гуащэр щыкIамэ, нысэр щIыкIейщ.
- Гу зылъебгъэтэнумэ, зумыплъыхьу тIыс.
- Гур зэхэуфамэ, гъащIэр кIагъэпшагъэщ.
- Гурэ гъуэгурэ лъагъуэ зэхуаIэщ.
- Губжьым гур къигъэкъабзэми, напэр трех.
- Губзыгъэм нэхърэ делэм нэхъ щыблэкIыгъуафIэ щыIэщ.
- Губзыгъэм уебийми, делэм уримыныбжьэгъу.
- Гугъэ нэпцIым лъапцIэу укърешэкI.
- Гугъэм ухэтыху, уимыIэри уиIэщ.
- КIэрэф Хьэсэнбий.