Зи Iуэху нахуэм и нэгу хейщ
2020-06-11
- АкъылыфIэм делэми бзэ къыхуегъуэт.
- Ахъшэ мыбж зэIэпахыркъым.
- Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ.
- Гур кIуэдмэ, лъэр щIэкIыркъым.
- Гъуэгум лъыхъуэркъым — щIоупщIэ.
- Джэд пасэрэ бын пасэрэ.
- Псынэ куэд зэхэлъэдэжмэ, тенджыз мэхъу.
- ЦIыхур уи щхьэ еплъытмэ, емыкIу къэпхьынкъым.
- ЯгъэфIэрей джэдур щхьэнтэ тесу къонэж.
- Iуэхутхьэбзэм бзыпхъэ иIэщ.
- Акъыл зиIэм жагъуэгъу и куэдщ.
- Гум илъыр нэгум къыуегъащIэ.
- Зи Iуэху нахуэм и нэгу хейщ.
- Дзы зыфIэпщ дзы къыпфIещыж.
- Егъэлеяуэ пшхымэ, фори ткIыбжьщ.