ХЬЭIУПЭ ДжэбрэIил и усэхэр
2020-06-10
- * * *
- Тхьэгъэзит Зубер деж
- Жэщ мазэхэм гур сIэпихми,
- Схуэгумахэу махуэр, мес,
- И нэс-къэсыр щызэрихым,
- Сыдахьэхыр и бзий къэс.
- Хуэсакъыпэу къысхуэупсэ
- Уэсэпс псыпсыр допIэнкIей.
- ПкIатэ-лъатэу пситI зоIусэ,
- Псэху зимыIэ кIейр докIей.
- КъыщопIэнкIри вагъуэр хьэршым, –
- Шэ тхъурымбэу пшэр тырех.
- Мес, зыхеш зэхэпхыу къуршым,
- Къэуш гъащIэм зыкъырех.
- ХекIутэжыр вагъуэр вагъэм,
- Гъэм и жылэу тыресэж.
- Сэтэней хъужынущ гъагъэм!
- Гъатхэм гъащIэр зохъуэпсэж…
- * * *
- Къашыргъэ КIурацэ и фэеплъу
- Щхъыщхъ мажорыр жорым и
- Iэдэжми –
- «Жан-къыдэш» Тхьэ зэшхэм я Iэужьщ!
- ИжькIэ ди адэжьхэм, дымыщIэжми,
- Жыр къагъэшырт, ягу къыдэж нэужь!
- Е зэужьым дэтым, я бгырыдзэр
- Дзапэ уэрэд адэм иусарт…
- Тхьэ сурэтхэр вагъуэм къызэпхидзырт,
- Зэпадзыж ежьухэр нэIусам.
- Лъапэрисэм и гугъу умыщIыххэ!
- Хы макъамэ-къафэр уфэфам,
- Уафэ дыдэм пхъэцIыч макъыу щихыр
- Щыблэу зэкIуэцIычырт, уфIэфIам.
- Афэу щхъыщхъ мажорыр зи мыфащэ
- Щабэу гыз бжьамийр иджы мэзэш…
- Пшынэ макъри, къыу уэрэду, щащэу,
- Тхьэхэм къаIущэщыр зэпагуэш.
- Бах
- ЗэхуокIуатэ пшэхэр, зэщокIуатэ,
- ЗэхуаIуатэ щэхухэр зэIэпах.
- ЗэIэпаххэм къыухэр кIэщIэкIуадэу,
- Дамэху псыпскIэ дыгъэ бзий къыхах.
- ЗэкIуэцIахри, пшэхэм хэлъэщIыхьу,
- ПщIыхь Iэмыр макъамэр зэбгырах,
- Хы толъкъуныр уафэ
- лъащIэм щIыхьэу,
- Тхьэшхуэ пыхьэу щызэхихым Бах!
- ПкIэлъей хъарщ гупсысэр –
- зэщIэскъыскъэу,
- ГукъэкIыжыр гугъэм ебдзыжынщ!
- Зы едзыгъуэ пищэм гъащIэм уи къуэм,
- Къыу уэрэдыр уэ къомыпцIыжын…
- Хашыр пшэхэм макъамэху яIуантIэр,
- ХаIуэнтIыкIыр къыухэм зэIэпах.
- ЗэIусхауэ си дунейм и пщIантIэр
- СыщIодэIур къысхуиIуатэм Бах!
- Iэдииху
- Пщыхьэщхьэ пшэплъым
- сыхэплъэм сакъыу,
- Къурш джабэм, зэшу,
- къыришт зы жэщ…
- Псы щIэж слъэгъуакIи
- сыхэхъуэпсакъым,
- Псыкъелъэ макъыр къырум дэсшэщIт.
- ДэсшэщIти IукIэ дэсшт Iуащхьэмахуэ,
- Шыхулъагъуэм щэхуу къехт Iэдииху.
- Дэ зэхуэтIуатэ псоми и хъуахуэм
- Къехъуапсэу, хьэршым
- зэш къыIэпыхут,
- Iэпыхуми, IэхукIэ, щIым нимыгъэсу,
- Уэсэпс уэрэдкIэ зэшыр игъэпскIт…
- КъэхъуэпскIти уафэр, къехт
- шы мыгъасэ,
- Мэскъалхэр лъалъэу фIалъэм
- дэхъуэпскIт…
- СыкIэлъохъуапсэ си Iэдиихум,
- А щыблэ-хуарэм дунейр дохъей!
- Хъарпшэру си нэм къыщIэпсэ нэхум
- Нэпс пэлыдыжым кIуар зэдагъей.
- * * *
- Аргуэру бжьыхьэр къэсыжащ си деж,
- Гукъеуэр жэщым жэпу къыстехэжу.
- Жэщыбгым си псэм кIуам и
- щыгу сыдеш,
- Техьэгъуэу гъащIэр зэми
- къыстехьэжу.
- Соплъых къэскIуами – нэр
- щоункIыфIыкI.
- КIыфIыгъэр щхъыщхъыу телъщ
- зэман сыхьэтым,
- Щхьэр сIэтрэ сыплъэм,
- слъагъукъым уэ зым фIэкI,
- Мо уафэ къытщхьэщытыр си щыхьэту.
- Техьэгъуэ-гъащIэ, си псэр езэшащ,
- Сыздэпшэ куейхэм псэхупIэ щымыIэ…
- Насып щымыIэм щхьэ сыхуэхэшат?
- Жэуап схуэмытми, пхуеший
- си гур си Iэм.
- * * *
- Нобэрей махуэм хэлъэт си напщIэ,
- БдэзмыщIэ Iуэхум сегъэпIейтей.
- Пщэдейм хэлъ щэхум сыщIэмыупщIэ,
- Си гущIэм илъыр телъщ уи сэтейм.
- Дахагъэу щыIэм сыхуэнэпсейщ,
- Нобэрей махуэм хэлъэт си напщIэ.
- Тхьэм усхуищIамэ хъыбарегъащIэ,
- Хуэсакъыу гуауэр къызэупсей.
- Бэрэжьей гущэ дунейр мэщэIу…
- Нобэрей махуэм хэлъэт си напщIэ,
- Гулъытэ лейкIэ сыномылъэIу,
- Спэщылъыр дыджми, зэ умыпIащIэ…
- Гупсысэ жьычу чэщей пшыналъэр
- Махъсымэ фалъэу къызогъэщIей.
- ДэпщIыпщIу слъагъум макъамэм
- псалъэр,
- «СылIэнущ» жысIэу сымыгужьей.
- Нобэрей махуэм хэлъэт си напщIэ,
- ЩIэлъэт къапщIийуэ укъысхуоджэгу…
- Зэгуэр нэджыджым къытеща
- гъащIэм,
- И мащIэ мыхъуми, къилъхьэж
- си жьэгу.