ШатэкIэ гъэбэкхъа кIэртIофыщIэ
2020-06-11
- КIэртIоф укъэбзар хъурей пIащIэ цIыкIуурэ яупщIатэ, шыгъу тракIутэ, фIыуэ зэIащIэри, см 5 — 6 и Iувагъыу тебэм иралъхьэ. Абы цIыкIу-цIыкIуу упщIэта бжьын цIынэ, шыбжий плъыжь хьэжа тракIутэ, псы щIыIэ тIэкIу тракIэжри, и щхьэр тепIауэ дакъикъи 10 — 12-кIэ ягъавэ псыр щIэвэщIэху. ИтIанэ шатэ щIакIэри, мафIэ цIыкIу дыдэм тету дакъикъи 8 — 10-кIэ и щхьэр тепIауэ ягъэбэкхъ.
- Хьэзыр мэхъу щыжаIэм, шыбжий сыр хьэжа трагъэщащэ, джэдгын цIынэ къудамэ зыщыплI тралъхьэжри, тебащхьэр тепIауэ дакъикъи 3 — 4-кIэ щагъэтщ, мэ дахэ къыхихын щхьэкIэ. КIэртIофыр зэхэпIытIауэ щытын хуейкъым. Iэнэм щытрагъэувэкIэ, джэдгын къудамэхэр къытрахыж. Ар пщтыру яшх, пIастэ, чыржын, мэжаджэ е щIакхъуэ и гъусэу.
- Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ): кIэртIофыщIэ укъэбзауэ — г 275-рэ, псы щIыIэу — г 50, шатэу -г 100, бжьын цIынэу — г 20, джэдгын къудамэу — 3 — 4, шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
- Нащэ зэхэупщIэта
- Нащэ нэхъ щхъуантIэхэр къыхахри, псы щIыIэкIэ ятхьэщI, я фэхэр Iувмэ, яукъэбз. Бзыгъэ кIыхьу е хъурейуэ, пIащIэу яупщIа-тэ, тепщэчым иралъхьэ, шыгъу траудэ, цIыкIу дыдэу упщIэта бжьыныху тракIутэ, шыбжий сыр трагъэщащэ, шатэ тракIэри, нащэ упщIэта аргуэру тралъхьэ. Апхуэдэу-рэ сатырищ-плIы зэтралъхьэ, шатэ тракIэж, къуэнтхъурей, бжьын цIынэ упщIэта тракIутэжри Iэнэм трагъэувэ. ЩIакхъуэ е лэкъум дашх.
- Халъхьэхэр (цIыхуиплI Iыхьэ): нащэу — г 500, бжьыныху укъэбзауэ — г 30, шатэу — г 250-рэ, бжьын цIынэу — г 30, къуэну — г 15, шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр»
- тхылъым къитхыжащ.